25 ноября, 2025 - 09:15
БЖЬЫХЬЭ НЭЩХЪЕЙ…
Новеллэ
И гъэтIылъыгъэ бейхэр зэрылъ матэр иIыгъыу, хуэмурэ бжьыхьэр къалэм къыдохьэ. Ар щтэIэщтаблэщ, щымщ, зыми зыкъримыгъэлъагъун папщIэ къызэрыкIуэри жэщущ.
Хьэуэ, ар езыр нэщхъыфIэщ, гъэщIэгъуэнщ, бейщ, ауэ мы щIыпIэм дежкъым… Мы къалэм ар щохъу щэху. Бжьыхьэр мэукIытэ, мэгузавэ, къызыхуэкIуэ цIыхухэм я пащхьэ зэрихьэнум йогупсыс. Ахэр мы къалэм дэубыда зэрыхъуар езым и къуаншагъэу къелъытэж.
Гъуэгу теувэжыну зызыгъэхьэзыра гъэмахуэр абы гуапэу къыпожьэ:
- Уа, Бжьыхьэ бей, укъэса?! – къыщогуфIыкI ар.
- Хъунщ, хъунщ, кхъыIэ, хуэму, - зиплъыхьурэ жэуап етыж бжьыхьэм.
Ар дыгъум ещхьщ, къаубыдынкIэ шынэ хуэдэщ, щIэукIытэн къуаншагъэ бгъэдэмылъми, и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыж.
- Мыпхуэдизу умынэщхъей, - йохъурджауэ абы гъэмахуэр. – Апхуэдэу къэхъун хуейуэ иухати, къэхъуащ. Уэ сыт уи лажьэ?! Илъэс тIощIым щIигъуащи, умыгъыу зэ укъэкIуакъым!
- Аращ, ауэ… – и псалъэхэр IэщIоху бжьыхьэм.
Ар гупсэхуу йоплъэ къалэдэсхэм я нэкIухэм. Мес Сашэ, Оля, Витя, Катя, Беслъэн, Къаплъэн, иджыри сабий Iэджэ, Iэджэ. Ахэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзырщ, тхылъылъэ щIэрыпсхэр яIыгъыу школым къэкIуащ. Мы дунейм сыт къэхъункIэри хъунур?!
Ауэ бжьыхьэм фIы дыдэу ещIэ, бзаджагъэ зигу изылъхьа цIыхум и зэранкIэ дунейм гуауэшхуэр щыубгъуа зэрыхъуфынур. Абы щыгъупщакъым сабий нэпсым и гуащIагъри, анэ насыпыншэм и гузэвэгъуэм и пщтырагъри.
Мы къалэдэсхэр иджыпсту щэхущ, ауэ дэтхэнэ зыми и макъыр бжьыхьэм и тхьэкIумэм иуакъым. Псалъэмакъ гуауэ щыIахэм я щыхьэтщ ар.
- Мамэ, дапщэщ дерсхэм щыщIадзэнур?!
- Куэд мыщIэу, си щIалэ цIыкIу…
- Мамэ, хэт сымэ мы цIыхухэр?! Зыхуейри сыт?
- Мыр псори джэгукIэ хьэлэмэту аращ, умыгузавэ, куэд мыщIэу унэм дыкIуэжынущ…
- Мамэ, псы схуолIэ…
- ТIэкIу зыхуэгъэшэч, тIасэ…
- Мамэ, унэм сыкIуэжыну сыхуейщ…
- Куэд мыщIэу дыкIуэжынущ…
- МахуитI хъуауэ къызжыбоIэ ар, ауэ дыкIуэжыркъым…
- Мамэ, умыгъ, афIэкIа сыноупщIынкъым, щэхуу сыщысынщ…
- Мамэ, Iеищэу псы схуолIэ…
- ТIэкIу иджыри зыхуэгъэшэч…
- Схуэшэчыжыркъым, мамэ…
- Иджыри тIэкIу, сынолъэIу…
- Хъунщ, мамэ…
- Си щIалэ, зыри жыпIэжыркъыми?! Умыгузавэ, куэд мыщIэу унэм дыкIуэжынущ…
- Сыгузавэркъым, мамэ…
Бжьыхьэм ещIэ фIы дыдэу, зэанэзэкъуэм я унэм зэрамыгъэзэжар. Ар сытым хуэдэу яхуэгузавэрэт абыхэм?! И нэпсхэр кърикIыхырт, нэгъуэщI мыхъуми, псы Iубыгъуэ яхуэхъунщ, жиIэу. Ауэ, зыри сэбэп хъуртэкъым. Бжьыхьэр увыIэгъуэ имыIэу гъырт, нэщхъейт, цIыхухэри псы хуэлIэрт.
МахуищкIэ зэхуэщIауэ щыта школым и бжэхэр щызэIуахари ещIэж абы! Ар ежьэрт гуфIэжу къыщIэжыну сабийхэм. Ауэ, гуауэм и уэзджынэр школым къыщеуэри, цIыхухэм я гур мафIэм хуэдэу илыпщIащ. Бжьыхьэм къижыхьырт гужьеяуэ! ДэнэкIи нэсыну хэтт! Ауэ сыт и Iэмалт?! Ажалыр и дауэгъути, пэлъэщакъым…
Псэ къабзэхэр мелыIычу зэрылъэтэжам и щыхьэт хъуа бжьыхьэм и щхьэр занщIэу тхъуащ, нэхъ гу махи хъуащ. Япэм гуфIэгъуэрэ сабий макъкIэ къыпежьэу щыта къалэм иджы ар къызэрыригъэблагъэр щэхуущ. Аращи, «Зыщыгъэгъупщэ» жевмыIэ абы. Ар къэкIуэн хуейщи, къокIуэ, къэкIуэхукIи – магъ…
УНЭХЭР
Новеллэ
Къуажэ уэрам кIыхьым унэу тетыр пхуэбжынкъым… Бысымхэм хуэдэуи, езыхэри зэщхькъым. Языныкъуэхэр лъагэщ, адрейхэр лъахъшэщ, зым щхьэгъубжэ Iэджэ хэлъщ, адрейр щIыунэм ещхьщ. Унэ зыбжанэм я бжэхэр сыт щыгъуи хьэщIэхэм яхузэIухащ, мыдрейхэр цIыху кIуапIэу щыткъым.
ИтIанэми, а псом къахощхьэхукI къуажэкIэ дыдэм щыт унитIыр. Зыр щIалэгъуэм, гуфIэгъуэм я щапхъэщ, щIэращIэщ, ихъуреягъкIэ уэздыгъэ цIыкIухэм къагъэнэху. Абы и пщIантIэм щIэх-щIэхыурэ дыхьэшх макъ, макъамэ дахэхэр къыдоIукI. Ар унэщIэщ, и къару илъыгъуэщ икIи сыт хуэдизрэ емыгупсысами, къыгурыIуэркъым и гъунэгъур апхуэдэу щIэнэщхъейр.
- Мы дунейм и дахагъым еплъыт! Дыгъэ къопс, бзу цIыкIухэм уэрэд жаIэ, хьэуа къабзэм къаруущIэ къыпхелъхьэж! Апхуэдизу щхьэ унэщхъей?! – йохъурджауэ ар и гъунэгъум.
Жьы дыдэ хъуа унэм и напIэ-щхьэгъубжэхэр хьэлъэу къеIэтри, хощэтыкI:
- Уэху… Сыт мыгъуэр къыбгурыIуэрэ уэ?! Мыпхуэдэу сыт щыгъуи сыщыта уи гугъэ?!
Унэжьым и нэгу щIокIыж зэгуэр япэу и бжэр къыщызэIуахар. ГъащIэщIэм хыхьэ зэщхьэгъуситIым я гуфIэгъуэмкIэ дуней псом дэгуашэ хуэдэт. Зэраухуэрэ илъэс фIэкIа мыхъуа унэр абыхэм я насыпым и щыхьэтт. Ар сытым хуэдэу гуфIэрэт! Зы пщэдджыжь къэмынэу и щхьэгъубжэхэр дыгъэм хузэIуихырт.
Унэгуащэм хуэсакъыу ихъумэрт и унэр, гу къабзэкIэ псыхьа цIыхухэр щIэх-щIэхыурэ къеблагъэрт. Куэд мыщIэу пщIантIэм къыдэIукI хъуащ сабий макъхэри. Адэм и къуэхэр хуигъасэрт пэжыгъэм, лIыгъэм, анэм ипхъухэр – нэмысым. НасыпыфIэт ахэр!
Унэм фIы дыдэу ещIэж тхьэрыкъуэ пщэхуу пщащэ дахащэхэр мы пщIантIэм зэрыдэлъэтари, адэ-анэм я гъусэу гуфIэгъуэ нэпс щIигъэкIари. Щыгъупщэркъым абы, къуршыбгъэ уардэу, щIалэхэри абгъуэм зэрилъэтар. Зэгуэр гуфIэгъуэ макъхэр къызыдэIукIыу щыта пщIантIэр иджы щэху хъуат. Адэ-анэм я гъусэу хуэмурэ унэри жьы хъурт. Я бынхэр куэдрэ къыщымыкIуэжым деж ар ядэнэщхъейрт, къеблэгъэжамэ – ядэгуфIэрт.
ЕщIэж абы адэр сымаджэ хьэлъэ зэрыхъуари, иужькIэ абы и гъуэлъыпIэ нэщIым гъыуэ бгъэдэса и бынхэри. Нэщхъейуэ унэр кIэлъыплъырт, зэдэлъхузэшыпхъухэм анэр къалэм яшэжыну иужь зэритми. «Сыпсэуху сыдэкIынукъым фи адэр зыдэса пщIантIэм», - жызыIэ унэгуащэм и телъхьэт ар. Абы и гущIэм иджыри гугъэр щыужьыхыжатэкъым! И теплъэкIэ жьы хъуами, гукIэ щ1алэт. Абы и фIэщ хъурт зэгуэр пщIантIэм дэта гуфIэ, дыхьэшх макъым, насыпым къагъэзэжыну.
Ауэ, зэманыр кIуэху, унэгуащэм и узыншагъэм хуэдэу, унэм и гугъэри нэхъ махэ хъурт. ИкIэм-икIэжым къэсащ ар ажалым хуэдэу зыщышына махуэр: адэ-анэр зыщIэмысыж унэ нэщIым IункIыбзэ иратыжри, зэдэлъхузэшыпхъухэр ежьэжащ. Абдежым щиухащ а унагъуэм и тхыдэр.
Ящыгъупщэжащ унэри! Ар нэщхъейщ, жьыи хъуащ. Япэм хуэдэу щыгуфIыкIыжыркъым гъатхэм, дыгъэм. Абы и пщIантIэр нэщIщ, псалъэмакъыншэщ…
Аращ а унитIыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр! Зым и гугъэщ гъащIэр зэи имыгъущIыкIын псыежэхыу, адрейм ещIэ ар напIэдэхьеигъуэу зэрыщытыр! Зым псэун щIидзэ къудейщ, адрейм – гъащIэ псо къигъэщIащ!


