15 мая, 2025 - 09:30
ЦIыхухэр щызэрихьэлIэкIэ сэлам зэрах, я Iэр зэроубыд. ЩызэрихьэлIэ елъытакIи, адыгэхэм я фIэхъус сэламыр лIэужьыгъуэ куэд хъууэ щытащ.
Псалъэм папщIэ, Iуэху зыщIэ ирихьэлIэмэ, жраIэ: «Iуэху фIохъу апщий!» Сэлам зрахам жэуап къетыж: «Упсэу апщий!» Абы къыщIигъужынкIэ мэхъу (зэрихьэлIахэм я ныбжь елъытауэ): «Тхьэм и щIасэ ухъу!»
Iэщым пэрыт губгъуэм ущрихьэлIэмэ, абы и сэламри щхьэхуэщ: «Бохъу апщий!» (Уи Iэщыр убагъуэ, бэ ухъу!» жыхуиIэщ). Апхуэдэ сэлам зрахам и жэуапыр «Упсэу апщий!» псалъэрщ, абы къыщIагъужынкIэ хъунущ «Тхьэм и щIасэ ухъу» (зэлъытар сэлам зэзыхахэм я ныбжьырщ: Iэщым пэрытыр е Iуэху зыщIэр нэхъыщIэрэ абы сэлам езыхар нэхъыжьмэ, нэхъыщIэм «Тхьэм и щIасэ ухъу» къыжриIэркъым нэхъыжьым, ар щIызыгъур нэхъыжьыращ – кърихьэлIэр щIалэмэ).
Мэкъуауэм уахыхьамэ (е ублэкIмэ), жыпIэнури щхьэхуэщ: «Шхошх апщий!» Абы къыпэджэжу «Упсэу апщий!» жаIэнурэ сэлам къуахыжынущ, умыпIащIэмэ, зы аргъынэ къадепхьэхын е зы Iэтэ ядызэтеплъхьэн хуейуэ къыптохуэ – абы фIыщIэ, пщIэ къыпхуехь. Ар сыт хуэдэ IэнатIэми къыщекIурт – Iуэху зыщIэ урихьэлIэмэ. КIэрашэ Тембот абы теухуа зы хъыбар итхыжащ.
... ЛIы гуэр шууэ гъуэгу здытетым, плъэри, мэкъугу уфэрэнкIауэ къилъэгъуащ. Выр щIитIыкIауэ, мэкъур ирелъхьэжри гум зы щIалэ бгъэдэтщ. Езыр нэмыс щIыкIэ абы нэгъуэщI зы щIалэ къыбгъэдыхьауэ илъэгъуащ лIым. Ари шут. Ауэ куэдрэ зиIэжьакъым: гум къыблэкIри, лIым хуэзанщIэ къэхъуащ. Къэсри сэлам кърихащ. ЛIым гурыщхъуэ ищIати, щIалэм еупщIащ: «Хэт урикъуэ?» – жери. Зи къуэр къыжриIащ щIалэм. «Уи адэм ухуэфащэкъым, - жриIащ лIым щIалэм. – Сынаплъэурэ укъыблэхри, зи мэкъугу уфэрэнкIар гъуэгум къытебнащ. Мэкъур щхьэ думылъхьэжарэ?» «Сэлам есхри, мэкъур бдислъхьэжынщ щыжысIэм, идакъым. Щимыдэм, сыкъыблэхащ», - жиIащ щIалэм, лIыр къыщIегияр къыгурымыIуауэ. «Уи адэм жепIэжынуращ: цIыхукъым абы къилъхуар, хьеуанщ. ЦIыхугъэ пхэлъамэ, уепсыхынти, мэкъур диплъхьэжынт, - ешхыдащ лIыр щIалэм. – Мор нэхъ губзыгъэу къыщIэкIащ уэ нэхърэ. ЦIыхугъэ зыхэмылъым мэкъур дримылъхьэжмэ, нэхъ къищтащ. Мэкъур диплъхьэжамэ, ар зыхуэпщIэр моратэкъым, уи щхьэрат. Ар къыщыбгурымыIуэкIэ, уи гъуэгу ирикIуэ, уи сэлами хуэныкъуэкъым гъуэгум къытебна щIалэр». ЩIалэм ешхыдэри, лIыр гум бгъэдыхьащ, епсыхщ, и Iэщхьэлъащхьэр дрихьейри, мэкъугур иралъхьэжыху шэсыжакъым…
ВакIуэ ирихьэлIамэ, адыгэм жеIэ: «Бов апщий»! «Упсэу апщий!» – аращ абыи и жэуапыр. ЩакIуэм жраIэ: «Хьэкъужь апщий!» «Упсэу апщий!» – жеIэри щакIуэм жэуап къретыж, къищэкIуам щыщ Iыхьэ къыхуэзам кърет. Мэл зыщхэм, хьэмым тетхэм, уэтэрым тесхэм, бжьахъуэм яхыхьэм я фIэхъусри щхьэхуэщ: «Хьэм бов апщий!», «Цыщ махуэ апщий!», нэгъуэщIхэри. «Упсэу апщий!» жаIэрэ жэуап къатыжамэ, къыщIагъуж: «Бэв Тхьэм къуит», «Пшхын куэду Тхьэм къуит!».
Гъуэгу тетым жраIэ: «Гъуэгужь апщий!» Абы и жэуапыр «Упсэу апщий!» псалъэхэрщ.
Гъуэгу тетауэ къэзыгъэзэжам жраIэ хабзэщ: «Къохъусыж!» Гъуэгу тетар абы къыподжэж «Упсэуж!» псалъэмкIэ.
ХьэщIэ къахыхьамэ, пожьэри кърагъэблагъэ: «ФIэхъус апщий, еблагъэ!» – жари. «ФIым дыхуиблагъэ» е «Уи благъэ куэд куэд ухъу»! – жэуап къетыж хьэщIэм. ХьэщIэр щрагъэжьэжкIэ кIэлъокIуатэри, сэлам ирахыж: «Гъуэгу махуэ!» – жари. ХьэщIэм жыжьэ кIэлъыкIуатэ хабзэкъым, тэджыжамэ, хьэщIэр пщIантIэм, уэрамыщхьэм щагъэгувэжыркъым, аращ щIыжаIэр: «ХьэщIэ зи жагъуэ кIэлъыкIуатэ кIыхьщ» е «Хэгъэрей бзаджэ дэкIуатэ кIыхьщ».
Iэнэм пэрыс гуп уахыхьамэ, «Гуп махуэ апщий!» жыбоIэ. «Упсэу апщий! Еблагъэ (еблэгъэж)!» – къуатыжынущ жэуап. Гупмахуэбжьэ къуатамэ, абы техъуэхъухь хабзэкъым, къыпхуагъэлъагъуэри уи тIысыпIэщ.
Зыгуэрым и унэ уисауэ укъыщикIыжкIэ жыпIэнущ: махуэм – «Фи махуэ фIы ухъу!», пщыхьэщхьэм – в «Фи пщыхьэщхьэ фIы ухъу!», жэщым – «Фи жэщ фIы ухъу!» (е «НэхулъэфI фыкъикI» – жэщыр здынэсам елъытауэ).