19 августа, 2025 - 11:07
Адыгэм и бзэмрэ и хабзэмрэ я къэщIэрэщIэжыгъуэм и лъэхъэнэм диту жыпIэ хъунущ, нобэрей щIэблэм ухэплъэмэ. Лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщIаджыкIыр, ахэр зэрызэIэпахыр, абыхэм теухуауэ яIэ гупсысэхэр къызэрагъэнаIуэр, ИнтернеткIэ ахэр дуней псом хэIущIыIу щащIыну зэрыпылъыр… гухэхъуэгъуэгъэ-тIэ?! Апхуэдэ щIэблэм ящыщщ ди тхыгъэр зытеухуа Шагъырбей Елдар. ЩIалэщIэр къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм зэрыщыгъуазэм, адыгэм я щхьэм кърикIуа Iуэхугъуэ куэдым зэрагъэгумэщIым и щыхьэтщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа мы усэ сатырхэр:
Сэ Шэнджыр сыщалъхуауэ сыадыгэщ,
Тылей гъуэгу сыкъыхэкIауэ сы-Черкесщ.
Щиху зэхуакухэм дэт къэралыр сэ си Хэкущ,
Тенджыз ФIыцIэм иджы, мисыр, сримакъщ!
Хабзэ дахэхэм сытету сагъэсащи,
Си адэ-анэм къысхалъхьащи Адыгагъэ.
Си анэбзэ си гум щыIущащэр
Си сабийхэм сэ яIурыслъхьэнщ.
Адыгэ нэмысыр згъэпэжыну,
Си гум мафIэ бзийкIэ сэ тестхащ -
Уадыгэм – е улIыну, е улIэну!
Ди Псэм ипэ, Напэр идогъэщ!
Уэ ухэт? Сэ сы-Хьэтщ, сы-Зихщ, Сы-Черкесщ -
Сэ Шэнджыр сыщалъхуащ, сыадыгэщ!
Елдар мы усэр итхыным и гур къыхуэзыгъэушам щытедгъэпсэлъыхьым, къыджиIащ: «СызэрыцIыкIурэ си адэ-анэм адыгэ хабзэм тету сыкъагъэхъуащ. Адыгагъэ схэлъын зэрыхуейм, сыкъызыхэкIа лъэпкъыр зыщызгъэгъупщэ зэрымыхъунум зэпымыууэ сыщIагъэдэIуащ. Лъэпкъ щэнхабзэ къыддэгъуэгурыкIуам, ди тхыдэмрэ ди адэжьхэм яхэлъа лIыгъэмрэ, дуней псом «Шэрджэс»-кIэ дыкъызэрыщацIыхум япэ дыдэу щыгъуазэ сыхъуауэ щытащ курыт школым и етхуанэ классым сыщIэсу. Абыхэм сыщIигъэдэIуат географиемкIэ дезыгъэджа Шэрхъ Арсен. Абы лъандэрэ си гум ислъхьауэ щытащ адыгэ лъэпкъым си зэфIэкI къихькIэ сытелэжьэну, сэбэп сыхуэхъуну. Зэман дэкIами, си мурадхэм захъуэжакъым. Адыгэм и тхыдэм зыщызгъэгъуазэу, тхылъхэмрэ архивхэмрэ сыщрихьэлIауэ щытащ адыгэпщ Инал Нэху иухуауэ щыта къэралым и къалащхьэм Шэнджыр фIащауэ зэрыщытам (XV лIэщIыгъуэм). Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, зи гугъу пщIы усэр - «Сэ Шэнджыр сыщалъхуауэ сыадыгэщ» зыфIэсщар - мы гъэм си къалэмыпэм къыщIэкIащ. Ар зытезухуар Кавказ зауэм ди лъэпкъым къыхуихьа гуауэрщ, я хэкум зэрырагъэкIарщ. Мы усэм къыщызоIэт тенджыз ФIыцIэм адыгэ куэд зэрыщыщIэтIысыкIар, ди хабзэр, псалъэжьхэр, ди лъэпкъыр хьэтххэм, зиххэм дыкъызэрытехъукIар».
- Елдар, адыгагъэр дауэ къызэрыбгурыIуэр?
- Адыгагъэм теухуауэ схужыIэнур мыращ. Ар сэ хъым изогъэщхь. Абы зэпещIэ адыгэбзэр, хабзэр, цIыхугъэр, тхыдэр, Хэкур, дуней тетыкIэр, псэр, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр, нэмысыр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, нэхъыщIэр гъэгушхуэныр. Мыбыхэм щыщ гуэр хэпхмэ, адыгагъэр цIыхум хэмылъыжу собж. Псалъэм папщIэ, дэнэкIэ дыщымыIэми, ди анэдэлъхубзэр тщIэжын хуейщ. Ар псори зы дызыщI Iэмалщ. Адыгэбзэр бзэ нэхъыжьхэм ящыщщ, абы и купщIэри куущ. Е лъэпкъыр дызэкъуэмытмэ, адыгэр дыкIуэдауэ убж хъунущ. Пасэрейм жаIэгъащ: «Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ!» ДызэгурыIуэ-дызэрылъытэу дымыпсэумэ, зи гугъу сщIа хъыр зэпычыну аращ. Апхуэдэущ адыгагъэр сэ къызэрызгурыIуэр.
- Уи IэщIагъэр сыт? Дэнэ ущеджа? Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр уиIэ?
- Бахъсэн къалэм 2004 гъэм сыкъыщалъхуащ, ди тхакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий щыпсэуа уэрамым си сабиигъуэр щызгъэкIуащ. Сэ сыуэрэджыIакIуэщ, усэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи сотх. КъищынэмыщIауэ, макъамэхэр сотх, ахэр къыдызогъэкI. Мыбы ехьэлIауэ зэпеуэ куэдым сыхэтащ, лауреат сыхъуауэ щытащ. ЕхъулIэныгъэхэм я гугъу пщIымэ, 2023 гъэм «Кавказым и сабий зэчиифIэхэр» тхылъым сызэрихуар арагъэнщ.
А псом и щIэдзапIэр, ффIэгъэщIэгъуэнмэ, илъэсипщI сыхъуу си анэшхуэ Хьэдижэт Налшык къалэм Темыркъан Юрэ и цIэр зэрихьэу дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий школым сыщишаращ. Абы сызэрыкIуэм хуэдэурэ сыщеджащ Сабийр дахагъэм хуэгъэсэнымкIэ Налшык къалэм дэт IуэхущIапIэми (Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм). Ахэр тхылъ плъыжькIэ къыщызухым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ. Сэ сригъэсэнщ КъБР-м, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ.
Иджыпсту, зэрыжысIауэ, уэрэд сотх. Псори зэхэту лэжьыгъэ 40-м щIигъу сиIэщ, гъащIэм, лъагъуныгъэм, дызытет дунейм теухуа гупсысэхэр я лъабжьэу. Ахэм Интернетым и IэмалкIэ нэхъыбэ зэрыщызгъэгъуэзэным иужь ситщ мы зэманым.
Колледжым сыщIэсыху, Дунейпсо Артийскэ комитетым и унафэщI, РАЕН-м и акдемик, ЮНЕСКО-м щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ хэт, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес и дэIэпыкъуэгъуу сыдэлэжьащ Урысейм зэхьэзэхуэхэмрэ пшыхьхэмрэ къыщызэгъэпэщынымкIэ. Абы и деж щэнхабзэ дунейм ехьэлIауэ куэд къыщысщIащ, и чэнджэщхэр къысщхьэпащи, фIыщIэ хузощI.
- Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ? Мыпхуэдэ сыхъуащэрэт, жыпIэу, щапхъэ уиIэ?
- Шэч хэмылъу, щапхъэ зытесх цIыхухэр щыIэщи, абыхэм ещхь сыхъуну сыхуейт. Апхуэдэщ ди адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Тут Заур. СызэрыцIыкIурэ абы и уэрэдхэм седаIуэу сыкъэхъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр абы жиIэущ япэу щызэхэсхар. Абы къищынэмыщIа, Темыркъан Юрэ! Дэнэ щымыIами, зэрыадыгэр зэи игъэгъуэщакъым, уеблэмэ абы ирипагэу псэуащ. Къэзанокъуэ Жэбагъы и Iущагъыу щытар, ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ тхыкIэр, КъардэнгъущI Зырамыку и гъыбзэхэр, КIуэкIуэ Валерэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил, ЦIыпIынэ Аслъэн, Къанокъуэ Арсен – дызыдэплъеин ди куэдщ адыгэм.
СыщIохъуэпс сэри адыгэ лъэпкъым си IэщIагъэкIэ сэбэп сыхуэхъуну. Щапхъэу къэсхьынщ сфIэфIу зи ужь сихьа зы Iуэху – Интернетым и соцсетьхэм къыщызэIусхащ «Черкесия Time» фIэщыгъэр иIэу напэкIуэцI. Си гуапэ зэрыхъунщи, абы щIэупщIэ иIэщ, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр куэду къыподжэж. Мы зэманым абы цIыху мини 10-м нэблагъэм зыщрагъэтхащ, мазэм и кIуэцIкIэ цIыху мин 200-м нэс къислъхьэхэм йоплъ. Сыщогугъ ар зи гугъу сщIа адыгэ щэнхабзэмрэ ди тхыдэмрэ ипэкIэ гъэкIуэтэнымкIэ сэбэп хъуну.
Епсэлъар Багъэтыр Бэллэщ.
