21 октября, 2025 - 09:00

ТхакIуэ, усакIуэ, драматург, публицист, щIэныгъэлI цIэрыIуэ IутIыж Борис 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Шэрэдж куейм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. А жылэм дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, дзэм илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ. 1963-1968 гъэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэ-урыс къудамэм. ЕхъулIэныгъэ иIэу КъБКъУ-р къэзыуха щIалэр ирагъэблэгъэащ Налшык дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. ПщIэ зыхуащI IэщIагъэлIу IутIыж Борис абы илъэс 22-кIэ щылэжьащ. А зэманым къриубыдэуи къиухащ БзэщIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт институтым и аспирантурэр. А институт дыдэм абы утыку къыщрихьащ адыгэбзэм и Iыхьэ нэхъ гугъухэм ящыщ зым теухуа диссертацэр икIи «филологие щIэныгъэхэм я кандидат» цIэр къыфIащащ.
Къыхиха бзэщIэныгъэм ехьэлIауэ Борис къыдигъэкIащ монографие, сборник щхьэхуэхэр, журналхэм статья куэд къытригъэдзащ, адыгэбзэм и псалъалъэхэр зэхэлъхьэным, къыдэгъэкIыным и гуащIи и щIэныгъи ирихьэлIащ. Борис яхэтащ 1999 гъэм Москва къыщыдэкIа «Адыгэбзэ псалъалъэ» («Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ») тхылъышхуэр зэхэзылъхьахэм. 2001 гъэм дунейм къытехьащ еджакIуэхэм папщIэ зэхагъэува «Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэр». А тхылъ щхьэпэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэлIищым язщ IутIыж Борис.
ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэу Налшык дэт институтым 1990 гъэм ирагъэблагъэри, лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ абы къыщызэIуаха кафедрэм и унафэщIу IутIыжыр илъэскIэ щылэжьащ. 1991 гъэм адыгэ тхакIуэхэм я зэхуэсым ар зэдэарэзыуэ щыхахат «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу. 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м нэсыху (дунейм ехыжыху) Борис а IэнатIэ мытыншым пэрытащ.
Литературэм ехьэлIауэ жыпIэмэ, IутIыж Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ купщIафIэхэр, новеллэ гьэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр. ЖыпIэнурамэ, тхакIуэ щэджащэм и IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъ литературэм и курыхщ.
Псом хуэмыдэу къыпхуэмылъытэнщ IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэр – сценарийхэм нэмыщI, едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, усэбзэкIэ тха «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип», «Мазагъуэ», «Лъыгъажэ жэщ», «Гъуэбжэгъуэщ» трагедиехэр; «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ», «ГукъэкIыжхэм я гъатхэ» драмэхэр; «Шамхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэцацэ дахэ», «Хьэпэщыпхэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «Дунейр театрщ», «Зиусхьэн Хьэжыбац!» комедиехэр, нэгъуэщIхэри. IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэмрэ ирита зыужьыныгъэмрэ я щапхъэ наIуэщ илъэс 40-м щIигъуауэ абы и пьесэхэм ди лъэпкъ театрым и репертуарыр зэрагъэбжьыфIэр. Борис и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэр щагъэлъэгъуащ Адыгейми, Шэрджэсми, Абхъазми, Дагъыстэнми, Осетиеми, Къалмыкъми, Москваи. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми пщIэ щагъуэтащ абы и пьесэхэм. Псалъэм папщIэ, «Тыргъэтауэ» пьесэр хьэрыпыбзэкIэ зэрадзэкIри, 1990 гъэм тхылъ щхьэхуэу Щам (Дамаск) къыщыдагъэкIащ. 1996 гъэм «Дамэлей» пьесэм къытращIыкIа спектакль хьэлэмэтыр ехъулIэныгъэ иIэу щагъэлъэгъуащ Тырку къэралыгъуэм щыщу Истамбыл, Къайсэр, Османие, Мерсин, Гёксун къалэхэм. Борис и «Тыргъэтауэр» франджыбзэкIэ зэрадзэкIащ, Париж къыщыдэкIа «Кавказым ис лъэпкъхэм я театральнэ критикэмрэ драматургиемрэ я антологием» хагъэхьащ. Апхуэдэуи зэрадзэкIащ иджырей ди гъащIэм теухуауэ Борис иужьрейуэ итха «Олигарх гуащэ» пьесэ хьэлэмэтри. Езым итхахэм нэмыщIкIэ, пьесэ зыбгъупщI ди лъэпкъ театрхэм яхузэридзэкIауэ щытащ абы.
IутIыж Борис «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Ар хэтащ Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм.
IУТIЫЖ Борис
* * *
Сэри сощIэ: ди щIыр мэкIэрахъуэ.
СощIэ: мазэ нурыр мывэ къуршщ.
Ныбжь къудейщ а мазэм тет мэлыхъуэр.
Нобэ, дауи, ар хэт дежкIи IупщIщ.
СощIэ. Ауэ сэ си дежкIэ мазэр
ФIыуэ слъагъум и нэкIу хужь хъурейщ.
ЩIылъэ щхъуантIэр екIуу а си щIасэм
И пкъыр зыгъэдахэу щыгъ бостейщ.
Гъатхэ жэщыр тхьэIухуд дахащэм
И гупсысэ къабзэщ. Губгъуэ жейр
Пшыналъэ мыIупщIхэр щызэпащIэу
ДжэгуакIуэ мыцIыхухэм я дунейщ...
ЩIэныгъэлIу зи акъылыр лъащэ!
СощIэ, содэ, – жыпIэ псори пэжщ.
Ауэ сынолъэIур: си пцIы мащIэр
Зэрыщыту сэ къысхуэгъэнэж.
* * *
Зэшыгъуэщ бжьыхьэ пшагъуэм къыхэщ
махуэр.
Топлъызэ нэр стIолыщхьэм телъ письмом...
Уи тхыгъэм къеджэм къыфIэщIынщ
узахуэ, –
Щыгъуазэр хэт дэ дякум дэлъа псом.
ЩIалагъэр щыIа псомкIи бгъэкъуэншауэ,
Езэша уи гур си гум къыхуоший.
Си гуапэу къыпIысхынт а тыгъэр... ауэ
Згъуэтыжкъым сэ абы щIэбэг «сабийр»...
Зэшыгъуэщ бжьыхьэ пшагъуэм къыхэщ
махуэр.
Зэшыгъуэщ гукъэкIыж уэ птеухуар.
Зэшыгъуэщ ди щIалэгъуэм и бзыхьэхуэ
Щыбдэжу лъагъуныгъэ къебгъэхьар.
* * *
Дэ тIум ди гъуэгухэр зэтехьами,
Хэдгъэзыхь дигугъэр тезэгъакъым.
КъыдэхъулIэну ди гугъами,
Зы чысэм пситIыр тхуигъэхуакъым...
ИтIани, сфIэфIкъым узбгынэну,
БлэкIам ди псори къыхэзнэну.
Къыхэзнэпэну щытми, – дауэ?!
Акъылым ар къитIэскъым...
Ауэ цIыхуитIым ягу зэхуэмыкIуамэ,
Дуней акъылыр зэхэплъхьами,
Абыхэм яку дэпщэну щагъэу
Къыпхуэгъуэтынур фэрыщIагъырщ...
Дыхуейкъым дэ апхуэдэ тыгъэ.
Дяку дэмылъами лъагъуныгъэ,
Дэ ди блэкIам хэлъащ къабзагъэ...
Аращи, фIыкIэ, си щыуагъэ.
* * *
НапIэзыпIэурэ зэхэлъщ насыпыр,
Дэ депщIыхьми насып мыухыж.
КъылъоIэсри ди нэкIум и Iупэр,
Гъуэбжэгъуэщу ар мэкIуэдыж.
НапIэзыпIэ!.. Мис ар, къокIуатэ, –
Псори мэхъу зэуэ дахэ, IэфI!
Жэнэт бзууэ ди гур золъатэ,
КъытфIощI гуакIуэу дунейри чэф.
Мэлыд уафэр налкъутналмэсу,
ЩIылъэр мэхъу алэрыбгъу дахэкIей.
Псысэ пшэхум цIыху псори хэсу,
Къафыхь дыгъэр: «Ей-ей-й-й-й...». Мис абдей…
А псор шейтIан джэгуу къыщIокIыжыр,
Дунейр зэрыщытуи къыщIедзыжыр.

