29 апреля, 2025 - 09:44

Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн иIэщ адыгэ лъэпкъым. Ар къызэрыхъуам теухуауэ тхыдэтххэм къагъэнащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэдщ. Апхуэдэщ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бетрожь Руслан и IэдакъэщIэкIри.
«ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутэмкIэ, жыпIэ хъунущ адыгэхэр КъухьэпIэ Кавказым ди эрэм ипэкIэ илъэс мин ещанэм къыщыщIэдзауэ щыпсэууэ. Абы и щыхьэтщ антропологиери, этническэ зэхэтыкIэри, тхыдэм къыщIэна тхыгъэхэри, щIыпIэцIэхэри, псыцIэхэри. Ещхьыркъабзэу абы щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIа археологическэ щэнхабзэхэм Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зэпыщIэныгъэу щаIэри, и кIэ къихуамэ, домбеякъ лъэхъэнэм и щIэдзапIэхэм къыщыщIэдзауэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Мейкъуапэ щэнхабзэкIэ дызэджэм (апхуэдэу щIыфIащар Мейкъуапэ къалэ и Iэшэлъашэхэм 1897 гъэм урыс археолог Веселовский Н. И. къыщитIэщIа Iуащхьэм и фIыщIэщ) адрей археологическэ щэнхабзэхэм пыщIэныгъэу хуаIэ, абы къыщIэкIа хьэпшыпхэм я щIыкIэр, щытыкIэр. Апхуэдэущ абы зэреплъыр кавказовед цIэрыIуэхэу Крупнов Е. И., Лавров Л. И. сымэ, нэгъуэщIхэри. Мы зэманым IупщIу убзыхуащ ди эрэм ипэ илъэс мин ещанэм къыщыщIэдзауэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм я зэхэтыкIэкIэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэрамыгъуэтар.
Хуэбгъэфащэ хъунущ пасэрей адыгэхэр къызытепщIыкIыжа лъэпкъыр КъухьэпIэ Кавказым ди эрэм ипэ илъэс мин ещанэр щекIуэкIым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Мейкъуапэ щэнхабзэр щыщыIам зэфIэувэу щIидзауэ. ИкIи ар, археологием къызэригъэлъагъуэмкIэ, щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ къэкIуахэмрэ зэхыхьэу къэхъуауэ аращ.
КъэкIуа лъэпкъхэм щэнхабзэ гъуэзэджэ яIагъэнущ, абы ижь Мейкъуапэ щэнхабзэми къыщIихуагъэнущ. Абы и щыхьэтщ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщатIэщIа Iуащхьэкхъэхэр. Апхуэдэ Iyaщхьэхэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэщ Мейкъуапэ, Налшык, Кыщбэк Iуащхьэкхъэхэм. Абыхэм домбеякъымрэ дыщэмрэ къыхэщIыкIауэ хьэпшып куэд къыщIэкIащ.
А Iуащхьэхэм къыщIатIыкIамкIэ уеплъмэ, Мейкъуапэ щэнхабзэр, и зэманым еплъытмэ, лъэрымыхьакъым. Ар зезыхьа лъэпкъхэм Iэщ зэрахуэрт, мэкъумэш ящIэрт, дыщэкIхэр яхэтт. Мейкъуапэ щэнхабзэм, зэрыжытIащи, щIыпIэм къихьа лъэпкъ гуэрхэм зригъэужьащ. АтIэ хэт хъуну ахэр, дэни къикIа? Иджыпсту IупщIыр зыщ – ахэр Переднэ Азием (абы хохьэ иджырей Тыркур, Ираныр, Щамыр зэрыс щIыналъэхэр – абы исахэщ хеттхэр, египтянхэр, шумерхэр, нэгъуэщIхэри) къикIащ, ауэ зэкIэ жыIэгъуафIэкъым ахэр къыщежьа дыдэр, зэрыпсалъэу щыта бзэр.
Абы ехьэлIауэ гъэщIэгъуэнщ Мунчаев Р. М. и хуэгъэфэщэныгъэр. КъэхутакIуэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, Мейкъуапэ щэнхабзэм и лъабжьэр шумерхэм е нэхъ ипэжыпIэкIэ хуррит жыхуаIэхэм (Месопотамием – иджырей Иракым иса лъэпкъщ) ягъэтIылъащ ди эрэм ипэкIэ илъэс мин ещанэхэм деж. Апхуэдэ гугъэкIэр къашэ Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ Месопотамием пасэрей хьэпшыпу къыщагъуэтахэмрэ куэдкIэ зэрызэщхьым.
Анчабадзе Зурабрэ Инал-ипэ Шалвэрэ зэралъытэмкIэ, адыгэ-абхъаз лъэпкъыр Кавказым и тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щызэфIэуващ. Азие ЦIыкIум къикIа лъэпкъ гуэрхэмрэ езы щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ зэхэзэрыхьри, абы я бзэри текIуауэ хуагъэфащэ.
Кашкхэр (каскхэр) зэпэгъунэгъуу зэпыщIауэ щыта лъэпкъ куэду зэхэт хатт цIэм къызэщIиубыдэм ящыщ зыщ. Абы я бзэр хатт бзэм и зы къуэпсщ, Кавказым и Iэшэлъашэхэм пэмыжыжьэу Азие ЦIыкIум и гъунапкъэхэм щыпсэуащ. Хаттхэмрэ кашкхэмрэ дзэ-демократие зэхэтыкIэ яIащ икIи хетт империем и дежкIэ шынагъуэ мыухыу екIуэкIырт, сыт щыгъуи абыхэм защихъумэн хуей хъууэ. Кашкхэм зэкъым, тIэукъым, уеблэмэ, хеттхэм я къалащхьэ Хаттушаш зэрагъэгулэзар.
Кашкхэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм ящыщащ. Ахэр зэрыпсалъэу щыта хаттыбзэр, хамэ къэрал щIэныгъэлIхэми дыдейхэми зэралъытэмкIэ, псом хуэмыдэу адыгэ-абхъазыбзэм пэгъунэгъущ. БзэщIэныгъэм и еджагъэшхуэ Дьяконов И. етх хаттыбзэр, пасэрей къуэкIыпIэмкIэ щыIэ лъэпкъхэм я бзэм ебгъапщэмэ, япэщхьэхуэу, «абхъаз-адыгэбзэм и зэхэлъыкIэ нагъыщэхэр» иIэу.
Апхуэдэ зэтехуэныгъэхэр археологиеми этнографиеми щыбгъуэтынущ, абыхэм я псэукIам, я щэнхабзэм, я диным щыщу къэна гуэрхэр адыгэ-абхъаз гъащIэ еплъыкIэ гуэрхэм ебгъапщэмэ.
Абхъаз адыгэхэр, зэрыжытIащи, Азие ЦIыкIум къикIауэ зэрыщытам и щыхьэту увынкIэ хъунущ а щIыпIэм узыщрихьэлIэ псыцIэхэмрэ КъухьэпIэ Грузием щыIэхэмрэ зэрызэтехуэр. Апхуэдэщ КъухьэпIэ Грузием щыIэ Ахапс, Лашыпс, Хыпс, Дагарыпш, Хьэпрыпш, нэгъуэщ1хэри; Азие ЦIыкIум – Синопэ, Акампше, Апсарса, Дуабзу, Супса, нэгъуэщ1хэри. Мы фIэщыгъэхэр зейр абы щыпсэуа адыгэ-абхъазхэм я пасэрейхэрщ.
А щIыкIэм тету иджы жаIэ адыгэ абхъазхэмрэ Азие ЦIыкIум щыпсэуа хаттхэмрэ лъэпкъ зэблагъэу, зэгъунэгъуу щытауэ. Абы уи фIэщ пщIы хъуни хэлъщ. Ахэр къыщыкIуам щIыпIэм иса лъэпкъхэм яхэзэрыхьащ, я бзэри абы иратащ. Аращ хаттхэм я бзэмрэ адыгэ-абхъазыбзэмрэ псалъэ зэтехуэхэр щIыхэтри. Дауи, домбеякъым и лъэхъэнэ жыжьэм абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я пасэрейхэр нэхъ зэгъунэгъуу щытащ, тенджыз ФIыцIэм (Понтэ) и Iуфэ екIуэкIыр яIыгъыу. Ахэр зэпэщхьэхуэ щыхъуар иужькIэщ. Абы щIидзагъэнущ ди эрэм ипэкIэ илъэс мин етIуанэ екIуэкIам икухэм деж е нэхъ пасэжу. А лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэпэIэщIэ хъууэрэ лъэпкъ щхьэхуэ зырызу зэфIэуващ.
Ди эрэм ипэкIэ етIуанэ илъэс миныр щекIуэкIым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы фIэщыгъэщ яIар – «кашкхэр» (языныкъуэ къэхутакIуэхэм абы ирапх «Кавказ» фIэщыгъэри). Ауэ а етIуанэ илъэс миныр щиуххэм и деж нэгъуэщI фIэщыгъэщIи къохъу – «абешла» (апсил – апсуа, нэгъуэщIу жыпIэмэ – абхъазхэр).
Мы жытIа псоми къешэ абхъаз-адыгэ лъэпкъыр КъухьэпIэ, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зэрыщызэфIэувар. Ар зэрыхъун хъуауэ зыщIыпIи къикIакъым (щIэныгъэлI гуэрхэм апхуэдэу зыукъуэдий яхэтми). Абы къыхэкIыуи абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ Кавказым и автохтон лъэпкъхэм ящыщщ, ар тхыдэ щIэныгъэр здынэсами пэрыуэркъым, ауэ хэхэс гуэрхэри зэрыщыIам шэч хэлъкъым».