11 мая, 2026 - 09:15
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къызэрытеуам и хъыбар гущIыхьэр ди щIыналъэм и гъунапкъэ псоми зэуэ зэлъащIысат, бзухэмрэ жьы псынщIэмрэ зэбграхами ярейуэ. Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ махуитI фэкIа мыхъуауэ, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм 24-м яуса, лъахэр хъумэжыным и гимн хъуа «Вставай, страна огромная!» уэрэдыр дэнэкIи къыщеуэрт. Ар къитырт щэнхабзэмкIэ унэхэм я гупэм, утхэм ит пкъохэм фIэлъ радиом. Къалэшхуэми къуажэ цIыкIухэми дэлъ лэжьыгъэ псори зэуэ я пщэ дэхуат бзылъхугъэ гуащIэмащIэхэм, абыхэм зыкъыпэщIагъакъуэрт зи Iэпкълъэпкъ зэрымыубыда сабийхэм. Языныкъуэхэм и деж балигъхэми яхуэмыгъэкъаруун щахузэфIэкI къэхъурт абыхэм. Гузэвэгъуэм уимыгъэщIэн щыIэ?!
Бейтыгъуэн (КIуэкIуэ) Дисдадэ и щхьэгъусэ Хьисэ дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIауэ, унагъуэм къыIэрыхьащ иджыри зы хъыбар гуауэ. ЩIалитхурэ хъыджэбзитхурэ хъу бынунагъуэшхуэм ящыщу тIум – Алийрэ (1905 гъэм къалъхуащ) Гусмэнрэ (1916) дзэм ираджэ хъунухэм я ныбжькIэ яхэхуэрт. Ещанэ щIалэр – Билал (1922) – дзэм къулыкъу щищIэу Къэзахъстаным щыIэти, и къулыкъум зыхуигъэсэну хунэса-хунэмыса жыпIэну, фронтым Iуашащ. Зыхуей хуэзэу зэщIэузэда нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм плъыжьыдзэм хэту япэу пэщIэува щIалэщIэхэм ящыщщ Билал.
ЩIалэ нэхъыжь Алий гугъу зэрехьыр Iэщ фермэм зэрыщылажьэм и закъуэтэкъым, и щхьэгъусэр хьэлъэу сымэджауэ дунейм ехыжат цIыкIу-цIыкIуу быниплI къыхуэнэри. И анэри и Iыхьлыхэри къыдэIэпыкъурт абы сыткIи. Лъагъуныгъэмрэ гущIэгъумрэ къахэхъукI сабийхэм иджыри зы гугъуехь къапэплъэрт: я адэр зэуапIэм Iухьэнут. И бынхэм я щхьэм бадзэ зэрытрамыхужыфыр, балигъ хъуауэ зыри зэрахэмытыр, совет сэлэтхэр шхынкIэ зыхуей хуэгъэзэным куэд хэзыщIыхь фермэр гъэлэжьэн зэрыхуейр щхьэусыгъуэу Алий ирикъунут зауэм мыкIуэнымкIэ. Ауэ и щхьэ трилъхьакъым, и анэм и нэпсми къигъэувыIакъым, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэм яхэмыхьэуи лъэкIакъым. И ныбжьэгъу-къуажэгъухэм ящIыгъуу зытегушхуа Iуэхут ар. Къулыкъу щищIар 15-нэ шу полкырщ.
Унагъуэм и нэхъыжьу къэнар Гусмэнт. Алий къыбгъэдэкI япэ хъыбарыр къызэрыIэрыхьэу, Малкэ аузымрэ Каменномостскэ (Къармэхьэблэ) къуажэмрэ пшагъуэ фIыцIэр къыщхьэщыхьэнкIэ зэрыхъунур къызэрыжриIэу, зы дакъикъи зиIэжьакъым. Военкоматым лъэIу тхылъ щIилъхьэри, 1941 гъэр имыух щIыкIэ зэуапIэм Iухьащ. Ар хэтащ етIуанэ фочауэ дивизэм и 261-нэ фочауэ полкым.
Зи псалъэр тIу ямыщIу еса анэм зыри жиIакъым, пэщIэувэнуи игу къэкIыххакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ зэкъуэшитIыр зэрызэрыIыгъыр, зэмыгъусэу зы Iуэхуи къызэрырамыхьэжьэр ищIэжырти. ЩIалищ къару зыхуэчэм унагъуэр псэхугъуэ ямыщIэу лажьэрт. Фронтым Iутхэми ящIэрт я анэм, къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ, абыхэм яхуэдэхэм я фIыгъэкIэ ахэр щIакхъуэ Iыхьэ зэрыщымыщIэнур. Алий и сабийхэри дэIэпыкъуэгъу зэрыхъуным пылът, я адэмрэ я адэ къуэшхэмрэ шхын нэхъыбэ ялъэIэсын папщIэ.
Гусмэн сыт хуэдизрэ и къуэшым хуэзэну хущIэкъуами, ар къехъулIакъым, фронтым ахэр щызэIущIакъым. Украинэ лъэныкъуэмкIэ Алий щыщызауэм, зы къуажэм адрей кIэлъыкIуэу хуит къащIыжурэ Гусмэн Берлин нэсащ. И пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху зауэм хэта щIалэм къыхуагъэфэща дамыгъэхэм ящыщщ «Хэку зауэ» орденым и япэ нагъыщэр.
Билал зэуапIэ губгъуэм къинащ, теухуауэ и унагъуэм зы хъыбари къыIэрымыхьауэ. Псэуху абы пэплъащ и анэр, и къуэш-шыпхъухэм ящыщу зы цIыхум и жьэ къекIуакъым ар лIауэ жаIэну. Зы телъыджэ гуэрым щыгугъырт псори. ЛъыхъуакIуэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, 2016 гъэращ Бейтыгъуэн Билал Хьисэ и къуэм и кIуэдыкIэр сэтей къыщыхъуар. Абы ирихьэлIэу и анэкъилъхуу зыри псэужтэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, 1941 гъэм екIуэкIа ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым лIыгъэ зэрихьэу щыхэкIуэдат ар. ЩаукIа урысей къуажэ цIыкIум щыщIалъхьэжащ, совет сэлэт куэдым я гъусэу.
ЦIыху дапщэ апхуэдэу иджыри щыIэ зи кхъащхьэ къамыгъуэтыжауэ, зи кIуэдыкIэ хъуар ямыщIэу? ЩIэблэ куэд къытщIэхъуэнущ иджыри лIыгъэ зезыхьэу, зи Хэку къыщхьэщыжу кIуэдахэр къэгъуэтыжыным хуэлэжьэн хуейуэ. Илъэс 19 фIэкIа мыхъуу, зи лъахэр зыхъумэжыну Iэщэр къэзыщта, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща, ауэ ди къэралым и ТекIуэныгъэ Иныр зымылъэгъуа Билал хуэдэхэм я цIэ-унэцIэр щIэх-щIэхыурэ газет, журнал напэкIуэцIхэм къытехуэн хуейщ. И цIэр зытетыпхъэри и благъэхэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ къуажэкхъэм щыхуагъэува сыным и закъуэкъым, атIэ къалэ жыг хадэ цIыкIухэмрэ утхэмрэ ирагъэувэ фэеплъхэми тратхапхъэщ. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм я лIыгъэращ зи пащIэ-жьакIэ зэщIэмыхьа щIалэ цIынэ куэдыкIей тIэщIэзыха Хэку зауэшхуэм и тхыдэр джыным зезымыгъэлIалIэ щIэблэм щапхъэ зытрахын хуейр.
Украинэм и гъунапкъэм нэс нэмыцэхэр ихужауэ, зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым Алий уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ, Днепр псым нэс зи гъусэу кIуа и ныбжьэгъу пэжыр илъагъуу хэкIуэдащ. Псэууэ къэна сэлэтхэр гъэр хъуат. Ауэ гужьеяуэ щIэпхъуэж хьэкIэкхъуэкIэхэм ахэр куэдрэ яIыгъыну къахуихуакъым: нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр абыхэм я лъэмбым иту зыху севетыдзэм гъэр хъуауэ яукIыну зыхунэмысахэр щхьэхуит къащIыжащ. Абыхэм Алии яхэтт. ШыщхьэуIу мазэм къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэ хъуху ар госпиталым щIэлъащ. ИужькIи нэгъуэщI сымаджэщхэми и узыншагъэр щызэтрагъэувэжауэ, и сабийхэм я деж къагъэкIуэжащ ныкъуэдыкъуагъэ зэриIэм, адэкIэ зэрымызэуэфынум къыхэкIыу.
Алий лейуэ пхутепсэлъыхьынутэкъым зауэм, ауэ жиIэ мащIэм щыщт щхьэхуит къэзыщIыжа зауэлIхэм хуабжьу зэрыхуэарэзыр. ПсэухукIэ къыхамыхыжауэ абы и Iэпкълъэпкъым хэлъат шэ къэуэжхэм я дзакIэ. Сыт хуэдизу уIэгъэхэм зыкърагъащIэми, абыхэм Алий пIэм яхухэубыдакъым. Колхозым щылэжьащ. Иджы абы ищIэрт Iэщэхэм хуэдэ дыдэу, фронтым Iутхэр шхынкIи зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейр. Арат шэмэджрэ фIанэрэ къищтауэ, зыщымысхьыжу щIэлажьэр.
Зауэм и хьэзаб псори илъэгъуауэ, лIыгъэ зэрихьэу илъэсиплI гъуэгуанэри зэпичауэ и адэжь лъапсэм къигъэзэжащ Гусмэни.
Къэралышхуэр зылI и быну зэдэтэджу, зэрыпхъуакIуэхэр ди лъахэм изыхужахэм апхуэдиз хьэзаб щIашэчар дэ мамыру дыпсэун папщIэщи, а лIыхъужьхэр зэрыуахътыншэр къыдгурыIуэу, я фэеплъхэм дыхуэсакъыу дыпсэун хуейуэ къызолъытэ.
Бейтыгъуэн ХьэIишэт.
