2 июня, 2026 - 09:00
Льэпкъхэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэуи, я къафэхэри, я къэфэкIэхэри зэхуэдэкъым. Къафэхэм къагъэлъэгъуэф лъэпкъым и дуней тетыкIэр, еплъыкIэр.
Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ахэр лъэпкъым, лъэхъэнэ дапщэ зэпимычами, и къекIуэкIыкIар къэзыгъэлъагъуэщ. Адыгэ къафэхэм я ныбжькIэ илъэс мин бжыгъэ зэпачащ, нобэр къыздэсым дызэрыгушхуэ нарт хъыбарыжьхэм, пшыналъэхэм, уэрэдыжьхэм къадэгъуэгурыкIуэурэ ди деж къэсащ. ЦIыхуитI я къэфэкIэ зэтехуэу щыIэкъым. ЩIалэр къэфэну утыку къыщихьэкIэ и къарури, и псэри абы хилъхьэн хуейщ, зэрыадыгэр щымыгъупщэу, Iэдэбагъ хэлъу, къызыдэфэ пщащэми джэгум хэт псоми я пщIэри имыгъэпуду.
Абы къигъафэ пщащэм пщIэ хуимыщIыныр емыкIушхуэщ, и жагъуэ ищIыныр ямыгъэгъу къуаншагъэщи, хуэсакъыпхъэщ. Пщащэр джэгум зипIыт-зихузу щымыту, ауэ и Iэдэбыр дахэу хэтыпхъэщ. Ину псалъэу, дыхьэшхыкIейуэ, щIыкIейуэ щытыныр пудыгъэщ, гуемыIущ. Джэгум деж пщащэмрэ щIалэмрэ куэдыIуэрэ къызэдэфэнри екIуркъым. Апхуэдэр нэмыплъ мыхъужыным хуэсакъыпхъэщ. КъыщыфэкIэ пщащэр сыт щыгъуи хуитщ нэхъапэу утыкум икIыжыну. Бзылъхугъэр нэхъ гуащIэмащIэщи, абы щхьэкIэ зыми емыкIу хуищI хъунукъым.
Адыгэр къыщыфэкIэ и пкъыр гъэжауэ иIыгъыу, и лъакъуэхэр псынщIэу лажьэу, щIалэм и Iэхэр бгъэ дамэу зэрихьэу, пщащэм и Iэхэр щабэу къыдэхъуу щытыпхъэщ. Пасэм щыгъуэ, къыщыфэкIэ япкъхэр мысысын папщIэ, псы зэрыт шынакъ я щхьэм трагъэувэурэ ар ирамыкIуту къэфэфу ягъасэрт. Уи пкъыр бгъэхъей, хэптIэ-хэпсэу укъафэ щыхъур ислъэмейм дежщ. Ауэ къафэ зэхуэкIуэм ар къезэгъыркъым, щIалэр лъапэкIэ уву къафэми, къызэдэфитIыр тIэкIу зэхуэнэщхъыфIэми мэхъу, ауэ я дзэлыфэ ятIыркъым, нэрэ-нэгурэкIэ зэщогуфIыкI, щIалэр, бгъэуэ, мэхуарзэ, пщащэр, псым тес къыууэ, блосыкI.
КIахэмкIэ ноби джэгур езыгъэкIуэкIыр хьэтиякIуэращ, апхуэдэ ямыIэу зэи джэгу зэхашэркъым. КIахэ адыгэхэм я къафэри нэхъ псынщIэщ, ислъэмейм къызэрыкIэрыху щымыIэу, абы зэреджэр «зыгъэлъатэщ», «лъапэщIэси» къащI Къэбэрдеймрэ ИнжыджымкIэ щымыIэжу. ХьэтиякIуэм къигъэфэнухэр къыщыдишкIэ Iэмал имыIэу я цIэхэр къреIуэ, псалъэ гуапи щIыгъуу: «Ашэхэ я щIалэу Сосрыкъуэ, Уи лъапэ гьэджэгу. Уи лъэгу дыщIэгьаплъэ!» – жыхуиIэм хуэдэхэурэ. Хабзэу щыIащ, иджыри къокIуэкI къафэу тет нэхъыжьыр къэщэхужыныр. Джэгум хэт дэтхэнэми ар ищIэну хуитщ. Къафэхэр къыщащэхужкIэ мардэ гъэувауэ щыткъым, щхьэж хузэфIэкIыр бзылъхугъэм и IэлъэщIым е щIалэм и пыIэм далъхьэ хабзэщ. Ахъшэр зыхуагъэфащэм сыт ирищIэнуми хуитщ, ауэ нэхъыбэм ар пшынауэхэм ират. Япэм, джэгур здекIуэкI утыкум и гъунэм матэ цIыкIу тету Iэнэ къагъэувырти, абы ирадзэу щытащ. ИужькIэ ар джэгуакIуэмрэ къамылапщэ-пшынауэ-пхъэцIычауэхэм зэхуагуэшыжырт.
Дяпэ итахэм къытхуагъэнащ: «Джэгур къафэкIэ щIедзэри, уджкIэ еух», – жаIэу. Сыт хуэдэ джэгуми и кIэр уджу щытын хуейщ. Ар апхуэдэу щIагъэпсар пасэм щыгъуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIапIэр джэгурат. Джэгум деж, удж закъуэр мыхъумэ, нэгъуэщI къафэхэм щIалэр утыкум къриша пщащэм IэпэкIэ еIусэну хуиттэкъым. Гу лъагъуэ зэхуэзыщIа ныбжьыщIэхэм псалъэ гуэр зэпадзынымкIэ уджыр Iэмал хъарзынэт. Зи Iэблэ зэрыдзауэ къафэ, хуэм-хуэмурэ екIуэкI ныбжьыщIэхэм Iэдэб яхэлъу, гу зылърамыгъэтащэу зэпсалъэми хъурти, арат уджыр фIы дыдэу щIалъагъур. Уеблэмэ ар джэгур екIуэкIыху зыбжанэрэ щащIи къохъу...
Адыгэ къафэхэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, ауэ нобэкIэ джэгухэм щагъэзащIэу къэнахэр мащIэ дыдэщ: къафэ, ислъэмей, зыгъэлъатэ, лъапэщIэсэ, удж. Еджагъэшхуэхэм, къэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, адыгэ къафэхэм яхэтщ илъэс мин бжыгъэ зи ныбжьхэр. Абыхэм ящыщщ уджри. Уджыр ягъэзащ1эу щытащ нартхэми. УджыкIэхэри зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ хъурт.
