15 мая, 2025 - 09:29
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и хабзэ иIэжщ, езым зэхилъхьэжауэ, абы и цIыху псоми зэдагъэзэщIэн хуейуэ. Хабзэр лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ, и бзыпхъэщ, и нэмысщ. Лъэпкъыр фIыми Iейми къызэращIэр и хабзэрщ. Лъэпкъым хабзэфI иIэмэ, узыншэщ.
Адыгэ хабзэр адыгэ нэмысым, адыгэ лIыгъэм, адыгагъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ къэгъуэгурыкIуащ. Кавказым ис лъэпкъхэм я мызакъуэу, хамэ хэку жыжьэ къикIауэ адыгэхэм я деж щыхьэщIа гъуэгурыкIуэхэми адыгэм я хабзэр гурыхь ящыхъуауэ, ягъэщIагъуэу куэд ятхыжащ.
Адыгэ хабзэр тхауэ щымыIа пэтми, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр псоми я зэхуэдэу, ямыгъэзэщIэнкIэ Iэмал имыIэу яхэлъащ. Ар ткIийуэ зэрахэлъам и щыхьэту псалъэжь куэд ди зэманым къэсащ: «ХабзэмыщIэ емыкIухьщ», «Хабзэм къемызэгъыр и бийщ», «ХабзэмыщIэ – щIыкIейщ», «Хабзэр бзэгупэкIэ кърахьэкIыркъым», «Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым», «Хабзэжь хэкужь къранэркъым», нэгъуэщIхэри.
«Адыгэ хабзэм фIыи Iеи хэлъащ. А тIум щыщ зыкъом ди зэманым къэсащ, - жиIащ КъардэнгъущI Зырамыку. - Адыгэхэр хьэщIэм хуэгумащIэу, ерыскъыкIэ хьэлэлу, ныбжьэгъукIэ, гъунэгъукIэ гу пцIанэу, пэжагъ яхэлъу, хьэтырыфIэу, щIыхьэхукIэ жыджэррэ зэгъусэу зэдэлажьэу, нэхъыжьым, бзылъхугъэм нэмысрэ щIыхь лейрэ хуащIу зэрыщытари иджыпсиу апхуэдэу къызэрекIуэкIри хабзэфIщ. Ахэр адыгэм щIыхьрэ пщIэ инрэ къахуэзыхь хабзэщ. Ауэ а хабзэфIым и гъусэу адыгэхэм япхъухэр хьэпшыпым хуэдэу ящэу, къащэхуу, залымыгъэкIэ зыфIэмыфIым ирату, теуэрэ унэидзыхьэу къахьу зэрыщытар хабзэ мыхъумыщIэу къыдолъытэ.
Ди нобэми хабзэфIхэм ящыщщ – гупыр щызэхэтIысхьэкIэ нэхъыжьыр, хьэщIэр, жьантIэм зэрагъэтIысыр. Ауэ пасэм щыгъуэ, нэхъыщIэми, лIакъуэлIэшым къыхэкIар щысу, лъхукъуэлIым къыхэкIа лIыжьыр тIысыну хуимыту, атIэ щхьэщытын хуейуэ къекIуэкIа пщы хабзэм адыгэ хабзэмкIэ нэхъыжьым хуащI пщIэр икъутэжырт. Ари хабзэ мыхъумыщIэт. Ауэ ар къызыхэкIыу щытами щхьэусыгъуэ иIэт, зэманым елъытат.
Адыгэ хабзэр и пIэм ижыхьауэ къекIуэкIакъым. Зыгуэрхэри хэкIуэдыкIыжу, зыгуэрхэри щIэуэ къыхыхьэурэ зэманым елъытакIэ зихъуэжурэ къэгъуэгурыкIуащ. «Сыт хабзэ?» - жаIэу Къэзанокъуэ Жэбагъы щеупщIым къажриIащ: «Къэбублэ хабзэщ», - жиIэри. Езы Жэбагъы и деж хабзэ зыкъом къещежьауэ жаIэ. Псалъэм щхьэкIэ, щхьэкIуэ шур пхэнжу епсыхыу, пхэнжу шэсыжу къезыгъэжьар Жэбагъыуэ яIуэтэж.
Адыгэм Iуэхугъуэ куэдым теухуа хабзэхэр къыдекIуэкIащ. Апхуэдэхэщ пасэрей хьэщIэщхэм щызэрахьэу щытахэр, шу гъуэгурыкIуэхэр зэхуэзамэ, зэрызэбгъэдыхьэ, зэрызэблэкI щIыкIэхэр, цIыхъухэмрэ цIыхубзхэмрэ яку дэлъа нэмысыр, адыгэхэм я зэбиикIэу щытар, къуажэ цIыхухэм я зэдэпсэукIар, нысэ къэшэкIэ хабзэу яIахэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр куэд мэхъу. Ди зэманым абыхэм ящыщ куэд щымыIэж пэтми, нобэрей щIалэгъуалэм ящIэн хуейуэ къыдолъытэ я адэжьхэм яхэлъа хабзэ гъэщIэгъуэнхэр. Ар зэман блэкIам и тхыдэщ. Апхуэдэ хабзэ телъыджэхэр зыхэлъа адыгэхэр лъэпкъ узыншэу, губзыгъэу щытащ».