12 апреля, 2026 - 11:55
*Адэ-анэм насыпыфIэу зыщалъытэжыр быныр лъэ быдэкIэ ува нэужьщ.
* Адэ-анэр къэпцIыхуну ухуеймэ, я нанум и джэгукIэм еплъ.
* Адэ-анэр уиIэху хьэку дакъэ хуабэм утес хуэдэщ. УщимыIэжым – унэ мыгъэплъа жьызэпихущ.
* «Адэр – дэм хуэдэщ», - жаIэ. Адэр быдэу уи щIыбагъым къыдэту аращ. Ар уи жьауэшхуэщ. Абы мащIэщ жиIэр. Ауэ и псэм ухэлъщ, и лъагъуныгъэмкIи укъехъумэ.
* Адыгэ лъэпкъым гъащIэм и еджапIэшхуэ къэдухащ.
*Адыгэ нанур адыгэбзэм хуэмейуэ зыщIaхэм лъэпкъ тхыдэри зэхуащIыжащ.
*Адыгэбзэм и бийр сэри си бийщ.
* АдыгэлIрэ адыгэшрэ – я псэр зы чысэм илът. Иджы цIыхухъуи цIыхубзи я псэр гъущIышым хэлъщ.
* «Адыгэр зэIыхьащ», жаIэ. Адыгэ нэсыр зэIыхьэнукъым. Лъым куэд елъытащ.
* Адыгэр щIэблэ тэмэм дыхуеймэ, ди пщащэхэр ди нэIэ тету дгъэсэн хуейщ.
* Адыгэпсэр адыгэбзэкIэ мыпсэлъэжу щыслъагъум деж, сигу къэкIыр зыщ: Хэкум папщIэ зи псэp зыта адыгэлIым: «Псэм ипэ напэ, псэу, си адыгэ Хэку», - псалъэхэр къызэриIущэщыжаращ.
* Акъыл дэгъуэ зиIэр ныкъуэкъуэгъуу уиIэныр фIыщ. Абы и фIыгъэкIэ уи губзыгъагъэми уи щIэныгъэми хохъуэ.
* Акъыл жан зиIэ цIыхум и бзэр быдэщ.
* Акъыл зиIэм, иныкъуэм деж жьажьафэ зытригъауэмэ, и Iyэхур нэхъ щыдэкI щыIэщ.
* Акъыл ныкъуэ щыIэкъым. Е иIэщ, е иIэкъым.
* Акъылрэ щIэныгъэкIэ зи гур гъэнщIа цIыхум мы дуней иныр ейщ. Апхуэдэ ныбжьэгъу зиIэм Тхьэшхуэр мылъку нэхъ инымкIэ къыхуэупсащ.
* Акъылыншэхэм уапэщIэмыувэ, гъуэгу ет.
* Акъылышхуэ иIэу, ауэ еджэну хунэмысауэ куэд щыIэщ. «ЩIэныгъэ иIэщ, ауэ акъыл бгъэдэлъкъым» зыхужаIэхэри дунейм тетщ. «Еджа щхьэкIэ, епщэжакъым» жыхуаIэращ.
* Алыхьышхуэм ди гъащIэм цIыху гуэрхэр хегъэкI. Дыкъихъумэн папщIэщ. УкIэлъымыджэ - иужькIэ ущыгуфIыкIыжынущ.
* Алыхьышхуэм нэри тхьэкIумэри тIууэ къыдитащ. Гур зыщ зэрыхъур. Ар уи гум пэгъунэгъу цIыхум и гур гъусэ къыхуищIынути аращ. Абы щыгъуэ уи гум и закъуэкъым. Уи насыпщ уи гум и гъусэр къэбгъуэтамэ, хъумэ, фызэрыгъэхуабэ.
* Алыфбейм дызэрыригъаджэмкIэ, хьэрф дэкIyaшэхэм дэгуи пIытIаи яхэтщ, цIыхухэри аращ.
* Анэ быдзышэм хэлъу къакIyэ анэбзэм, и къуэпсыр фымыгъэгъужу, фыхуэсакъ.
* АнэбзэмкIэ щIэблэр умыгъасэмэ – узэхихынукъым. Анэбзэм псэ хэтщ. Хамэбзэм нанум и псэр игъэхуабэркъым. Зыщыщыр зыхимыщIэу къохъу.
* Анэр псэуху, быным бынжэкIэ пыщIащ.
* Аслъэнхэр здэщымыIэм, хьэIуцыдзхэр щытепщэ хъуащ.
* Ахъшэ зыфIэкIyэдам куэд фIэкIyэдащ; ныбжьэгъур зыфIэкIyэдам нэхъыбэж фIэкIyэдащ; фIэщхъуныгъэр зыфIэкIyэдам псори фIэкIyэдащ. (Хьэрып жыIэгъуэ)
* «Ахъшэр е уипщщ, е уи пщылIщ», - жаIэ. Си Iыхьлыуэ щытамэ нэхъыфIт, дызэрылъагъуу, зы пщIантIэ дыдэсу.
