22 ноября, 2022 - 11:15
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, пасэрей адыгэ лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, синдхэмрэ меотхэмрэ, я лъахэм къалэ зыбжанэ итащ: Горгиппие, Анакопие, Гермонассэ, Финагорие, нэгъуэщIхэри. Нобэрей Анапэ и Iэхэлъахэм пасэрей адыгэхэм илъэс минитIрэ щихрэ ипэкIэ СиндикэкIэ зэджэ къэрал щаухуэгъащ.
Синдикэм, пасэрей адыгэ къэралым, и лъэужь куэд къэсащ ди деж. Ахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, синдхэм культурэ лъагэ ябгъэдэлъащ, тхыбзэ яIащ, грекхэм благъэ яхуэхъури, зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтауэ щытащ. Синдикэм и къалащхьэр, Горгиппиер, Анапэ деж щысащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, натхъуэдж адыгэхэм я щIыналъэм итащ. Музейхэм нобэ щахъумэ синдхэм, меотхэм, адрей адыгэ лъэпкъхэм я IэдакъэщIэкI куэд – дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм къыхэщIыкIауэ. Пасэрей адыгэ къалэхэм дэта сэрейхэм, скульптурэхэм я къутахуэ Iэджэ ущрохьэлIэ хы Iуфэм, Тамань, Псыжь и Iэхэлъахэхэм – пасэрей адыгэхэм я щIыналъэм. Анапэ деж къыщагъуэта мывэ пхъэбгъухэм тIэунейрэ ущрохьэлIэ Ашэмэз и цIэм, пасэрей грекыбзэкIэ тхауэ; Ашэмэз и цIэм ущрохьэлIэ Краснодар деж къыщагъуэта тхыгъэ кIапэми. Ар щыхьэт тохъуэ нарт лIыхъужьхэм я хъыбархэр Синд къэралыгъуэми щызекIуэу зэрыщытам, абыхэм ныбжьышхуэ зэраIэм, лIэщIыгъуэ кIыхь куэдым къызэрыпхрыкIам.
* * *
Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр къыхохуэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я нэхъыбапIэм. Сосрыкъуэ Албэч и къуэ Тотрэш щиукIари езыр щаукIыжари Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ; Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ Батрэз и адэм и лъыуасэр нартхэм щапиубыдари. Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр къыхохуэ Нэсрэн ЖьакIи, Лъэпщи, Бэдынокъуи, Лъэбыцэжьеи, адрей нартхэми я хъыбархэм.
Зэрынэрылъагъущи, Хьэрэмэ Iуащхьэ нартхэм я гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд, мыхьэнэшхуэ щиIэщ. «Хьэрэмэ Iуащхьэ зэхудипIалъэщ» – зэраухылIэ нартхэм, лIыгъэ-шыгъэкIэ зэпэувын хъумэ. Сосрыкъуэ яукIын мурад щащIым, Хьэрэмэ Iуащхьэ ираджэ. Жаншэрхъыр къызрагъэжэхыр Хьэрэмэ Iуащхьэщ. Хьэрэмэ Iуащхьэ деж нартхэр щохасэ, шурылъэс щоджэгу. Хьэрэмэ Iуащхьэ апхуэдэ пщIэ щIиIэм и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэ мэхъу, Iуащхьэм (лъагапIэхэм) IуэрыIуатэм щагъэзащIэ къалэныр уигу къэбгъэкIыжмэ: ахэр тхьэм я тIысыпIэу, я хэщIапIэу ялъытэрт. Пасэрей алыдж IуэрыIуатэм апхуэдэ къалэн щегъэзащIэ Олимп Iуащхьэм – ар тхьэ тIысыпIэщ, тхьэхэр щохасэ абы, санэхуафэ щащI; Олимп Iуащхьэ дежщ пасэрей алыджхэм Олимп джэгухэр щаублар. Нартхэм дежкIэ Олимп пэлъытэщ Хьэрэмэ Iуащхьэ: щохасэ, шурылъэс щоджэгу, тхьэ щолъэIу, псалъэ щызэраухылIэ, пIалъэ щызэрат. Хьэрэмэ Iуащхьэ и цIэр ебгъапщэ мэхъу пасэрей египтянхэм къащIэна пирамидэ цIэрыIуэхэм зэреджэ псалъэм: Хьарам – аращ а пирамидэ (Iуащхьэ) IэрыщIхэм ноби зэреджэр.
* * *
ЛIыгъэ зэрагъэунэху джэгукIэу нартхэм яIащ шурылъэсыр. «Нартхэ къыдагъаджэри, шурылъэс фыджэгу щыжаIэм, нартыжьхэр бжьыхьэкIапэм щIэзгуашэщ», – хуеIуэтэж Сосрыкъуэ и анэм. Нартхэр шурылъэс щыджэгур Хьэрэмэ Iуащхьэ дежщ. Шурылъэсым джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ къызэщIеубыдэ: шы къызэдагъажэ, шабзэ, бжы зэдадз, нэщанэ (псагъэ) зэдоуэ, шыбгъэрыуэ ящI, хэтIэхэсэ зэдоджэгу (зобэн), я ныкъуэр лъэсу, я ныкъуэр шууэ зобгъэрыкIуэ. Шурылъэсым щытекIуэм нарт хасэм я цIэкIэ тыгъэ ират. Тыгъэу ятынкIэ мэхъу шы, джатэ, шабзэ, фащэ, афэ джанэ, къинэмыщIхэри. Шурылъэс джэгукIэр куэдрэ къадэгъуэгурыкIуащ адыгэхэм – ди лIэщIыгъуэм къэсащ абы и лъэужь. Апхуэдэ джэгукIэ щызэхаублэрт хьэгъуэлIыгъуэм, нысашэм, гъэрэ щIырэ щызэхэкIкIэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, вакIуэ къыщихьэжкIэ, къаныр щрашэжкIэ. Дауи, нартхэм я шурылъэс джэгукIэ псори зэщIэкъуауэ къэсакъым ди лъэхъэнэм, къэсар абы и пкъыгъуэ гуэрхэрщ, ахэри иужьым хуэм-хуэмурэ ужьыхыжащ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэр алыджхэм я Олимп джэгухэми ирихьэлIэу зэрыщытам: пасэрей алыджхэм я Олимпиадэм пашэныгъэр щызыубыдыгъа синд щауэм и цIэр ихъумащ тхыдэм.
* * *
Ашэмэз и хъыбархэм ящыщ зым зэрыжиIэмкIэ, мэзым здыщIэтым ар ирихьэлIэгъащ жыг ку гъуанэ. Мэз щIагъым щыкIэрахъуэ жьым жыг ку гъуанэр зэрыдэпсалъэм гу лъитащ Ашэмэз. Абы гукъэкI иригъэщIри, къудамэм и кумылэр ирихри епщащ: къудамэм макъ къиIукIащ. Ашэмэз и бжьамийм ар къежьапIэ хуэхъуауэ яIуатэ нарт хъыбархэм. Бжьамийр нарт лIыхъужьым, Ашэмэз, и цIэм щIрапхам щхьэусыгъуэ иIэщ: ар нэхъ пасэ дыдэу къежьа музыкальнэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ. И цIэмкIи зэрынэрылъагъущи, бжьамийр пасэрей цIыхум къызыхищIыкIар бжьакъуэщ. ИужькIэ ар къыхащIыкI хъуащ пхъэм, гъуаплъэм, жэзым; къамылым къыхащIыкI бжьамийм а къэкIыгъэм и цIэр къытенащ: бжьамий лIэужьыгъуэхэм ящыщ зым кIахэ адыгэхэр иджыри йоджэ къамылкIэ. НакъырэкIэ зэджэ бжьамий лIэужьыгъуи зэрахьащ адыгэхэм, ар нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщыунэхуар (абы щыхьэт тохъуэ и цIэри: «накъырэр» нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэщ). Ныбжьышхуэ зиIэ пасэрей музыкальнэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ адыгэхэм ноби зэрахьэ шыкIэпшынэри. ШыкIэпшынэм нэхърэ нэхъ кIасэу къежьащ пшынэдыкъуакъуэмрэ пшынэкъэбымрэ – ахэри къэсащ ди зэманым, къызэрагъэсэбэпыж щIагъуэ щымыIэми. «ШыкIэпшынэми», «пшынэдыкъуакъуэми», «пшынэкъэбми» я лъабжьэр ныбжьышхуэ зиIэ пасэрей псалъэщ – «пшынэ». Абы къытокI «пшыналъэ» псалъэри. «Пшыналъэм» мыхьэнэ зыбжанэ щигъуэтащ адыгэбзэм: абы «макъамэ» мыхьэнэи къокI, «уэрэд», «усыгъэ» мыхьэнэи иIэнкIэ мэхъу; апхуэдэ мыхьэнэ иIэщ абы «Сосрыкъуэ и пшыналъэ», «Бэдынокъуэ и пшыналъэ», «Ашэмэз и пшыналъэ» щыжытIэкIэ.
* * *
Нартхэ хасэм щызэхыхьэми, санэхуафэ ящIми, шурылъэс джэгуми, унафэ яхуэзыщIыр я тхьэмадэрщ, абы и псалъэм псори йодаIуэ, абы псори йочэнджэщ. «Ди нарт тхьэмадэр Нэсрэн ЖьакIэщ» – апхуэдэ псалъэ халъхьащ Ашэмэз и пшыналъэм. ЗекIуэ ежьэн хъуми, нартхэ тхьэмадэрэ гъуазэрэ яхуохъу Нэсрэн ЖьакIэ – аращ Ашэ илъ зыщIэж шухэм я шу пашэр: абы емыдаIуэрэ и унафэм емыувалIэрэ яхэткъым зекIуэ ежьахэм. АпхуэдэпщIэ хуащI адыгэхэм я нэхъыжьым нартхэм я зэман лъандэрэ. Нэхъыжьым и пщIэр апхуэдизкIэ лъагэт, инти, абы и пащхьэм емыкIу къыщызыхьыр, и нэмысыр зыкъутэр гупым зыхагъэхьэжыртэкъым, цIыхуфи ираплъыжыртэкъым, апхуэдэр сэхъуауэ, адыгагъэм ебэкъуауэ, хабзэм щIамыпIыкIауэ ялъытэрти. Нэхъыжьым емыдэIуэн дэнэ къэна, и псалъэ зэпаудыртэкъым, пэпсэлъэжыртэкъым – къошхыдами, къогиями, къыпхуэгубжьами. Дауи, зи пщIэмрэ зи щIыхьымрэ лъагэ нэхъыжьым дуней илъэгъуауэ, дунейм и пIалъэ ищIэу щытын хуейт. Апхуэдащ адыгэхэм я нэхъыжьхэм я нэхъыбапIэр, арат абыхэм я унафэмрэ я псалъэмрэ унагъуэри, лъэпкъри, жылэри щIеувалIэр. Унагъуэмрэ унагъуэр зыщыщ лъэпкъымрэ тепщIыхьмэ, нэхъыжьыгъэр зэлъытар ныбжьырат: унагъуэми ар зыщыщ лъэпкъми я тхьэмадэр нэхъыжьыгъэр ныбжькIэ зылъысырат (жьы дыдэ хъуарэ унафэр хузэкIэлъымыгъэкIуэжмэ, къуэдзэ хуащIурэ). Жылэм, хэкум тхьэмадэ хуащI хабзэр акъылышхуэ зыбгъэдэлъ цIыху Iущхэрт – ныбжькIэ ар къалъымысми, лIыпIэ иуварэ и акъылкIэ цIэрыIуэ хъуамэ. УщрихьэлIэ елъытауэ, нэхъыжьым хуэпщIын хуей нэмысымрэ пщIэмрэ гъэбелджылауэ къадэгъуэгурыкIуащ адыгэхэм. Шу гуп гъуэгу техьамэ, нэхъыжьыр яку дагъэувэрт, абы ныбжькIэ къыкIэлъыкIуэм сэмэгурабгъур лъысырт, нэхъыщIэр ижьырабгъумкIэ къыбгъурышасэрт. Iэнэ пэрытIысхьэми, арат хабзэр. Нэхъыжьым и гъуэгу зэпаупщIыртэкъым, ар блэкIыху заIэжьэрт, убгъурыувэу удэкIуэтэнри къыптехуэрт. Iэнэ тIысын хъумэ, нэхъыжьым и тIысыпIэр щхьэхуэт – жьантIэрт; хьэщIэ кърихьэлIамэ, хьэщIэ нэхъыжьыр абы и сэмэгурабгъумкIэ ягъэтIысырт. Iэнэм пэрысыху, хъуахъуэ хабзэр нэхъыжьым и закъуэт; хьэщIэ нэхъыжьми псалъэ лъагъэсырт. Iэнэм щыпэрысми гуп щызэрихьэлIэми, нэхъыжьхэм щIалэ яхэпсэлъыхь хабзэтэкъым (яхэхъуэхъухьын дэнэ къэна!), я псалъи зэпаудыртэкъым, нэхъ кърагъэкIур къабгъэдэкIуэтауэ лъэныкъуэкIэ зыщыIэжьэнырщ – къыпхуей хъумэ, къоджэнщи, узыбгъэдашэнщ. Нэхъыжь Тхьэм уимыщI – ар жаIэ хабзэщ нэхъыщIэм и цIэ щраIуэкIэ. Абы кърагъэкIыр щIалэм къыгуроIуэ: уи нэхъыжьыр куэдрэ Тхьэм пхуигъэпсэу, уи нэхъыжьыр Тхьэм къыпщхьэщигъэт. Нэхъыжьыгъэм щIэкъуныр адыгэм яфIэемыкIущ игъащIэм, зи нэхъыжьыгъуэм (ар ныбжькIэ зылъысам) уефыгъуэу аращ абы кърагъэкIыр. Пщыхэм (дзэпщхэм) хабзэ гъэщIэгъуэн яхэлъащ: зи жьакIэр тхъуху псэуа пщым (дзэпщым) фэ щрамыплъыж лъэхъэнэ щыIащ. Ари щхьэусыгъуэншэтэкъым: пщым (дзэпщым) и гъащIэр уанэгум щихьырт, шым шэсыф зэрыхъу лъандэрэ. Зи пащIэ-жьакIэ зэщIэтхъуа пщым щхьэкIэ жаIэрт: «ЛIыгъэ хэлъамэ, апхуэдиз къигъэщIэнтэкъым» («Алъандэм къаукIынт», жыхуаIэщ). Адыгэ тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пщыхэм (дзэпщхэм, шу пашэхэм) я нэхъыбэр я ныбжь иримыкъуауэ хэкIуадэрт зауэм, закъуэтIакъуэт жьы хъуху псэур… Адыгэм я нэхъыжьым я пщIэр езым къалэжьыжауэ, я акъылкIэ, я губзыгъагъэкIэ, я лIыгъэкIэ, я цIыхугъэкIэ къахьыжауэ къекIуэкIащ. Нэхъыжьым (лъэпкъым, жылэм я тхьэмадэм) фIыуэ ищIэрт хабзэр, тхыдэр, дунейм и пIалъэ щыгъуазэт, лей зэрихьэнутэкъым, нэфI-ней хэлътэкъым, хахуагъэм текIынутэкъым, цIыхур зэрызэгуригъэIуэнрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьынрэт зыхуэпсэур.