30 декабря, 2025 - 09:10
Фи ерыскъыр убагъуэ
Къалэм дыщеджэм общежитием дыщIэст. Пщыхьэщхьэм гъуэрыгъуэурэ хъыджэбзхэр дыпщафIэрт.
Си чэзур къыщысым, лы тебэшхуэ тезгъэуващн. Къурмэну ирихьэлIэри, унэм куэду лы къитхауэ диIэт. СыщIыхьэ-сыщIэкIыурэ сыпщэфIащ. Иджы хьэзыр хъуауэ къыщIэкIынщ, къэсхьыжынщ жысIэу сыщыкIуэм, тебэр тетыжтэкъым. СыщIэупщIащ ипщэкIи ищхъэрэкIи, згъуэтыжакъым.
СыкъыщIэмыкIыу, щIэрыщIэу, шхын аргуэру згъэхьэзырын хуей хъуащ.
Нэху дыкъекIри, дыкъыщIэкI пэтрэ, ди бжэм деж ди тебэр щытт, тхылъымпIэ кIапэ илъу. «Фи ерыскъыр убагъуэ», - жиIэу тетхат. Хэт ишхами къэтщIакъым, ауэ хьэлэл хуэтщIат. Сыту жыпIэмэ, щIалэгъуэр езыр IэфIтэкъэ, сыт ищIысми дригуфIэрти, дытхъэрт, ди къэкIуэнур дыщэ зэрылэу щытлъытэ ныбжьти, дыдыхьэшхри дежьэжат…
ФIы щIэи, псым хэдзэ
Зауэ нэужь лъэхъэнэт. ЦIыхухэри псэущхьэхэри шхынкIэ гугъу ехьырт. Гъаблэти, IэмыщIэ изыр унагъуэм зэрагъэзахуэрт. ЩIымахуэри етарэ, жьычу щIыIэт. Хьуд Iуэм итт. Къыхуэнэжа мэкъу тIэкIур гуахъуэкIэ зэхуихьэсыжри, жэмыжь закъуэ иIэм иритат. МахуитI хъуауэ и гъунэгъум и жэмыжьыр мыувыIэу буурт. Ари тхьэмыщкIафэ дыдэу, и макъри къимыкIыжу, уи гур игъэузу. Унэм щIэмыхьэжу Хьуд Лу деж екIуэкIащ.
- Уэлэхьэ, Хьуд, сиякъ симыIэ естыну, мэкъумылэ тIэкIу сиIари сухам. СукIыжынущи, дауэ дызэрыхъунур, а зы жэмыжьым псори дыкъуэсщ, - хэплъапэу жеIэ Лу.
Хьуд зыри жимыIэу къекIуэкIыжри, «Уэ нобэкIэ ущышхакIэ, махуитI хъуауэ зыри зыIумыхуам хуэтхьынщ. Пщэдей ди насып зыхэлъ дылъыхъуэнщ. Пэжкъэ, Къуэлэныжь?» - и щхьэ хуэпсалъэрэ жэмым едэхащIэрэ умыщIэу, ину жиIэрт Хьуд. И жэмыжьым худилъхьа мэкъур къыдихыжри, Лу и жэмым хуихьащ. Жэмыжь мэжэлIам еплъурэ игъэшхащ. Зи ныбэ тIэкIу ихуа жэмыжьыр и нэшхуэхэмкIэ Хьуд къеплъырт. Жэмым и нэ пIащэхэм телъа нэпсри текIыжауэ къыщыхъурт Хьуд. Лу и унэ пхэнж цIыкIуми уэздыгъэ нэфыр щыблэрт. Щхьэгъубжэ хэгъэмба тIэкIуми удэплъмэ, плъагъурт Лу и бынунагъуэр нэщхъейуэ зэрызэхэсыр. Абыхэми гу къылъамытэу, Хьуд хуэмурэ къекIуэкIыжащ.
Анэш нанэм и фэеплъ
Анэшыр псоми фIыуэ ялъагъу. Анэшыр IэфIщ. Анэш нани, анэш дади, анэ дэлъхуми, анэ шыпхъуми уагъатхъэ, уагъафIэ. Нэхъ IэфIыр уагъэшх, нэхъ щабэм ущагъэжей, хуабэу къодэхащIэ, уи щхьэфэм Iэ къыдалъэ, уи нэкIущхьэм гуапэу къытолъэщIыхь…
Си анэм пхъэ хьэкъущыкъу и куэдт. Пхъэ шынакъ, хъуп, бжэмышх, бэлагъ, шынакъжьей, бжьыныхууб, нэгъуэщI кумбыгъэ зэмыщхьхэри. ИфIэфIыпсу зэрихьэрт. Абы езым и анэм кърита хьэкъущыкъухэу арат ахэр. Джэдлыбжьэ ищIамэ, пхъэ фалъэ чэнжхэм ирилъхьэурэ Iэнэм къыщыдитырт. ПIастэ ипщэфIамэ, къыщхьэщиха хьэнтхъупсыр пхъэ шынакъ цIыкIухэмкIэ къытригъэувэрт. Нанухэм я IутIыжу щигъашхэкIи, пхъэ бжэмышххэр къахутрилъхьэрт.
Анэш нанэм деж щыIауэ си сабийхэр къэкIуэжамэ, нанэ и пхъэ хьэкъущыкъум хуэдэ диIамэ, фIы дыдэт жаIэрт… Зэгуэрым ди анэр къэкIуауэ, хъуржын цIыкIу дахэ дыдэ зырыз кърех и матэм. Ар къэкIуэху Iэмал имыIэу щIэщыгъуэу зэрыджэгун къахуихьырт. Хъуржынхэр къатIатэмэ, пхъэ фалъэ зырызрэ пхъэ бжэмышх зырызрэ илъу арат. «Нанухэм си фэеплъу зэрахьэнщ, къащтэху ягу сыкъэкIынщ», - къыпыгуфIыкIыурэ жеIэ…
Мазэ дэкIри, си анэр дунейм ехыжащ. Жейри, къэушыжатэкъым…
Илъэс щэщIым щIигъуащ ди анэр зэрыдимыIэжрэ.
Пхъэ хьэкъущыкъухэр къызыхуихьа нанухэри езыхэр унагъуэ хъужащ. Хьэкъущыкъу лъапIэхэри ди куэдми, ди анэм и пхъэ хьэкъущыкъухэр ди сырэм иджыри дэзмых, пхъэ бжэмышххэр жьы хъуами, я хъуреягъыр лэжьами, я фэхэр текIыжами, ахэр слъагъуху, си анэр IэфIу си гум къокI, си псэр ягъэхуабэ, хугу хьэнтхъупсри, абы и IэгумкIэ къызитам хуэдэу, нэхъ сфIэIэфIыуи абыкIэ изоф.
ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж
Дунейр пшагъуэми, хуабжьу къыпихуми, махуэфI къызэхъулIат.
Куэдрэ гъуэгум сытетауэ Къэсейхьэблэ къикI гухум сыфIэгуэныхь хъуа, къигъэувыIащ.
- Зы шэнт лъахъшэ итщи, абы тетIысхьэ, - гухур къызэпсэлъэкIащ.
Си дежкIэ, сытми си зэхуэдэу, сыгуфIэу сыщибакъуэм, зы пщащэ цIыкIу къыщылъэтри:
- Хьэуэ, уэ дауэ а лъахъшэм утесын, къакIуэ мыбдежым, - жиIэри сигъэтIысащ.
Езы цIыкIум, соплъри, дахэ дыдэщ, и щхьэцри екIуу зэщIэкъуащ. Нэхъри згъэщIэгъуащ, и куэщIым тетрадышхуэ зэгуэхауэ илъу, дынэсыху абы еджэу дызэрыкIуар. И насыпщ абы. ГукъэкI иIэщ, икIи дахэщ, икIи фIыуэ зэреджэри хьэкъщ. IэщIагъэ пхуэхъунум уритхъэу Тхьэм уигъэпсэу, пщащэ дахэ дыдэ!
ПIастэ щIыкIэ
- Сыт сымыщIэми, си пIастэр къокI! - тхьэусыхэрт фызыр, и щхьэгъусэ шхэну къыдыхьэжам зыхуигъэзауэ.
ЛIым ищIэрт, мобы хьэкум пIастапхъэр тригъэувэурэ, езыр гъунэгъум уэршэракIуэ зэрыкIуэр.
- ПIастэ щыпщIынум деж бэлагъыр езы шыуаным хэлъхьи, жэщ хъуху тетамэ, къикIынукъым жеIэ лIым.
ЕтIуанэ махуэм аргуэру лIыр къыдохьэж шэджагъуашхэ ищIыну.
Йоплъри, хугур псори къикIауэ хьэкущхьэм къафэу тетт, бэлагъри шыуаным къина мащIэм дридзейуэ хэлът.
Къармэхьэблэ кIэртIоф
Ди къуажэм дэсащ зы дадэ дахэ цIыкIу, хуабжьу кIэртIоф IэфI къигъэкIыу. Езыр егъэлеяуэ цIыху гуапэт икIи къыпщыгуфIыкIырт сытым дежи.
Абы и деж кIэртIоф ящэхуну къэкIуамэ: «Как только увидит шыуан фIыцIэ цIыкIу, сразу засмеется», - яжриIэрт.
Къармэхьэблэдэсхэм яцIыхуж а дадэр фIы дыдэу.
Къармэхьэблэ къысхураша кIэртIофыр тебэ фIыцIэ цIыкIукIэ щызгъажьэм деж, а дадэм и псалъэхэр сигу къокIыж. ИкIи си лъахэм къикIа кIэртIофыр, пэжу, къысщыгуфIыкIыу къысщохъу.
Зауэм и лъэужьыр гъущыжыркъым
Си анэм и адэр Хэку зауэшхуэм ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ хэтащ.
ИкIи къигъэзэжакъым. ЗэныбжьэгъуитIу зэгъусэу дэкIат.
Ди адэшхуэр уIэгъэ хьэлъэу и псэр щыхэкIым, и бгырыпхыр зыщIихри, и ныбжьэгъум иритат: «Унэм упсэууэ укIуэжмэ, си щхьэгъусэм схуетыж», - жиIэри.
А щIалэм зауэр иуха нэужь къигъэзэжащ… Ди дадэм и бгырыпхри къихьыжри нанэ къритыжат.
А лIыр псэуху, дэлъхум хуэдэу нанэ абы бгъэдэтащ, сытым дежи гулъытэ хуищIу, дадэ и бгырыпхыр къысхуихьыжащ жиIэрти…
Иджы… ахэри псэужкъым, абы зеиншэу къигъэна зэдэлъхузэшыпхъухэри зэкIэлъыкIуэжащ. Бынунагъуэр ахърэтым щызэрыгъуэтыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI. Зауэм и лъэужьу, мыкIуэдыжыну зауэлI бгырыпхыр къытепщIыкIыжахэм къахуэнащ.
Багъ Марьям.
