31 января, 2023 - 13:59
Пасэ зэманым зы адыгэ къуажэ гуэрым пщащэ дахащэ дэст, и ишэгъуэ хъуауэ, IэсияткIэ еджэу. Хъыджэбзыр зэрыдахэм къищынэмыщIауэ, икIи Iущт, икIи губзыгъэт. Лъыхъухэр хузэблэкIырт пщащэм, а Iэгъуэблагъэм щыIэ щIалэхэр Iэсият и деж щыхьэщIэрт. Нэхъ ерыщ екIуахэм щIалитI къахэщырт. Зыр, АлийкIэ зэджэр, унагъуэ къулей къыхэкIат, и адэм и чэнджэщи хуэныкъуэу къимылъытэу щхьэзыфIэфIт. И дуней тетыкIэмрэ и Iуэху щIэкIэмрэ дагъуэ гуэри хуэпщIыну апхуэдэтэкъым, ауэ и гъащIэр езым иухуэжмэ, нэхъ къищтэу арат. Мыдрей щIалэр, Аслъэн, адэншэу къэхъурт, гъэсат, укIытэ ищIэрт, хабзэ хэлът.
Iэсият къыхихынур къыхуэмыщIэу хэплъэгъуэ ихуащ. Сыт Iэмал, сыт хэкIыпIэ?
Гупсысэщ-гупсысэри, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къигъуэтащ… ЩIалэхэр къриджэри яжриIащ: «ТIури хуабжьу сигу фрохь, фи лIыгъэр згъэунэхунурэ, итIанэ сыфхэдэнущ. Сэ сызыдэкIуэнум шищ къысхуишэн хуейщ, щыри фIыцIабзэу, я натIэм вагъуэ хужь иту, я фIалъэ лъакъуэхэр хужьыбзэу. А лъэIур зыгъэзащIэм, шыхэр си пщIантIэм къыдэзыхуэм, срищхьэгъусэщ. ПIалъэу зы тхьэмахуэ фызот».
«Уэлэхьи, абы фIэкIа къытпамыубыдмэ, ар мыIуэху, си кIэн къикIауэ собж, мылъкум хуэмыщIэрэ зэфIимыгъэкIыфрэ мы дунеишхуэм теткъым», - жиIэри, Алий унэм игъэзэжащ. Аслъэныр гупсысэу утыку къинащ, къызрищэхун мылъку бгъэдэлътэкъым абы. «Сыт иджы сэ хэкIыпIэу сиIэр?», - и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжырт.
- Ей, си щIалэ, - и адэм и псалъэхэр игу къокIыж Аслъэн, - сэ дунейм сехыжми, ущIэгузэвэн щыIэкъым, ныбжьэгъу пэж куэд сиIэщ. Сыт хуэдэ Iуэху къэмыхъуами, абыхэм я деж кIуэи, уи гукъеуэ ехьэлIэ.
Аслъэн и адэм нэхъ и ныбжьэгъуфI дыдэу щыта Iэлбэч деж кIуащ.
- Еблагъэ, щIалэфI, сыту си гуапэ къэпщIа укъызэрыкIуамкIэ. Си ныбжьэгъум и быныр сысейм хуэдэкъэ! ЖыIэт, сытым укъысхуихьами, си гуапэу сынодэIуэнщ, - къыпежьащ ар.
Iуэхур зыIутыр, зэрыщыт дыдэм хуэдэу, Iэлбэч хуиIуэтащ. Алийри зэредэуэгъури гуригъэIуащ.
- Уа, си щIалэ, апхуэдэш зы тхьэмахуэм къриубыдэу къэбгъуэтыну тыншкъым, ауэ щыхъукIэ, абыи хэкIыпIэ иIэщ. Уи насыпым къихьащ. Шэшэным укIуэнщи, мыпхуэдэ къуажэм си ныбжьэгъу щIалэ дэсщ СаидкIэ еджэуи, ар къэбгъуэтынщ. Сэ узгъэкIуауэ жыIэ, абы и шэщым сысейуэ шищ щIэтщ, а уэ узыхуейм хуэдэу. Ахэр къэхуи къэкIуэж, дэ мыдэкIэ уи хьэгъуэлIыгъуэр зэрыдэтхыным зыхуэдгъэхьэзырынщ.
И адэм и ныбжьэгъум сэлам гуапэ ирихыжри, Аслъэн Шэшэным кIуащ. Зимыгъэгувэуи, шищыр, зэщхьыркъабзэрэ зы анэм къилъхуа фIэкIа умыщIэну, къихури къэсыжащ. Зы тхьэмахуэ пIалъэр дэкIри, Алий зыри имыгъуэтауэ, и щхьэр фIэхуауэ къекIуэлIэжащ. Iэсият дахэр зыхуэфащэм ишэри, хьэгъуэлIыгъуэр тхьэмахуэкIэ зэхэтащ.
Псалъэ ипэ гупсысэ итын хуейщ. «Чэнджащэ щыуэркъым» жыхуаIэрщ ар…