2 декабря, 2025 - 09:11
Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я тхыдэр лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ. Нарт эпосыр кавказ лъэпкъ зыбжанэм зэдайщ, дэтхэнэ лъэпкъым дежи теплъэ щхьэхуэрэ лъабжьэ куурэ щиIэщ. АбыкIэ зэакъылэгъущ нарт эпосыр зыдж щIэныгъэлIхэм я нэхъыбапIэр. Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр художественнэ къаруушхуэкIэ узэдащ. КIуэ пэтми заукъэбзурэ, ахэр къэгъуэгурыкIуащ «дунейр щымыджэмыпцIэ лъандэрэ».

ЩIэныгъэм шэч къытрихьэркъым адыгэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ нарт эпосым и вариант нэхъ ин дыдэхэм зэращыщым. Адыгэхэм я деж къыщызэтенащ нарт эпосым и нэхъ пасэрей дыдэ макъамэхэр; адыгэ вариантым ущрохьэлIэ адрей лъэпкъхэм яфIэкIуэдыжа пшыналъэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм. Абы и закъуэкъым: адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ди деж къэсащ я купщIэм зэрызахъуэжа щIагъуэ щымыIэу, а купщIэр зэрыгъэпса художественнэ Iэмэпсымэхэми ныбжьышхуэ зэраIэр нэрылъагъущ. Ар пхужыIэнукъым нарт эпосым и адрей лъэпкъ вариантхэм щхьэкIэ. Абыхэм яхэтщ таурыхъ, псысэ, шыпсэ жанрым хуэкIуэжа, зи нэщэнэхэр зыфIэкIуэда хъыбархэр, пшыналъэхэр, къызэрыпцIыхужри зы закъуэщ – нартыцIэ зэрызэрахьэрщ.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ нарт эпосыр щызэфIэува лъэхъэнэр белджылы щIыным. ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIэ, ар ди эрэм и пэ къихуэ илъэс миным тохуэ. Эпосым и купщIэр щызэфIэувар, археологиер щыхьэт зэрытехъуэщи, Мейкъуапэ, Колхидэ, Кобан культурэхэр зи IэдакъэщIэкI пасэрей лъэпкъыжьхэм я лъахэрщ, е, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм я щIыналъэрщ. Иужьым абы хуэм-хуэмурэ зиубгъуащ, нэгъуэщI лъэпкъ зыбжанэм ялъ къыщIэлъэдащ.
Дызэрыщыгъуазэщи, дэтхэнэ лъэпкъми езым и гупсысэкIэ иIэжщ, ижь-ижьыж лъандэрэ езым къыдэгъуэгурыкIуэ художественнэ IэмэпсымэхэмкIэ и гурыщIэр еIуатэ. Ар щынэрылъагъущ адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ – сытыбзэкIэ зэбдзэкIми, ахэр зыхэгъуэщэн щыIэкъым, апхуэдизкIэ я щхьэ хущытыжщ, лъэпкъ нэпкъыжьэ ятелъщи. Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, адыгэ нарт эпосым жыжьэ дыдэ къыщежьэу езым и лъэпкъ фащэ бгъэдэлъыжщ, абы ар IупщI дыдэу къахегъэщхьэхукI адрей лъэпкъ вариантхэм. Псалъэм папщIэ, адыгэ нарт эпосым и ухуэкIэр зэи хэгъуэщэнукъым осетинхэм е абхъазхэм я деж щызекIуэ вариантхэм. Ардыдэр хужыпIэ хъунущ ди эпосым и образ системэми. Адыгэ эпосым лъыхъужь нэхъыщхьэу хэтыр Сосрыкъуэщ; абы осетин вариантым къыщылъысыр етIуанэ увыпIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Сэтэней гуащэ и образым нарт эпосым и лъэпкъ вариант зэмылIэужьыгъуэхэм щигъуэт увыпIэм укIэлъыплъыныр. Абхъаз вариантым къызэрыхэщымкIэ, Сэтэней гуащэ нартхэм я анэщ, абы пащI щыIэкъым, уеблэмэ нарт нэхъ лIыхъужь дыдэри абы и псалъэм ебэкъуэфынукъым. Адыгэ эпосым апхуэдэ къару щиIэкъым Сэтэней гуащэ. Пэжщ, ди дежи абы пщIэшхуэ щиIэщ, ауэ, Сосрыкъуэ и жыIауэ, «упщIэж ирахьэлIэкъым», нарт хасэм ираджэркъым, «щхъухьпсыхьзехьакIуэкIэ» йощ.
Сэтэней гуащэ адыгэ эпосми щытепщэу щытагъэнущ, иужьым утыкум икIуэтын хуей хъуами. Аращ Сэтэней ди эпосым цикл щхьэхуэ щIыщимыIэр – абы и хъыбар кIапэлъапэхэр адэ-мыдэкIэ хэпхъащ, нарт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я циклхэм ущрохьэлIэ, ауэ езым «IэнатIэ» щхьэхуэ иIэкъым.
Нарт хъыбар, пшыналъэ къэс, зэрыхабзэщи, сюжет гуэрым тещIыхьащ, дэтхэнэ сюжетми хъыбарым, пшыналъэм кIэрэ пэрэ щиIэщ. Зы лIыхъужьым апхуэдэ хъыбар е пшыналъэ зыбжанэ къыдогъуэгурыкIуэ. Ахэр зыр зым зэрыпыщIэшхуа щыIэкъым, дэтхэнэри щхьэхуэ пэлъытэщ, щазакъуэми хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтыркъым. Апхуэдэ хабзэм и лъэужь къыщызэтенащ нарт эпосым и адрей лъэпкъ вариантхэми, ауэ адыгэ эпосым хуэдэу а хабзэр зыщIыпIи ткIийуэ щызекIуэркъым (псалъэм папщIэ, абхъаз нарт эпосыр нарт шууищэм зэрахьэ лIыгъэм и хъыбарым къотIасэ, ар зы хъыбар хуэдэщ, зы едзыгъуэ пэлъытэщ, сюжет зэтемыхуэ Iэджэу зэхэухуэнами).
Адыгэ эпосым зэрыщыхабзэщи, нартыр дунейм къыщытехьам щыщIэдзауэ ди пащхьэ ит зэпытщ: щыгъуазэ дохъу абы и сабиигъуэм, и япэ лIыгъэм, и кIуэдыжыкIэм. А псор ди нэгу щыщIокI лIыхъужьым къыдэгъуэгурыкIуэ пшыналъэхэм, хъыбархэм. Гу лъытэн хуейщ ахэр вариант Iэджэу зэтепщIыкIауэ ди деж къызэрысам. Дэтхэнэ вариантми мыхьэнэ гуэр зиIэ макъамэ щIэлъщ, а макъамэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэпэплъыта нэужьщ лIыхъужьым и зыужьыкIэм хэлъ хьэлэмэтагъхэр IупщI щыхъунур. Вариантхэр зэбгъапщэурэ укIэлъыплъыфынущ нарт эпосым и купщIэм; лIэщIыгъуэхэм къащхьэдэхыурэ къызэпича гъуэгуанэм эпосым щыфIэкIуэдамрэ къыщеуэлIамрэ бгъэбелджылыфынущ.
Нартыр сыт щыгъуи хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, леймыгъэгъущ, псэемыблэжщ. Арыншамэ, ар цIыхубэм я гущIэм щагъэфIэнтэкъым. «Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу» Бэдынокъуэ нарт хэкум и хъумакIуэщ; «лIы фIыцIэ гъущIынэм» – Сосрыкъуэ нартхэ мафIэ къахуехь; «гуузищэу зэкIуэцIылъ» Батэрэз Гъуд къалэ екъутэ; Ашэмэз щIалэм тIуащIэр зи быдапIэ Лъэбыцэжьей хегъащIэри и адэм илъ ещIэж... Апхуэдэ гуэркIэ мыцIэрыIуэ яхэткъым нартхэм. Лъахэмрэ захуагъэмрэ папщIэ бэнэныгъэм хошасэ нарт лIыхъужьхэр, я нэхъыбэри абы хокIуадэ. Аращ абыхэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбарыр нобэм къыщIэсар, ар къыдэгъуэгурыкIуащ лъахэмрэ захуагъэмрэ папщIэ псэр ятын хуей хъумэ, абы еблэ зи мыхабзэ адыгэхэм.
Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ гъэнщIащ эпосыр зи IэдакъэщIэкI лъэпкъым и тхыдэм и пэжыпIэкIэ. Абы къикIыркъым дэтхэнэ хъыбарми е пшыналъэми тхыдэм къыщыхъуа Iуэху белджылы гуэрым и лъэужь щыхъумауэ. Эпосым и лъабжьэр нэгъуэщIщ – лъэпкъым и гъащIэм, и псэукIэм, и хьэл-щэнхэм, и хабзэхэм, и гупсысэхэм я пэжыпIэрщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, адыгэ нарт эпосым лъабжьэ быдэ иIэщ, ар таурыхъым е уэрэдым хуэдэу зы лъэпкъым къыбгъэдэкIыу нэгъуэщIым хуекIуэкIынукъым, хъыбар, пшыналъэ щхьэхуэхэм я къуэпсхэм заубгъункIэ хъуми.
Нобэрей щIэблэр зэрыгушхуэ хъун художественнэ хъугъуэфIыгъуэ мылъытэ къызэранэкIащ дяпэ итахэм – нарт эпос щэджащэр. Ар зи акъылым къилэжьа лъэпкъхэм я ныбжьыр къыдобжэ дунейпсо цивилизацэм и япэ лъэбакъуэхэм. Илъэс мин зыбжанэм къыщхьэдэха нарт эпосыр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъхэм культурэ лъагэ дыдэ зэрабгъэдэлъам, абыхэм зи ублапIэм унэмыплъыс тхыдэ гъуэгуанэ къызэрызэпачам.
Къартул Хьисэ.


