8 апреля, 2025 - 11:15
Анэ, анэшхуэ насыпыфIэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыпсэу ЩхьэщэмыщI Сэмра. Бынихым, абы къытепщIыкIыжа щIэблэ хыщIым ягъэгушхуэ, абыхэм я ехъулIэныгъэм хэплъэ нанэм дежкIэ нэгъуэщI насып щыIэнкIэ хъуну?! Езы щIэблэращи, анэр, анэшхуэр зыпащI щыIэкъым, абы и макъ щабэр зэхахамэ, я гукъыдэжым зыкъиIэту, и псалъэ Iущхэр я гъуазэу апхуэдэщ. Шэч хэмылъуи, илъэс 96-нэм ит Сэмра ахэр зыхуигъэIущынрэ зыхуиущиинрэ и мащIэкъым. ГъащIэ купщIафIэ, пщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъуэгуанэ и щIыбагъ къыдэлъщ нанэ угъурлым. Жьыщхьэ махуэ хъуащ зыхужаIэр абы хуэдэхэрщ.
Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыщ Къумыкъухэ я унагъуэм къыщыхъуащ Сэмра. Хъыджэбзым и ныбжьыр и шэгъуэ зэманым щынэсым, ар щхьэгъусэ хуэхъуащ Хьэтуей къуажэм дэс ЩхьэщэмыщI Хьэжысмел. Зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, пщIэрэ нэмысрэ я зэхуаку дэлъу, я унагъуэ жьэгум хабзэр щытепщэу илъэс 65-кIэ зэдэпсэуащ. Абыхэм быних – щIалищрэ хъыджэбзищрэ – къащIэхъуащ. Дэтхэнэми щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ, хьэрэмыгъэншэу, пэжым и телъхьэу, лэжьакIуэшхуэу, жэуаплыныгъэ яхэлъу ягъэсащ, унагъуэ щхьэхуэуи ягъэтIысыжащ. Нобэ езыхэр адэшхуэ-анэшхуэхэщ, абыхэм къащIэхъуа щIэблэри къуэпсыбэ хъуащ, Сэмра нанэ и къулеигъэ нэхъыщхьэу, и гъащIэм и купщIэу къилъытэри ахэращ.
Унагъуэм и мыхьэнэр нэсу къызыгурыIуэ Сэмра абы и жьэгум и хуабагъэр хъумэным, насыпыр щызэтеIыгъэным и гъащIэр хуигъэпсащ. Ноби унагъуэшхуэм и шхэпсыр нанэ Iущырщ. Анэм и щапхъэр гъуазэ яхуэхъужащ бынхэр щхьэхуэ щыхъуми. Абыхэм я нэгу щIэкIащ Сэмра гуащэмрэ щхьэгъусэмрэ яхуиIа щытыкIэ дахэр, абыхэм якIэлъызэрихьа пщIэ-нэмысыр. ЦIыхухэм ягъэщIагъуэу жаIэжуи куэдрэ зэхахыжащ зэнысэзэгуащэм яку дэлъа лъагъуныгъэшхуэр.
- Сыт щыIэ зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм нэхърэ нэхъыфI?! Апхуэдэ унагъуэм къыщыхъу сабийхэм ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, гъащIэм нэхъ тегушхуауэ хэтщ. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ ди адэ-анэм ди сабиигъуэм гузэрыдзэ дэзыгъэщIын ныбжь гуэри къызэрытрамыгъэдзэным хущIэкъуу къытщхьэщытащ. Быних драIэти, псори дызэрылъагъуу, дызэрылъытэу, зым и жыIэр адрейм зэхихыу дыкъэхъуащ. Балигъ дыхъуу щхьэж и унагъуэ щыдухуэжами, лъабжьэ быдэ тхуэхъуар ди адэмрэ анэмрэ я зэхущытыкIарщ. Быным зэхэтхыу а тIум я макъыр Iэтауэ щызэпсэлъа къэхъуакъым, сыт хуэдэ IуэхумкIи зэчэнджэщу, я акъыл зэтехуэу къызэдекIуэкIащ. Ди анэр сабий садым и унафэщI IэнатIэм къыпэрыкIыжу унагъуэм, быным и зэман нэхъыбэ тригъэкIуадэмэ нэхъ къызэрищтэр ди адэм щыжиIэм, абы и псалъэ тIэужыIэ ищIакъым. Сытым дежи адэм и пщIэр зэрытIыгъыным дыкъыхуриджэрт: «Сэ нэхърэ нэхъыфIу фи адэр флъагъун хуейщ. Фэ нэхъ лъапIи абы иIэкъым, гугъу зэрызыкъывдригъэхьыр, зыми фримыгъэхъуапсэу, фызыхэтым фахэгъуащэу фыпсэунымкIэ абы хузэфIэкI къигъанэркъым. Абы хуэфщI пщIэм, ар зэрыфлъагъум хуэдэущ сэри сыкъызэрыфлъытэу згъэувынур», - къыджиIэрт. Бзылъхугъэм къыпкърыкIын хуей хуабагъэмкIэ и унагъуэ жьэгур ипсыхьри, ар зэрыпхъумэным и хабзэм дыщIипIыкIащ, - жаIэ Сэмра и бынхэу Мухьэмэд, Мухьэдин, Залымджэрий, Ирэ, Изэ, Заремэ сымэ, я анэм щытепсэлъыхькIэ.
- Гуащэ цIэр зэрихьэми, анэм хуэдэущ къызэрытхущытыр, - къыпащэ псалъэмакъым нысэхэу Ритэ, Ларисэ, Оксанэ сымэ. – Абы и цIыху щIыкIэм, хьэлыфIу хэлъым теухуауэ куэд пхужыIэнущ, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ар сыткIи дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ, дэтхэнэми ди Iуэхур къыддигъэпсынщIащ, ноби ди чэнджэщэгъуфIыр аращ. Езым хуэдиз дыщэ и уасэщ ди унагъуэшхуэм и жьэгум и гуащэр.
ЦIыху щабэщ, жумартщ, гуапэщ, нэмысыфIэщ, зэпIэзэрытщ, Iущщ Сэмра. Апхуэдэущ ар къуажэми, лъэпкъми, хьэблэми зэрацIыхур. ЩхьэщэмыщIхэ я лъэпкъым и гуащэщ ар нобэ, и нэхъыжьагъкIэ мыхъууи, и дуней тетыкIэ екIумкIэ, и цIыху хэтыкIэ дахэмкIэ а пщIэр абы къилэжьыжащ. ЛъагъуныгъэшхуэкIэ гъэнщIащ нанэ Iумахуэм и гур, абы и гулъытэр псоми ялъегъэс. И благъэ-Iыхьлыхэм ящыщу абы зи Iуэху зыщимыгъэгъуазэ щыIэкъым, зыри зыщигъэгъупщэркъым, уеблэмэ псоми я цIэр къыпхурибжэкIыфынущ, дэтхэнэми хужиIэн псалъэ гуапэ къегъуэтыф, апхуэдизкIэ яхуэгумащIэщи.
И Iэгу и Iэнэу къекIуэкIащ Сэмра. Зи нэгум хуабагъэрэ гуапагъэрэ кърих бзылъхугъэ угъурлыр нэгъуэщIуи уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым. И ерыскъы куэдым яIухуащ, Iэджэри къыкIэлъагъэзэжащ абы игъэхьэзырауэ ягу дыхьа шхыныгъуэм. Сыт ипщIэфIми, фIы дыдэу къехъулIэрт, гурыхьт. Ауэ щыIэкъэ зы ерыскъыгъуэ гуэрым и IэфIыр Iум къинэу. Сэ шэч къытесхьэркъым Сэмра и Iэнэ тешхыкIахэм псоми апхуэдэ зы шхыныгъуэ гуэркIэ нанэр куэдрэ ягу къызэрихьэм. Псалъэм папщIэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэм къыхагъэщ абы и щIакхъуэ Iэрыпщыр. Си адэм зыхилъхьэ щыIэтэкъым Сэмра и къэб дэлэныр. Абы игъэхьэзырауэ ар зымышхам къэб дэлэным и IэфIыр зыхимыщIауэт къызэрилъытэр.
Къуэрылъху-пхъурылъхухэм, абыхэм я щIэблэм, анэшхуэм яку дэлъ зэхущытыкIэр зыми хуэдэжкъым. Нанэм и гуапагъэмрэ хуабагъэмкIэ егъэнщI абыхэм я дунейр, езыхэми анэшхуэм къыхуаIэ лъагъуныгъэр къыпхуэмылъытэнщ.
- И теплъэ фIэрафIэм хуэдэу, псэкупсэ дахэ иIэщ ди нанэм. Абы къытепщIыкIыжахэр дымащIэкъым, ауэ дэтхэнэри и гулъытэ дыщигъащIэркъым, и псэм и хуабагъэр псоми зыхыдегъэщIэф. Гуапагъэр къызыщIих и нитIыр къыптриубыдамэ, и Iэ щабэхэмкIэ къоIусамэ, абы зыхыуигъащIэ гупсэхугъуэр зыхуэбгъэдэн щыIэкъым, - жаIэ Сэмра и къуэрылъху-пхъурылъхухэм.
Абыхэм псоми зыжьэу къыхагъэщ анэшхуэм и Iущагъыр, абы и чэнджэщ щхьэпэхэм гъащIэр куэдкIэ нэхъ тынш къазэрыщищIыр, нанэм и лъагъуныгъэм тегушхуэныгъэ къазэрыхилъхьэр.
- Анэшхуэм дэзгъакIуэ илъэсхэр хъугъуэфIыгъуэ мылъытэущ къызэрысщыхъур, - жеIэ Сэмра и пхъурылъху Иннэ. – Гуапэу сигу къокIыж си цIыкIущхьэм абы и деж щесхьэкIа махуэхэр. Сытым дежи зы гъэщIэгъуэн гуэр къыщысщIэрт. Абы и гъащIэ хъыбархэр сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ фIымрэ Iеймрэ я уасэр къэсщIэнымкIэ, цIыху лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм я мыхьэнэр нэсу къызгурыIуэнымкIэ. Абы щыгъуи иджыри нанэ и нэхэм сыщыщIэплъэкIэ си гъащIэм и сурэтыр абыхэм щIэслъагъуэу къысщохъу. Си анэшхуэм хузиIэ пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ я фэеплъщ си хъыджэбзым абы и цIэр зэрыфIэсщыжар.
Сэмра и бынхэр насыпыфIэщ я анэм и жьауэм зэрыщIэтымкIэ. АдэкIи и узыншагъэм хэмыщIу, лъэрытету, гукъыдэжыр иIэу я унагъуэ жьэгум дэсыныр я хъуэпсапIэщи, Тхьэм къахузэпищэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.