15 апреля, 2025 - 09:52
Хьэ хей умыукI
Илъэсищ хъуа хьэвышхуэ диIэт. Мэлыхъуэхьэ лъэпкът. И инагъым хуэдиз и делагът. Ухуей-ухуэмейми, къыбдэджэгунут. Езыр инышхуэти, уи ужь иту нажэурэ, уи хъуреягъыр къифыхьу, къыпщыгуфIыкIыу къыпкIэрысынут. Апхуэдэу уэрамым дэжырти, блэкIхэм яжьэхэлъадэрт, зыцIыхухэр къыдэджэгурт, зымыцIыхухэр щIэпхъуэрт. Ауэ ар зэи дзакъэртэкъым, апхуэди игу къэкIыртэкъым. ЦIыхухэм я ужь иту тIэкIурэ якIэлъыущырт. Къызэрырамыдзэр къищIа нэужь, зэригъэшынари къыгурымыIуэжу, и кIэр игъэджэгуу къэкIуэжырт. Иныкъуэхэм дежи етпхырт, ауэ апхуэдизкIэ тхьэмыщкIафэу къыдэплъырти, къэдутIыпщыжырт. Хьэблэ нанухэм я ныбжьэгъут, уеблэмэ щIалэ цIыкIухэр топкIэ къыдэджэгурт.
Зы махуэ гуэрым апхуэдэу уэрамым дэжат. Хъыджэбз цIыкIу блэкIырти, гуфIэу кIэлъыщIэпхъуащ. Пщащэ цIыкIур шынэри, кIийурэ уэрамымкIэ дэжеижащ. Сыдэжри, хьэр къыдэсшэжащ, кIарц жыг лъабжьэм щIэт и хьэгъуэм деж еспхыжащ.
Сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дэкIауэ, соплъри, ди пщIантIэм лIышхуэ къыдохьэ, фоч иIыгъыу. Ар хъыджэбз цIыкIум и адэрат. Сэ занщIэу къызгурыIуат абы ищIэнур.
ПщIантIэм сэр нэмыщI зыри дэстэкъым. Псалъи жимыIэу хьэр здепхамкIэ йокIуэкI, фочри трешащIэ. Сыжэри, хьэм и пащхьэ си IитIыр шияуэ сыкъиуващ.
- Уемыуэ! – сокIий, согъуэг си макъ къызэрихькIэ.
КъоIэбэри, сыкъыIуедз, аргуэру зытрешащIэри, хьэм и щхьэм техуэу йоуэ. Ар фIэмащIэу, етIуанэу и гум техуэу еунэщI фочыр…
Сэ куэдрэ срисымэджащ а Iуэхум. Сысабийт, ауэ зэи си гум имыхужыну дыркъуэу къытенащ.
ГъащIэр матэщIэдзакъым. Илъэс куэди дэкIыжащ…
Адыгэм псэлъафэ диIэщ: «Хьэ хей умыукI, фыз хей йумыгъэкIыж», - жиIэу.
Узыфэ бзаджэм пIэхэнэу илъэс куэдкIэ а лIыр хигъэлъыжащ.
Псэм ипэ – напэ
«И гур куэд щIауэ къеузырт. Дохутырхэм я нэIэри къытетт. Ауэ зэи хэлътэкъым. И Iуэху ищIэжырт. Iэщым кIэлъыплъырт, пщIантIэм щыпэщащэрт, - и щхьэгъусэ имыIэжым топсэлъыхь гъуэгум гъусэ къыщысхуэхъуа бзылъхугъэр. – Иужьым хуабжьу узым къыхигъэзыхь хъуат. Дохутыр къыхуезджэми мастэ къыхиIурт, ауэ и узыр нэхъ кIащхъэ хъуртэкъым.
Пщэдджыжь гуэрым и телефоныр къеуащ. ТIэкIу псэлъа нэужь, къызоджэри жеIэ: «Си ныбжьэгъу щIалэр Къущхьэхъу докI. Iуащхьэжьым деж къыщызэжьэнущ. Къеблэгъэну селъэIуати, идакъым, цIыху зыбжанэ и гъусэщ». «Усымаджэу дауэ узэрыкIуэнур?» - сыкъэуIэбжьауэ щыжысIэм, «Сэ куэд щIауэ ар слъэгъуакъым, жыжьэ къокIыр, дауэ сысымаджэщ зэрыжысIэнур, ар емыкIущ, ерыскъы гъэхьэзыр», - къыспидзыжащ.
ФIыуэ сыпщэфIащ: джэдлыбжьэ, пIастэ, лэкъум. Псори щIалэм къригъащтэри, Iуащхьэжьым нэс зригъэшащ. Пщыхьэщхьэм къыщыкIуэжам, зыри жимыIэу тахътэм деж игъуэлъхьащ. Езэшамэ, жеину къыщIэкIынщ жысIэри, сэри зыкIи сеупщIакъым, пщэфIапIэмкIэ сыкIуащ. Къыщызгъэзэжам, зиукъуэдиижакIэт».
Напэр япэ иригъэщащ, лIыгъэм зригъэхьри, зыкIи зыкъримыгъащIэу, куэд щIауэ имылъэгъуа ныбжьэгъур игъэхьэщIащ, ар игъэщIэхъуакъым. Адыгэ напэм и уасэр лъапIэщ, абы цIыху гъащIэ поув…
«Псэм ипэ – напэ» псэлъафэр кIэщIми, икъукIэ гуащIэщ.
ГъущI сом
- Хьэблэм щIалэжь цIыкIуу дэсыр куэд дыдэ дыхъурт. Хуабжьу хьэблэ Iуву дызэхэст. Зы махуэ гуэрым псыхъуэм зыдгъэпскIыну дежьат, - жеIэж зи ныбжьыр хэкIуэта лIым. – Псы Iуфэм дынэсыным куэд имыIэжу, жэрыжэкIэ дыздэжэм, сылъэпэрапэри, нэкIукIэ удзыпцIэм сыхэхуэу сыджэлащ. Си нэр къызэтесхмэ, си пэ дыдэм деж гъущI сомышхуэ щылът, Лениным и сурэтыр тету. Сыкъэмытэджыжу гъущI сомыр джанэ Iэщхьэншэ сщыгъым дэздзащ.
Си ныбэм кIэрылъу сежьэжащ. Дынэсри псоми псым зыхадзащ, сэ сыщысщ.
«Щхьэ зумыгъэпскIэрэ?» – жаIэрэ къызэупщIмэ: «Си ныбэр мэуз яжызоIэ.
ГъущI сомым и гугъу яхуэсщIмэ, садэгуэшэн хуейт. Апхуэдизым садэгуашэмэ, зыри къыслъымысыжынри хэлът. Псоми загъэпскIыу дыкъежьэжыху, сымыхъейуэ сыщысащ, мо дыгъэ жьэражьэм пщIэнтIэпсыр зэскъуэкIыу, си ныбэм кIэрылъ сомыр быдэу кIэрыкъузауэ сIыгъыу.
МахуитIкIэ бранычрэ псыIэфIрэ къэсщэхуурэ сшхащ.
ЕтIуанэ махуэм нанэ схуида джанэр къыщысщитIагъэм, си ныбэм быдэу къеплъу щIидзащ, гузэвауэ сыкъеIэбэрэбыхь.
«Мыр сыт телъыджэ мы уи ныбэм къыхэкIар, цIыхущхьэ тетщ!»
Сеплъмэ, сомым тета Лениным и сурэтыр си ныбэм пIэ къытридзауэ, и щхьэр хэщIыхьауэ къытенауэ арат. Нанэ сытым дежи пэжыр жесIэ хабзэти, къэхъуар хуэсIуэтэжащ.
«Сыт къэбгъуэтми, си тIасэ, «Мыр зейр хэт жыпIэу» щэ уджэн хуейщ. Зейр умыгъуэтрэ, уи ныбжьэгъухэм яжеIэ, абыхэм ящыббзыщIауэ пшхыр IэфIкъым. Ар ныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэкъым», - си щхьэфэм Iэ дилъэурэ къызжиIащ нанэ.
Абы иужькIэ, зыгуэр къэгъуэтыным си насып хэлъу къыщIэкIынти, зэ сомищ къэзгъуэтат, зэ зы щынэ цIыкIу мэзым щIэгъуэщыхьауэ срихьэлIат – тIум щыгъуэми, нанэ зэрыжиIам хуэдэу, щэ сыджащ, зейми сыщIэупщIащ. Щызмыгъуэтым, си ныбжьэгъухэр си гъусэу IэфIыкIэ куэду къэтщэхури, псы Iуфэм дыIусу IэфIу зэдэтшхащ. ГъущI сомым и Iуэхури иужькIэ яжесIэжащ.
ГушыIэу къахуинауэ, «зыгуэр къэбгъуэта?» псалъэхэр фIэхъусым япэ къызжаIэ.
Си ныбжьэгъуахэм ящыщ куэдыр мыпсэужми, къэнахэм я дж сопсалъэри: «Зыри къэзгъуэтакъым, ауэ зы щынэ фэзгъэшхынущи, псыхъуэм фынакIуэ», - яжызоIэри зэхузошэс, ди сабиигъуэр, IэфIыгъэу зэдэтлъэгъуахэр дигу къыдогъэк1ыж.
Апхуэдэхэм деж уафэмкIэ сыдоплъей…
Нани гуфIэу къызэплъу пшэхэм къахызолъагъукI…
Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ
Хьэблэм щIалитI дэст. Зыр бзаджэжьт, адрей цIыху щабэт икIи гуапэт. ЩIалэфIым и мэлитI кIуэдауэ нэху къекIат. Махуэ псом лъыхъуащ, игъуэтыжакъым. Хьэблэдэсхэм къагурыIуат ар зыIэщIыхьар, ауэ зыми зыри жиIакъым. Зэман дэкIащ. Зы пщэдджыжь гуэрым Iэщхэр хъупIэм дагъэкIауэ лIыхэр зэхэту, щIалэфIым жеIэ:
- Ярэби, мы ТIалэ сэлам къызихыжыркъым, сыту пIэрэ игу къеуэр. Си мэлитIыр фIэцIыкIуауэ е гъурыIуэу къыщыхъуауэ арауэ пIэрэ?
Дыгъужьым мэл зыфIихьынур и пыIэ щыгумкIэ къещIэ
Нанэм и къуэрылъхухэр къызэхуэсыжауэ пщIантIэм щыджэгурт.
- Сыт нобэ фхуэзупщэфIын? – щыжиIэм, лъэпхъащэу къэзыжыхь джэдхэмкIэ плъэурэ, «джэд шыпс пIастэ и гъусэу», - зэдыжаIащ.
- Хьэуэ, а джэдхэм джэдыкIэ къыдат, хъунукъым, - идэркъым нанэм.
ЩIалэ цIыкIухэр зэрыгъэкIиящ:
- Дэ аращ дызыхуейр!
Ауэ анэшхуэр яхутечакъым. Щымыхъум, сабийхэр бзаджагъэ хуекIуащ. ДжэдIусым аркъэ хакIащ. Зи щхьэ унэза джэдхэр здэжэм джалэрт. Нанэм ар щилъагъум, къэгузэващ.
- Еплъыт, нанэ, мори зыгуэру щытщ, - жаIэурэ, джэд зытхухыр ирагъэукIащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ къуэрылъхухэм анэшхуэм и джэдыр фIашхащ. Дауи, занщIэу зыр яхуиукIамэ, апхуэдэ дыдэуи хилъэфэнтэкъым.
Багъ Марьям.