16 апреля, 2025 - 11:32
«Хэкум лей къытехьэмэ, къыщыж», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Къэралыр щытыкIэ гугъу къыщихутэм, абы и щхьэхуитыныгъэм, цIыхубэм я мамыр гъащIэм и щхьэщыжакIуэу къэувахэм яхэтщ адыгэ щIалэ куэд. ЩIэх-щIэхыурэ зэхыдох абыхэм я лIыгъэм, лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбархэр икIи дрогушхуэ абыхэм я хахуагъэм.
Дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкум псэемыблэжу къыщыж лIыхъужьхэм ящыщщ Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм щыщ Къэсым Чэрим и къуэхэу Валерэ, Алим, Iэдэм, Аскэр сымэ. Абыхэм я хъыбарым дыщигъэгъуэзащ я адэ къуэш Къэсым Хьэжмурат. «Ди щIалэхэр къэралым и щхьэхуитыныгъэм хахуагъэ къагъэлъагъуэу зэрыщIэбэным дрогушхуэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми, шэч хэмылъу, Хэкум и къуэ пэжу зыкъигъэлъэгъуащ, къэралыр дэIэпыкъуныгъэ щыхуэныкъуэм я цIыхухъу къалэныр ягъэзащIэу зауэ IэнатIэ гугъум пэрыхьащ. Къэсым зэкъуэшхэм хуэдэу, нобэ псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэм пэрытщ Урысейм и лъэпкъыбэм къыхэкIа щIалэфI куэд. Догугъэ мыгувэу щытыкIэр зэпIэзэрыт хъужу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм текIуэныгъэкIэ дагъэгуфIэну, узыншэу я унагъуэхэм екIуэлIэжыну», - жиIащ абы.
Къэралым и зэпIэзэрыт псэукIэр къэтIэсхъэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр наIуэ щыхъум, щIыналъэм и мамырыгъэм и хъумакIуэ нэсу япэу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм яхэтащ щIалэхэр. ГъэщIэгъуэныращи, зэкъуэшиплIми Хэкум и хъумакIуэу щытыныр къалэн нэхъыщхьэ зыщащIыжри, дзэм къулыкъу щыщIэным я гъащIэр хуагъэпсащ икIи ехъулIэу а Iуэхур ирахьэкI.
Валерэ курыт школыр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым экономикэмкIэ и къудамэм щеджащ. Дзэ къулыкъур Таджикистан республикэм щрихьэкIащ. ИужькIэ «Роснефть» компанием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм пIалъэ гуэркIэ щылажьэри, «Налшык-20» гарнизоным дзэ къулыкъум щыхыхьащ. Дзэ Iуэху хэхам щыщIидза махуэм щегъэжьауэ щIалэр абы щыIэщ.
Алими щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетырщ. Еджэныр къиуха нэужь, Архангельск областым хыхьэ Новая Земля щIыналъэм щыIэу дзэм къулыкъу щищIащ. 2010 гъэ лъандэрэ Урысей гвардием и управленэу Осетие Ищхъэрэ – Аланием хыхьэ Мэздэгу къалэм щыIэм щолажьэ. 2022 гъэ лъандэрэ дзэ Iуэху хэхам хэтщ. Абы къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIхэм папщIэ ведомствэ дамыгъэхэр къратащ.
Iэдэм къиухащ Москва дэт дзэ-артиллерие академиемрэ УФ-м и президентым и деж ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал IэнатIэмкIэ щыIэ урысей академиемрэ. ЩIалэр лейтенант нэхъыжьщ, дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ ар щекIуэкI щIыпIэм щыIэщ. Псэемыблэжу и къалэныр зэрырихьэкIым къыпэкIуэу Iэдэм ягъэпэжащ къэрал дамыгъэкIэ – абы къратащ Суворовым и медалыр.
ЩIалэ нэхъыщIэ Аскэри и къуэшхэм я лъагъуэм ирикIуэу щIэныгъэ нэхъыщхьэр щызригъэгъуэтащ КъБКъМУ-м. ЕджапIэ нэужьым дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, а къалэныр къыщрихьэлIащ Забайкалье крайм. Абы къыщынэжри, Чита къалэм дэт дзэ частым къулыкъу щрихьэкIащ, япэщIыкIэ радиостанцым и унафэщIу, иужькIэ отделенэм и командиру. Дзэ Iуэхум дихьэха лейтенант нэхъыжьым а унэтIыныгъэмкIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну мурад ищIри, Совет Союзым и маршал Василевский А.М. и цIэр зезыхьэ, Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм Дзэ-хьэуа ебгъэрыкIуныгъэм зыщыхъумэнымкIэ и дзэ академиер 2022 гъэм къиухыжащ. А илъэс дыдэм дзэ Iуэху хэхам хыхьащ, и хахуагъэм папщIэ къэрал дамыгъи къыхуагъэфэщащ.
Щапхъэ зытрах хэкупсэ щIалэхэщ Къэсым зэкъуэшхэр. Зэрысабийрэ жыIэщIэу, жэуаплыныгъэ яхэлъу, цIыхухъу нэсым хэлъын хуей хьэл-щэныр ядэплъагъуу къэхъуащ. БалигъыпIэ щиувэм, дэтхэнэми IэщIагъэ зырыз зрагъэгъуэтами, иужьым плIыри зы Iуэхум зэришэлIэжащ. Нэхъыщхьэращи, я гум, я псэм дыхьэу я IэщIагъэм пэрытхэщ. Ягъэпэжащ зэкъуэшхэм Хэку-анэр къазэрыщыгугъыр, абы и щыхьэтщ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм я къалэныр зэрыщрахьэкIыр.
Зэкъуэшхэм я лIыгъэм, хахуагъэм иригушхуэр я унагъуэм, благъэ-Iыхьлыхэм я закъуэкъым, ар я напщIэ телъщ щIалэхэр къызыхэкIа Къэсымхэ я лъэпкъми къыщыхъуа щIыналъэми. Республикэм и къуэ пажэхэр, шэчыншэу, къытщIэхъуэ щIэблэм гъуазэ яхуэхъунущ, абыхэм хуэдэхэрщ Хэкум и пщIэри, и щIыхьри зыIэтхэр.
ЩхьэщэмыщI Изэ.