26 октября, 2025 - 09:14

Къэбэрдей-Балъкъэрым и дохутыр цIыхубзхэми Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хахуэу я къалэныр ягъэзэщIащ. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и кафедрэм и профессор Апажэ Еленэ и зы лэжьыгъэр триухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубзхэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам, медицинэ лэжьакIуэхэм я хъыбархэм. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу фхуэтщIынущ.
Тэрч районым щыщ адыгэ хъыджэбз цIыкIу КIуэкIуэжь ФатIимэ илъэс 16 ныбжьым иту дохутыр хъэлатыр щитIэгъат. Бийм и топышэр ящхьэщылъэтыкIыу, Сталинград зауэм и закъуэ абы Дзэ Плъыжьым хэта ди щIалэ 27-рэ (я Iэщэхэр я гъусэжу) губгъуэм кърихыфащ. Апхуэдэуи уIэгъэ хъуа зауэлI щэ бжыгъэм хъыджэбзыр еIэзащ. Куэд абы зэпришащ Индыл и сэмэгурабгъу Iуфэм. ЛIыгъэ зыхэлъ бзылъхугъэ цIыкIум дзэ унафэщIхэми гу къылъатат, и ныбжьми емылъытауэ, Дзэ Плъыжьым хагъэхьат. ФатIимэ Вагъуэ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщащ.
Щомахуэ Марие зауэм и япэ махуэм щегъэжьауэ ар иухыху, ещанэ Украин зэуапIэм ягъэIэпхъуэ и сымаджэщ №675-м щылэжьащ. Абы къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэ орденхэр, «Москва зэрихъумам папщIэ» медалыр.
Медицинэ IэнатIэм и капитан Дзыгъур Жанзилэт къулыкъу зэрищIа и тхылъым итщ Дзэ Плъыжьым 1942 гъэм и мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ уIэгъэшхуэ зытемылъхэм я сымаджэщ №2098-м хирургиемкIэ и къудамэм и ординатору зэрыщытар. Жанзилэт зауэм кIуа япэ адыгэ дохутырщ. И лIыхъужьыгъэм папщIэ, апхуэдэуи фэбжь зыгъуэтахэр нэхъ псынщIэу къызэфIэгъэувэжыным зэрыхэлIыфIыхьам къыпэкIуэу, Вагъуэ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
Мэшэжь Баблинэ зэуапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэIэпхъуэ я сымаджэщхэм щылэжьащ. 1943 гъэм и бжьыхьэм медицинэ IэнатIэм и лейтенантыр ЕтIуанэ украин фронтым ягъэIэпхъуэ и сымаджэщ №5500-м операцэ зыщI и медсестра нэхъыжь ящIащ. Сымаджэщым и унафэщI майор Берман З. И. цIыхубзым и тхылъым иритхат илъэситIым и кIуэцIкIэ Баблинэ IэщIагъэлI Iэзэу, гу хьэлэл зиIэ лэжьакIуэу, и Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу зыкъызэригъэлъэгъуар.
Мэкъуауэ Маринэ зауэм ипэм еджэныгъэ кIэщIхэм кIуэцIрыкIри, фокIадэ мазэм щыхьэрым пэгъунэгъуу екIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтыну хунэсат. Сэлэт фащэр щыгъыу, зэуапIэм тхьэмахуэ зэкIэлъыпыткIэ ит хъыджэбзым IэкIэ кърашэкI гу цIыкIукIэ губгъуэм къришыжырт фэбжь зытехуа зауэлIхэр. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэм Малоярославск лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIа зэхэуэхэм уIэгъэ хьэлъэ куэд щыхъуат. Маринэ ахэр топышэм къриуда кумбхэм иригъэджэразэрт, зыгуэрхэр ятрипхъуэрти, уэс ятритхъуэжырт щIыIэм имысын хуэдэу. Абдеж ар езыри уIэгъэ щыхъуащ. Абы и лIыгъэм теухуа тхыгъэ «Комсомольская правда» газетым къытрадзат. Тхыгъэм къыхэщырт зауэм зэрыщIидзэрэ хъыджэбзым зауэ губгъуэм уIэгъэ 49-рэ къызэрырихар, икIи шэр щхьэщылъэтыкIыу зауэлI 62-м я уIэгъэхэр зэрипхар. Абы къыхуагъэфэщащ «И хахуагъэм папщIэ», Дзэ щIыхьым папщIэ» медалхэр.
Базоевэ Саният Медицинэ техникумым и ещанэ курсым щIэкIри, зауэм дэкIат. Санинструктору ар ягъэкIуащ топгъауэ полкым. Абы къыхуихуащ яукIа зауэлIым и пIэ иувэу топгъауэм бгъэдэувэрэ зэрыпхъуакIуэхэм шэр щатригъэлъэлъа. Зыгуэр и куэщIым илIыкIамэ, илъэс 19 фIэкIа мыхъу хъыджэбзым ар и гум хыхьэрт, куэдрэ зыкъыхуэщIэжыртэкъым. Сталинград зэхэуэхэм Саният и Iэм шэ къыщытехуащ. Бухарест деж ещанэу уIэгъэ хъуащ: и щхьэм шэ къытехуэри, контузие игъуэтат. Я гугъакъым абы ар къелыну. Мазибгъу енкIэ Москва пэгъунэгъуу сымаджэщым щIэлъащ, мыпсалъэу, зимыгъэхъейуэ, бжэмышхкIэ ягъашхэу. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм уIэгъэхэм я зым «Зауэр иухащ!» жиIэу, къыщыхэкIиикIаращ абы и бзэр къыщиутIыпщыжар.
Дзэлыкъуэкъуажэ къыщалъхуа Дурневэ Ольгэ и закъуэщ Дзэлыкъуэ районым и бзылъхугъэхэм ящыщу зауэм дэкIар. Ар яхэтащ Краснодар, Ростов, Симферополь, Севастополь щхьэхуит къэзыщIыжахэм икIи Прагэ нэс нэсащ. Ар 1942 гъэм и мэлыжьыхьым зэуапIэм Iухьащ, 1077-нэ топышэ полкым хэту СталинградкIэ ягъэкIуащ. Зэман нэхъ хьэлъэхэми ар шынагъэ лъэпкъ имыIэу губгъуэ зэуапIэм итт, уIэгъэхэр къигъуэтрэ яхуипхэу, кърихыжу. 1942 гъэм шыщхьэуIум и 23-м цIыхубзым зэуапIэм кърихащ зауэлI 64-рэ. ЛIыхъужьыгъэ зезыхьэ хъыджэбзым илъэс 19 фIэкIа и ныбжьтэкъым. И лIыгъэм къыпэкIуэу, Дурневэм къратащ «И хахуагъэм папщIэ», медалыр, иужькIэ – «Дзэ щIыхьым папщIэ» жыхуиIэр.
Зауэм ипэ махуэ дыдэхэм илъэс 17 фIэкIа мыхъуа Гончаровэ Прасковье медсестра курсхэр къиуха къудейуэ Кировоград щIыналъэм и Алексадровскэ военкоматым кIуат, зэуапIэм ягъэкIуэну елъэIуу. АрщхьэкIэ балигъ ныбжьым зэрынэмысам къыхэкIыу, къыхуадакъым. ИужькIэ Прасковье зыхуигъэзащ комсомолым и район комитетым икIи 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м хуит ящIащ эвакогоспиталь №3240-м медсестрауэ кIуэну. Зэхэуэхэм ар япэу щрихьэлIащ Воронеж деж (1942 гъэм), уIэгъэ хъуахэр машинэм кърахыурэ сымаджэщым щыщIахьэм. Абдеж хъыджэбзым контузие игъуэтащ, сыхьэт зыбжанэкIэ къэмэхауэ щылъащ. Гончаровэм иужькIэ жиIэжу зэрыщытамкIэ, а махуэ хьэлъэхэм хъыджэбз IэмащIэлъэмащIэ цIыкIухэм сымаджэщым цIыхуи 150-м нэс къагъэсырт. Медицинэ IэнатIэм и отличникхэм, сымаджэ хьэлъэхэм папщIэ дэтхэнэми къылъысу лъыуэ литр 12 зытахэм яхэту, Прасковье 1945 гъэм и мазаем маршал Жуков Г. К. и деж щыIащ. Абы щыгъуэм хъыджэбзхэм сыхьэт лъапIэхэмрэ Правительствэ дамыгъэхэмрэ къыхуагъэфэщат. Зауэм и илъэсхэм Прасковье лъыуэ литр 14,5-рэ итащ. Зымахуэ гуэрым зэуэ лъы грамм 800 итат уIэгъэ хьэлъэ хъуа кхъухьлъатэзехуэ Савченкэ И. К папщIэ. Зауэм и кIэм цIыхубзым къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденрэ медалийрэ, къыфIащащ «Санитар IэнатIэм и отличник», «ЩIыхь зиIэ донор» цIэ лъапIэхэр. ТекIуэныгъэр абы къыщригъэхьащ Германием.
Ораковэ Фаризэт зауэм дэкIащ 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм. Москва зыхъумахэм яхэтащ. Ебланэ гвардие кавказ корпусым и санитар взводым хэту, Сталинград щегъэжьауэ Варшавэрэ Кёнигсбергрэ нэс цIыхубзыр кIуащ. Абы игу къигъэкIыжырт: «Ди дзэр бийр здэщыIэ щIыпIэм щебгъэрыкIуэм, дыдейхэм дапэIэщIэ хъуа нэужь, медицинэ хьэпшыпхэр къыдэмэщIэкI хъурт, фэбжь зыгъуэтахэм я уIэгъэр лъэпэдкIэ, лъакъуэешэкIкIэ, хъыданкIэ дыпхэн хуейуэ къытхудэхуэу. УIэгъэр е емыкIуэн щхьэкIэ, дыщысхьыпэу зетхьэ бинт кIапэр япэщIыкIэ къетшэкIырт. Зэхэуэхэр щекIуэкIкIэ, цIыхубзхэри япэ итхэм дащыщт, куэдыр езыр уIэгъэ хъурт, ауэ дахухэгъэщIакъым». И лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ къыпэкIуэу, Фаризэт къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр, медаль зыбжанэ.
Багъэтыр Бэллэ.

