29 июля, 2025 - 10:34
Гугъуэт Заремэ усакIуэкIэ еджэн зэрыщIэддзэрэ зэманыфI дэкIащ. Сыт ар а IэщIагъэм къыхуигъэщIауэ жыдэзыгъэIэр? Итхыр дигу зэрырихьра? Хьэмэ зыхищIэр сатыр зэпыудакIэ къызэрытхуиIуатэра? УсэщIэ къытIэрыхьэху, а жэуапым зимыхъуэжыпIэ иIэкъым. УсакIуэри щыцIыхукIэ, дэ абы дыпсэуныр нэхъ тынш тщищIыну дыщогугъ, хуэтщI дзыхьым и инагъыр зэлъытар дунеймрэ гъащIэмрэ дызэрыригъэзэгъ бзэмрэ щапхъэмрэщ.
Дэтхэнэ усакIуэми ещхьу, Заремэ усэбзэкIэ зыхэIэбэ лъэныкъуэхэр зыбжанэ мэхъу: адэ-анэ, сабиигъуэ, лъэпкъ, Хэку, дуней, уеблэмэ политикэм теухуа уси щитх къыхуохуэ. Хэти фIызэтрихьэ губампIэдэх едзыгъуэхэри и «мыхьэмытхкъым», цIыхум зыдигъуэжыпхъэ щэныншагъэми утрегъэукIытыхьыф. УсэфIым е уэрэдыфIым гъащIэм иужьыгуа, зи псэукIэр пхъашэ зыIэщIэхъухьа цIыхум гу зэрыкIуэцIылъыр кърегъэщIэж. КъэгъэшыпIэ задэхэм дыблэзыш усакIуэхэр нэхъыбэрэ дгъэпсэунут, ахэр шыгъушыпсыпIэм хэзыдзэ гуныкъуэгъуэхэр ящхьэщытхынут, я гъуэгум ету иридгъэжэнут, езыхэм усэ дахэхэр къыщIагъэлъэлъу щысын фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху къахуэмынэн хуэдэу. Ауэ гъащIэр апхуэдэу щыткъым. Уэрэдбзум и макъ телъыджэр щызэхэтхыр ар гъущI хъарым идубыда нэужьщ. Ухыгъэм хэкIыпIэншагъкIэ укъиухъуреин зэрихьэлым нэмыщI, псэм и зыужьыныгъэ гъуэгур лъэпэрэпэгъуэрэ къэтэджыжыгъуэу зэIылъщ. Гугъур зымыгъэунэхуам тыншым и IэфIыр зыхищIэу щытамэ, уси уэрэди дыхуэмыныкъуэу дыпсэуфынт. ТхэкIэ Iэзагъым хигъэщхьэхукIыу щытми, усакIуэри дэ тхуэдэ дыдэ цIыху къызэрыгуэкIыу, мор и гукъеуэу, мыр и тхъэжыгъуэу зэрыщытырщ ар лъэпкъым и тхьэгъуш зыщIыр.
Адыгэ унагъуэм илъ гурыгъузхэр тыболъагъукI Заремэ и усэхэм. Хьэуэ, ар тепсэлъыхьыркъым «бгырыс цIыхубзыр зэрыдакъузэм». Апхуэдэ псалъэхэри къигъэщхьэпэххэркъым. Ауэ и псэм гъащIэм зэрызыпыIуидз ерыщагъыр щыхьэт абрагъуэу и усэхэм къыхоувэ, блэкIам кIэлъыпхъуэж и усэбзэр нэхъ шэрыуэху, гур нэхъри иришэхыу.
Сыт цIыхур изэгъэкIуэтыр? Езыр фIыкIэ зэрызыщымыгугъыжым. Сыт апхуэдэу щIэхъур? ЩIэхъур ар зыхэпсэукI щэнхабзэм, къэзыухъуреихь псэукIэ культурэм и къэухьыр абы и дежкIэ ткIиищэу къызэрыщIэкIырщ. Армырауэ пIэрэ щIалэгъуалэм ди Хэкум щызекIуэ псэукIэ-зэхэтыкIэр, апхуэдизу зыщIэдгъэщIагъуэ нэхъыжь-нэхъыщIэ зэбгъэдэтыкIэр я гъащIэм къащыхуэмыгъэсэбэпыжу, хамэщIым щIэIэпхъуэр? Сыт-тIэ адыгэ хабзэм и мыхьэнэр, езым иритхъа сатырым иримыкIуэфым и Iэр хуимышиифынумэ? ХуишиинкIэ хуишиинущ, ауэ нэхъыфI дыдэхэм яхибжэнукъым, тхьэмыщкIафэ ириплъу, «гущIэгъу хуищIынущ», лIыхъужьхэм зэращымыщыр ириIуэкI зэпыту. «Си бгъэм дэсу дыгъэ щIыIэрыс къызохьэкIыр», - жеIэ Гугъуэт Зареми. Абы къыподжэж мы тхыгъэр къезыгъэбла сатыритIыр:
ЗыщIэни Тхьэр, мы си гум илъщ насып,
Щылъарэ тIыгъуэжа насып тхьэмыщкIэ.
Иджыри зы гупсысэ. Гугъуэт Заремэ и гурыщIэхэр дэтхэнэ адыгэ цIыхубзми зэрыхуэтхьыфым хуэдэ дыдэу, ди нэгум къыщIэдвгъэгъэхьэт а «насып тхьэмыщкIэм» хэпсэукIыр ди Хэкурауэ? Ди нобэр дызэрыхуейм хуэдэу зэрытхузэтемыухуэракъэ ди блэкIа телъыджэр адрейхэм я нэм щIэтIуну дыщIыхэтыр? Тхыдэм дыщылъэщщ, дыщыхахуэщ, псори къыщыддоплъей. Ауэ ди нобэр даIэ? Дэнэ щыIэ уи тхьэкIумэIупсыр ирачу, Хэкум папщIэ «клавиатурэр кIуэцIрызытхъхэр»? Нэмыцэм, Франджым, Америкэм, Тыркум, Иорданием, Мэзкуу, Бытырбыху, Австралием, Сирием... Тырку псалъэжьми зэрыжиIэщи, нэхъыбэм я дежкIэ «Хэкур укъыщалъхуаракъым, уи ныбэ изу ущышхэращ». Къуаншэ къызэрыпхуэгъуэтым уэ захуэ уищIу щытамэ, Заремэ и бзэкIэ жытIэнщи, «уафэм гукъанэу дэтпхъеяхэм» зыгуэр къытхуащIэнт. ИпэжыпIэкIэ зыгуэр къыпхуэзыщIэнур пщэдджыжь къэс укъыщызыху жэуаплыныгъэрщ, пчы лъэбакъуэрщ, зепхьэ напэрщ. ДевгъэдаIуэт дызытепсэлъыхь усакIуэр и Хэкум зэреубзэ псалъэхэм:
УзгъэфIэжыну сыкъэплъхуати,
Уэ сыбогъафIэ, сыджэлэху.
Гугъуэт Заремэ гъащIэмрэ дунеймрэ дызэрыригъэзэгъыну и усэ нэхъыфIхэр щитхынур дяпэкIэщ. И усэбзэр хьэзырщ, и гъащIэ зыхэщIэкIэр абы лъэщIыхьэжмэ, адыгэбзэри, хабзэри, лъэпкъ гъащIэри зы усакIуэ псэ къабзэкIэ зэрефIэкIуэнур нэрылъагъущ. ЖытIам тхужымыIахэри дыщIыдгъужмэ, тхыгъэр Заремэ къыхуэуша усэкIэ дымыухыу хъуну къыщIэкIынкъым.
Зигу зэрыгъуэтыжа
Гугъуэт Заремэ деж
Гъатхэр анэш пщIантIэжьым изогъэщхь –
Уи жагъуэ зэи зымыщIыфыну дыгъэр
ГугъэщIэкIэ уи нэкIум къопэщэщ,
И тыгъэхэм пхъуантэмэ къакIэрихыу.
Жьы хъуащ дунейр. КIэрахъуэурэ еша
ЩIы щхъуэкIэплъыкIэр бысым Iущ зыхуэхъухэм
Зы упщIэм и жэуапкъэ къетхуэкIар:
Насыпыр сыт тфIэфI защIэм щIемызэгъыр?
Псэ зэрысIутым къыстрилъхьэр сыт?
Бэлыхь? Къалэн?
Сэ къыхэсха цIыху дапщэ
Си гъуэгум къытехьэну и щхьэ хуит?
Зыгуэр зэрытекIыжыр хэт зи лажьэр?
Щхьэж и жэуапыр езым и хъыбарщ.
Сысейр ууейм зэрытемыхуэм щхьэкIэ,
Щхьэ зым адрейр гъуэщауэ дгъэува?
Мыр – лъабжьэщ, мор – къудамэщ, хэти – щхьэкIэщ.
Гудзакъэ зиIэм ищIэкъым хьэзаб,
Псэр зыгъэсэхъум зыми хуищIкъым фIыщIэ.
Ухыгъэр зи фэм дэхуэу хахуэ хъуар,
Тхьэм жиIэмэ, хабжэнукъым дзыхьмыщIхэм.
Уи дамэр Iэт!
НэхъыфIыр къыппэщылъщ.
Узыпсыхьа дыжьыныр тхыдэм хэпхъи,
Нобэрей дыщэр гущIэм щыгъэпщIыпщI,
ЗэгъащIэ: мынэхъыфIу зыри къэхъукъым.
Уи псалъэхэдэм мыщIэ къыхэпхар
Псэ ущхъуэнтIам еIэзэ хущхъуэ гуакIуэщ.
Ар фIылъагъу куум къызэрыхуигъэщIар
ЯщумыгъэгъупщэхукIэ, уусакIуэщ.
КЪУДЕЙ Iэминэ.
