3 мая, 2023 - 11:15
Дадэ нэху
Ди еджапIэм и щIыбагъымкIэ топджэгупIэ ин иIэщ. Абы и хъуреягъкIэ жыг сатырхэр дахэу щагъэкIащ. Лъэс зекIуапIи мывэ джафэкIэ ящIауэ кIуэцIрокI. Жыгей мэз цIыкIум хуэдэщ, зыщыбгъэпсэхуну, къыщыпкIухьыну тхъэжыгъуэщ. Iуащхьэ щхьэгуэм сыдэкIуеяуэ къызолъагъу, лъагъуэм тету зы дадэ, нану къызэрырашэкI гу цIыкIуи иIыгъыу кърикIуэу. НыбжьыфI зиIэ дадэ зэщIэкъуа, быдэу ету зытедза джанэ-гъуэншэдж щыгъым зы упIышкIугъи имыIэу, хужьыбзэу тхъуа и щхьэц щабэри дахэу ежьэкIауэ. Гъунэгъу къыщыхъум, гуфIэжу гу цIыкIум ис нану дыгъэм сыIуплъащ. Илъэсым щIигъуами арагъэнт, Джэгуу, езым и уэрэд къришу илът ар гу цIыкIум. Схуэмышэчу сыщыгуфIыкIащ. МыцIыхуи сыкъимыщIу, и нэ цIыкIухэр къысхуипIытIурэ нэхъри къызэролэ дзадзу нэхур. Зи къудамаблэм пыт тхьэмпэшхуэхэмкIэ жьауэ зыщI жыгышхуэм деж къэувыIащ дадэр. Шэнт лъахъшэ зэкIуэцIылъыр гу лъабжьэм къыщIихри игъэуващ. Нанур къищтэри епсалъэурэ и куэщIым иригъэтIысхьащ. И щIэлъыныр зрихъуэкIри икIи игъэшхащ. Дадэр мыувыIэу нанум еубзэрабзэрт. Ауэрэ и бзэрабзэр гущэкъу уэрэдым хуэкIуащ. Куэд щIауэ апхуэдэу псэм ехуэбылIэу нану уэрэд зэхэсхатэкъым.
Дэгызэу щыта цIыхубз дахэшхуэхэу хъыбарыжьхэм къыхэщыжхэр сигу къигъэкIыжащ «Си нэм и щIасэ, си псэм и хъуахуэ, дыщэ зэрылэу дэ къыдита, фом я нэхъ IэфIурэ, дызыгъэгушхуэурэ, ди щIалэ кIасэурэ Тхьэм къыдипэса...» Апхуэдиз лъагъуныгъэ хэлъу дадэм а едзыгъуэр жиIэрти, си нэпсхэр схуэмыубыду къысфIежэхащ. ГъащIэр пхуэзыгъэхуабэр - адэ-анэ, нэхъыжь уи жьэгум дэсыхущ, абы я IэфIыр зэхэзыщIа нанухэм я псэр, я гур щызу, цIыху ныкъуэу замыбжыжу дунейм тетынущ.
- Мыр си къуэрылъху еплIанэщ, - жеIэ дадэм, и нэ жан цIыкIухэмкIэ къызэплъурэ. – Псори си Iэгум испIыкIащ. Си щхьэгъусэр пасэу скIэрыхуащ. Зы къуэ закъуэ сиIэу аращи, къулыкъущIэщ, хущIыхьэркъым. СхузэфIэкIымкIэ зыщIызогъакъуэ. Си нысэр нысэфIщ, гуапэщ, гулъытэ къысхуещI, дауэ абы сызэрыдэмыIэпыкъунур!
Нанур жеят. И шэнт цIыкIур къищтэжри дадэр ежьэжащ хуэмурэ.
Щхьэщэ пхузощI, дадэ дахэ. Яхуэпсэу уэ куэдрэ уи бынхэм. Уэ ураIэху, ахэм я дунейщ, я насыпщ.
Зауэ нэужьым
Лъэхъэнэ бзаджэт. Зауэ нэужьт. Гъаблэт, цIыхухэм яшхын зыри яIэтэкъым.
Зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэда цIыхубзым сабииплI къыхуэнат, абы и мызакъуэу, и шыпхъу бынхэри езым зришэлIэжауэ ипIырт. Жэщыр хэкIуэтауэ къадыгъуауэ нартыху пут къыхуIуашэри къищэхуат Марзидан. Ар пкIэм дрихьейри щигъэпщкIуащ, мащIэ-мащIэурэ сабийхэм хьэнтхъупс яхуищIурэ яригъэшхыну.
Абы щыгъуэ нчвыдым и унафэщIыр лIы бзаджэ дыдэу Менлыкъуэ Хъызырт. Къэгъазэ, щысхь жыхуаIэр зыми хуэзмыщIт. Гъавэ IэмыщIэ щхьэкIэ, цIыхум илъэс бжыгъэшхуэ тралъхьэурэ щагъэтIыс зэмант.
ЦIыхубзым къыхуашар зылъэгъуа, абы кIэлъыплъа гуэрым бзэгу ихьащ тхьэмадэм деж. Пщэдджыжьым цIыхубзыр яшащ къуажэ унафэщIапIэм.
- Уэ, Марзидан, нартыху къэдыгъуа къыпхуашэу къэпщэхуа? - къоупщI.
- Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIа къэсщэхуам. Мыр Менлыкъуэ Хъызыр къыпхузигъэшащ къызжиIат гум дэс щIалэми, сэри сыгуфIэри къэсщтат, - жэуап ирет цIыхубзым.
Ар зэхэзыха къуажэ тхьэмадэм и жьэр Iурыхуащ, псынщIэу итхауэ хъуар зэIитхъыжри цIыхубзыр къиутIыпщыжащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыхубз губзыгъэр утыкум къикIыжат. А хъыбарыр нобэр къыздэсым къуажэм щыжаIэж.
Сабиигъуэм и лъэужь
Пщэдджыжь нэхущым сежьащ бгыщхьэм сыдэкIыну. Джабэ лъапэм сыщынэсам, ди хьэ Пэрийри къыскIэлъысат. Си дэлъху Мухьэмэд гузавэрт: «Iэу, зиунагъуэрэ, джабащхьэм уи закъуэу дауэ къызэрыщыпкIухьынур!» - и нэхэм къаIуатэрт и гум илъыр. Сыдыхьэшхащ, къызгурыIуат хужымыIар: усабиижкъым, къокIукъым, жыхуиIэу арат.
Шыбадзэ нэгъунэ сигу къэкIат. ЛъапэкIэ сызытеувэ удз цIыкIухэм зезгъэзыхыурэ Iэ дэслъэрт. Хьэуар апхуэдизкIэ къабзэти, щхъуантIэу бгыхэм къытелъу плъагъурт. ЩIымэракIуэ цIыкIухэр ныкъуэхъуу къыхэплъхэрт. Удз щхъуэкIэплъыкIэ псоми ебэкIырт гъуэжьхэр. ДыгъэпскIэ зи ныбэ из хъуа удз гъуэжь цIыкIухэм нэкIукIэ сыхэгъуалъхьэрт. Зыми хуэмыдэщ, зэи уи лъым хэмыкIынщ укъыщыхъуа щIыпIэр. Псы хуэлIам хуэдэу, зесшэкI пэтми, зыщызгъэнщIыртэкъым ди джабэм, ди сабиигъуэ IэфIыщэу, зэи къэзымыгъэзэжынур, зы напIэдэхьеигъуэкIи къемыплъэкIыжынур щыдгъэкIуа ди щIыпIэ дахащэм. ГъэщIэгъуэну щымт джабащхьэр. Бадзэ лъатэм и макъыр наIуабзэу щызэхыбох, мэшбэв цIыкIухэм щабабзэу къыщажыхь уи лъабжьэм. Пэрий къызбгъурытщ. Абыи къыгурыIуэм хуэдэт си щытыкIэр, зэран къысхуэхъуртэкъым. Зэзэмызэ къыдэплъейуэрэ си нэм къыщIэплъэрт, сэ сыбдэщIыгъущ, умышынэ жыхуиIэт. Зи гъащIэр ди унагъуэм къыхуэпэжу езыхьэкIа Пэрий мыбдежми сыкъихъумэрт.
КъызэхэскIухьащ ди бгыщхьэр, сызытеувэр сфIэбэмащIэу, IэфIу, жьы къабзэр си нэгум къиту, дыгъэпсымкIэ зызгъэпскIыу, бзу цIыкIухэм я уэрэдхэм саIэту, уафэ къащхъуэр нэхубзэу къысщхьэщыту. Гъуни нэзи зимыIэт ди щIыналъэ дахащэр. Си гум жьы дихуащ. Си псэм зигъэпсэхуащ. Пшапэр щызэхэуэм, сыкъежьэжащ сыкъехыжыну. Зызгъазэри, ихъуреягъкIэ хуиту зысплъыхьыжащ. Мы дакъикъэр зэи къызэрытримыгъэзэжынур, мы сэ къэслъыхъуэ сабиигъуэр жыжьэу зэрыIукIуэтар зыхэсщIэу, итIанэми абы и лъэужьым дызэригъэхуабэм сригуфIэу сыкъехыжащ.
Мухьэмэд къыгурыIуат си щытыкIэр. Ар зыкIи къызэупщIакъым.
И лъэпагъым сигъуалъхьэри, Iэф1у сыжеящ, адэ-анэм, адэжь лъахэм я хуабагъэр дэлъху дыщэм и деж щызэхэсщIэу.
ФатIимэт и шэщIэху
Ди хьэблэм шэщIэху зиIэр ФатIимэтт. Жьы дыдэу къызэIуихырт и унэбжэр, фызхэри зыр зым иужь иту къызэхуэсырт. Си анэр сымаджэт а лъэхъэнэми, шэр зезыхьэр сэрат.
ПщIантIэм узэрыдыхьэу гъэжьэрымэ IэфIымэр къыпIурыIуэрт.
Зы пщэдджыжь къанэртэкъым а цIыху дахэм и Iэнэ хъурей цIыкIум е лэкъум, е дэлэн пщтыру темыту. Шыбжииплъыр зытекIа къалмыкъ шейри къэкъуалъэу и хьэку цIыкIу къытрихыжырти, фыз гупым я Iуэхур зэфIэкIыху игъатхъэрт. Сысабийми, сахэст сэри, шэ пэгунтI схьар зыхуей хуэзэху сежьэу…
Тхьэм псапэу къритыж а нанэ дахэ цIыкIум ерыскъы IэфIу дигъэшхар.
Абыхэм я дуней тетыкIам, шэщIэхум щаIуата хъыбархэм я нэпкъыжьэ си гъащIэм къытринащ, сагъэсащ, сыт хуэдэ гуъухьехьми шыIэныгъэ сиIэу сыпхрыкIыфу.