1 апреля, 2025 - 09:53
Захуагъэ
– Захуагъэ дунейм теткъым! – ужьэм и лъэбжьанэм телъыджэлажьэу къыIэщIэкIа дзыгъуэр къэтхьэусыхащ.
– ПцIыр дапхуэдизрэ тшэчыну?! – къэгубжьауэ кIиящ ужьэр, ерагъыу джэдум къыIэщIэкIыу и жыг кугъуанэм илъэдэжар.
– Залымыгъэм псэупIэ къыдитыркъым! – къэпщIэуащ джэдур, мывэ сэрей лъагэм дэжеяуэ, и лъабжьэм банэу щыт хьэм кIэзызу еплъурэ.
– Зэ фызэтесабырэ, ныбжьэгъухэ! – жиIащ жьынду Iущым, мэкъумэшыщIэ пщIантIэм гъущI хъарым здисым. – Фэ фи тхьэусыхафэхэм пэж гуэрхэр хэлъщ. Ауэ захуагъэ жыхуаIэр фэ фщыщ языхэзым и закъуэу ейуэ пIэрэ?
Ар жьындум щыжиIэм, дзыгъуэр и гъуэм къиплъащ, ужьэм и жыг кугъуанэм и пэр къригъэжащ, джэдур нэхъ тыншу сарейм щетIысэхащ, хьэр и кIэбз лъакъуэхэм тетIысхьэжащ.
– Захуагъэр, - къыпищащ адэкIэ жьындум, - ар щIыуэпсым и хабзэ нэхъыщхьэщ. А хабзэмкIэ дунейм тет псэущхьэу хъуам я зэхуаку губзыгъагъэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэ къыдохъуэ. А хабзэ Iущым тету мэпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, бдзэжьейхэр, уеблэмэ хьэпщхупщхэмрэ гъудэбадзэхэмрэ. Феплъыт, мо бжьэ къэпщIыр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыпсэур.
Жьындур, пэжу, захуэт. Зэ мыхъуми зэ бжьэ матэм дэплъам ещIэ абы бжьэпщым и закъуэу, куэду зэхэт бжьэ унагъуэм щхьэж и къалэн иубзыхуу, акъылрэ захуагъэрэ хэлъу унафэ зэрыщищIыр. Языныкъуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр удз гъэгъахэм фо (нектар) къапыхынырщ, языныкъуэхэр безхэм щолажьэ, языныкъуэхэм бжьэ матэр яхъумэ, тхьэщыхьэ хьэдзыгъуанэхэмрэ щIыбжьэхэмрэ Iуахуу, нэгъуэщIхэри езы бжьэ матэм и къабзагъэм кIэлъоплъ. Бжьэ яхэтщ бжьэпщым кIэлъыплъу – зы лъэбакъуэкIи къыбгъэдэкI мыхъуу, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ и нэIэ тригъэту. Езы бжьэпщыр, жьы хъуа нэужь, бжьэ нэхъ лъэрызехьэхэм плIэкIэ хуэсакъыу зэрахьэ, нэхъ хэзыщIыкIхэри йоIэзэ, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирахьэлIэурэ. ИкIи зы бжьэ закъуэм и къалэныр имыгъэзащIэу зыщIригъэхмэ е хузэфIэмыкIмэ, абы фIэкIыпIэншэу тезыр гущIэгъуншэ къытохуэ.
ЩIыуэпсым, щхьэж езым Iуэху щигъэзэщIэжу, псори губзыгъэу щызэхэухуэнащ, щыубзыхужащ икIи а Iущыгъэм гъащIэм и захуагъэ нэхъыщхьэр хэлъщ.
IункIыбзэ иIупIэм ис бэдж
Бэджым, унэр – и кIуэцIи и щIыби – зэрыщыту къипщытэри, IункIыбзэ иIупIэ гъуанэр тIысыпIэ телъыджэу къыщыхъуащ.
Сыту тынш икIи дзыхь зэбгъэз хъун тIысыпIэ мыр! Мыбдеж бэджым зыми гу къылъитэххэнукъым. Езыр-щэ, зыхъумэжыпIэм къиплъурэ, мамыр дыдэу ихъуреягъкIэ къыщыхъум кIэлъыплъынщ, шынагъуэ лъэпкъ къылъыкъуэкIынкIэ мыгузавэу.
«Мывэ бжэщхьэIум бадзэхэм щхьэкIэ зы бэджыхъ щызукъуэдиинщ, - зыхуэарэзыжу мэгупсысэ бэджыр. – ДэкIуеипIэм деж нэхъ быдэу нэгъуэщI зы бэджыхъ – ар щыгъыныхь пшэрхэм щхьэкIэ, бжащхьэм аргъуейхэм щхьэкIэ гъэпцIапIэ бзаджэ яхутесщIыхьынщ...»
Бэджыр гухэхъуэшхуэм зэщIищтат, и насыпымрэ и гугъэфIымрэ уафэм хъыринэ щрагъащIэрт. ГъущI защIэкIэ къэIулIыхьа IункIыбзэ иIупIэр абы къыщыхъурт къыпхуэмыщтэн быдапIэу, икIи абы нэхърэ нэхъ шынагъуэншэ щхьэегъэзыпIэ и гъащIэм имылъэгъуауэ къилъытэрт. Апхуэдэу бэджым, и хъуэпсапIэхэм, и къэкIуэну дахэм зритауэ, уафэм хъыринэ щещIэрэ пэт, гъунэгъу къыхуэхъу лъэ макъыр и тхьэкIумафIэм къыщицырхъэм, сакъыныр зи хьэлым и быдапIэм нэхъ куууэ зриудыгъуащ.
Унэм къекIуэлIэжа тхьэмадэм и IункIыбзэ зэкIэрыщIар игъэцIыргъащ, зы къахихри IункIыбзэ иIупIэм ириIуащ, арыххэу… хъуэпсалэр ирипIытIыхьащ.
Хьэндырабгъуэ цIыкIумрэ мафIэ бзиймрэ
Пшапэ зэхэуэгъуэ щIыIэтыIэм тхъэжу къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэ цIыкIум гу лъитащ жыжьэу къыхуэлыд мафIэ цIыкIум. Хьэндырабгъуэм занщIэу абыкIэ игъэзащ; гъунэгъу абы щыхуэхъум (ар щхьэгъубжащхьэм тет шэху уэздыгъэт), зэщIэлыдэ имыцIыху дахащэм, игъэщIагъуэу зэпиплъыхьурэ, ихъуреягъкIэ къилъэтыхьу щIидзащ.
Игу пэщыху гухэхъуэу еплъри, хьэндырабгъуэ цIыкIум игу къихьащ мафIэ цIыкIум, нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуу, дэджэгуну, езым зэрихабзэу, хадэм и нэгу зыщригъэужьу, удз гъэгъа къапщIийхэм, хъыринэ щещIэм хуэдэу, уфафэу тесыну. ЛъэныкъуэкIэ тIэкIу къыIулъэтыкIщ, кIэщIу зыкъигъазэри, джэгум къыхишэ хуэдэу, мафIэ къэлыд цIыкIум блэлъэтыкIащ, мис иджы мафIэ бзий гъуэжь цIыкIум дамэкIэ йоцырхъ жыпIэу.
Ауэ зыгуэр игъэузу къыхэуэри ищхьэмкIэ дридзеящ. ЗыщIыпIэкIи мылъэтэфу, щхьэгъубжащхьэм щетIысэхри, игъэщIэгъуэжу гу лъитэжащ зы лъапэ цIыкIу зэрыфIэкIуэдар, и дамэ кIапэхэр тIэкIу зэрыписыкIар.
- Апхуэдэ щхьэ къэхъуа? – къыщыщ1ар зыхуихьынур имыщIэу зэупщIыжырт хьэндырабгъуэ цIыкIури, жэуап тэмэми къыхуигъуэтыфыртэкъым. Абы и фIэщ хуэщIыртэкъым апхуэдэ къаугъэншэ мафIэ телъыджэ цIыкIум и зэран къекIыну. Хьэндырабгъуэ цIыкIум, тIэкIу зыкъищIэжа нэужь, и дамэ цIыкIухэр ишэщIри дэлъэтеящ. Зыбжанэрэ мафIэ цIыкIум и щхьэщыгум зыщигъэкIэрахъуэри, Iэдэб цIыкIуу занщIэу хуэкIуащ, и гущIыIум хъыринэ щещIэн и мураду, ауэ, мафIэм къисри, зэуэ а хьилэшы бзаджэм и псэр зыхэлъ шэху пщтыр тIатIэм хэхуащ.
Сыту угущIэгъуншэ уэ, - и къарур щIэкIыпэу къэпсэлъащ хьэндырабгъуэ цIыкIур. – Сэ ныбжьэгъуу сыпщыгугъати, си кIуэдыпIэу укъыщIэкIащ. ИкъукIэ гувауэ къызгурыIуэжащ узэрыдзыхьщIыгъуэджэр, узэрыбзаджащIэр! Си сабиигъэм, си зэхэщIыкIыншагъэм сытекIуэдэжащ…
- Хьэндырабгъуэ тхьэмыщкIэ! – нэщхъейуэ жэуап къитыжащ шэху уэздыгъэм. – Си къуаншагъэ хэлъ, сымыудз дахэу, сызэрымафIэм. Шынагъуэм ущхьэщысшыну хъыбар уэзгъэщIати, зыгурыбгъэIуакъым, укъыздэджэгун щIэбдзащ.
АIуудз
Псыежэх Iуфэ щхъуантIэм деж аIуудз дахащэ къыщыкIащ. Адрей губгъуэ удз дахэ псоми, пщIэшхуэ хуащIу, я щхьэхэр хуагъэщхъырт, абы и гъуэзэджагъым я жьауэ къудейкIэ ецырхъыну фIэлIыкIхэу. Езыми, и пкъыфIагъэр игъэлъагъуэ щIыкIэу, зыхишауэ, гуфIэжу жьыбгъэм дэщэнауэрт; емызэшыжуи псым къыхэщ и теплъэм гухэхъуэу еплъыжырт. АIуудзым и дахагъэм итхьэкъуа псы толъкъунхэм ар къыдахьэхыу зыIэрагъэхьэну мурад ящIащ.
Мыгувэуи фIэфIыныгъэ иным зэщIиубыда псыежэхыр, и тхъурымбэхэр ипхъыу, къэкъуалъэу щIидзащ. Толъкъунхэр, зыпэмылъэщыж гухэлъым кърихуэкIыу, кIуэ пэтми пIейтейхэрт. Езы удз гъэгъар-щэ – псыежэхым къриутх ткIуэпсхэр фIэмыIуэхуу, бгъэдыхьэпIэншэрэ пагэу, нэхъри зигъэдахэу, зригъэхъуапсэу, и пкъы лантIэр игъэуфафэрт. Толъкъунхэми нэхъри псы Iуфэ нэпкъым къеуэу щIадзащ, псыр къытраутхэрэ щIалъэсыкIыу. ИкIэм икIэжми, псы Iуфэ бжьэпэ цIыкIур, архъуанэм хэкIэрахъуэу, къригъэщэтэхащ, щхьэзакъуэ удз гъэгъа дахащэри здыщIилъафэу.
Да Винчи Леонардэ.
ЗэзыдзэкIар Хьэту Петрщ.