9 сентября, 2025 - 09:25

Щоджэн Дианэ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым дэн-бзэным щыхуеджащ, адыгэ фащэхэр, европей фэилъхьэгъуэхэр зыд дэрбзэрщ, «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм IэпэIэсэнымкIэ и егъэджакIуэщ. Пщащэр Дзэлыкъуэдэс щыщщ.
- Бзылъхугъэ бостей, фащэ, зэпыт дахэхэр бод. Уи бостей щIэращIэхэр къащылыдыкIыу хъыджэбзхэр пшыхьхэм макIуэ. Сыт ущыдэкIэ уи гур хэзыгъахъуэр?
- Сыдэну сфIэфIщ. Дэтхэнэ фэилъхьэгъуэри си псэм къыIэпыкI гуэрщ. Псом нэхърэ нэхъыбэу си гур хэзыгъахъуэр здыр хьэзыр хъуа нэужь, абы и дахагъэм арэзы сызэрытехъуэжырщ. Си гур къогуфIыкI сэ зда бостейхэр зейхэм пэзгъаплъэу щызгъэтIылъыжкIэ. Абы есщIылIа лэжьыгъэм сригъэзэшами, си жей згъэныкъуэу сыдами, асыхьэту сщогъупщэж, хьэзыр хъуам сыщеплъкIэ. Нэхъыбэу сылэжьэну сытезыгъэгушхуэ къаруущIи къысхохьэ абы щыгъуэм. Фэилъхьэгъуэр зыIэрыхьэр зэрыщыгуфIыкIыр-щэ! Абы егъэлеяуэ сегъэгушхуэ.
- Уи сабиигъуэм сытым уехъуапсэрэт IэщIагъэ пхуэхъуну? Дэныр сытым щыгъуи уигу илъа?
- Си гугъакъым дэрбзэрыным и курыкупсэм сыкъыхэхутэну. Егъэлеяуэ сехъуапсэрт юристу седжэну. Си адэм ар бзылъхугъэ IэщIагъэу къилъытэртэкъыми, къызжиIэрейт нэгъуэщI IэщIагъэ гуэрым си гупсысэр тезухуэн хуейуэ. СыкъыдэкIуэтейщ, экзамен тыгъуэхэр къэсри, тхыдэмкIэ дезыгъаджэми къызжиIащ, юрист IэщIагъэр си хьэл-щэным хуэмыкIуэу, сыхэмызэгъэну къыщыхъуу. «Уэ юрист IэщIагъэм ухэзэгъэну къысщыхъуркъым, уцIыху щабащэщ. ТIэкIу ткIийуэ, зэзэмызи хьилагъэ гуэрхэм ухуекIуэу ущытын хуейуэ къысщохъу юристу улэжьэн папщIэ. Уэ ухэзэгъэну фэ уэсплъыркъым абы. Гу быдэу ущытын хуейщ, япэрауэ. ИтIанэ, гъащIэм и дахэм нэмыщI, Iуэхугъуэ гуемыIухэри плъагъуным ухуэхьэзырын хуейщ», - къызжиIат. Иджы согупсысыж абы и псалъэхэми, пэж дыдэу, сыхуэхьэзыртэкъым.
Дзэлыкъуэкъуажэ дыдэсащ ипэм щыгъуэ. Абдежым зы унагъуэ ныбжьэгъу къыщытхуэхъуат. Абы дыщыдэмысыжми, дызэкIэлъыкIуэрт, дызэрыгъэкIуэдыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым абыхэм я деж деблэгъауэ, я нысащIэр тепсэлъыхьащ дэн-бзэным зэрызыхуигъэсам. Абдежым си гум къыпылъэдащ сэри сыдэфу зезгъэсэну сызэрыхуейр. Унэм сыкъэкIуэжа нэужь, си фIэщу сегупсысащ абы: дэн-бзэныр икIи бзылъхугъэ IэщIагъэщ, унагъуэ сихьэми, къысхуэщхьэпэнущ, жысIэу. Си IэщIагъэ къыхэхыгъуэти, псори езгъэкIуэтэкIри, абы сыкъытеувы1ащ, зызгъэхьэзырыни щIэздзащ. Курыт еджапIэр къэзухри, дизайным сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Си адэри абы щыгуфIыкIащ, дауи.
- Адыгэ тхыпхъэхэм узэрыдихьэхми гу лъыстащ…
- Ар анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэм къыщежьащ. СызэрыцIыкIурэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ солъагъу. Курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ къыдат лэжьыгъэхэри сфIэфIу сщIыжырт. Рассказ кIэщIхэм сыкъеджэрт, усэ цIыкIухэр зэзгъащIэрт. Курыт еджапIэр къэзухыу, къалэм сыкъэкIуа нэужь, гу лъыстащ, адыгэбзэм и пщIэр нэхъ мащIэ зэрыхъум. Абы сигъэнэщхъеящ икIи сигъэгупсысащ. Лъэпкъ гурыгъузыр къысхыхьэху, сызэрыадыгэм нэхъри сригушхуэрт. СфIэгъэщIэгъуэнт псори – бзэри, хабзэри, щэнхабзэри, литературэри, макъамэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ дунейр си гум из хъуащ. «Щхьэ европей щыгъынкIэ дыерыщ, щхьэ адыгэ фащэкIэ е адыгэ тхыпхъэхэр зыхэт фэилъхьэгъуэхэмкIэ зыдмыхуапэрэ?» - жысIэу сегупсысащ сэр-сэру. Тхыпхъэхэм я щэхухэр си щIэщыгъуэти, ахэри зджын щIэздзащ.
- «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм къакIуэхэм уазэрыдэлажьэм укъытезгъэувыIэнут…
- Пасэрей адыгэ IэщIагъэхэр ди пщащэ цIыкIухэм къедгъэщIэным, абы дедгъэхьэхыным, хуэIэижь тщIыным дыхущIокъу. Сабий нэхъ цIыкIухэм яхуэщIэнумрэ тIэкIу нэхъыжьхэм зызредгъэпщытхэмрэ зэхуэдэкъым. Щхьэж и ныбжьым елъытауэ, нэхъ дэзыхьэхынухэр къахузогупсыс, согъэлажьэ. Езы цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, куэдым щIэупщIэу, яхуэмыщIIамэ, къыщIадзэжрэ къапщытэжу мэлажьэхэр. Адыгэ IэрыкIхэм долэжь, адыгэбзэкIэ дыпсалъэурэ. Тхыпхъэхэмрэ лъэпкъ дамыгъэхэмрэ хадыкI, чысэ цIыкIухэр яд, матэ зэIуащэ, тхылъымпIэ зэмыфэгъухэмкIи мэлажьэ.
- НэхъыфI дыдэу плъагъу тхылъ уиIэ?
- Си гум лъагъуэ къытезына тхылъхэм ящыщу къыхэзгъэщынут ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и «Гум псори къонэ» романыр. Илъэс зыбжанэ ипэ, дзэ Iуэху хэхар къэхъеиным ипэ къихуэу, сыкъеджат абы. Тхылъым и лIыхъужьхэм зыхащIэр зыхэсщIэу щIэзджыкIащ, пэжым ухуеймэ: гъымэ, садэгъащ, гуфIэми, садэгуфIащ. Романым къыхэсха гупсысэхэр си щхьэм илъщ. Иджыблагъэ сигу къихьэри, аргуэру зэ щIэзджыкIыжащ тхылъыр. Ар къыщIэсщтэжам и щхьэусыгъуэт тхыгъэр дызыхэпсэукI зэманым зыкъомкIэ пэджэжу къызэрысщыхъуар. Ди зэманми зауэ зэрыщыIэм, абы и щIэдзэкIэ хъуам теухуа гупсысэхэр си щхьэм илът. Си нэгу къыщIэувэжащ дызэкIэщIэс дыдэу къыздэхъуа си дэлъху дзэ Iуэхум щагъэкIуа махуэр. ИлъэситIым нэблагъэ щыIауэ, гъэмахуэ кIуам хъыбар гущIыхьэр къытIэрыхьащ: унэ къагъэуам ар щIэсат. Си гум илъ гуауэр зэзгъэзэхуэн папщIэ, тхылъыр къэсщтэжри, ди нэгу щIэкIахэр а тхылъым ит Iуэхугъуэхэм езгъапщэурэ сыкъеджащ, дэтхэнэ псалъэухари япэу сыкъыщеджам нэхърэ нэхъ гуащIэжу зыхэсщIащ.
- Иджырей адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, джэгум и екIуэкIыкIэм уигу ирихьу е иримыхьу хэтхэр…
- Джэгур хабзэм тету хьэтиякIуэм щригъэкIуэкIыр сфIэтэмэмщ. ХьэтиякIуэ щымыIэмэ, хабзэр мэкъутэ, утыкум къихьэхэм зэран къахуэхъухэр къахокI. Нэхъыжьхэм я пащхьэм ит щауэм и пыIэр щыщхьэраудыр сфIэемыкIущ. Удз гъэгъар къыщаубыдкIэ, хъыджэбзхэм къемыкIуу зыщащIыр, торт зэпагъэжурэ щызэдэгуашэр, щауэмрэ нысащIэмрэ урыс къафэ хуэм къыщызэдэфэр сфIэфIкъым. Пэжым ухуеймэ, иджы куэдыр къулеягъэкIэ зэпоуэ, я хьэгъуэлIыгъуэхэр щыдахкIэ - ари фэрыщIагъэ егъэлеящ. ХьэщIэщхэмрэ шхапIэмрэ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр зэрыщыдахри сфIэфIкъым. Унэм щекIуэкIыр нэхъ къыхызох, дауи. Хъуэхъури унагъуэм къинэу, Iуэхур зэрекIуэкIри зыхэпщIэу. Тхьэм жиIэрэ, си насып къэсмэ, сыхуейщ унэм гуфIэгъуэ Iуэхур къыщызэрагъэпэщыну. Ипэрей хьэгъуэлIыгъуэхэр кIыхьу екIуэкIыу зэрыщытари сфIэфIт. СыцIыкIуу си адэ шыпхъум я дей сыщыIэу, тхьэмахуэ енкIэ екIуэкIа хьэгъуэлIыгъуэ дахэ си нэгу щIэкIауэ щытащ. Иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэм щыдмылъагъужми, нэхъапэхэм къафэбжьэ хахрэ, ар дахэу гушыIэурэ Iэнэм щагуэшыжу щыщытари си гум дыхьэрт.
Мыри жысIэнут, иджырей адыгэ щIалэгъуалэм сфIэфIу ядэслъагъухэм ящыщу. ХьэгъуэлIыгъуэ и мызакъуэу, Iуэху гуэр кIуэн хъуамэ, е сэ сщIэрэ, еджапIэр къаухарэ диплом къратыжын хъуамэ, адыгэ фащэр екIуу зыщатIагъэ. Абы си гур хегъахъуэ.
Епсэлъар НафIэдз Данэщ.
