16 февраля, 2026 - 09:47
Гур зыгъэгугъэ, хъуапсэ жылэу псэм хэлъ!.. Емыплъ ар ныбжьым, цIыхугуу щыIэр итщ и ужьым, лъэIэсыным ныхуэпIащIэу. Ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнауэ, тщIыгъущ щIэиныфIу гурыфIыгъуэр. Гугъэр гум и тепщэщи, зэрехуэ, псэхупIэ иримыту; гъащIэм хуиIэ гугъапIэхэм кIэлъегъэпхъэр. ГъэщIэгъуэныр аракъэ: ауи зыхригъащIэркъым гъащIэр зэрыкIуэщIыр.
Дауэ хъуми, цIыхугур зэгуэр лъоIэс и хъуэпсапIэм. ИIэнщ абы дяпэкIэ тепыIэ, тыншыгъуи игъуэтыжынщ. АрщхьэкIэ, дэнэ? Гум хуэфIу IэфIыгъэр щыз хъуащи, мэпабгъэ аргуэру, мэхъуапсэ. И гугъэщ дуней фIыгъуэр къыпэплъэу… Арыххэуи йожажьэ, тоувэ гъуэгуанэ жыжьэ. ПхрокI мэз Iувхэм, и лъэр щIэщIэу. КъызэренэкI губгъуэшхуэхэр, тенджыз абрагъуэхэр, щхьэдох зи щыгум пшэ хужь гуэрэнхэр щызеуэ къыр задэхэм. МакIуэ, жьуджалэ хуэдэ, жьым зэридзэу, борэн бзаджэм зэщIиIулIэу. Сыти жыIэ: гугъуехьт и натIэр. ПлъэмыкIыу уогузавэ, гум и гугъапIэр IэщIэхуу, ныбгъуэхьэшым къинэнкIэ. Хьэуэ, IэщIэхункъым и плъапIэр, къэхыщIэуи бжьизкIэ къимыкIуэтын. Сыту жыпIэмэ, гумрэ гуращэмрэ быдэу зэрыIыгъщ, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну къогъуэгурыкIуэ. Узэкъуэтмэ, улъэщщ. ИтIанэ абы хьэкъкIэ и фIэщ мэхъу, ишэча псом пэкIуэу, зэгуэр фIыгъуэшхуэ къызэреуэлIэнур, гъащIэм нэхъри хуэнэхъуеиншэ зэрыхуэхъунур.
Гум и закъуэ-тIэ гугъэм псэхугъуэ зримыгъэгъуэтыр? Йопэщэщ ар псэми, йоныкъуэкъу, егъэпIейтей. Дунейр фIэмыIэфIыжу гу лъитамэ, йодэмэпкъауэ, игъэгушхуэу. Псэм зыкъещIэжри, жан къохъуж, фIым, дахагъэм хуэпабгъэу йожьэж. Мы гупсысэм щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр лъэпкъ тхыдэм и мащIэкъым. «КъухьэпIэ пшэплъу уи щIым телът мафIэсыр… ИтIани гугъэм я нэхъыфIыр пщIырт»… Зэгуэр и лъапсэжьрэ и къуэпсрэ зыфIэкIуэду кIуэдыпIэм ихуа адыгэр гугъэрт, цIыхугъэрэ хабзэрэ зыхэлъ лъэпкъыу къызэтенэну. Я лъэр щIаудами, я плъапIэр адэжь щIыналъэрт. Аращ абыхэм псэхэлъхьэжу яIар, къару мыкIуэщIрэ ерыщагъ быдэрэ къахэзылъхьар. Узижагъуэм и гурыгъыр иужи, и гугъэ IэфIыр къытиункIыфIэ! Ар уи гущIэм щыблэхущ уи дунейр. Апхуэдэу ерыщу псэуныгъэм ухуезыджэрэ уи лъэкIыныгъэр зэуIу зыщIрэ зыри къигъэщIа щIыкIэкъым Зауэм хэкIуэда и быным къигъэзэжыным пэплъэу зи дунейр езыхьэкIа анэ дапщэм я гъащIэм къахупища а гугъэ-дыгъэм? Ауэ жиIэркъым псалъэжьым: «Гугъэр гъащIэм и пкъощ». Къыпхелъхьэ абы лIыгъэ, Iущыгъэ, шыIагъэ, лъэпкъым и зэфIэкIыр дреIэтей. Зи плъапIэр дахэм и зэфIэкIри инщ – къохъулIэ и хъуэпсапIэр... Уи гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу упсэуныр аракъэ езыр насып хъужыр?! Насыпщ, узыхуеIэм уи гур дэгуфIэмэ, дэгушхуэмэ; щыбгъуэт гукъыдэжым узэщIиIэтэрэ лъагапIэ иным укъытехутэмэ. Укъуэмыхьэ, гугъэ-дыгъэ, псэр емышу гъэхъуапсэ.
Бей Жансурэт.
