7 июля, 2025 - 09:55
XVIII лIэщIыгъуэм псэуа нэмыцэ тхакIуэ фон Варкербарт адыгэхэм я псэукIэр, дуней тетыкIэр, лIыгъэр фIэгъэщIэгъуэну, дихьэхауэ иджу щытащ. Мы тхыгъэр Варкербарт 1798 гъэм Дрезден къыщыдигъэкIащ. Ар нэмыцэбзэм къизыхар Шыд Хьэсэнбийщ.
«Мэзхэм щIагъэна бгы лъагэхэм я зэхуакухэм, Каспий гуэлымрэ тенджыз ФIыцIэмрэ яку дэж псы уэрышхуэхэм якухэм щыпсэу лъэпкъ дахэхэм, лъэпкъыфI дыдэхэм, лъэпкъ цIэрыIуэхэм ящыщ зыщ адыгэхэр. Я Iэпкълъэпкъым и зэкIужыкIэкIэ, талантымкIэ, гъэсэныгъэ дахэкIэ, хьэл-щэнкIэ, Iуэху еплъыкIэкIэ, хахуагъэкIэ, я щхьэ пщIэ зэрыхуащIыжкIэ, я гупсысэ куумрэ сыт хуэдэ щытыкIэ гугъуми псынщIэу хэкIыпIэ къызэрыхуагъуэтыфымкIэ адыгэхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу адрей лъэпкъхэм, уеблэмэ, Европэм щымыщ адрей лъэпкъ псоми къащхьэщокI.
Ахэр я хэкум и щIыналъэ мащIэмкIэ ирокъу. Ахэр зэи хущIэкъуакъым ар залымыгъэкIэ нэхъыбэ ящIыну, зэи дихьэхакъым зэрыпхъуакIуэ Iуэхугъуэхэм; ахэр зэпIэзэрыту икIи насыпыфIэу щыпсэурт я бгыжьхэм я лъапэхэм икIи хамэ мылъкум зэи хуэнэпсеякъым, ауэ къэланджэ жыхуаIэмрэ шынэрэ ямыщIэу я хабзэмрэ хуитыныгъэмрэ яхъумэжырт.
ФыкъыддэIэпыкъу, дыкъэфхъумэ, жаIэу хамэ пщыхэр къайлъэIуамэ, лIы и лIыж адыгэхэм я мамыр жьэгур ябгынэрти я гуапэу, гуфIэгъуэр яIэу зауэлI къалэнхэр я пщэ далъхьэжырт. Швейцар лIыхъужьхэми зы зэман зэгуэр апхуэдэу ящIу щытащ. ЗауэлI къалэныр зи пщэ дэзылъхьэжа адыгэхэм лъэIуакIуэ къахуэкIуахэр яхъумэрт, бийм пэщIэувэрт, ар зэуапIэ губгъуэм щыхагъащIэрт. Адыгэхэм унафэ тэмэм тращIыхьырт зэныкъуэкъу къэхъуахэм, зэдауэхэр мамыру зэгурыIуэжыным хэлIыфIыхьырти, я Iуэху лIы хуэдэу зэфIагъэкIауэ я унэ екIуэлIэжхэрт.
Мис апхуэдэу псэурт пщыгъуэ цIыкIу куэду зэпыуда а лъэпкъ насыпыфIэр.
ЕпщыкIущанэ лIэщIыгъуэм адыгэхэр Чингиз хъан и джатэ лъэщым къыхигъэщIащ. Чингиз хъан къызэрыгуэкIтэкъым. Лъэпкъ Iэджэхэр къэзызэуа а зэрыпхъуакIуэ емынэм пэхъун щыIауэ тхыдэм ищIэжыркъым. Абы икъукIэ игу ирихьырт адыгэ лъэпкъым и дахагъэр. ТекIуэныгъэр зи Iэпэгъу абы и монголхэм игъащIэм ялъэгъуатэкъым апхуэдиз зи дахагъэ цIыхухъуи цIыхубзи. ЩIы хъурейм и тепщэм и нэгу зрагъэужьу и пащхьэм исын хуей хъурт хъыджэбз дахэхэм я нэхъ дахэжхэр. Илъэс мин бжыгъэхэм я зэрыпхъуакIуэ нэхъ емынэ дыдэм илъэс къэс адыгэхэм къыхаша ныбжьыщIэ нэхъ лъэрызехьэу щитIрэ тхьэIухудым я тхьэIухудыжу хъыджэбзищэрэ хуашэн хуейуэ пщэрылъ ящищIат.. Ахэр Кърымым и тетым деж яшэн хуейт. Кърымым и тетыр хъанышхуэм и Iыхьлыуэ къыщIэкIынут. Чингиз хъан дунейм ехыжа нэужь зэгуэр ищIауэ щыта унафэр зэрыунафэу къэнэжащ икIи щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ иджыри Кърымым ирагъашэрт икIи ахэр Кърымым и тетхэм зэрыхуейуэ къагъэсэбэпырт. А хабзэр щагъэкIуэдыжар ди лIэщIыгъуэ блэкIым и пэщIэдзэрщ, 1708 гъэрщ.
А зэманым Кърымым и тетыр Сэлим-Джэрийт. Ар лIыгъэшхуэ зыхэлъ цIыхут. И адэм и адэжхэм къащIэна щIыхьымрэ хъан цIэмрэ я зехьакIуэт.
Хъаныгъуэр къылъысри зы илъэс дэкIауэ, абы и къуэхэм ящыщ зы адыгэхэм деж игъэкIуащ илъэситIым къатехуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къаIихыну. Ар адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьхэм, пщыхэм щIыхьышхуэ хуащIу ирагъэблэгъащ икIи къратын хуей псори къратащ. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къащыIихым щыгъуэ абы гу лъитащ зы адыгэ пщащэ гуэрым. А пщащэр и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм ящыщ зы Кърымым яшэнум яхэтти, сэлам ирихыжыну къэкIуауэ арат. ЩIалэр зэ Iуплъэгъуэм а пщащэм хьэщыкъ ищIащ. Езым и гъусэу здишэн хуейхэм я цIэ-унэцIэхэм хэплъэри, а пщащэр хэттэкъым. Апхуэдэу щыхъум, абы хъыджэбзыр залымыгъэкIэ здишэри и унэм щIигъэтIысхьащ.
А хъыджэбзым дэлъхуитI иIэт. ТIури зауэлI бэлыхьхэу, къэмыланджэхэу, шынэ ямыщIэу. Я шыпхъум къращIам а тIури игъэгубжьат, ауэ я лъыщIэж мурадыр быдэу ягъэпщкIу, гуауэшхуэр къызытепсыха я адэри ягъэудэIу, зэман дэкIмэ я шыпхъур сулътIаным, – Кърымым и тетым и къуэхэм а цIэр зэрахьэрт, – и щIасэ цIыхубз къудей мыхъуу, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ гуащэ хъуну икIи адрейхэм куэдкIэ ефIэкIыу щыщытын зэман къыхуихуэну жраIэурэ. Ауэ щIалэхэр я мурадым щылъэIэсыфын ихуэгъуэ къалъыхъуэрт. ИкIэм-икIэжым апхуэдэ зэман къахуихуащ. Ахэр сулътIаным и унэм щэхуу щIыхьащ, езы сулътIаныр шынагъуэ лъэпкъ щыпэмыплъэ сыхьэт зыхуагъазэри. СулътIаныр и закъуэпцIийуэ пщащэм бгъэдэст. И хъумакIуэхэм я ныкъуэр зэрегъэфауэ чэфу жейхэрт, адрейхэр я гъунэгъухэмкIэ зэбгрыкIат.
Зэкъуэшхэм сулътIанри я шыпхъури къамэкIэ фIагъэжащ, хъумакIуэхэм ящыщу къапэщIэхуа псори яукIащ, ауэ зы закъуэ къагъэнащ, мы къэхъуа псори иIуэтэжын щхьэкIэ.
Арати, хъаным а Iуэху шынагъуэм теухуа хъыбарыр къыIэрыхьащ. Ауэ и губжьри и гуауэри ирикъухри, и къуэр зэраукIам теухуауэ мыпхуэдэу жиIа къудейщ: адыгэхэм тэмэму ящIащ пщащэр къидыгъуу залымыгъэкIэ, я хабзэхэми дуней тетыкIэми емыплъу, къэзышам тезыр зэрытралъхьар.
Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу хъан лIыжь губзыгъэр дунейм ехыжащ, и хъаныгъуэр и къуэ нэхъыжьым къыхуигъанэри. Ар Долэтт, нэхъ иужьыIуэкIэ тырку императорыр тридзу хэкум изыхуарат».
