7 апреля, 2026 - 09:00
Ди нэхъыжьыфI, тхьэмадэ Iумахуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сэ къыщысцIыхуар ди студентыгъуэ илъэсхэращ. Сэ КъБКъУ-м сыщыщIэтIысхьам, Мухьэмэд илъэс зыбжанэ хъуауэ абы щеджэу, «Университетская жизнь» газетыр къыдигъэкIыу апхуэдэт. Щапхъэ тетхыу, апхуэдэ зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр дгъэщIагъуэу, дехъуапсэу зэрыщытар сигу къинэжащ. Ар щIалэгъуэм щыщ Iыхьэти блэкIащ…

ГъащIэм и хабзэр аращи, цIыхухэр зэми нэхъ гъунэгъуу зэбгъэдишэу, зэми нэхъ пэIэщIэ ищIурэ къокIуэкI. Зэман дэкIыу Мухьэмэдрэ сэрэ нэхъ гъунэгъу дыщызэхуэхъужар КъБР-м и правительствэм лэжьэн щыщIэздза нэужьщ. 1990 гъэхэм щегъэжьауэ дызэпэмыжыжьэурэ дызэдэлэжьащ.
ГъащIэм и IэфIи и дыджи ди нэгу зэдыщIэкIащ, лъэпкъ Iуэхуи, къэрал Iуэхуи зетхьащ, лъэпощхьэпо мымащIи зэгъусэу къызэднэкIауэ жыпIэ хъунущ.
Мухьэмэд пщIэшхуэ зыхуащI, зи псалъэр ялъытэ, зи чэнджэщ щIэдэIу цIыхущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэлI куэд зы лъэпкъым иIэкъым, махуэ къэси къалъхуркъым. Адыгэм и къуэ пэжу къыщIэкIащ ар, хэкупсэ нэсу дунейм тетщ. Мухьэмэд балигъ зэрыхъурэ ди лъэпкъым, къэралым, адэжь щIыналъэм яхуолажьэ. Абыи къыщымынэу, и лъагъуэ хамэ щIыналъэхэми щыпхишащ – Кавказ зауэжьым зэбгрипхъа ди лъэпкъэгъухэр къызэщIигъэуIуэжу адыгэхэр щыпсэу къэралхэм и лъэ теуващ. Абыхэм япэу якIэлъыкIуэн щIэзыдзахэм, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпызыщIэжахэм ящыщщ ХьэфIыц1эр икIи а Iуэхум и къару куэд хилъхьащ.
Зигурэ зи щхьэрэ зэтелъу дунейм тет цIыхущ Мухьэмэд. Абы щыхьэт тохъуэ и IэщIагъэри и зэфIэкIри, и къэухьри и зэчийри, и хъуэпсапIэхэри и мурадхэри зэтехуэу, зы лъэныкъуэм хуэунэтIауэ иджыри къыздэсым къызэрыгъуэгурыкIуэр. И щIалэгъуэм хиша лъагъуэр нобэ гъуэгу бгъуфIэ хъуащ. Апхуэдизу гууз-лыуз хуиIэу зи ужь ит Iуэхумрэ илъэс куэд щIауэ и пщэ дэлъ къулыкъумрэ зэтохуэри, лъэпкъым ехьэлIауэ абы хузэфIэкIам уасэ хуэщIыгъуейщ. Ар зи редактор нэхъыщхьэу илъэс 24-кIэ щыта «Адыгэ псалъэр» къащти, газетым и мыхьэнэр хуэдипщIкIэ игъэбэгъуэфащ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетым республикэм, къэралым, дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ятеухуа хъыбархэр зэбгригъэх, бзэр игъэлажьэ къудейкъым, атIэ лъэпкъым и щIэнгъуазэ пэлъытэ ар ищ1ыну Мухьэмэд хузэфIэкIащ.
Къызыхуэтыншэу зэрехьэ абы илъэс 20-м щIигъуауэ зи тхьэмадэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэри. Ар нэхъапэм зэрыщытамрэ Мухьэмэд тхьэмадэу трагъэува нэужь зэрыхъуамрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Гъэхэр кIуэурэ и ныбжьым хэхъуэми, зэманым зыдэзыхъуэж гъащIэм тыншу хэзэгъэф нэхъыжьыфIщ ХьэфIыцIэр. Абы къыхэкIыу, ихъу-илъ хэмыту, мыдалъэу, властым дэгъуэгурыкIуэфу, зэпIэзэрыту мэлажьэ.
КъызыхэкIа и лъэпкъым, Iурылъ и анэдэлъхубзэм, къыщалъхуа и хэкум щхьэкIэ ХьэфIыцIэм хузэфIэмыкIын дунейм темыту къыпщохъу, апхуэдизкIэ и гур хуитхьэщIыкIауэ хуолажьэри. Уеблэмэ, езым и Iэр здынэсым деж къыщыувыIэркъым абы и зэфIэкIыр, атIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм, зэпеуэхэм щытекIуэ сабийхэм, зэфIэкI гуэр зы щIыпIэ щызыгъэлъэгъуа ди щIэблэм е нэхъыжьхэм я деж зи фIыщIэ псалъэмрэ зи гулъытэ жумартымрэ псом япэ нэсхэм ящыщщ Мухьэмэд. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зыбжанэм я гъусэу къызэрагъэпэщурэ екIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэ фестиваль-зэпеуэм егъэджакIуэ дапщэ утыку ириша, ныбжьыщIэ дапщэм лъэпкъ зэхэщIыкIыр ягу къыщигъэуша, адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, тхыдэм ехьэлIа Iуэхугъуэ дапщэ къыщыдахыжа! А псори зыдэслъагъур ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
Мухьэмэд и цIэр щыжаIэр ди къэралым, республикэм я закъуэкъым, атIэ хамэ къэралхэми фIы дыдэу къыщацIыху икIи къыщалъагъу. И щхьэ закъуэу къыщIидза Iуэхум – адыгэхэр зэрыгъэцIыхужыным, зэгъэуIуным – Дунейпсо Адыгэ Хасэм щыпищащ ди шынэхъыжьым. И гуащIэ куэд хилъхьащ а зэгухьэныгъэр екIурэ-ещхьу зэфIэувэнми. Абы лъэпкъым хуищIам хуэдиз зыхузэфIэкIа зыри къызэрытхэмытыр хэти жиIэфынущ, дзыи хуащIыфынукъым. ГазетхэмкIэ, журналхэмк1э, и Iэдакъэ къыщIэкI тхылъхэмкIэ, радиокIэ, телевиденэкIэ ноби дегъэцIыхуж хамэ къэрал щыщу, адыгэм къыхэкIауэ зэфIэкI инхэр зыгъэхъа цIыху щэджащэхэмрэ зэрыадыгэм иригушхуэу, я Iуэху ефIакIуэу хамэ щIыналъэхэм нобэ ис ди къуэшхэмрэ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я псэукIэр зыхуэдэмрэ абыхэм я зэфIэкIыр здынэсымрэ Мухьэмэд хуэдэу щыгъуазэ диIэкъым.
Лъэпкъ Iуэху зетхуэу Тыркум, Иорданием, Израилым 2015 гъэм и гъэмахуэм дыщыIащ ДАХ-м и лIыкIуэхэр. Гъуэгу ущытетым дежщ нэхъыфIыжу цIыхур къыщыпцIыхур. ХьэфIыцIэм хуэдэ гъусэ пэжрэ тыншрэ уигъэлъыхъуэнщ. Гъуэгум и кIыхьагъыр напIэдэхьеигъуэу къыпщагъэхъунукъым абы и хъыбархэм, гушыIэкIэм, тхыдэм куууэ зэрыхищIыкIым. НыбжькIэ щIалэхэм яхыумыбжэнуми, и жыджэрагъымрэ псынщIагъымкIэ ялъэщIыхьэнущ. А къэралхэр къыщызэхэткIухьа махуэхэм сэ слъэгъуащ Мухьэмэд къыхуащI пщIэр зэрыгъунэншэр, езым абыхэм яхищIыкIыр зэрымымащIэр, цIыхугъэрэ ныбжьэгъурэ зэрыщикуэдыр, лъэпкъ Iуэхум зэрыхуэмыщхьэхыр. ДАХ-м и тхьэмадэу сызэрылажьэ илъэс 13-м къуэш пэлъытэу, чэнджэщэгъуфIу, нэхъыжь Iумахуэу къызбгъэдэтщ ХьэфIыцIэр. Апхуэдэ хьэл зыхэлъымрэ зэфIэкI ин зыбгъэдэлъымрэ пщIэ хуумыщIынкIэ Iэмал иIэкъым.
А псом къищынэмыщIауэ, лъэпкъым ехьэлIа мылъкушхуэ, фIыгъуэшхуэ зэригъэпэщащ абы. Зэи зыщIыпIи ущримыхьэлIэнрэ щумылъагъунрэ хэлъщ Мухьэмэд и гъэтIылъыгъэхэм. Ахэр дэ щытлъэгъуащ ХьэфIыцIэм къызэригъэпэща гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэIущIэхэм. Сэ согугъэ (ар езыми зэрихъуэпсапIэр сощIэ) а хъугъуэфIыгъуэ псори щызэхуэхьэса зы музей къызэIуихыну. Дэри абыкIэ дыдэIэпыкъуну ди мурадщ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд езыр цIыху къызэрыгуэкIкъым. И хьэл-щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи. Псоми гу лъатащ абы и гур зэIухауэ дунейм зэрытетым – цIыхум дилъагъу фIыри егъэдахэфри, зыгуэрым хуэIэзэр егъэгушхуэф. Апхуэдэ дыдэуи ехьэкI-къехьэкI хэмылъу хэт и ныкъусанри иригъэлъагъужыфынущ, мыхъумыщIагъэрэ гъэпцIагъэрэ хэзэгъэххэнукъым.
«ЛIыку» жыхуаIэ ныбжьым нэсащ ХьэфIыцIэр. Иджыри куэдрэ тхуэлэжьэну, адыгэ лъэпкъым теухуауэ зэхуихьэса псор щигъэлъэгъуэн музейр щIэх къызэIуихыну, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм иджыри къахэхъуэну, адыгэ Iуэхум и джакIуэу ди япэ итыну аращ сэ Мухьэмэд сызэрыхуэхъуапсэр. Абы зэрыпэлъэщын узыншагъэ, гукъыдэж, къару Тхьэм кърит!
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор.
