24 марта, 2026 - 09:15
КхъуейплъыжькIэрыщIэ хабзэр къэзыгъэщIэрэщIэжа Джэдгъэф Беслъэн и цIэр ди хэгъэгум щызэхэзымыха щыIэу къыщIэкIынкъым. ЩIалэр зыпэрыт Iуэхур игурэ и псэрэ къызэрыбгъэдэкIыр нэрылъагъущ. Абы и Iуэху еплъыкIэм, лъэпкъым теухуа и гурыгъу-гурыщIэхэм фыщыдогъэгъуазэ.
- КхъуейплъыжькIэрыщIэр адыгэ лъэпкъым и гъащIэм къыхэгъэхьэжын зэрыхуейм сытыт уезыгъэгупсысар, Беслъэн?
- Хэкупсэ, лъэпкъыпсэ ухъуныр езыр-езыру къэхъу Iуэхугъуэкъым. ЦIыхум щапхъэ иIэн хуейщ, къызыхэкIа лъэпкъым ифI, къыдалъхуа бзэм и дахагъэр иригъэлъагъуу. Сэ, си насып кърихьэкIри, щапхъэ схуэхъун куэд срихьэлIащ. Ауэ псоми нэхъ къахэзгъэщу сиIар дунейм ехыжа си адэшхуэ, усакIуэ, тхакIуэ, уэрэдус Джэдгъэф Хъусенщ. Абы ещхь сыхъужауэ нобэ къыщызжаIэ щыIэщи, ар си дежкIэ пщIэшхуэщ. Шэч зыхэмылъращи, си адэшхуэм и дуней лъагъукIэр сэри дэсIыгът.
- КхъуейплъыжькIэрыщIэ хабзэр бгъэлъэгъуэн щыщIэбдзагъащIэм зыхуэбгъэувыжа мурадхэр занщIэу къохъулIа? ЦIыхухэм дауэ къащыхъуат?
- Ар езыр-езыру, ахъшэ къэлэжьын гупсыси симыIэу, си пщэ къыдэхуа Iуэхуу жыпIэ хъунущ. Мис мыпхуэдэ махуэу езгъэжьат жысIэу, ар къысхуэгубзыгъыжыну къыщIэкIынкъым - къэзмыщIэурэ джэгуакIуэ сыхъуат. Зыгуэрым я гуфIэгъуэ яхудэсхыну зыкъысхуигъэзэххэмэ, сэ сыхьэзырт, а Iуэхур сфIэгъэщIэгъуэнти. Апхуэдэ лъэIухэр нэхъыбэ щыхъум, сегупсысащ адыгэм и хабзэ нэхъ дахэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэр иджырей зэманым дэхуэха зэрыхъуам. АрщхьэкIэ ар къызэгъэпэщыным гугъуехь куэд пыщIауэ къыщIэкIащ: гуфIэгъуэ зэхыхьэр щекIуэкIыну унагъуэм пкъохэр къехьэлIэн, сэххэр щыхэтIэн хуей хъурт.
Иджырей зэманым мэзым пхъашэ кIуэфын лIы куэди бгъуэтынукъым (псоми хуэIэпщIэлъапщIэу жыхуэсIэщ). Бгъуэтми, иджыпсту зыми зэман лей иIэкъым - псори IэнатIэ зырыз Iутщ. Япэм унагъуэм ис цIыхухъум лъапсэр зыхуэныкъуэу хъуар зэригъэпэщыжыфынут, цIыхубзми сыт хуэдэ къалэнри къищтэфырт. Иджы апхуэдэкъым. Зы Iуэху гуэрым и пIалъэр ямыщIэрэ е къатехьэлъэрэ, лэжьакIуэхэр къраджэри, абы яхузэфIегъэкI. А псор щIыжысIэращи, кхъуейплъыжькIэрыщIэр ди зэманым къегъэзэгъын зэрыхуейм куэдрэ сегупсысащ, зэхъуэкIыныгъэ куэди зэрыхэлъхьапхъэр къызгурыIуат. Iуэху мыублэ блэ хэсщ жыхуаIэрати, дауэ мыхъуми иужь сихьащ.
- Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэт ахэр, Беслъэн?
- Зи гугъу сщIыр, нэхъ ипэкIэ зэи щымыIауэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмэпсымэхэр щIым хэтIэн хуэмейуэ, дэнэ дежи бгъэув хъууэ, узыхуей щIыпIэм пшэрэ абдеж щызэпкърыплъхьэ-щызэпкърыпхыжу зэрысщIарщ. Арыншамэ, иджыпсту сыт хуэдэ пщIантIэми мывэ илъщ, зы пкъои пхухэтIэнукъым. Апхуэдэуи сабийхэм я шынагъуэншагъэм гулъытэ щхьэхуэ хузощI: лъагапIэм дэкIуейхэм шыныбэпхыу тIу яIэщ, кIапсэр зыгуэркIэ яIэщIэцIэфтми, къызэремыхуэхыным хуэдэу.
Ауэрэ езы хабзэм и егъэкIуэкIыкIэри иджырей зэманым къызэрегъэзэгъын хуейр къызгурыIуащ. ЗэрыфщIэщи, нобэ цIыхум и гулъытэр къэпхьэхуну гугъу хъуащ. Интернетым псори исщи, я нэгу зезыгъэужьын видеощ нэхъыбэм къалъыхъуэр. Пасэ зэманым кхъуеплъыжькIэрыщIэр зэращIу щытам теухуа видео гуэрхэм сеплъати, абыкIэ иджыпсту ебгъэкIуэкIмэ, цIыхур къыпхудэхьэхынукъым. ЖысIэнуращи, макъамэри нэгъуэщI Iэмалхэри щIыбгъуурэ кхъуейплъыжькIэрыщIэм и егъэкIуэкIыкIэм «шоу» къыхэщIыкIын хуей хъуащ.
ДэнэкIэ умыплъи, псори абы хуэкIуащ. Псалъэм папщIэ, шхапIэ къудей щIыхьэ - абдежи ерыскъыр къызэрыпхуахь щIыкIэр «шоу» ящI. Апхуэдэу гу зылъыстэхэр хэтпщэурэ, мы Iуэхур зэредгъэкIуэкIым зедгъэужьащ. Япэм зэрыдэпщей кIапсэм дагъэжь фIыуэ зыщIрагъэфу щытащ. Сэри нэхъапэ апхуэдэ щысхуэу езгъэжьати, дыздэщыIа унагъуэ гуэрым лей къытехьауэ щыслъагъум - лъэгуми дэнэкIи а дагъэр имыкIыжыну инат - иужькIэ нэгъуэщI зыгуэрхэр зэхэсщIэу щIэздзащ, щыгъыныр имыуфIейуэ. Апхуэдэурэ Iуэхум и пIалъэр згъэнаIуэм-згъэунэхуурэ иджырей зэманым ар нэхъ къезгъэзэгъащ.
- Езы хабзэм и купщIэм щыщ гуэр кIуэдакъэ?
- Лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм кхъуейплъыжькIэрыщIэм егъэкIуэкIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIащ. 1990 гъэхэм а зэпеуэм щытекIуэхэм тыгъэ лъапIэхэр - шы, машинэ - ирату щIадзат.
- Иджыпсту-щэ, сыт нэхъ лъапIэ дыдэу ятыр?
- Сэ, пэжыр жысIэнщи, саугъэт лъапIэхэм - унэ, машинэ хуэдэхэр ятыным - срителъхьэкъым. Апхуэдэу щрагъэлеипэм деж зэрыхъукIэ къагурызгъэIуэну сыхэтщ ар къызэремызэгъыр. ЗыхузэфIэкI унагъуэ куэдым сыщыIащи, хэбгъэзыхьмэ, фэтэр тыгъэ папщIэу ятыну гупыж зыщIахэри щыIащ. Зым и гуфIэгъуэр щхьэусыгъуэ гуэркIэ екIуэкIакъым, адрейхэр си еплъыкIэм къытехуэжащ.
- Саугъэт лъапIэхэр яту щIадзэмэ, апхуэдэ мылъку зыбгъэдэмылъхэм, укIытэм къыхэкIыу, кхъуейплъыжькIэрыщIэ ящIыжынукъым жыпIэу ара?
- Ари хэлъщ. ИтIанэ, адыгэм ди хабзэр зыгъэдахэ Iуэхугъуэкъым егъэлеиныгъэр. Ар щыжысIэкIэ, хэти къызодаIуэ, си еплъыкIэм къытемыхуи щыIэщ.
Нэхъ ипэкIэ укъызэупщIат, мы хабзэм и купщIэ гуэр кIуэдакъэ, жыпIэри. Пасэм кхъуей плъыжьым щIыгъуу, зи насып къэкIуэгъуэ пщащэхэм я щэкI кIапэхэри фIрагъащIэу щытащ лъагапIэм. ЩIалэр кIапсэкIэ дэпщеифрэ кхъуейм едзакъэмэ, апхуэдэ зы щэкIи къыпичырти, къыздрихьэхырт. «Мыр хэт зейр?» - жаIэу щыщIэупщIэм, хъыджэбзым щIалэр игу ирихьамэ, езым зыкъримыгъащIэу, и ныбжьэгъухэм ар зейр щэхуу хуаIуатэрт. АдэкIэ хуитт хъыджэбзыр зригъэцIыхуну. Ауэ хъыджэбзым и щэкI кIапIэр зыIэрыхьа щауэр игу иримыхьарэ, зиущэхужырт. Абы щыгъуэм щIалэр хуитт езым и гум къыдыхьэ хъыджэбзым абыкIэ хуэупсэну. Адрейм ар Iимыхыну хуитыжтэкъым - щэкI кIапэр лIыгъэкIэ къихьэхуат.
Апхуэдэу цIыху хэтыкIэм, зыIыгъыкIэм, унагъуэ лъапIэныгъэхэм IуэхукIэ хуагъасэу щытащ ди япэ итахэм. Иджырей зэманым, зэрыщытам хуэдэ дыдэу едмыгъэкIуэкIми, кхъуейплъыжькIэрыщIэр къыщызэIутхкIэ, а зи гугъу сщIа Iуэхур къэфакIуэ хъыджэбз цIыкIухэм дахэу утыку кърахьэ - я щэкI кIапэхэр фIедгъалъхьэурэ, а хабзэм и мыхьэнэм къызэхуэсахэм дахутопсэлъыхь. Мы Iуэхугъуэр спорт зэхьэзэхуэ къудейуэ ди нобэм къэдгъанэ хъунукъым, пасэрей хабзэм и Iыхьэ нэхъ мащIэ дыдэрами, абы хэтпщэну, тхъумэну ди къалэнщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэм къищынэмыщIа, мы Iуэхур яхуедгъэкIуэкIыну щIэхъуэпсу дыздрамыгъэблэгъа щыIэжу къыщIэкIынкъым: Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, Осетие Ищхъэрэми (мэздэгу адыгэхэм я деж), Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэми дыкIуащ. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, къэрал псом и щэнхабзэм къыхэцIуукIыфыну дыщэ кIанэ цIыкIуу къызолъытэ кхъуейплъыжькIэрыщIэр.
