14 июня, 2023 - 13:24
Ридадэ и цIэрэ и хъыбаррэ яхъумащ адыгэ тхыдэми урыс тхыдэми. Урыс тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Тмутэрэкъан дзэпщыр, Мстислав, касогхэм я деж зэуакIуэ къэкIуэгъащ (урыс тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, 1022 гъэм). ДзитIыр зэпэува нэужь, щыхьэт тохъуэ урыс тхыдэр, касог дзэпщым, Ридадэ, Мстислав жриIащ: «ДзитIыр щхьэ зэрыдгъэукIрэ: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, си лъапсэри, си бынри, си мылъкури ууейщ. СыптекIуэмэ, уи лъапсэри, уи бынри, уи мылъкури сысейщ». АбыкIэ зэгурыIуэри, Ридадэрэ Мстиславрэ зэрыубыдащ. Касог дзэпщым Тмутэрэкъан дзэпщыр хигъащIэ щыхъум, Мстислав тхьэгуащэм елъэIуащ: «СыхагъащIэ, къыздэIэпыкъуи, сытегъакIуэ; сытебгъакIуэмэ, члисэ пхухэссэнщ». Тхьэгуащэр къыдэIэпыкъури, Мстислав Ридадэ текIуащ («хьэджэсэкIэ епыджри иукIащ» – жеIэ тхыдэм). Апхуэдэущ Ридадэрэ Мстиславрэ я хъыбарыр урыс тхыдэм зэриIуатэр.
Нэгумэ Шори итхыжащ абыхэм я хъыбар. «Идарыпщыр, - етх Нэгумэ Шорэ, - Хъымыщ Елджэрыкъуэрэ Ридадэрэ гъусэ ищIщ, дзэр иришажьэри, Тэмтэрэкъей ебгъэрыкIуащ. Тэмтэрэкъей дэс дзэр къапэуващ. ДзитIыр зэпэува нэужь, Ридадэ, а лъэхъэнэм зэрыхабзэти, тэмтэрэкъей дзэпщым жриIащ: «Сыт щхьэкIэ дгъэкIуэдрэ ныбжьэгъухэр, ди дзэхэм ялъ щхьэ иткIутрэ? Дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, сыт сиIэми ууейщ». Тэмтэрэкъей дзэпщыр арэзы хъуащ абыкIэ. Я Iэщэр ягъэтIылъри, зэрыубыдащ. Зыкъомрэ зэбэнауэ, Ридадэ джэлащ, щыджалэм, тэмтэрэкъей дзэпщыр хьэджэсэкIэ къепыджащ...»
Зэрынэрылъагъущи, Нэгумэ Шорэ итхыжа хъыбарымрэ урыс тхыдэм къыхэна хъыбарымрэ зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым. Шорэ итхыжа хъыбарым Ридадэ къызэрыхэщыр дзэпщукъым, дзэр Тэмтэрэкъай зышэри аракъым - Идарщ, Ридадэ абы и шу гъусэщ, ауэ шу гъусэ къызэрыгуэкIкъым, гуащIэшхуэ зыхэлъ пелуанщ. Мыбдежым зыгуэр зэрызэхэзэрыхьар IупщIщ: Ридадэрэ Мстиславрэ щызэбэна зэманым Идар псэункIэ Iэмал иIакъым – ар дунейм къыщытехьар илъэсищэ зыбжанэ дэкIа нэужьщ. Нэрылъагъущ Ридадэ и хъыбарымрэ адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ пщышхуэ Идаррэ я хъыбарыр зэрызэхэпшэхъуар – апхуэдэ къыщохъу IуэрыIуатэм. Шэч зыхэмылъыр зыщ: Ридадэ касог (пасэрей адыгэ) дзэпщышхуэщ, абы и хъыбарыр яхъумащ урыс тхыдэми адыгэ IуэрыIуатэми.
Ридадэ и хъыбарым нэмыщI, адыгэ IуэрыIуатэм ихъумащ абы къыдежьа псэлъафэри – «Тэмтэрэкъай ухъу!» Ар къежьэнкIэ щIэхъуами щыгъуазэ дещI Нэгумэ Шорэ. Ридадэ къаукIри зыбжанэ дэкIа нэужь, щетх Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм», абы илъ ящIэжащ адыгэхэм: Тэмтэрэкъай теуэри зэхакъутащ, и лъапсэм псы ирагъэжыхьыжащ, Псыжь дагъэуэхри. Лъапсэрыхыр зыхуэкIуам щхьэкIэ абы лъандэрэ жаIэ: «Тэмтэрэкъай ухъу!» (е «Тэмтэрэкъай и махуэр къыпхукIуэ!») Тмутэрэкъан пщыгъуэм и цIэр урыс тхыдэм къыхэхуэжыркъым 1112 гъэм иужькIэ, къыщIыхэмыхуэжым и щхьэусыгъуэр адыгэхэм яхъума псалъэжьым къыбжеIэ: пщыгъуэм кIэ иратащ касогхэм (пасэрей адыгэхэм). Ридадэ и хъыбар къудейкъым урыс тхыдэм къыхэнар. Урыс тхыдэм цIэрыIуэ щыхъуащ абы къытехъукIыжахэри. Ридадэ хигъэщIа нэужь, урыс дзэпщым ихьыгъащ абы и къуитI. А тIум къатепщIыкIащ урыс лъэпкъ цIэрыIуэ зыбжанэ. Урыс адмирал Ушаков Федор къызыхэкIа лъэпкъри Ридадэ и къуитIым я зым къытехъукIащ – абы щыхьэт тохъуэ езы адмиралыр.
***
Тамань, мэуэтхэм (пасэрей адыгэхэм) я щIыналъэм, археологхэм къыщатIа Iуащхьэхэм ящыщ зым къыщIэкIыгъащ кхъуэщын хьэлэмэт гуэр. Кхъуэщын куэд къыщIокI пасэрей Iуащхьэжьхэм – ахэр нэгъуэщI хьэпшыпхэм (псалъэм папщIэ, Iэщэ-фащэхэм) щIагъуурэ хьэдэм дыщIалъхьэу щытащ. Тамань къыщагъуэта кхъуэщынри дыщIалъхьэгъащ дунейм ехыжа гуэрым – абы бгъэщIэгъуэн хэлъкъым: апхуэдэ Iэджэ къыщIахыжащ щIы щIагъым. ГъэщIэгъуэныр зи гугъу тщIы кхъуэщыным тет сурэтырщ – абыкIэ ар къыщхьэщокI адыгэ щIыналъэм иджыри къэс къыщагъуэта пасэрей кхъуэщынхэм.
Кхъуэщыным и щIыфэм тет сурэтым щыболъагъу... пасэрей щакIуэхэр: цIыхуиплIым мэзым щыхь къыщIахуащ, щакIуэхэм бжы кIыхь зырыз яIыгъщ, абыхэм мэзым къыщIахуа щыхьхэм (ахэр тIу мэхъу) зылI япэувауэ шабзэкIэ яхоуэ; щакIуэхэм хьитI ящIыгъущ, бгъащхъуэ ящхьэщытщ.
Дигу къэдгъэкIыжынщ Бэдынокъуэ и пшыналъэр: нартхэ я санэхуафэм щыкIуэкIэ Бэдынокъуэ хьэ самыр зыщIегъу, и щхьэщыгум бгъащхъуэ итщ (ари гъэсащ), бжыщхьэ дыкъуакъуэщ, шабзэкIэ зэщIэузэдащ. Гъуэгу щытехьэкIэ аращ нартым и хабзэр: бгъащхъуэрэ хьэ самыррэ щIыгъущ. Аращ пасэрей щакIуэми и хабзэр: мэзым щIыхьэн, губгъуэм ихьэн хъумэ (щэкIуэн щхьэкIэ), абы и дамащхьэм бгъащхъуэ трегъэтIысхьэ, щакIуэхьэ зыщIегъу. Зи гугъу тщIы кхъуэщыным и щIыфэм тет сурэтым щынэрылъагъущ ар: щакIуэ ежьа нартхэм я хъыбар къыпхуиIуатэ хуэдэщ сурэтым. Кхъуэщыным, зэрагъэбелджыламкIэ, илъэс минитI и ныбжьщ, ар мэуэтхэм - пасэрей адыгэхэм зэраIэдакъэщIэкIым шэч къытрахьэркъым.
***
ХьэщIагъэ хабзэр имыкъутэн, и лъэпкъыр имыгъэукIытэн щхьэкIэ, езым и псэр хилъхьэн къызэфIэнэнутэкъым адыгэр, апхуэдэу щыхъури мащIэтэкъым.
Хъан-Джэрий хъыбарыжь гуэр итхыжыгъащ, Антэнокъуэрэ КъамболэткIэ зэджэ пщы зэшитIым ятеухуауэ. Я адэр лIа нэужь, зэшитIыр зэщыIеижащ, пщыгъуэр зэпаубыдри. ЗэрыукIыным щынэсым, шынэхъыжьым, Антэнокъуэ, Бжьэдыгъум кIуэри, хьэщIэ захуищIащ. Я хьэщIэм къыщыжын хуейти, бжьэдыгъухэр Антэнокъуэм къыкъуэуващ. Антэнокъуэм бжьэдыгъу шухэр гъусэ ищIри Жанейм игъэзэжащ, пщыгъуэр шынэхъыщIэм къытрихыжыну. Антэнокъуэм гъусэ къыхуэхъуа бжьэдыгъу шухэмрэ Къамболэтым и унафэм къыщIэна жанейхэмрэ зыбжанэрэ зэзэуащ – зэрытегъэкIуакъым. Я цIыху хэкIуадэурэ зауэр къащытехьэлъэм, бжьэдыгъухэм хасэ зэхуашэсри унафэ ящIащ: «Ди хьэщIэм дыхуэзауэурэ, ди цIыхур къыдогъэукI, ди хьэщIэр тхрекIыжи, лъэпкъитIыр дызэкIужынщ», - жари. Антэнокъуэр хьэщIэщым щIэсти, лIыжь жьакIуэ гуэр хагъэзыхьри ягъэкIуащ я хьэщIэм деж. ХьэщIэщым ихьэри, гузэвэгъуэм хэт пщым мыр жриIащ лIыжьым: «Бжьэдыгъухэм сыкъагъэкIуащ лъы ткIуэпс къащIэмынэжыху къызэрыбдэзэуэнур бжызагъэIэну». «Бжьэдыгъухэм тхьэразэ къыфхухъу, сыкъэвгъэщIэхъуакъыми, щысщыгъупщэн къэхъункъым», - жиIащ зигу къихьэжа пщым. ЛIыжьымрэ пщымрэ хьэщIэщым къикIри хасэм къахыхьащ. Пщым фIыщIэ яхуищIащ хасэм. Бжьэдыгъухэм зыри къагурыIуакъым. «Сыт къыдэпщIэр?» - жари лIыжьым щыхьащ. «Насыпыншэхэ, - къегиящ лIыжьыр и лъэпкъэгъухэм, - фыадыгэкъэ фэ, адыгэм фыкъилъхуакъэ? АфIэкIа утхуэхъумэжынукъым, тхэкIыж жысIэу хьэщIэм дауэт сызэрещынур? Фыкъызэуи, сывукI, сэ хабзэкъутэ сыфхуэхъункъым». ЛIыжь Iущым и псалъэм зыщIигъэгупсысыжащ бжьэдыгъухэр, я хьэщIэм дэшэсыжри, абы Жанейм пщыгъуэр щиубыдыжыху епсыхакъым.