26 мая, 2026 - 09:00
Ныбаблэр напэтехщ
Адыгэр ныбаблэу зэи щытакъым, ауэ иджы мыпхуэдэхэри щыIэщ.
ЩIалищыр зэрихьэлIауэ зэдэщысщ. Зыр мыувыIэу машхэ, адрей тIур мэгузавэ, зыри къигъэнэнукъым жаIэри. КъэувыIэ зэримыIэр щилъагъум, зым, мыхъуми псэлъэху дэри дышхэнщ гурылъыр иIэу, жреIэ:
- КхъыIэ, Хьэбил, армэм узэрыщыIар къыджеIэж.
- Сыт жысIэн, кхъухьлъатэкIэ сахьащ, кхъухьлъатэкIэ сыкъахьыжащ, - и шхэнри зэпимыгъэууэ ар къепсэлъри, ерыскъым щыщу къэна мащIэри и тепщэчым ирелъхьэ.
ГъэунэхупIэ
ЦIыху мымащIэ щылажьэ лъэщапIэр щэху хъуат. ЛэжьакIуэхэр зэбгрыкIыжауэ, пэIущIэм деж щызэхэт унафэщIымрэ и къуэдзэхэмрэ Нусэ къахыхьащ. Зи ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта цIыхубзым пэшхэр зэщIикъуэрт, чэщей щыкъуу зэрихьэрт. Нанэ гумызагъэр псоми фIыуэ ялъагъурт.
ЩIалэхэм языр къэпсалъэри: «Нусэ, уэ пхуэдэ нанэ зи унэ щIэсым сыту я насып», - жиIащ. «Фи щхьэгъусэхэри нэхыфIыжу къыщIэкIынщ, ауэ, хэт ейр сыт хуэдэу щытми, иджыпсту, хуит сыкъэфщIмэ, вжесIэнщ», - къыпыгуфIыкIыурэ жеIэ нанэ гушыIэрейм.
ЩIалэхэр зэуэ жан къэхъури: «Дыарэзыщ, Нусэ», - зыжьэу зэдэпсэлъащ. СыткIи дзыхь зыхуащI, чыржын пщтыррэ адыгэ къуейрэ сытым дежи къахуэзыхьу зыгъатхъэ Нусэ, абыхэм анэм хуэдэу ялъагъурт.
Ар жьантIэмкIэ дыхьащ, телефоныр трихри екIэпсэуащ. Япэ здеуар тхьэмадэм и унэгуащэм дежт. «Нухь сыхуейт, - хъыджэбз макъ зещIри йопсалъэ, зызэримыгъафIэ къигъанэркъым. - Нобэ сыхьэтыр тхум дызэхуэзэн хуеяти, къэкIуакъым».
Апхуэдэурэ щIалищми я щхьэгъусэхэм епсэлъащ. Ещанэу здекIэпсэуар инженер нэхъыжьым и унэгуащэм дежт. Псалъэмакъым гупсэхуу къедэIуа нэужь: «Си щхьэгъусэм зэи цIыху къигъапцIэркъым. Тэмэму фызэгурыIуамэ, нэкIуэнщ, ежьэ», - къыжриIащ.
Мыдрей тIум я щхьэгъусэхэр зэман дэмыкIыу мафIэр къапылъэлъу, я нэхэм уафэхъуэпскIыр къыщIихыу къэсащ. Езы щIалэ дыдэхэм я пщIыхьэпIэ къыхэхуатэкъым апхуэдэ щытыкIэ гугъум ахэр ихуэну…
«Мурид (инженерырат), уи насыпщ, акъыл иIэщ уи щхьэгъусэм. Аращ щхьэм гъусэ екIу дыщIыгъумэ, фIыгъуэщ щIыжаIэр. Упсэуху тыншу дунейм утетынущ», - щIалэхэм захуегъазэ Нусэ етIуанэ махуэм. - Ауэ фэ тIум си гур нэхъ фщIэгъуащ».
ЩIалэхэр укIытэри, я щхьэр Iуахащ. Щхьэж и IэнатIэм пэрыувэжащ лэжьэну, ауэ я гум щыщIэр я нэгум къищырт абыхэм.
Иужьрей Iуплъэгъуэ
Пшапэр зэхэуат. Уэшхыр къежэхырт.
Къэрэкъурэ мафIэр хуэмурэ ужьыхыжырт. Уэздыгъэ нэфым пэшыр мащIэу къигъэнэхурт. Анэр гузавэу нанухэм яхэплъэрт. Пщащэ нэхъыжь цIыкIум нэхъыщIэхэм мэжаджэ хуабэр яхуиупщIатэрт. НэхъыщIэхэр Iэнэ хъурейм бгъэдэст, я пащхьэм ит хьэнтхъупс фалъэ зырызым иджыри емыIусахэу. Ахэр анэм еплъырт. Абы ялъагъурт ар зыгуэрым щхьэкIэ хуабжьу зэрыгузавэр. И Iэ гъур цIыкIухэмкIэ дэтхэнэми и щхьэфэм анэр псалъэншэу телъэщIыхьырт.
Хъыджэбз нэхъыжьым мэжаджэр Iэнэм яхутригъэуващ, езыр и анэм бгъурытIысхьащ.
- Быбэ, умыгузавэ, Дотэ къэсыжыну хъунщ куэд мыщIэу.
Анэр гумащIэу еплъащ балигъым хуэдэу къепсалъэ и пхъум.
Жэщыр хэкIуэтат. Нанухэр жеижат. Iэсият и анэм бгъурысу щыст. Абы къыгурыIуэрт псори. Анэм и щхьэм хужиIэжу къепсэлъ: «Дауэ къэтщIа хъуну Дотэ здэщыIэр?»
Уэздыгъэ нэфым абы и ныбжьыр ину блынджабэм кIэредзэ, пэш кIуэцIыр къызэхикIухьу, ныбжьми зеубгъу.
- Быбэ, сэ сехынщи сыплъэнщ къуажэ утыкум деж щыт унэм. Къызэджэ псори абы яшэ.
- Ушынэнкъэ?
- Хьэуэ, умыгузавэ.
И анэм и цыхъар IэлъэщIыр зришэкIри, унэм щIэжащ. Жэщыр кIыфIт. Уи нэм къыщIэIэбэр плъагъуртэкъым. Псыр къыпыжу, жэрыгъэ защIэкIэ ежэхащ Iэсият а унэжьыр здэщыт къуажэкум нэс. Нэху мащIэ къызыдидз щхьэгъубжэм щэхуу Iухьэри дэплъащ.
Зы лIы лъагэ, и закъуэу, и Iэхэр и щIыбымкIэ щызэрыдзауэ, къикIукI-никIукIыу утыкум итт. Iэсият къицIыхуащ и адэр. ГуфIэри, щхьэгъубжэм гъунэгъу зыхуищIащ. ТеуIуэу къигъэплъэну игу къэкIат, ауэ зыгуэрым дызэхихмэ, жиIэри тегушхуэжакъым. Адэм гупсысэ куу зэриIэр и нэгум къищырт, мыувыIэу пэш куэцIыр къызэхикIухьырт.
Iэсият тIэкIурэ еплъу щыта нэужь, щэхуу къыIукIыжри, жэрыгъэкIэ къыдэкIуеижащ.
Анэр къежьэу уэрамыпэм тетт.
ЕтIуанэ махуэми къэкIуэжакъым Дотэ. Жэщым аргуэру ехащ Iэсият. Унэжьым и щхьэгъубжэр кIыфIт. Зыри щIэсыжтэкъым. ИхъуреягъкIи щымт.
Гузавэу къыдэкIуеижащ, анэри къызэрежьэм хуэдэт.
Зэман дэкIыу, и адэр дашу зэраукIар къищIа нэужь, Iэсият, и адэм тепсэлъыхьыху, сытым дежи и гум къеуэу жиIэрт, Дотэ еджэу къызэримыгъэплъам нэхъ щыуагъэ и гъащIэ псом имыщIауэ.
«Зыгуэр, зэи къыджимыIэфа гуэр, и гущIэм щигъэпщкIуауэ кърихьэкIа гуэр къысхуиIуэтэнуми сщIэртэкъым», - Iэсият псэуху и гугъу ищIыжащ и адэм…
ИужькIэ, лажьэншэу зэрагъэкIуэдар зэрыт тхылъымпIэр, адрейхэми хуэдэу, унагъуэм къратыжащ…
Быным я быныжым нчвдым и дэфтэр хъумапIэм лъэIукIэ къыхихыжа тхыгъэхэм зэритымкIэ, Iэсият щилъагъужа жэщ дыдэм нэху къемыкIыу яукIат.
Нэмыс зыхэлъыр дахэщ
IуэхущIапIэм къыщIэкIыж лIыжьыр пэIущIэм щыс цIыхубзым хуабжьу дахэу ехъуэхъуащ. ЩIыхьэну абдеж щыс адыгэ щIалэщIэр лIыжьыр къыщилъагъум къыщылъэтащ, и псалъэр иухыу щIэкIыжыху зэфIэту щытащ. Сыту гуапэ икIи дахэ апхуэдэ нэхъыжьым и псалъэ Iущ зэхэпхыну, нэмыс хуэзыщI щIали плъагъуну.
Афэрым, си дэлъху цIыкIу, хэт укъилъхуами, цIыху нэсу уигъэсащ. Лъэпкъыу дунейм тетхэм ящыщу зи анэбзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ япэ дыдэ иту зи быным езыгъащIэр шэшэнхэмрэ ермэлыхэмрэщ.
Зи анэбзэр зыгъэпэж, зи хабзэр зыщIэ лъэпкъыр дэнэ щыпсэуми, хэшыпсыхьыжынукъым. Мы лъэпкъхэм я лъыр гуащIэщ. Гуауэщ, дэ ахэр къыттекIуащ абыкIэ.
Мэл кIапэ пшэрыр къэубыдыгъуафIэтэкъым
ЩIалэжь гуп, ди нэгу зедгъэужьынщ жаIэри, ежьащ мэз лъапэм кIуэну.
Зым гупсынщIэ иIэти, гъуэмылэ тIэкIу иралъхьащ, езыхэри итIысхьэри гъуэгу техьащ. Къуажэми дэкIауэ, мэл гуартэшхуэ гъуэгум тету ирохьэлIэ.
Зым жеIэ:
- Мы мэл бэгъуам щыщ зы къэдвгъэубыд, зыми гу лъитэнукъым. Мэз лъапэм деж щыдгъэжьэнщ, мэл кIапэ пшэркIэ зыдгъэтхъэжынщ.
Тогушхуэхэри, икIэмкIэ исхэр къолъэт гупсынщIэми, нэхъ ин дыдэу хэтыр мэл гуартэм и бгъумкIэ щытырати, къапхъуатэри езыхэр зэрыс лъэныкъуэмкIэ кърадзэ. ГупсынщIэр щIопхъуэ, гъуэгум дедзыхри, мэзымкIэ еунэтI. Мэлыхъуэ нэхъыжьым, шууэ япэ иту кIуэм, абыхэм гу ялъитэри, къызэплъэкIащ, ауэ зигъэхъеякъым. И къэубыдыным дакъикъэ бжыгъэ фIэкIа зытемыкIуэда «мэлым» и щхьэр къиIэтмэ, зэрамыщIэжу мэлыхъуэхьэ гъуэжьышхуэт…
АдэкIэ къэхъуар гукъутэт. Мэл кIапэ пшэр зышхыну гурылъ зыщIахэм, езыхэм я кIапэр пышхыкIауэ мэлыхъуэм къаIэщIихыжащ хьэм. Адыгэ мэлыхъуэхьэхэр зэщхькъым. Мэлым хуэдэу гъуэжьи яхэтщ.
Мэл гуартэ фыхуэзэмэ, фысакъыурэ фыблэкI.
Багъ Марьям.
