1 июля, 2025 - 09:04

Ди тхыдэм щыцIэрыIуэ лIышхуэхэм ящыщщ Къэзанокъуэ Жэбагъы – лIэщIыгъуищ гъуэгуанэ зэпызыча щIыхь къызыдэгъуэгурыкIуэ цIыху щэджащэр. А лIы Iущыр къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 340-рэ ирокъу. Къэзанокъуэ Жэбагъы адыгэ IуэрыIуатэм щыцIэрыIуэм къыщымынэу, ар фIы дыдэу яцIыху, и хъыбар куэди жаIэ осетинхэм, балъкъэрхэм, къэрэшейхэм, къумыкъухэм. Жэбагъы адыгэ тхыдэм ибэкъукIри, адрей лъэпкъхэми я тхыдэхэм нэсащ, апхуэдизкIэ абыхэми гунэс ящыхъуати. Жэбагъы и щIыхьыр зэрылъагэм, ар цIыхубэм фIыуэ зэралъагъум наIуэу щыхьэт тохъуэ мы зыр: тхылъи бзэи зимыIа лъэпкъым ар игу иригъэхуакъым илъэс 300-кIэ. ИгъэкIуэдакъым абы и цIэр. И хъыбархэр. Илэжьар. Нобэр къыздэсым цIыхухэм жаIэ: «Жэбагъы ищIат, Жэбагъы жиIат...» Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэм гупсысэ куу ящIэлъщ, купщIэшхуэ япкърылъщ.
И бжэныр ищами…
Гъэр бжьыхьэ хуегъэзэкI хъуауэ, фыз гуэрым зы бжэн и гъунэгъум ирищэжат, жи. Ауэрэ, бжьыхьэри щIымахуэри йокI, гъатхэ мэхъу. Бжэныр малъхуэри, чыцIитI къелъху. Мо къезыщар чыцIхэм къехъуэпсэжа – зрищам едауэу хуежьащ, сэ абы тIу къилъхуну сщIатэмэ, уэсщэнутэкъым, къызэтыж, жери. Модрейми, сэ абы дапщэ къилъхунуми сымыщIэу къэсщэхуащ, жеIэри, екIи фIыкIи зыхигъэзагъэркъым. Апхуэдэурэ зэгъунэгъуитIым я дауэр утыку Iуэху хъуащ.
- Сэ си гугъакъым а бжэным тIу къилъхуну, - жиIэрт зыщам. – СщIауэ щытамэ, есщэнутэкъым. Иджы чыцIитIым языр къызитыжын хуейщ.
А Iуэхур зэхэзыгъэкIын хуейхэм Жэбагъыи яхэсти, лIы Iущыр щIэупщIащ:
-ЗэрыжыпIэмкIэ, а бжэным тIу къилъхуну уэ пщIакъым, пщIауэ щытамэ, епщэнутэкъым, аракъэ?
- Ара дыдэщ, тхьэ, есщэнутэкъым.
- АтIэ, а уи бжэныр дыгъужьым ишхыну пщIамэ, епщэнут?
- Есщэнут! – къыжьэдэлъэтащ фыз нэпсейм.
- АтIэ бжэным зыи, тIуи къилъхункIэ мэхъур. Апхуэдабзэщи, зэкъуэхуауэ къыхуэзэмэ, лъхуэным нимыгъэсу дыгъужьым ишхыжынри хэлъщ, зыщами, къэзыщэхуами, чыцIу щIэсым и бжыгъэми емылъытауэ. Уэри щхьэ щIыпфIэтыр ахэр акъылкIэ зэбгъэзэхуэн щхьэкIэщ. Бжэным уи Iуэху хэлъыжкъым, ари абы къыщIэхъуа чыцIитIри зэпщам ей хъуакIэщ, - жиIэщ Жэбагъыи, абыкIэ псори арэзы хъуахэщ.
Бжьын хьэсэ
Зэгуэрым Жэбагъы цIыкIур хадэм ихьауэ, и быф анэм бжьын ипщIэу илъэгъуащ. Бжьыныр Iуву итт, фызым ар фIыуэ зэкIэщIичыртэкъым щысхьырти. Апхуэдиз зи Iувагъыр бжьын пIащэ хъункIэ Iэмал иIэтэкъым, зыр зым зэран хуэхъужурэ, псори цIыкIуу къэнэнут. ЩIалэ цIыкIур абы еплъщ, еплъри еупщIащ:
- Нанэ, сэ зы мэл сукIынщ, уэ джэдищ букIынщ, - дэтхэнэм нэхъ лышхуэ къикIыну пIэрэ? – жиIэри.
- А делэжь цIыкIу, - жиIащ быф анэм, - мэлыр нэхъ инщ, абы IэджэкIэ нэхъ лышхуэ къикIынкъэ.
- Ар пэж?
- Ахьейми пэж, пэж нэрылъагъущ, на!
- АтIэ, нанэ, - педзыж абы Жэбагъы, - нэхъ мащIэу, ауэ ину умыщIу, цIыкIу лыбжьэ щхьэ щIын хуей уи бжьыныр! ЗэхэмышхыкI жьгъей мэхъур, зиунагъуэрэ.
Фызыр ищIэм еплъыжщ, дыхьэшхри, щIалэ цIыкIум къызэрыжриIам хуэдэу ищIащ. ЖаIэр пэжмэ, абы щыгъуэ кърихьэлIэжа бжьыным нэхърэ нэхъ пIащэрэ нэхъыбэрэ абы япэм зэи къехъулIатэкъым.
Жьы хъуар къызэрыпщIэнур
ЛIыжь уэршэрыр Iэджэми я щхьэфэ тоIэбэ. Апхуэдэу, лIыжьищ уэршэру щысу, зыр къэпсалъэри жиIащ:
- Уа, хэт жиIэфын, жьы хъуар сыткIэ къызэрыпщIэнур?
- ЛIым и набдзэм тхъугъэ хидзамэ, жьы хъуауэ къэлъытэ, - жеIэ адрейм.
- Хьэуэ, - жи ещанэм, - IэщIым и фэр тыншу къэбубыдрэ къыпхутешмэ, къытепшар щIэх мытIысыжмэ, абы щыгъуэм и фэр лалэ хъуащ, езыри жьы хъуащ.
- Сэ си гугъэмкIэ, цIыхум и щхьэр къетхъухамэ, ар жьыгъуэ нэщэнэщ, - жеIэр псалъэр къыхэзыдзам.
Щыми я еплъык1эр зэтехуакъым, ауэ а жыхуаIахэр зыдалъагъуу лIы зи фIыгъуэхэри щыIэу къыщIэкIащ – хэт пасэу и щхьэр тхъуа щхьэкIэ, ныбжькIэ щIалэу, хэт и IэщIым тет фэр лалэ щхьэкIэ, и къарур иджыри щызу.
Абы ехутылIэу Къэзанокъуэ Жэбагъы блэкIырти, мо лIижьищыр зэгурыIуащ, абы еупщIу, зэрыжиIэмкIэ щыри акъылэгъу хъуну.
- Уей, шынэхъыщIэ, унэхъ щIалэми, уэри ди зэдауэм зыгуэр къыхэлъхьэ, - жаIэри зыбгъэдашащ мо блэкIыр.
Жэбагъы Iэдэбу къабгъэдыхьэщ, сэлам къарихри, щIызэдауэхэмкIэ къеупщIащ.
- Мобы мыр жеIэ, мыдрейм мыр жеIэ, сэ мыпхуэдэу жызоIэ, жьы хъуар къызэрыпщIэнумкIэ дызэгурымыIуэ.
- Ара?
- Аращ.
Жэбагъы гупсысэри жиIащ:
- Жьы хъуар ныбжькIи теплъэкIи къэпщIэнукъым. Ар къызэрыпщIэнур мыращ. Куэд ептрэ хуэмышхмэ, мащIэ ептрэ зигъэгусэмэ, цIыкIуу жепIэрэ зэхимыхмэ, ину жепIэм щхьэкIэ къэгубжьмэ, гъуэлърэ жейм емызэгъмэ, къэтIысрэ щымысыфу щхьэукъуэмэ, - мис аращ жьы хъуа жыхуаIэр. Пасэу жьыгъэм иубыди, лIы зи фIыгъуэу зи щхьэцыр зэщIэтхъуэри щыIэщ, и пащIэ-жьакIэр тхъуами, щIалэгур зыфIэмыкIуэди плъагъунщ. Жьы хъуар къызэрыпщIэнур и теплъэ закъуэракъым, нэхъыбэу и щытыкIэращ.
Ар щыжиIэм, лIыжьищыр абыкIэ арэзы хъуащ, Жэбагъы фIыщIэ къыхуащIщ, къехъуэхъури къаутIыпщыжащ, мори и гъуэгу теуважащ.
УщыхьэщIэну нэхъыфIыр
ШууитI и гъусэу Жэбагъы гъуэгу здытетым, дыгъэ къухьэгъуэ хъуауэ, къуажэ гуэрымкIэ блэкIырти, дэщ1ыгъухэм ящыщ зым жиIащ:
- Уэлэхьи, Жэбагъы, жэщ къыттохъуэмэ, мы къуажэм си благъэ дэсщ, абы деж ныжэбэ дыщыгъэхьэщIэ.
- ХэткIэ узэриблагъэр – фызыра, хьэмэрэ лIыра? – еупщIащ Къэзанокъуэр.
- ЛIыращ, - жи и гъусэм.
- Абы щыгъуэм дыблэвгъэкI, - жиIэри къызэтеувыIэн идакъым.
Ауэрэ нэгъуэщI къуажэ нэсахэщ.
- Уа, Жэбагъы, - жеIэ адрей шу гъусэм, - мы къуажэм сэ си благъэ дэсщ, абы девгъэкIуалIэ.
Жэбагъыр аргуэру щIоупщIэ:
- ЛIыра уи благъэр, хьэмэрэ фызыра?
- Уэлэхьи, фызырам.
- Абы щыгъуэм деблагъэ хъунущ, - жиIэщ Къэзанокъуэми къуажэмкIэ игъэзащ.
Мо зэкIуэлIам хъарзынэуи ирагъэблэгъащ, IэнэфIхэри къыхуащтащ, жэщми тыншыпIэхэр къахузэрагъэпэщащ. Нэху щыуэ гупыр шэсыжа нэужь, Жэбагъы «лIыращ си благъэр» жызыIам зыхуигъазэри жриIащ:
- Щхьэрыгъажэ умыщI, уэ щыжыпIэм щыгъуэ дызэремыблэгъар. ЛIыр уи благъэ щхьэкIэ, унэгуащэм урихамэ хъумэ, и лъэр щIэмыкIыныр хэлъщ. Фызыр уи благъэмэ, абы лъэкI къигъэнэнукъым гъэхьэщIэнкIэ, унагъуэ зыхэсым благъэфI зэриIэр къаригъэщIэн щхьэкIэ.