19 апреля, 2022 - 11:55
* * *
Дыгъэр лыдыжу къыкъуэкIа нэужь уафэм ит вагъуэхэр плъагъужыркъым, ауэ псыкъуий куум укъиплъмэ, (дэплъыпIэр тIэкIу кIыфI хуэдэу мэхъури), а вагъуэхэр уолъагъур (сэ а вагъуэхэр слъагъун щхьэкIэ сыщыцIыкIум ди унэм и гъунэгъуу щыта псыкъуиижьым куэдрэ сехыу щытащ, псыр игъущыкIыжу мывэкIэщхъ иратхъуэжыху) икIи ахэр махуэм уафэм зэримыкIуэдыкIыр къыбгуроIуэ, дунейм и телъыджагъри зыхыбощIэ. Искусствэм и телъыджагъри а зыхэщIэныгъэм ещхьыфэщ, сыту жыпIэмэ искусствэм и мыхьэнэр (ар искусствэ нэсмэ) – сыт хуэдэ и унэтIыныгъэри (сыт хуэдэ художественнэ произведенэри) и кIэм нэс къэмыIуэтэнырщ, къыгурыIуэжын хуэдэу езы цIыхур ехулIэнырщ, гъэгупсысэнырщ, абы езым и щхьэр зэрыхунэсар, зэрыгубзыгъэр и фIэщ щыщIыжынырщ, икIи иужькIэ гухэхъуэ, дэрэжэгъуэ егъэгъуэтыжынырщ; «пхуагъэныщкIуу къыбжьэдалъхьэж» искусствэр – искусствэкъым, лубок жыхуаIэращ.
* * *
ЖьакIуэхэм – утыку, трибунэ къихьэу, фадэ-Iэнэ бгъэдэсу екIуу, Iэзэу псэлъэфхэм, хъуэхъу дахэ жызыIэфхэм – сехъуапсэу сыкъекIуэкIащ… иужькIэ гу лъыстэжащ нэхъыбэм а жаIэхэр (текстхэр) зэрагъэщIауэ (Iэджэрэ жаIэжауэ) зэрыщытыр… ИкIи жэщым ахэр къэбгъэтэджыжми, а ящIэ тIэкIур жаIэжыфынущ. Ар щIыжысIэращи, Достоевскэм, акъылэгъу удэмыхъункIэ Iэмал имыIэу, мыпхуэдэ гупсысэ мызэ-мытIэу и тхыгъэхэм къыщыхигъэщащ: языныкъуэ щытыкIэхэм «цIыху губзыгъэм жиIэхэр куэдкIэ нэхъ мыхьэнэншэщ (уеблэмэ делагъэщ), жимыIэу къигъэнэжым нэхърэ». Арауи къыщIэкIынущ губзыгъэ псори щIэмыжьакIуэр, жьакIуэ псори щIэмыгубзыгъэр.
* * *
Зы лъэныкъуэкIэ Iейуэ къыщIэкIынукъым дунейпсо поэзием ущыгъуэзэныр, ар Iэзэу уи тхыгъэхэм къыщыбгъэсэбэпыныр. Ауэ, цIэ-унэцIэ уиIэжу, усакIуэу зыкъыщыплъытэжкIэ, уи макъ уиIэжын зэрыхуейр пщIэжынри игъуэджэу къыщIэкIынукъым. Хэт ижь къыпщIихуми – ар емыкIукъым, узыдэплъеин щыгу уимыIэу лъагапIэхэм узэрыдэмыкIыфынури щэхукъым. УщымыгенийкIэ, жамыIа пхужыIэнукъым. Ауэ щыхъукIи, усэ щыптх-къыщыбгъэщIкIэ, зыми емыщхьу уэ езым уи макъ, уи хъэтI уимыIэжмэ, уусакIуэкъым, къэбгъэщI псори икIэм-икIэжым псыхэкIуадэ хъужу, уремесленникыу ар къудейщ (пIалъэ кIэщIым – илъэс зыбгъупщIым – къэбгъэщIар ящыгъупщэмэ, аракъэ псыхэкIуажэ хъужыр).