13 мая, 2026 - 11:55
БДЗЭЖЬЕЯЩЭМРЭ БДЗЭЖЬЕЙМРЭ
Бдзэжьеящэм бдзэжьей къиубыдати, модрейр къэлъэIуащ: «СыутIыпщыж, бдзэжьеящэ, плъагъуркъэ, сэ иджыри сыцIыкIущ: мащIэщ сэ фейдэуэ къыспыпхынур. СыбутIыпщыжмэ, сэ нэхъ ин сыхъуа нэужь сыкъэбубыдынщи – абы уи фейдэ нэхъыби къыпхухэкIынщ».
Бдзэжьеящэм: «IэщIэлъыр зыутIыпщу фейдэ нэхъыбэ къызыпыкIын лъыхъуэр делэщ. Сэ делафэ къызуплъу ара?» – жиIэри, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыурэ бдзэжьейр и чыпылъэм фIидзащ.
Адыгэми жеIэ: «Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ, нобэрей бзу», «Куэдым ущыгугъыу мащIэм зыхыумыгъэн».
АСЛЪЭНЫР, МЫЩЭР, БАЖЭР
Аслъэнымрэ мыщэмрэ пшэрыхь къащэкIуащ. КъащэкIуар мащIэу къащыхъужа, сытми, ягуэшыжу, куэд-мащIэми, IэфIу зэдашхыжыным и пIэкIэ, зыр зым къыIэщIитхъыу щхьэж езым и закъуэу ишхыжын и гугъэу, зэныкъуэкъуу, зэзауэу щIадзащ. Куэдрэ зэныкъуэкъуа, мащIэрэ зэрыфыщIа? Ешахэщ. Бажэм, Iуэхур къызэрекIуэкIар илъэгъуати, зыри ялъэмыкIыжу гу щылъитэм, я кум дыхьэщ, пшэрыхьыр къипхъуатэри – макIуэ-мэлъей! – бгъуэтмэ, къащтэ.
Хъуэрым зэгурымыIуэ здэщыIэм къыщыхъур къыуиIуэкIыу аращ.
«Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх», – адыгэ псалъэжьри мыбдеж къыщозэгъ.
БАЖЭ КIЭ КЪУАГУЭ
Бажэр къапхъэным щиубыдым, гужьеигъуэр телъу, и кIэр пишхыкIыжри, ажалым къыIэщIэкIащ. И кIэ бырыб дахэшхуэр щыфIэкIуэдым, къыщыщIа щIэщхъур зэрынапэтехыр, апхуэдэу упсэу зэрымыхъунур къыгурыIуэжри, мэзым бажэу щIэсу хъуар хасэ ищIащ. Аращ-мыращ, ди кIэхэр дахэкъым, зэран хъу фIэкIа, сэбэп лъэпкъ къытхуэхъуркъым, псоми фи кIэхэр пывудыж, жиIэри яхэпсэлъыхьащ. Зы бажэ хасэм псалъэ къаIихри: «Уэ, ди шыпхъу, а уи кIэр пытыжауэ щытамэ, апхуэдэ чэнджэщ мыщхьэпэ къыдэптынтэкъым», – щыжиIэм, адрейхэми къэпсэлъам жиIар даIыгъащ икIи бажэ кIэ къуагуэм ефийхэри зэбгрыкIыжащ.
ЦIыху щыIэщ езым и фейдэ фIэкIа зыхэмылъ Iуэхур нэгъуэщIхэми яригъэщIэну, мыл цIэнтхъуэрыгъуэм тригъэхьэну чэнджэщ яриту. Аращ хъуэрым къыуиIуэкIыр.
АСЛЪЭНЫБЗЫМРЭ БАЖЭМРЭ
Бажэм аслъэныбзым ириудэкIырт, даIимауэ зы шырщ къыпщIэхъуэр, жиIэу. Аслъэныбзым: «Зыщ, ауэ ар аслъэнщ!» – жиIащ пагэу.
Хъуэрым къыуеIуэкI: лъапIагъэр къызэрапщытэр куэдагъыракъым – фIагъырщ.
БАЖЭМРЭ АСЛЪЭНЫМРЭ
Аслъэныр и жьы хъугъуэм щэкIуэжыфыртэкъыми, бзаджагъэм хуекIуащ: бгъуэнщIагъым щIыхьэри, сымаджэ нэпцI зищIащ. ЩIэупщIакIуэ къыхуэкIуэу бгъуэнщIагъым къыщIыхьэ хьэкIэкхъуэкIэр иригъэмэрэкIуэхыурэ апхуэдэу зигъэтхъэжырт. Бажэр езыр бзаджэкъэ, аслъэным и хьилагъэм гу лъитэри, бгъуэнщIагъым щIэмыхьэу, щIыхьэпIэм деж къэуври щIэупщIащ: «ТIэкIу унэхъыфI, сыт ухуэдэ, зи щIыхьыр ин?» – жери. Аслъэным, щэIу нэпцI зищIу, ерагъыу къыдришеящ: «ЩIагъуэкъым, Цыплъ… Си махуитI зэхуэдэкъым… Плъагъуркъэ си Iуэхур зыхуэкIуар: инуи сыпсэлъэжыфыркъым… Си къарур щIумыгъэкIыпэу, къыщIыхьэ… Абдеж щхьэ ущыт, укъыщIэмыхьэу?»
«СыныщыщIэмыхьэр, зи щIыхьыр ин, – жиIащ бажэм, и кIэр игъэхьэнцэранцэу, – шэч гуэрхэр сощIри аращ… Уи деж къыхуэкIуэ лъакъуапIэ куэд солъагъу, ауэ къэзыгъэзэжа лъэужь яхэткъым…»
Апхуэдэхэм деж адыгэм жеIэ: «Уэ убзаджэмэ, сэ сынэхъ бзаджэжщ: уэ ущыкIуэм, сэ сыкъэкIуэжт».
Хьэту Пётр.
