5 мая, 2022 - 11:55
Илъэс 20-м нэблэгъащ гукъинэ сщыхъуауэ фхуэсIуэтэж мы Iуэхугъуэр къызэрыхъу лъандэрэ, атIэми псори си нэгу щыщIэкIар дыгъуасэ хуэдэщ…
2001 гъэм и дыгъэгъазэ мазэт. Дунейр уэсым щIигъэнати, ихъуреягъкIэ хужьыгъэт. А махуэм Налшык къэлъатэрт щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, «Урысейм и философ нэхъыфIи 100» щIэнгъуазэм зи цIэр иратха, ди дежкIэ нэхъыщхьэрати, Лъостэн Володя и щIалэгъуэм гу зыхуищIауэ, абы и япэ щхьэгъусэу щыта Добрынинэ Валентинэ. А бзылъхугъэ щыпкъэр зэдгъэцIыхуауэ щытащ Лъостэным и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ нэхъ куууэ щыдджыжа, абы теухуа куэд къыщыдугъуея лъэхъэнэм.
«Сэ къэкIуэну зэманым сыщыщщ» зыфIэтща, Лъостэным теухуауэ а бжьыхьэм дунейм къытехьауэ щыта тхылъыр Iэрыдгъэхьат Добрынинэм. ИужькIэ абы телефонкIэ къыджиIат тхыгъэр гъэхьэзыра зэрыхъуар и гум зэрыдыхьар икIи Владимир щалъхуа щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мыгувэу къызэрыкIуэнур: и гъэсэнхэм ящыщ зым и диссертацэр Налшык щыпхигъэкIынути, абы зыкъригъэхьэлIэну и мурадт Валентинэ.
Уэсымрэ борэнымрэ я зэранкIэ Налшык къыщымытIысыфу, Добрынинэр зэрыс кхъухьлъатэр Минводы щетIысэхат. Абы хьэщIэм щыIущIэри, Налшык къигъэсыжащ диссертантым. Сыхьэт зытIущ нэхъ дэмыкIыу, Добрынинэмрэ дэрэ дызэхуэзащ икIи Лъостэным и къуажэ АушыджэркIэ дунэтIащ, абы и кхъащхьэр зэдгъэлъагъуну. Валентинэ IэщIэлът хризантемэ удз гъэгъа Iэрамэ. Абы и дежкIэ абыхэм мыхьэнэ хэха яIэт: абыхэм нобэ зэпащIэжырт бзылъхугъэм и блэкIамрэ и нобэмрэ…
Добрынинэ Валярэ Лъостэн Володярэ зэщхьэгъусэ хъуащ 1952 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м. Абы щыгъуэ ахэр МКъУ-м и философие факультетым и 3-нэ курсым и студентхэт. КIыхьтэкъым а ныбжьыщIитIым я унагъуэ насыпыр. Илъэси 7-кIэ зэдэпсэуауэ, ахэр зэбгъэдэкIыжащ, гъащIэми щхьэж и лъагъуэ адэкIэ щыпхишыжащ. ГурыщIэ лъэщым, иным зы ищIауэ щыта ныбжьыщIитIыр нобэкIэ мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыпщыхъу щхьэусыгъуэхэм зырыз ящIыжауэ щытащ. Куэд мэхъу ахэр: зэтемыхуэ хьэл-щэнхэри, зыщыщ лъэпкъхэм я хабзэ зэпэщIэувэхэри, нэгъуэщIхэри.
ЗэрышагъащIэхэм хьэгъуэлIыгъуэ гуэри ящIыну я мурадакъым, арщхьэкIэ Владимир и анэ Дахэужьэ тригъэчыныхьри, абыхэм траухуат а махуэр ягъэлъэпIэну. Валентинэ и адэ-анэм я фэтэрым щызэхуэсат ныбжьыщIитIым я ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр, благъэхэр. Псори хьэзыр хуэдэт Iуэхур ублэным. Абдежым зыгуэрым гу лъитащ нысащIэм удз гъэгъа Iэрамэ зэрыIэщIэмылъым. «Ар дауэ? Удз гъэгъа зымыIыгъ нысащIэ щыIэ?» - хъыджэбзхэм языхэзым и псалъэхэр зэрызэхихыу, Владимир, бэлъто тIэкIури зытримыдзэу, щIэжащ, хьэгъуэлIыгъуэ нэсыр зыхуэчэм дамыгъэм и лъыхъуакIуэ. Дунейр уает, уэсыр Iуву телът - удз гъэгъа зыщэхэри пщыхьэщхьэм дэнэ къипхыжынт. Iэгъуэблагъэр къызэхижыхьащ Владимир икIи, сыхьэтитI хуэдэ дэкIауэ, хризантемэ гъэгъа Iэрамэ иIыгъыу фIыуэ илъагъум и пащхьэ къихутэжащ…
Валентинэ и нэгум IупщIу къыщIыхьэжащ а теплъэгъуэр. ЩIыIэм игъэдия хужьыфэ-тхьэмбылыфэ гъэгъа тхьэмпэ цIыкIухэр кIэрыхуауэ унэ лъэгум илът. НысащIэм фIэкIа абыхэм зыми гу лъатэртэкъым… Апхуэдэу, зырыз-тIурытIурэ кIэрыхуурэ, лъэлъэжащ Владимиррэ Валентинэрэ я лъагъуныгъэр.
А дыгъэгъазэмрэ бзылъхугъэ щыпкъэр си гъусэу Лъостэным и кхъащхьэм дыщыкIуауэ щыта дыгъэгъазэмрэ илъэс 39-рэ я зэхуакущ… Валентинэ хуокIуэ и япэ лъагъуныгъэм и кхъащхьэм, хризантемэхэр хуихьу. ХуокIуэ, сэлам ирихыну, гукъэкIыжхэм зэщIаIыгъэрэ псэр пIейтейуэ. ЩIыIэм игъэдия гъэгъа хужьыфэ-тхьэмбылыфэхэр аргуэру щIы щхьэфэм телъ уэсым тощащэ, гурылъ лъэщым щыщу къэнахэм налъэ зырызхэр къахичу… КъапщIийхэм къапих мэ гуакIуэр Iум изщ, кхъэ пщIантIэм дэз хъуащ удз гъэгъа Iэрамэ… БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ Iуданэ… ГуфIэгъуэми гузэвэгъуэми я зы нэщэнэ хъуа удз… Зэманыр къэхъугъэ хьэлэмэтщ - языныкъуэхэм деж къыпщохъу, напIэр ебдзыхмэ, абы блэкIаи къэкIуэни имыIэу, атIэ псори а зы напIэзыпIэм уи нэгу щIэкIыу, уи псэм щыщIэу, уи гум щыхъэу. Аращ Гиляровскэм щIыжиIар: «Дэ дыпсэухукIэ - щыIэкъым лIэныгъэ, ар къэсмэ - дэ дыщымыIэж»…
Нэм нэпсыр щIэзщи, напIэр зэребдзыхыу ткIуэпс пщтырхэм лъагъуэ щыпхащIыкIынущ щIыIэм игъэдия нэкIущхьэхэм. Валентинэ удз гъэгъахэр щы ирещIыкI. Япэ Iыхьэр бзылъхугъэм трелъхьэ и тхьэмадэ Чэлимэт и кхъащхьэм - а тIум яку гуапагъэрэ щабагъэрэ фIэкIа зыри дэлъакъым. ЕтIуанэмкIэ ар хуоупсэ япэ дыдэу лъагъуныгъэ гуащIэ зыхуищIауэ щыта, зи сабий кърихьэкIа цIыхухъум - Владимир. Уэрэдми жиIауэ, удзыр гъужами, гурыщIэр псэм щохыщIэ. Ещанэ Iэрамэр хуегъэфащэ и гуащэ Дахэужьэ и кхъащхьэм. «Сыту мыхьэнэншэт гум ежалIэхэр, гужьгъэжь къызэрыкIхэр. А бзылъхугъэри къыбгурыIуэ хъунут - модэ, Урысейм къикIа хъыджэбз къамылыфэжь цIыкIум нэкурэ набдзэу къэплъытэ уи къуэ гъэфIэныр пIихыу - ар гум техуэгъуафIэтэкъым-тIэ», - Добрынинэм и щхьэм апхуэдэ гупсысэ куэд щызэблож. Дахэужьэ и иужьрей махуэхэм бгъэдэсам жиIэжат и къуэмрэ и нысэмрэ зэрызэбгъэдэкIыжам щхьэкIэ езым зигъэкъуэншэжу зэрыщытар. Ауэ къэхъуар къэхъуащ, зэманыр къыпхуигъэкIуэтыжынукъым…
Кхъэм дыкъыдэкIыжа нэужь, дэ иджыри заулкIэ абдеж зыщытIэжьэжащ. Сызигъусэ бзылъхугъэм къысхуиIуэтэжырт блэкIа и гъащIэм щыщу Лъостэнхэ япыщIауэ и гум къыдридзеижа Iуэхугъуэхэр. Ахэр ятеухуат Владимири, ар къызыхэкIа унагъуэми, щалъхуа жылэ Iумахуэми.
Гъуэгу кIыхь зэпытчыжу къалащхьэм къыдыхьэжа нэужь, Валентинэ дэрэ дыкIуащ Володярэ абырэ я унагъуэр щыпсэуа Долинск щIыпIэм. Пироговым и цIэр зезыхьэ уэрам цIыкIум тетщ Лъостэнхэ щыпсэуа унэр. Бзылъхугъэ хьэщIэм и гугъащ абы и пщIантIэм дэплъэну, абы дэту щыта жыгеишхуэм сэлам ирихыну, гъэмахуэ хуабейм зыщигъэщIыIэтыIэу щыта псыутх лъагэр щыIэжрэ щымыIэжрэ еплъыну, арщхьэкIэ хабзэхъумэ фащэкIэ хуэпауэ къытпежьа щIалэхэм абдеж зыщытIэжьэу ауи къытхуадакъым. Лъостэным и цIэ къитIуари япэу зэхахыу къытщыхъуащ. Зи щIалэгъуэм иджыри зэ «IущIэжыну» зи гугъа Валентинэ и мурадхэр апхуэдэу къызэпыуда хъуащ. А лъэхъэнэм ицIыхуа гуэрхэм яхуэзгъэзэну Iэмал сызэриIэр жесIа пэтми, Добрынинэм абы и жэуапыр къыпысхыфакъым, нобэрей зэхуэзэм хуэдэ иджыри зэ диIэну сыкъызэримыгъэгугъэфам хуэдэу.
КъызытекIухьа диссертацэ Iуэхур тэмэму зэфIэкIри, дыгъэгъазэм и 29-м Добрынинэр Москва лъэтэжащ. Езыр уафэгум ихьэжа кхъухьлъатэм исми, дэ ди щхьэм илът Валентинэ и псалъэ шэрыуэхэр, гукъэкIыж жыжьэхэр. Ахэр къытхуэзыIуэтэжар илъэс 70 хъу бзылъхугъэу къытщыхъуртэкъым, атIэ илъэс тIощIым ит хъыджэбз ныбжьыщIэу, гъащIэр иджыри зыфIэхьэлэмэт цIыхуу къытфIэщIырт.
Кхъухьлъатэм къыпих гъуэзым хризантемэ удз гъэгъа Iэрамэм и мэ гуакIуэри щIэту къытIурыуэ хуэдэт.