8 июня, 2026 - 09:15
Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ. СтоматологиемкIэ, жьэпхъэбгъумрэ нэкIумкIэ хирургием и институтым егъэджакIуэу, «Симед» клиникэм ортопед-гнатологыу щолажьэ. Залинэ IэщIагъэм езым къыхихауэ жыпIэ хъунущ. Абы щыхьэт тохъуэ медицинэм, щIэныгъэм, щIэблэр егъэджэным теухуа и гупсысэхэр…
- Залинэ, узэрыцIыкIурэ уехъуапсэрэт дохутыр ухъуну?
- Школым сыщыщIэсым сщIэрт, ар къэзухмэ, дохутыру сызэреджэнур. Дзэм елэжьыныр къыщIыхэсхами щхьэусыгъуэ иIэщ. 7-8-нэ классхэм сыщеджэу, махуэ гуэрым си дзэр къызэузырти, си анэм дохутырым и деж сишащ. Егъэлеяуэ игъэузат си дзэм къеплъам. Апхуэдизу сигъэгуауэщхьэуати, къеплъа мыхъумэ, езмыгъэIэзэу сыкъыщIэкIыжат. Абы иужькIэ, нэгъуэщI дохутыр и деж сашащ. Къызэреплъаи, зэрелэжьаи къэзмыщIэу къеIэзат си дзэ узым. А дохутырыр зэрыIэпэ щабэм апхуэдизу сигъэтыншати, дзэ дохутыр сыхъуну си гум ислъхьауэ сыкъыщIэкIыжат сымаджэщым.
Университетым сыщIэтIысхьа нэужь, кIуэ пэтми щIэныгъэм сыдихьэхыу, еджэным сызыIэпишэу згъэкIуащ студентыгъуэр. Дыщеджэм практикэ дагъэкIуащ мызэ-мытIэу. Япэ дыдэу сабийхэм я дзэм зэрелэжьым дыкIэлъагъэплъати, къызгурыIуащ, сабий дохутыр сызэрымыхъунур.
Стомотологиер езыр Iыхьэ куэду зэщхьэщокIыж: дзэр Iулъхьэныр (ортопедие), дзэр дыжыныр (терапевт), сабий, балигъ дзэ дохутыр, дзэр захуэ щIыжыныр (ортодонт), хирургиер. Ахэр псори сфIэфIу щызджащ университетым, ауэ срилэжьэну сыхуейуэ къахэсхар ортопедиерщ. Къэзухри, ординатурэм ортопедием сыщыхуеджащ. ИлъэситкIэ практикэ сыщыIащ, конференцэхэм сыкIуащ.
- Ортопедием студентхэр хубогъаджэ…
- Ординатурэм практикэ сыщыIэт. Сезыгъэджар телефонкIэ къызэпсэлъащ, «IэнатIэ гуэр щыIэщ, уэ улэжьэфынущи, къакIуэ», жиIэри. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сыщеджам щезгъэджэну згъэзэжащ. СтоматологиемкIэ, жьэпхъэбгъумрэ нэкIумкIэ хирургием и интститутым студентхэр ортопедием щыхузогъаджэ.
ИкIи дохутыру улажьэу икIи а IэщIагъэмкIэ уегъэджакIуэмэ, лэжьыгъэр егъэлеяуэ щIэщыгъуэ зэрыхъум къыдэкIуэу, зы IэнатIэр адрейм сэбэп хуэхъужурэ, уи щIэныгъэм нэхъри къыхохъуэ. АпщIондэхункIи цIыхухэм сэбэп уахуэхъуну Iэмал нэхъыбэ къызыкъубохыф. Ди институтым щIэныгъэ къэпщытэныгъэ куэд щыдогъэкIуэкI. Илъэс зыбжанэ ипэ, студентхэр ди гъусэу дыхыхьащ проектхэр гъэхьэзырынымкIэ федеральнэ программэм (ФИПС). КIэух зэпеуэм дыкIуэцIрыкIат си студентымрэ сэрэ. Дзэм хаIуантIэ имплантыр лъапIэщ мы зэманым, цIыхуу хъуам зэхуэдэу Iэмал яIэкъым ар храгъэIуэнтIэну. Арати, дэ къэдгупсысащ «имплантант» жыхуиIэр. Ар имплантым нэхърэ куэдкIэ нэхъ пудынут, ебгъэщIынми сом мин зыбжанэ текIуэдэну арат. Ди лэжьыгъэм къыщытхъуащ зэпеуэр къэзыпщытахэр. Ауэ, зэпеуэм и кIэух Iыхьэм дынэса пэтми, ди проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ауэ ар къызэбгъэпэщыныр егъэлеяуэ гугъу зэрыхъунур жаIэри, ахъшэ саугъэтыр къэзыхьахэм дахэхуакъым.
- Дзэм теухуауэ цIыхухэр нэхъыбэрэ зыгъэгузавэр сыт?
- Дзэм дищIэ мывэр «минерелизацэ» жыхуэтIэм пхокIри, егъэлеяуэ быдэ мэхъу. Мис абы дзэр ишхыу щIедзэри, Iисраф ещI. Дзэр гъуанэ хъуа нэужь, псы щIыIэ уефэми, IэфIыкIэ пшхыми, уегъэгуауэщхьэуэ, псантхуэм лъэIэсурэ. Мис ар хэбгъэтIасэмэ, умыдыжыфын хуэдиз мэхъури, дзэр Iупчын нэмыщI Iэмал щыIэжкъым. Дзэр гъэкъэбзэным цIыхухэр егугъуну яжесIэнт.
- Ортопедием нэмыщI гнатологиеми епхащ уи лэжьыгъэр…
- Ортопедиер зыкъомкIэ къахутащ, абы къуит Iэмалхэр куэдщ. Нэхъ гугъур гнатологиерщ. ЦIыхум и жьэпкъыр щIыщIэпкIэм и щхьэусыгъуэхэр зыхуэдэр къэхутэным нэхъ епхащ ар. АтIэ а гнатологиер апхуэдизкIэ гугъущ, куущ, джын хуейуэ куэд хэтщи, иджыри къэхутэн хуейхэр и мащIэкъым.
- Дохутыр IэщIагъэм къалэн гугъухэр къыпщещI. Ахэм нэхъыщхьэу къахэбгъэщхьэхукIIарэ?
- Дохутыр IэщIагъэр къыщыхэпхам деж ахъшэ къэлэжьыным уегупсысыныр япэ ищынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди институтым и унафэщI Мустафаев Магомед зэпымыууэ къыджеIэ: «Фэрэ дэрэ дыдохутырщ. Дэ Iуэхутхьэбзэ яхуэтщIэу аракъым цIыхухэм – тыкуэн дыщIэткъым хьэпшып тщэуэ – хьэуэ. Дэ ди къалэныр цIыхум сэбэп дахуэхъунырщ». Дызэрыстудентрэ Мустафаев Магомед философие гупсысэ куухэм дыщIегъэдэIу, сэ ахэр псори сфIэфIу зыхызолъхьэри, къызогъэсэбэп. ИпэжыпIэкIэ, «мис мыр къысхуэщIэ» жиIэу зы Iуэхугъуэ къыбжезыIэ сымаджэм а жиIэр армырауэ къыщIэкIынкIэ хъунущ узэIэзэн хуейр. Аращи, цIыхум къеузыр набдзэгубдзаплъэу къэпхутэн хуейщ, япэрауэ.
- ЩIэныгъэ IуэхукIэ Германием ущыIащ, сызэрыщыгъуазэмкIэ…
- Германием сыщыIащ къупщхьэ узым елэжьыным епха «оксиограф» жыхуиIэ медицинэ Iэмэпсымэм и IуэхукIэ. Абы зыщызгъэгъуэзащ, и пIалъэр зэзгъэщIащ. Дэ диIэщ оксиограф. Кавказ Ищхъэрэ псом къокIри, ди институтым къокIуэ а медицинэ IэмэпсымэмкIэ дызрагъэплъын папщIэ. Жьэпкъыр щыщIэпкIым деж, абы щхьэусыгъуэ хуэхъункIэ хъунухэр а Iэмэпсымэм дегъэлъагъу. Абы тIэкIу ещхьу щыIэщ Москва щыщ щIэныгъэлI-ортопед Рощиным къигупсысауэ. Абыи дуней псом щролажьэ дохутырхэр. Дэри ар институтым къыщыдогъэсэбэп. Ауэ абы урилэжьэну нэхъ гугъущ, сыту жыпIэмэ, къигъэлъэгъуам езы дохутырыр къеджэжу зэпкърихыжын хуейщ. Германием я Iэмэпсымэр нэхъ къэгъэсэбэпыгъуафIэщ, студентхэм я дежкIэ нэхъ тынщ. БжыгъэхэмкIэ узым и щхьэусыгъуэр езым къегъэлъагъуэ, ущыуэнкIи хъунукъым укъыщеджэжкIи. Къапщтэмэ, ди зэманым дунейр куэдкIэ тещIыхьа хъуащ бжыгъэ щIэныгъэм. Сэ илъэситху ипэ еджапIэр къэзухамэ, иджы сызэрылажьэр а сызэджам къызыхуэтыншэу техуэжыркъым. Сыту жыпIэмэ, медицинэ щIэныгъэм псынщIэу зеужь, щIэ къыхохьэ. Ди институтым щыIэщ бжыгъэхэм тет стоматологием хухэха пэшышхуэ. Абы щыхудогъаджэ зи гугъу сщIа гнатологиеми.
- IэщIагъэм епха уи мурадхэр сыт хуэдэ, Залинэ?
- ЩIэныгъэм кIэи ухи зэримыIэр къызгуроIуэри, сызыхуэарэзыжкъым – адэкIи къэсщIэнIауэ, зыгуэрым зыхуэзгъэсэну сыхущIокъу. «СыткIэ цIыхухэм сэбэп сахуэхъуну, сыт хуэдэ IэмалкIэ сащхьэпэфыну я узыншагъэр ефIэкIуэным» жысIэу согупсыс зэпымыууэ. Аращи, щIэныгъэлIхэм ятхым соджэ, я зэхуэсхэм сыхэтщ.
