30 сентября, 2025 - 09:24
Сэтэней нартхэр зэреджэр гуащэщ: Сэтэней гуащэ. Сэтэней гуащэ, гуащэхэм я лей – куэдрэ къыхохуэ нарт хъыбархэм. Сэтэней и пщIэр зэрылъагэм, абы пащI зэрыщымыIэм и щыхьэтщ ар. «Сэ нарт шу сыпащI», – жеIэ езы Сэтэней, нартхэм я пащхьэ щиIэ пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и напщIэм телъщ, абы ирогушхуэри. Нартхэм я лъэхъэнэми, иужькIи «гуащэ» псалъэм «пашэ» мыхьэнэ иIащ. ИужькIэ абы мыхьэнэщIэ игъуэтащ, ар щынэрылъагъущ «унэгуащэ» псалъэм – унагъуэм я цIыхубз нэхъыжь, тхьэмадэм и щхьэгъусэ; нысэ зиIэ цIыхубзми гуащэкIэ еджэ хъуащ («нысэм и гуащэ»), «Гуащэ» псалъэм ущрохьэлIэ мажусий диным къыдежьа цIэхэми – Псыхъуэгуащэ, Хыгуащэ, Хадэгуащэ, Мэзгуащэ (псым, хым, хадэм, мэзым я гуащэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, я тхьэ). Тхьэпэлъытэущ Сэтэней гуащи нартхэм къазэрыщыхъур: нартхэр зекIуэ ежьэнумэ, абы йочэнджэщ, ар нартхэ я ущиякIуэщ, Iущыгъэрэ губзыгъагъэрэ зыдалъагъу тхьэпэлъытэ гуащэщ.
Пасэрей дунейм къыщежьащ «гуащэ» псалъэм епха хабзэ гъэщIэгъуэнри – Хьэнцэгуащэ къешэкIыныр (уэшх кърагъэшхын щхьэкIэ). Хьэнцэгуащэ кърашэкIыурэ пасэрейхэр тхьэ елъэIурт, мыр жаIэурэ: «Хьэнцэгуащэ зыдошэрэ, ди тхьэ, уэшх къегъэщэщэх». Тхьэ елъэIуурэ зыбжанэрэ кърашэкIырти, Хьэнцэгуащэр псым е хым халъафэрт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыхъуэгуащэм (Хыгуащэм) тыхь (къурмэн) хуащIырт. «Хьэнцэгуащэ» псалъэм и лъабжьэр «хьэнцэрэ» «гуащэрэщ» (хьэнцэр яхуапэрти, гуащэкIэ еджэрт – Хьэнцэгуащэ). ХьэнцэкIэ зэджэр кхъуафэжьейр зэрыщIатхъу бэлагъырт. А псалъэр лъабжьэ хуэхъуащ пхъэIэщэ пхъэбгъур зэралъэщI бэлагъым и цIэми – «кхъуэхьэнцэ»: «кхъухь хьэнцэ» – апхуэдэущ а псалъэр къызэрыбгурыIуэнур. Хьэнцэ яхуапэ щыхъуар нэхъ иужькIэщ. Уэшх кърагъэшхын щхьэкIэ, тхьэ щелъэIунум деж, пасэрейхэм яхуапэрэ кърашэкIыу щытар цIыхубз щIалэщ (нысащIэщ) – абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. Тхьэ елъэIуурэ зыбжанэрэ кърашэкIа нэужь, нысащIэр псыхэлъафэ ящIырт – псым (е хым) и тхьэм тыхь хуащIырт. «Тхьэм и нысэ гуащэ» – арат зэреджэр уэшх кърагъэшхын щхьэкIэ кърашэкI нысащIэм (гуащэм).
Сабийхэр зэрыджэгу хьэпшып цIыкIум – гуащэм – кIахэ адыгэхэр ноби зэреджэр «нысэтхьэпэщ» – абы къыщызэтенащ «тхьэ нысэ гуащэм» къыщежьа «нысэ» псалъэр, ар щыхьэт тохъуэ «хьэнцэгуащэ» псалъэр «тхьэ нысэ гуащэм» къызэрыщежьам.
* * *
Дыгулыбгъуей дэс Къардэнхэ напэIэлъэщI гуэр зэрахьэ. НапэIэлъэщIыр Сосрыкъуэ къыщIэнауэ жаIэ. Зэреджэри Сосрыкъуэ и напэIэлъэщIщ. ЗэрыжаIэмкIэ, Сосрыкъуэ и уIэгъэр абыкIэ ипхауэ щытащ и куэр жаншэрхъым щыпихам щыгъуэ. Сосрыкъуэ и напэIэлъэщIыр зи унэ илъыр лъэпкъым я нэхъыжьырщ, лъэпкъым я нэхъыжьым фIэкIа абы нэгъуэщI еIусэркъым, къэзыщти щыIэкъым, пхъуантэм дэлъу зэрахьэ. Сосрыкъуэ и цIэ ираIуэмэ, ар зэхэзыхар, щысмэ, мэтэдж, апхуэдизкIэ ягъэлъапIэри. Уэгъу щыхъум деж Сосрыкъуэ и напэIэлъэщIыр пхъуантэм къыдахмэ, уэшх къошх – ар куэдрэ ягъэунэхуащ.

Мыри жаIэ: Къэсейхьэблэ и гупэкIэ Бахъсэн псыхъуэ щIытI ущрохьэлIэ. Ар щатIар зыми ищIэжыркъым, ящIэр абы Сосрыкъуэ и къантешэ гъуэгукIэ зэреджэрщ: къантешэ щыхуащIам щыгъуэ, Сосрыкъуэ шууэ блэкIащ абыкIэ, щыблэкIым щIыр джатэкIэ дитхъуащ.
* * *
Кавказ лъэпкъ зыбжанэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ тхьэхэм бгым ираIулIа цIыхум и хъыбархэр. Апхуэдэ хъыбархэр хэтщ адыгэ IуэрыIуатэми. Абыхэм ящыщ зыщ Хьэмрий и хъыбарыр. Тхьэхэм я ней зыщыхуахэм – бгым ираIулIахэм – ящыщщ Нэсрэн ЖьакIи. Пасэрей хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ, Нэсрэн ЖьакIэ тхьэм и нэлат къыщIытехуар мафIэр къихьыжыну Iуащхьэмахуэ дэкIын мурад зэрищIарщ: Iуащхьэмахуэ тхьэхэм я тIысыпIэщ (пасэрей алыджхэм я Олимп хуэдэу), абы дэкIын мурад щищIакIэ, Нэсрэн ЖьакIэ тхьэм пэувауэ аращ. Хьэмрий и хъыбарым наIуэу къыхощ тхьэм и нэлат зытехуэр мафIэхьыр зэрыарар. Пасэрей алыдж IуэрыIуатэм щыцIэрыIуэщ ПрометейкIэ зэджэ мафIэхьыр – ари тхьэхэм бгым ираIулIащ мафIэ къазэрыфIидыгъуам щхьэкIэ. Пасэрей алыдж IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Прометей тхьэхэм зраIулIар... Кавказ къуршхэрщ. Ар тегъэщIапIэ ящIри, щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ пасэрей алыдж IуэрыIуатэм щыцIэрыIуэ мафIэхь щэджащэм, Прометей, и хъыбархэр пасэрей кавказ лъэпкъхэм я деж къыщежьауэ.
Мыпхуэдэ хъыбари жаIэ адыгэхэм: Тхьэм пэувам и цIэр ТIэлалщ. Щыпэувым, тхьэр къыхуэгубжьащ ТIэлал: иIэтри бгыщхьэм ириIулIащ. Бгыщхьэм еIулIауэ ихьынущ и гъащIэр. Дунейр щыкъутэжыну махуэм ТIэлал Iэхъулъэхъур зэпиудынурэ бгыщхьэм къехыжынущ. ТIэлал къежьэжын и пэ гъаблэ хъунущ. ЦIыхур егъэзыгъэ хъуауэ къахыхьэнурэ къажриIэнущ: «Гъусэ къысхуэхъунур къысхурехъу». ИтIанэ жьапщэ хъунущ, хыр къиунурэ щIылъэм псыдзэ къыщIэуэнущ. ЩIылъэм зыри къытенэнукъым: псыдзэм трилъэсыкIынущ. ТIэлал гъусэ хуэхъур къелынущ, бгыщхьэм иришэнурэ...
* * *
Инжыдж бжьэпэ (Шэрджэсым), Хьэбэз къуажэм пэмыжыжьэу, пасэрей чэщанэжь тетщ. Iэдииху и чэщанэкIэ йоджэ абы. Чэщанэм апхуэдэцIэ теIукIынкIэ щIэхъуар мыпхуэдэу къаIуатэ.
... Нарт хахуэ гуэр щыIащ. Нартыр зекIуэ кIуэрейт, шыбз гуартэ къихуурэ къигъэзэжырт. Жэщу къигъэзэжамэ, чэщанэм щIэс и щхьэгъусэм, Iэдииху, и Iэблэр щхьэгъубжэм къыдишиикIырти, псы уэрым зэпрыдза чэтэн лъэмыжыр къигъэнэхурт, нартым шыбз гуартэр псым зэприхурти, чэщанэм дыхьэжырт: «Шыбз гуартэ къэсхуащ», - жиIэрти. И лIыр зэрызыщытхъужыр игу техуакъым Iэдииху. «Си Iэблэр щхьэгъубжэм ныдэзмышиикIмэ, псым укъызэпрыкIыжыфынукъым», - ехъурджэуащ Iэдииху и щхьэгъусэм. Ар нартым идакъым: зекIуэ кIуэри шыбз гуартэ кърихужьащ, шыбз гуартэр лъэмыжым къытрихуащ, арщхьэкIэ мазэхэ жэщти, шыбз гуартэри езыри лъэмыжым елъэри псым хэкIуэдащ – и лIым хузэгуэпати, Iэдииху и Iэблэр щхьэгъубжэм къыдишиикIакъым. Iэдииху и лIым и хьэдэр Инжыдж псыкIэ къыщигъуэтыжри щIилъхьэжащ. Ар зыщIэлъ Iуащхьэм Iуащхьэ къуагуэкIэ йоджэ ноби...
Апхуэдэ хъыбар иIэщ Iэдииху и чэщанэм. Нарт хъыбар теIукIами, Iэдииху и чэщанэкIэ зэджэм и тхыдэр нэгъуэщIщ, и ныбжьри жыжьэ нэсыркъым. Инжыдж бжьэпэ тет чэщанэр щащIауэ къалъытэр 1760 гъэхэрщ, езыгъэщIар ХьэтIохъущыкъуэ Темрыкъуэщ - Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзына ХьэтIохъущыкъуэ Исмел (Исмел ПсыгъуэкIэ зэджэм) и адэрщ.
Къартул Хьисэ.
