24 января, 2023 - 11:15
Тхьэмадэ Iумахуэ
Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуащIэдэкIыр – ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зырамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуатэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд.
Абыхэм ящыщщ Андемыркъан и хъыбархэр щызэхуэхьэса тхылъыр (зэхуэзыхьэсыжари зытхыжари езы Зырамыкущ). Къару ин дыдэ ирихьэлIащ Зырамыку пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным – ахэр ди деж къэсамэ, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КъардэнгъущI Зырамыкущ, ар мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр щыгъуэзэнутэкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа пасэрей уэрэдыжьхэм, абыхэм я макъамэхэри цIыхухэм ящыгъупщэжагъэнт. Дунейм тетыху, Зырамыку зыщIэкъуари зыхуэлэжьари аращ – адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэр хэIущIыIу щIынырщ. Ар къехъулIащ Зырамыку — нобэрей щIэблэм хуихъумащ ди IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр. Аркъудейри пхурикъунущ Зырамыку и гуащIэдэкIыр зэрыин дыдэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Куэдым къызэранэкIыфыркъым апхуэдэ гуащIэдэкI, ар зыхузэфIэкIыр ди IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ, ар гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ лэжьакIуэ Iумахуэрщ. Апхуэдэ лэжьакIуэт Зырамыку, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр щIэлъытэгъуейр.
Адыгэ IуэрыIуатэр, псалъэм папщIэ, уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ, зэхуэхьэсыным и закъуэкъым Зырамыку зи ужь итар: зи гупсысэр жан, зи гур мызагъэ щIэныгъэлI цIэрыIуэт ар - абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди IуэрыIуатэм и купщIэмрэ и лъэпкъ фащэхэмрэ щихутэ тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Андемыркъан къыдэгъуэгурыкIуа хъыбархэр Зырамыку щихутэ тхыгъэр. Зырамыку хузэфIэкIащ лIыхъужь цIэрыIуэр щыпсэуа зэманыр игъэбелджылын - Зырамыку и пэкIэ зыми къехъулIакъым ар.
Шэч зыхэмылъращи, пасэрей адыгэ уэрэдхэм я купщIэмрэ япкърылъ гуащIэмрэ сэтей къэщIынымкIэ Зырамыку пэхъун бгъуэтынукъым - абы къыхуигъэщIат ар. Шортэн Аскэрбий къызэриIуэтэжамкIэ, абырэ Зырамыкурэ кIахэ адыгэхэм я деж еблэгъауэ, КIэрашэ Тембот Зырамыку къелъэIуауэ щытащ: «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» дегъэдаIуэ», - жери. Езыми зыхилъхьэ щыIэтэкъым а уэрэдыр - къыхидзащ. Гъыбзэр и кIэм нигъэсыху, КIэрашэ Тембот и нэпсыр зэпыуакъым… Ар хузэфIэкIырт Зырамыку: уигури уи псэри итхьэкъурт, уэрэд къыхидзэмэ.
Дызэрыщыгъуазэщи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм хъыбар хьэлэмэтхэри къадогъуэгурыкIуэ. Хъыбархэм къаIуатэ уэрэдыр къежьэнкIэ щIэхъуар, ар зытеIукIар. Апхуэдэ хъыбар зыщIыгъу зы уэрэди ущрихьэлIэнукъым Зырамыку деж. Уэрэдыр къыхидзэрэ и кIэм нигъэсамэ, абы щIыгъу хъыбарри иIуатэрт Зырамыку - фIыуэ щыгъуазэти. Уэрэдымрэ абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарымрэ зэи зэкIэщIичыртэкъым Зырамыку: хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыр къыбгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрт - ар узытеплъэкъукI мыхъун хабзэт.
Апхуэдэщ КъардэнгъущI Зырамыку - и уэрэдхэри, и гъащIэ гъуэгуанэри, и дуней тетыкIари. Апхуэдэущ Зырамыку ди гум къызэринар - ар ди лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым.
Къэрмокъуэ Хьэмид.
***
И уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ
КъардэнгъущI Зырамыку лъэпкъым хуищIам и мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. Абы и фIыщIэкIэ куэд хъума хъуащ лъэпкъым и фIыгъуэу, фэ къытезыгъауэу. Зырамыку уэрэду зэхуихьэсыжам зэманрэ лэжьыгъэшхуэрэ зэрепхар гурыIуэгъуэщ. Хъыбарыжь, уэрэдыжь къыбжезыIэжын къэгъуэтын, ар къэбгъэпсэлъэфын, птхын, а псор тептхыкIыжын хуейщ. Апхуэдэу уэрэд 200-300 уелэжьын жыхуэпIэр Iуэху тынш? Абы щыгъуэм щыIа Совет властым и къалэну къилъытэрт IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынри, щIэныгъэлI гуп зэригъэуIуурэ игъэлажьэрт. Хуабэти, щIыIэти, ди унэжьти жамыIэу лэжьахэр мыхъуамэ, ар къэзыIуэтэжа лIыжьхэм, фызыжьхэм IуэрыIуатэр здахьыжынут. Си щхьэ Iуэху, си унагъуэ Iуэху жимыIэу, абы зэрытелэжьам щхьэкIэ фIыщIэшхуэ хузощI Зырамыку.
Сэ щIэх-щIэхыурэ Зырамыку телефонкIэ сепсалъэрти, гу лъыстат и уэрэдхэм зэрытегузэвыхьым, ахэр зытет плёнкэхэр зэманкIэ кIуэдыжыну, зэпыщэщыну жаIэу зэхызохри согузавэ къыщызжиIэм, сфIэемыкIуащ а гупсысэр абы щхьэщызмыхыну. Зырамыку ищIа лэжьыгъэм, абы къарууэ тригъэкIуэдам елъытауэ сытым щыщт а уэрэдхэр лазер дискым требгъэтхэным ихьынур. Арати, дискым техуэр трезгъатхэри, езыми Зырамыку и уэрэдхэр фIыуэ зылъагъу си ныбжьэгъухэми яхуэзгуэшащ. А трезгъэтха тIэкIури си дежкIэ лъапIэщ, сыту жыпIэмэ Зырамыку и уэрэдхэр, иджыри зэ къытызогъэзэжри, икIи тхыдэщ, икIи бзэщ, хабзэщ, цIыху къызэрыгуэкIхэр, пщыхэр зэрызэхущыту щытар, лъагъуныгъэр, нэгъуэщI Iуэхухэри къытхуэзыIуатэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар лъэпкъ щIэнгъуазэ хуэдэу мэхъу. Адыгэм, ди насыпти, Зырамыку, макъ дахэкIэ уэрэд жиIэ къудей мыхъуу, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм теухуа щIэныгъи бгъэдэлът. А псори зы цIыхум и деж щызэхуэхьэсауэ куэдрэ къэхъуркъым.
«Зырамыку и уэрэдхэм псори едаIуэрэ?» жиIэри, зыгуэр къызэупщIат. Абы жэуапу естыжаращ: Шекспир и тхылъхэм псори еджэрэ, Гёте псоми яцIыхурэ, Чайковскэм псори едаIуэрэ? Ахэр щIыщыIэр щIэныгъэ зиIэ, зи псэкIэ, зи щэнхабзэкIэ абы хуэхьэзыр цIыхухэращ.
Нобэ щыIэ уэрэд цIыкIухэм ущедаIуэкIэ, зыри уигу къинэжыркъым. Зырамыку и уэрэдхэм уагъэпIейтей, тхыдэм, ди адэжьхэм я гъащIэм ухешэ.
Амщыкъуэ Хьэшим.