27 января, 2026 - 09:44

Бжьэмрэ бжьапцIэхэмрэ
– ФхуэфI хъун щыIэкъым фэ Iуэхуншэ гупым! – хуэмышэчыжу зэгуэр къитхъутхъукIащ бжьэ лэжьакIуэжьыр, бжьэ матэм деж Iуэхуншэу къыщызылъэтыхь бжьапцIэхэр игъэукIытэн и гугъэу. – Фымылажьэ закъуэмэ, аращ фи дунейр. Щхьэ тIэкIу фымыукIытэрэ! ДэнэкIэ плъэи, псори мэлажьэ, къахуэщхьэпэжын гъэтIылъыгъэ ящI. Псалъэм щхьэкIэ, хъумпIэцIэдж цIыкIунивэр къафщтэ: гъэмахуэ псом махуэл дигъэкIыркъым, пщIэнтIэпсыр къыпыхуу мэлажьэ; щIымахуэр щIэх къызэрысынур ещIэжри.
– Къэбгъуэтаи щапхъэу къытхуэпхьын! – бжьэм и ущиехэр зыужэгъуа бжьапцIэ гуэр Iуэхуншэ гупым къахэпсэлъыкIащ. – А уэ узыщытхъу хъумпIэцIэджым гъавэ къехьэлIэжыгъуэ къэс жылапхъэхэр Iисраф зэтрещIэ. А нэпсеижь цIыкIум, кумылэрэ куэнсапIэм зыц къимыгъанэу, къыIэрыхьэр и къандзэгулъэм елъэф.
Iуэхуншэм умыгъашхэми едэ, гъэпсалъэ закъуэ; нэгъуэщIхэр гъэулъиинкIэ ар Iэзэ дыдэщ. Абы сытым дежи хьэмшому зэрыщытыр зэрыхигъэгъуэщэн, хей зэрызищIыжын щхьэусыгъуэхэр и бадзэщ.
Бжей
Зы хадэ гуэрым бжей къыщыкIырт. Илъэс къэси зиужьырт абы – нэхъ ин, нэхъ дахэ хъурт. Пащтыхьыфэ зытет бжейм и пкъы уардэм жьауэшхуэ ищI хъуащ. Ауэ абы нэхъ зиIэтыху, зыгъэпэгэн-зыгъэщIэгъуэн хьэлри нэIуащэу дэплъагъурт. Зыри зримыпэсрэ псоми къахуеплъыхыу, зэгуэр ар унафэ зыхэлъ макъкIэ кIиящ:
- Iуфх мыбдеж мы дэшхуей теплъаджэр!
Арати, лажьэ зимыIэ жыгыр и лъабжьэм деж щыпаупщIащ.
- Мы тутейр схуэшэчыжыркъым! Мыбы и теплъэ фэншэри сужэгъуащ! Си гъунэгъуу щывмыгъэту Iуфх! – аргуэру унафэ ищIащ бжей къынтIэкъынтIэм.
Тутейми дэшхуейм и махуэр къыхуэкIуащ.
Зыхуэарэзыжу, и къудамэхэр игъэуфафэу, пагагъэ егъэлея зыхэлъ бжей дахэкIейр, зикI, увыIэртэкъым:
- Си хъуреягъкIэ вгъэкъабзэ – Iуфх мы кхъужьеижьхэмрэ мыIэрысеижьхэмрэ!
А жыгхэри ираупщIыкIри, пхъэгъэсын ящIащ.
Апхуэдэу увыIэгъуэ зимыIэ бжейм, зым адрейр кIэлъыкIуэу, ихъуреягъкIэ жыгыу иту хъуар и унафэкIэ ирагъэсыкIащ. Иджы абы жыг хадэр езым ей дыдэ хъуащ. Ауэ а жыг хадэм и япэрей дахагъэр иIэжтэкъым, и закъуэу пIийуэ къэнар къэзыухъуреихьыр дакъэжь защIэт.
Ауэ зэгуэр борэнышхуэ къэхъуащ. ЗыкъызыфIэщIыжа бжейр и къару къызэрихькIэ пэщIэтащ абы, и лъабжьэ-къуэпс лъэщхэмкIэ щIыр быдэу иIыгъыу. Борэныр, къыпэщIэувэн нэгъуэщI жыг хуэмызэу, и закъуэу щыт жыг дахэшхуэм теуэрт, гущIэгъуншэу зэхикъутэу, и къудамэхэр къыгуищIыкIыу, щIым иригухыу. ИкIэм-икIэжым зэхэкъута-зэхэфыщIа бжейр, удын гуащIэхэр хуэмышэчыжу, сенычыпэм хуэдэу, и лъабжьэм деж щыпыщIыкIри, и къудамэхэр зэхикъутэ-зэхигъэщащэу, щIым хьэлъэу къытехуащ.
Жэнэтбзу
Жэнэтбзур, хьэмбылу цIыкIу жьэдэлъу, и абгъуэм бгъэдэлъэтащ, ауэ и шырхэр исыжтэкъым. ЩакIуэ щыIэху, бзаджащIэ гуэрхэм ирадыгъукIат.
Жэнэтбзум, кIийрэ гъыуэ, фIэкIуэда и шырхэм лъыхъуэу щIидзащ. Мэз псор зэщIилъысащ, ауэ и тхьэусыхэ щэIумрэ и джэ макъымрэ жэуап лъэпкъ къыкIэлъыкIуакъым.
ЕтIуанэ пщэдджыжьым жэнэтбзу тхьэмыщкIэм пцIащхъуэ къыхуэзащ; абы къыжриIэжащ и шырхэр зы мэкъумэшыщIэ унагъуэ гуэрым зэрыщилъэгъуар.
Жэнэтбзур, гуфIэгъуэм зэщIищтауэ, и къарум къызэрихькIэ къуажэмкIэ лъатэри, пцIащхъуэ хьэлэлым жыхуиIа унэм деж къыщыхутащ. Унащхьэм тетIысхьэри зыкъиплъыхьащ, ауэ и шырхэр къыIэщIэлъэгъуакъым. МэкъумэшыщIэм и хьэмым къелъэтэхри – зы псэ щыдымкъым. И щхьэр къиIэтмэ, щхьэгъубжэ щIыбымкIэ фIэдза гъущI хъарым гу лъитащ; абы и шырхэр гъэру ист. Жэнэтбзум абыхэм я деж зидзащ.
Я анэр щалъагъум, шырхэм зыжьэу тхьэмыщкIафэу бзэрэбзэн щIадзащ, нэхъ псынщIэу гъэрыпIэм къришыжыну елъэIухэу. Жэнэтбзум, гузэвэгъуэр телъу, и пэмрэ и лъакъуэхэмкIэ лъащэурэ, хъарым и гъущIычхэр зэпэщIигъэкIуэтыну, къарууэ иIэр ирихьэлIащ. Ауэ абы и гугъуехьыр пщIэншэу къыщIэкIащ. Бзу къарукIэ гъущI хъар быдэм сыт пхуещIэнт? Зэрыпэмылъэщынур къыщыгурыIуэжым, ину къыхэгъыкIри, IулъэтыкIыжащ.
ЕтIуанэ махуэм гуауэм зи щхьэр зэригъэкIуэкIа жэнэтбзум и шыр тхьэмыщкIэхэр гугъу ехьу зэрыс гъущI хъарым деж къигъэзэжащ. Жэнэтбзур гумащIэу куэдрэ еплъащ и шырхэм, иужькIэ мэжалIэхуэлIэу зи жьэхэр ущIауэ щысхэм, гъуэрыгъуэурэ, щабэ дыдэу удзыпэ цIыкIу зырыз яжьэдилъхьащ.
Къэзылъхуам и пэмкIэ и шырхэм щхъухь гуащIэ зыхэлъ удз къахуихьауэ арати, жэнэтбзу шыр цIыкIухэм псоми зэуэ я лъакъуэ цIыкIухэр яукъуэдиящ…
«УлIэмэ нэхъыфIщ, ущхьэхуимытрэ пщылIыпIэм гугъу ущехь нэхърэ», – гущIыхьэу ар жиIэри, жэнэтбзу пагэр мэзымкIэ лъэтэжащ.
ДжэшнэпцIымрэ шындырхъуомрэ
Дэгъуэу къызэщIэрыуа джэшнэпцIым и тхьэмпэ щабэ налкъутыфэхэр, дыгъэм пэлыду, лъагэу иIэтащ. Езым и дахагъэм гухэхъуэ къритыжу, ар апхуэдизкIэ пагэ хъуати, адрей и гъунэгъу къэкIыгъэхэр ерагъмыгъуейуэ хуэхьыжу арат. Псом хуэмыдэжу зэгуэзыгъэпыпэр къэмыуIэбжьыжу и гъунэгъу дыдэу щыт жыгыжьым и къудамэ гъуарт, езым зызыришэкIарт.
- Мыдэ къэдаIуэт, тхьэмадэ! – зэгуэр жыгым зыхуигъэзащ джэшнэпцIым. – Сыт уэ ущIэзэрыхьауэ си лъабжьэм ущIыкIэщIэсыр? ЩIыхьыр зищIысыр пщIэну и чэзу мыхъуауэ пIэрэ? Напэ гуэр уиIэн хуейкъэ, си нэхэм ущамылъагъужыным ихьын!
Жыгыжьым, гурбияным жиIар зэхимыха нэпцI зищIри, зыри къыпидзыжакъым, езым и щхьэ егупсысыжу фэ зытригъэуащ. Ар щымыхъум, джэшнэпцIым абдеж ихъуреягъкIэ зэщIэкIэжауэ блыным хуэдэу щыт пыжьейм зыхуигъэзащ:
- Ей, хэтыт уи цIэр, сщыгъупщэжащ, нтIэ… пыжьей! ПсэупIэ къыдитыжкъым, къуэш, мы уи банэжь папцIэхэм – нэр мэпщIыпщI. КъыбгурымыIуэу ара мы уи къудамэхэм нэхур зэрысхущIахъумэр? ЛъэныкъуэкIэ гъазэ уи къудамэхэр!
Ауэ пыжьейм апхуэдэ псалъэхэм жэуап иритыжыну и щхьэ трилъхьэххакъым, зыщхьэдигъэIухри, езым и щхьэ Iуэху зэрихуэу ежьэжащ.
ДыгъафIэм зезыгъэу шындырхъуоужьым хуэмышэчыжу джэшнэпцIым егиящ:
- Сыноплъри, сыту уакъылыншэ дыдэ мыгъуэ уэ, джэшнэпцI-щхьэщытхъур! А жыгыжьым и къудамэ гъуам и фIыщIэкIэ уопсэу, захуэу удокIей, абы зыкIэрыпщIэурэ. Уи щхьэ къимыхьэу ара пыжьейм и банэжь папцIэ жыхуэпIэхэм къыпхуащIэр? Ахэр мыхъуамэ, уэ фэншэжь цIыкIур узыпэмыплъа хьэщIэхэм щIым щыщ узэращIыжрэ куэд щIат!
Къэгубжьа джэшнэпцIыр абы пэрыуэну хэтат, ауэ зыкъызыфIэщIыжам и жьэр зыщIихыну шындырхъуоужьым хунигъэсакъым:
- Си нэхэм уамылъагъужащэрэт уэ сэбэпыншэжьыр! Убэлыхьу уи фIэщ хъужауэ пщIэншэу лъагапIэхэм ухущIэкъу нэхърэ, уи гъунэгъухэм уадэплъейуэ, акъыл тIэкIу зэбгъэгъуэтамэ нэхъыфIт.
Да Винчи Леонардэ.
ЗэзыдзэкIар Хьэту Пётрщ.
