3 июня, 2025 - 09:40

Адыгэбзэр къытщIэхъуэ щIэблэм яIурылъу, лъэпкъым и щэнхабзэм щыгъуазэу къэгъэхъунымкIэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI «Адыгэ цIыкIу» егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм. Нобэ ди псэлъэгъущ абы и къызэгъэпэщакIуэ, зи IэщIагъэкIэ логопед, психолог Къармэ Iэсият.
- Iэсият, «Адыгэ цIыкIур» къызэрыунэхуам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Сабийхэм илъэс тIощIым щIигъуауэ садолажьэ. А зэманым къриубыдэу абыхэм я дуней щыIэкIэм теухуауэ куэдым гу лъыстащ. Абыхэм ящыщщ къалэм дэс сабийхэм адыгэбзэр зэраIурымылъыр, ящIэми, мащIэ дыдэу фIэкIа къызэрамыгъэсэбэпыр. Куэд щIауэ си гум щызгъафIэрт сэ езым сабий еджапIэ къызэIусхыныр, си хъуэпсапIэт цIыкIухэм я «адыгэ дуней» абдеж щызэхэсшэныр. Мис а щхьэусыгъуэхэрщ тегъэщIапIэ хуэхъуар «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэр къызэрыунэхуам.
- Фи лэжьыгъэр зэрыгъэпсам и гугъу пщIымэ, сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ сабийхэр бзэм девгъэхьэхрэ?
- Дерсхэр щызэхэдгъэувэкIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр абы къыхыдолъытэ. Джэгун ныбжьым ит сабийр Iуэхум къызэрыхэпшэфынур нэхъыбэу дызыхьэх IэмалымкIэщ. Абы ипкъ иткIэ ди лэжьыгъэм куэду къыщыдогъэсэбэп пасэрей, иджырей джэгукIэхэр. Бзэр «гъущэу» сабийхэм ябгъэдэплъхьэкIэ зыри мыхьэнэ иIэкъым, ар Iуэхум гуэрым епхауэ къебгъэгъэсэбэпмэ, нэхъ псынщIэу къащтэ. Дэ дызыхущIэкъур ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр яфIэгъэщIэгъуэну яджынырщ. Программэри методикэри щыIэ жыпхъэхэм тету дагъуэншэу зэхалъхьами, сабийм фIэгъэнапIэ хуэхъун щIэщыгъуагъ гуэр абы хэмылъмэ, зригъэлIэлIэнукъым. Сабийр зыхуэбгъасэ Iуэхум димыхьэхмэ, уи лэжьыгъэр къохъулIэнукъым. Мис ахэр псори зэпэлъытауэ ди лэжьыгъэр зэтыдоухуэ.
- Шэч хэмылъу, сабий психологиер зэрыбджар уи лэжьыгъэм щхьэпэ къыщыпхуохъу.
- Ар пэжщ. Психологием зэрыхэсщIыкIыр сэбэп мэхъу сабийхэм я дунейм нэхъ тыншу сыхэгъуэзэнымкIэ, дихьэхыу, яфIэгъэщIэгъуэну абыхэм дазэрыдэлэжьэн программэр зэхэгъэувэнымкIэ. Сабий къэс езым щхьэхуэныгъэ гуэр хэлъщ, абы гу лъыптэфу щытын хуейщ, зыужьыныгъэ ептыфын папщIэ. Психологиер зи лъабжьэ джэгукIэ куэд адыгэ жыпхъэм игъэзэгъауэ лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп. КъищынэмыщIауэ, психологыу сызэрыщытыр икъукIэ щхьэпэ къысхуохъу ди IуэхущIапIэм сабийхэр къэзышэ адэ-анэхэм садекIуэкIынымкIи.
- «Адыгэ цIыкIум» щIэх-щIэхыурэ щэнхабзэ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр зэрыщекIуэкIым сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщу сабийхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ сыт хуэдэхэр къыхэбгъэщынт?
- «Адыгэ цIыкIум» апхуэдэ зэIущIэхэр мазэм е мазитIым къриубыдэу зэ щызэхыдошэ. Адыгэбзэ дахэ зыIурылъ, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр езыгъэкIуэкI, щапхъэ зытрах, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыхухэр къыдогъэблагъэри, дэзыхьэха Iуэхум сабийхэм яхутопсэлъыхь, щапхъэ гуэрхэри ирагъэлъагъу. ЗэрыжаIэу, уцIыкIуу плъэгъуар, зэхэпхар пщыгъупщэркъым. Психологиеми ущрохьэлIэ а еплъыкIэм. Нэхъ гукъинэ ящыхъуа зэIущIэхэм ящыщщ Слъон Алимрэ Мэзло Русланрэ я мастер-классхэр. Алим бжыхь хуным, Руслан арджэн щIыным я щэхухэм хагъэгъуэзащ цIыкIухэр. Ахэр къыщедгъэблэгъам тIэкIу шэч къытесхьат, сабийхэм я Iэхэм ягъэшэрыуэфыну пIэрэ жысIэри. Ауэ лэжьыгъэм пэлъэщыфахэщ, яфIэгъэщIэгъуэну дэтхэнэми и зэфIэкIыр игъэунэхуащ. Сыт хуэдэ сабийми Iуэхум ухутепсэлъыхь къудей мыхъуу, лэжьыгъэм къыхэпшэмэ, и IэкIэ зыгуэр ебгъэщIмэ, куэдкIэ нэхъыфIу икIи нэхъ псынщIэу дыбогъэхьэхыф а зи гугъу хуэпщIым. Сабийхэм я Iэхэр лажьэмэ, я щхьэри мэгупсысэ, апхуэдэм деж я бзэри къеутIыпщ.
Епсэлъар Жанкъазий Аринэщ.