22 августа, 2023 - 10:39
Хъуэрыбзэмрэ щIагъыбзэмрэ адыгэ IуэрыIуатэм и жанр хьэлэмэтхэм ящыщщ. Ахэр ди бзэм и къулеягъым и зы нэщэнэщ, ди щэнхабзэм и зы Iыхьэщ, ди япэ итахэм я гурыгъу-гурыщIэхэм дыхэзыгъаплъэ, я гупсысэкIэм, я дуней ухуэкIэ-къэIуэтэкIэхэм я зы кIапэм щыгъуазэ дыхуэзыщI бзэщ. Хабзэм и сыт хуэдэ зы Iыхьэми хуэдэу, ахэри лIэщIыгъуэ IэджэкIэ зэфIэуващ. Абы къыхэкIыу щIагъыбзэми хъуэрыбзэми зэманыжь куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. ЩIагъыбзэр – зи мыхьэнэр занщIэу къэзымыIуатэ, ауэ къыбгурызыгъаIуэ, къозыгъащIэ жыIэкIэщ. Хъуэрыбзэр – диалог щIыкIэу гъэпса псалъэ зэпэдзыжщ, ныбжьыщIитIым я гухэлъхэр зэрызэхуаIуатэ, зэрызэдэгушыIэ бзэщ.
ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэхущытыкIэм псори щыубзыхуат, я лэжьыгъэм деж къыщыщIидзэрэ, я псэлъэкIэм деж щиухыжу. Акъыл жаным, IуэрыIуэдзым сыт щыгъуи пщIэ лей хуищIырт адыгэм. Абы къыхэкIкIи псалъэ хъуэр зэпэдзыжым гулъытэ хэха игъуэтырт. Хъуэрыбзэм ауан, гушыIэ дахэ халъхьэрти, ар зыми щхьэжи уэими ищIыртэкъым. Псалъэ хъуэр зрадзам и къалэнт къыжраIам и мыхьэнэр зэхигъэкIыу хуэфэщэн жэуап итыжыну. ИкIэм-икIэжым псори зыхуэкIуэжырати – дауэ имыщIами, щIалэм пщащэм хуиIэ мурадыр къыгуригъаIуэрт. Пщащэми, хабзэм къызэригъэувти, къыгурымыIуафэ зытригъауэурэ, щIалэм дэгушыIэрт:
ЩIалэм: УнапщIэ мыщтэщ,
Уэлбанэ дыгъэщи, укъуокI, укъуохьэ
Ужэщ мазэхэщи, хэпкIэжащ.
Пщащэм: Бжьыхьэ мылыфым зумыгъэлъахъэ,
Щэлъахъэ зэвыр зэпумыуд,
Сызэгуэуду щытми, укъэзгъуэтынщ.
ЩIалэм: Мазэ ныкъуэ дамэху,
Дуней нэхум щыщуэ зы мазэ,
УигукIэ уарэзыуэ зы псалъэ…
Пщащэм: Къырыщхьэ укъыщымыфэ, лъапэ ущымыджэгу,
Уи щхьэ джэгупIэ куэдрэ умыщIыж.
ЩIалэм: Зи нэ фIыцIитIыр пыжьынэ,
Зи нэкIущхьитIыр пкъы нэплъ,
СызэрыпIуплъэу сыптхьэкъури,
Уджым укъыхэсшащи,
Зумыусыгъуэджэу дызэгъэпсалъэ.
Пщащэм: Сыномыпсэлъэнуи сыбзагуэкъым,
Удж бдэзмыхьынуи сыпагэкъым,
УуэршэракIуэмэ, шэщIэхум кIуэ,
Ухъыджэбзаплъэмэ, укъысхэкIыжащ!
ЩIалэм: УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт?!
Уд фызыжь цIыкIуу щIыкIей,
Къаз къурмакъейуэ пщэ псыгъуэ,
УдахэкIейуэ зыкъыпщымыхъуж,
«Дахэщ» жыхуаIэр уэрамэ,
Бахъсэн мывэншэу солъытэ.
Дыдей уахуэсшэу сыкIуэжмэ,
СащIынщ дыдейхэм щхьэпылъэ.
Псалъэ хъуэр-ауанхэм емыкIу лъэпкъ пылътэкъым. Апхуэдэ хъуэрыбзэ хэмытмэ, цIыхухэм я нэгу зиужьу зы хьэгъуэлIыгъуи пхуегъэкIуэкIынутэкъым. Утыкур гушыIэм ейти, зыми ар уэим ищIыртэкъым. Дауи, утыкум щызэрапэс ауанхэр псори пэж дыдэу, ягу илъыр кърыраIуатэу аратэкъым, атIэ иризэдэгушыIэу, цIыхухэр ягъэдыгъэшхын, езыхэри IуэрыIуэдзкIэ зэрыIэзэр къагъэлъэгъуэн щхьэкIэ зэраутIыпщу арат. Ауэ зи гурылъ псалъэ хъуэркIэ зыIуати къахэкIт.
Хъуэрыбзэм хуэдабзэу щIагъыбзэри зи шэгъуэ, зи къэшэгъуэ хъуа ныбжьыщIэхэм я гухэлъ зэхуэIуэтэкIэт. Ауэ ар хъуэрыбзэм ещхьу сыт щыгъуи зэпадзыж псэлъэкIэтэкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хъуэрыбзэр сыт щыгъуи диалог щIыкIэу гъэпсамэ, щIагъыбзэр монолог къудейуи къэкIуэрт. Ар къыбгурымыIуэнкIи хъунут, апхуэдэу щIыжаIам и щхьэусыгъуэм ущымыгъуазэмэ. Абы и щапхъэу къэтхьынщ езыр хуэмейуэ лIы ират хъыджэбзым и щIагъыбзэр:
Мазэр изти, мазагъуэщ,
Вагъуэр изти, пшэ телъщ,
Тхьэрыкъуэ пщэхум и псэ,
КъуанщIэ фIыцIэ дамагуэм
Сритемылъхьэ.
Хъуэрыбзэм къыщхьэщыкIыу, щIагъыбзэкIэ ныбжьыщIэхэм я гухэлъ зэхуаIуатэрт, гушыIи ауани абы хэмылъу:
Узымыхьыфыну шым ушэсмэ,
Уеуэми, ил мэузри къонэж.
Уэ щIалэм уи Iуэхур къэнэжын си гугъэщ.
НыбжьыщIитIым я гурыгъу-гурыщIэхэр зэрызэхуаIуатэ хъуэрыбзэр, къапщтэмэ, щIагъыбзэ защIэу зэхэлъу жыпIэ хъунущ. Ар и щыхьэтщ, и гур утIыпщауэ адыгэр дунейм щызэхэзекIуами, нэр ирищIу и гухэлъхэр къиIуатэу зэрыщымытам. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, «емыкIущ» зыхужаIэм щыщт уи гухэлъхэр щхьэтечу къэпIуэтэныр. Абы къыхэкIыуи щIагъыбзэм хуэкIуэрт:
Къуршыщхьэм дыгъэ щопс,
Къурш лъапэм псынэ щIож,
Зумыусыгъуэджэмэ,
Псы щIыIэ фалъэ дызэдефэнт.
Мы жыIэгъуэм къикIыр, дауи, гурыIуэгъуэщ. АбыкIэ щIалэм къиIуэтащ пщащэм мурад гуэр зэрыхуиIэр, и гум хуабагъэ зэрыхуилъыр.
НыбжьыщIэхэр зэрызэрыщIэу щыта щIагъыбзэу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ абыхэм хьэпшып цIыкIуфэкIу гуэрхэр зэIэпахыу зэрыщытари. Псалъэм папщIэ, щIалэм хуэзэну хъыджэбзым Iэмал имыгъуэтмэ, абы щIалэм хуригъэхьынкIэ хъунут джэд лъакъуэ, «зыгуэр къэгупсыс, зыгуэр къэулъэпхъэщ» къригъэкIыу. ЩIалэр и ужь къызэрихьар зэрыфIэмыфIыр къригъэщIэн папщIэ, пщащэм абы хуригъэхьынкIэ хъурт зи кIэр пылъэлъа кIапсэ кIэщI цIыкIу. Е щIалэм и гухэлъхэр пщащэм хуиIуатэ щIыкIэу, мыIэрысэ IэфI хуригъэхьырт. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ щIагъыбзэр псалъэ къудейкIэ мыхъуу, хьэпшып зэхуэмыдэхэмкIи къэпIуатэ хъууэ зэрыщытар.
Псэлъыхъубзэм и щапхъэу ди IуэрыIуатэми ди гъащIэми куэд къыхэнащ, бэм и акъыл жанымкIэ псыхьауэ. Псэлъыхъубзэм щIэблэр щегъэгъуазэ цIыхум я зэгурыIуэкIэр, я псэукIэр зэраухуэм, пасэрейхэм я кIэщIущыгъэм, губзыгъагъэм акъыл къыхригъэхыу. Ахэр гъэсэныгъэм хуэунэтIащ. Псэлъыхъубзэр ящыщт адыгэ хабзэм и ткIиягъым щIапIыкIа щIалэгъуалэм яхэлъа къабзагъэ-дахагъэм, ди бзэм и къулеягъым, адыгэбзэм кърумыIуэтэфын гурыщIи гупсыси зэрыщымыIэм, адыгэм и акъылыр зэрыкуум щыхьэт техъуэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм.