26 августа, 2025 - 09:05
Адыгэр къофэ
Ещанэ классым дерс щокIуэкI. Адыгэ щэнхабзэм щыщ Iыхьэ сыкъеджэурэ ятх. Алихъан щIалэ цIыкIум и Iэр къеIэт:
- Сэ нобэ зы къафэ сеплъатиии… занщIэу зезгъэсащ.
- Хъарзынэщ. Афэрым, Алихъан!
Тхэным пыдощэж.
Алихъан аргуэру и Iэр къеIэт:
- АпхуэдизкIэ ар сигу ирихьащи, иджыпсту сыкъэфэнурэ фэзгъэлъагъунут.
- Иджыпсту дотхэ. ИужькIэ деплъынщ. Макъамэри диIэкъым.
Дакъикъитху дэмыкIыу аргуэру Алихъан и Iэр къеIэт:
- Макъамэ дыхуейкъым, сэ жысIэфынущ. АпхуэдизкIэ си гум илъщи, сытхэфынукъым.
Сыт сщIэнт?! Тхэныр зэпыдгъэури, Алихъан лъапэрисэ къэдгъэфащ, Iэгуауэшхуэ щIэдгъэувэри.
Адэ-анэм я лъагъуныгъэ
Адэ-анэм я лъагъуныгъэм псыежэх и кIыхьагъщи, быным и лъагъуныгъэм псы IуфитI и зэхуакущ.
Хадэм зэадэзэкъуэр хэсщ. Жьы дыдэ хъуа адэр къуэм йоупщI:
- Мор сыт?
- Ар бзущ, - жеIэ къуэм.
- Мор сыт? - аргуэру щIоупщIэ адэр.
- Ар бзущ.
- Мор сыт?
- Ар бзущ. Дапщэрэ бжесIэну? – мыарэзыуэ жэуап ирет къуэм адэ тхьэмыщкIэм.
Адэр къотэджри IуокI. Iэрытх иIыгъыу къегъэзэж. Ар къызэгуехри, щIалэм IэщIелъхьэ.
«Нобэ хадэм дитащ, - къоджэ ар. – «Мор сыт?» – жиIэурэ си къуэр бзум щхьэкIэ тIощIрэ зэрэ къызэупщIащ. КъызэупщIыху, IэплIэ хуэсщIурэ жэуап естащ. Сэ сыгуфIэрт абы папщIэ...»
Къуэм къеджэн щигъэтри, тIэкIурэ щыму щысащ, итIанэ и адэм IэплIэ быдэу хуищIурэ, гъыуэрэ елъэIуащ къыхуигъэгъуну…
ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ
Налшык и уэрамхэм ящыщ зым сыкърокIуэж лъэс лъагъуэм сытету. Ичынды нэужьщ. ЦIыхуи зэхэзекIуэркъым. Сыкъаплъэри, шууитI щыту къэслъэгъуащ. ЩIалэхэм адыгэ фащэ екIухэр ящыгъщ.
Я пащIэ-жьакIэхэр дахэу тегъэщхьащ. Шыхэр дахэкIейщ.
Сигу къокI: «Мы щIалэ щIэращIэхэм, сынэсмэ, шыхэм къелъэтэхынщ, шы IумпIэр яубыдынщи, пщIэ къысхуащIу сыблагъэкIынщ».
Сынэблэгъащ. Соплъри, «селфи» ящI, зым адрейм сурэт трех. Ныбжьуи гу къыслъатэркъым.
Адыгэ Фащэмрэ Адыгэшымрэ зэщIэкъуа уищI си гугъэщ, сыадыгарэт сыткIи жыпIэу.
Ай, бетэмал, зэманыжь мыгъуэ…
Зэманыжьыр щыIэжамэ, си унэм нэс сынагъэсыжынутэкъэ мыпхуэдэ щIалэхэм.Теплъэмрэ купщIэмрэ щызэтемыхуэ дунеижь. Илъэс мин бжыгъэкIэ нобэм нэс къахьэса си Адыгэ Хабзэ дахащэ.
Шым тесу, шыр яфIэфIу щIалэ бэлыхь куэди диIэщ. Хабзэри ящIэу икIи ягъэзащIэу. Абыхэм «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ» псалъэжьыр зымыщIэхэми ирагъэщIэну согугъэ.
Тхьэмадэ губзыгъэ
Къуажэм дыгъуакIуэ гуэр дэст. Псоми ящIэрт а лIыр зэрыдыгъуэр, ауэ зэи къахуэубыдыртэкъым. Ар икIи лажьэртэкъым, унэм дэсу арат. ЦIыхухэм яIэр быдэу яхъумэ хъури, лIым къидыгъун щимыгъуэтыжым, къуажэ тхьэмадэм деж кIуащ, лэжьыгъэ къызэт, жиIэри. Тхьэмадэм ицIыхурт ар зыхуэдэри:
- Иджыпсту сопIащIэ. Нобэ ахъшэ дэзу зы гъущI пхъуантэ къытхуашауэ пэIущIэм деж щытщ. Ар ныжэбэ тхуэхъумэ. Пщэдей лэжьыгъэм теухуауэ дызэпсэлъэнщ, - жреIэ лIым, пхъуантэшхуэр ирегъэлъагъури.
Ар арэзы мэхъу. Тхьэмадэр мэкIуэжри, зы джыдрэ зы бжьэрэ къыхуехь. ЛIыр игъэунэхуну арат, армыхъумэ гъущI пхъуантэм зыри дэлътэкъым.
ЕтIуанэ пщэдджыжьым тхьэмадэр къокIуэри, йоупщI:
- Дауэ нэху укъекIа?
- Уэлэхьэ, игъащIэм зэ гугъу сехьамэ, мыр етIуанэмэ. Зэм пхъуантэм сеплъу, зэм Каменкэ щыIэ тутнакъымкIэ сыплъэу нэху згъэщамэ!
Мазэр ди фэеплъу къыпхуонэ
Арысейм и пащтыхьым и ней зыщыхуа лъэпкъым щыщ куэдыр зэтраукIат, къэнэжар мащIэт. Лъэхъэнэ бзаджэу, адыгэм и гъащIэр щызэтекъута дунейт. Жылэр зэтрагъэсхьат. Лъэпкъым щыщу псэууэ къэна унагъуэм Хэкур ябгынэрт. Абыхэм я пхъур зыбжанэ хъуат унагъуэ зэрихьэрэ. Бынищи иIэт.
Ар нэгъуэщI жылэ дэст. Амыдэр гъащ: «Сэ дауэ сызэрыхъунур, сыкъывогъанэ», - жиIэри. «Уэ, тIасэ, унагъуэ ухэсщ. Узыхэсым уи быныр щыпIыж», - жиIащ адэм. «Сигу фыкъэкIынущ, дыщ симыIэжу, дауэ сыпсэуну? – мэгуIэ Амыдэ. «Уигу дыкъэкIмэ, мазэр ди фэеплъу къыпхуонэ», - нэщхъейуэ зригъэзэк1ащ адэм…
- «Мазэр къыщIэкIмэ, абы еплъыху, ди анэр гъыуэ псэуащ», - жиIэжу щытащ ди адэшхуэм. Сэри ар сигу къэкIыжыху си гур къызэфIонэ, - и тэмакъым телъ нэпсыр ирегъэнэх зэщыджэурэ Мухьэмэд.
Псыкъуий
Псыкъуийуэ ди щIыпIэм тIу диIэт. ТIуми зэрыхьэблэу дыкIуэрт. ПэгунитIыр пхъэхьым пыдзауэ, щIымахуи гъэмахуи, гъатхи бжьыхьи, сыт хуэдэ гъэм и лъэхъэнэми псыкъуиипсыр къэтхьырт. Псыкъуиипс емыфам, псым и IэфIагъыр зэхищIакъым. Фом нэхърэ нэхъ IэфIу, мылым хуэдэу щIыIэу, зэнзэныпсу къабзэу щIым и бынжэм къиж псым зыщумыгъэнщIу уефэфырт.
Нэхъыбэрэ сыздэкIуэр ди унэм ипщэкIэ щыIэрат. ХадэмкIэ кIуэцIрыкI лъагъуэ цIыкIум сытету сыкIуэрт а псыкъуийм. Псыкъуийр дахэ цIыкIуу къэхухьат. Сытым дежи къабзэ дыдэу ихъуреягъкIэ зэщIэкъуат. ЗэщIэзыкъуэри зэи плъагъунутэкъым, сыту жыпIэмэ цIыхур къэмыхъей щIыкIэ, ар зыхуей хуэгъэзауэ нэху къекIырт. А псыкъуийр нэхъыбэу фIыуэ щIэслъагъур ар зи хадэкум ит Мамырхъан нанэрат. Абы и унэр псыкъуийм пэжыжьэтэкъым. Абы и деж зэзэмызэ сыщIыхьэну сфIэфIт. Мамырхъан нанэ дахэт. И щIалэгъуэм лъагэу, бгы псыгъуэу зэрыщытар, жьы хъуами, къызэрызэтенамкIэ плъагъурт.
ЯтIэ чырбышкIэ щIа и унэ цIыкIур сыт хуэдэ лъэхъэнэми къабзэу зэщIэлыдэрт. Сэху щхъуантIэ зэта хьэкушхуэм тет шыгуным шхынымэ IэфIыбзэ кърихырт. К1эртIоф шыпсыр пхъэ фалъэм кърилъхьэнт, джэдгынымэр къыхихыу, дакъащхьэм тет тебэшхуэр тригъэжынти, щIакъуэ джабэплъышхуэм щыщи къыпхугуигъэжынт, кхъуей цIынэ, бжьыныхумэ къыхихыу, ари къыгуилъхьэжынт. Уи хъуреягъыр къижыхьу уимыгъэшхауэ укъыщIигъэкIынутэкъым Мамырхъан. ЩхьэфIэпхыкIыр быдэу къеуфэхами, нанэм и щIыбагъымкIэ, хъыджэбзхэм зэращIу, и щхьэц хужьыбзэу тхъуар Iэдийм хуэдэу быдэу ухуэнауэ едзыхат. Хужь зэрыхъуари зэран хуэмыхъуауэ щхьэц пхъашэр укъуэдияуэ уардэу и шхужьышхуэм теуэрт. И нитIыр къуэлэн дахэти, щыгуфIэкIэ дыгъэу къыптепсэм хуэдэт…
Блыным фIэлъ сурэтышхуэм къищ щIалэ къекIур къыпыгуфIыкIыурэ къоплъым хуэдэт. А щIалэр Мамырхъан и щхьэгъусэрат. Ар зауэжьым дэкIыу къэзымыгъэзэжахэм ящыщт…
УнагъуэщIэу ахэр щытIысам япэ дыдэу псыкъуийр къитIат абы. Бэрэжьей жыгым къыхиха пхъэ хъурейхэмкIэ кърищIэкIат псыкъуиищхьэри. Псыхьэ къакIуэхэм яшхынщ жиIэу абдежым щыхиса шэфтал жыгри гъэ къэс пшэхуу зэщIэгъагъэрт. Шэфталри ди жыпым изрэ, ныбэгуми дэзу къыпытчырт.
Щхьэгъусэм и фэеплъу къыхуна псы IэфIыпс щIыIэмылыр къызэрытх псыкъуийр нанэм дахэу зрихьащ псэуху. Ар зи IэдакъэщIэкIыу щытами, ар хэзмыгъэкIуэдэжу кIэлъыплъа Мамырхъан нани цIыхум псыуэ ирафар я псэм Тхьэм лъигъэс…
«Псапэ пщIэнумэ, щIы нэщIым псыкъуий къыщытI, гъуэгубгъум жыг щыхэсэ», - жиIащ пасэрейм… Ди нэхъыжьыфI диIахэм хуэдэу, цIыхупсэр дгъэгуфIэфу, ди Iэгур ди Iэнэу, псэущхьэхэм дахуэсакъыу, къэкIыгъэхэр тхъумэфу дыщытыфмэ, ди насыпу аращ. Абы щыгъуэм дунейри фIыкIэ къытпэджэжынщ…
Багъ Марьям.


