19 сентября, 2023 - 11:15
Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шыфэкъуж Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, «Нарт» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. Амман щыщ адыгэ щIалэ дэкIуэри, пщащэ абы щигъуэтащ. Илъэс 24-рэ хъуауэ Данэ зэпещIэ къэралитIыр. Урысеймрэ Иорданиемрэ адыгэ бзылъхугъэм и гъащIэм щаубыд увыпIэр гъэщIэгъуэнщ. Абы и адэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Кавказ Ищхъэрэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху. Ар ДАХ-м и Хасащхьэм хэтщ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, «Черкесское зарубежье», «Нарт» газетхэм я редактор нэхъыщхьэщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президентщ.
И адэм и IэщIагъэр и гум дыхьэу къыщIэкIынти, бзэ щIэныгъэ хъыджэбзым зригъэгъуэтащ, апхуэдэуи усэ етх. Налшык дэт 14-нэ школым щIэсу ар дихьэхащ усыгъэм. Абы и тхыгъэхэр къытрадзащ «Адыгэ псалъэ», Советская молодежь», «Черкес хэку» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Нарт» (хьэрыпыбзэкIэ), журналхэм, нэгъуэщIхэми. Дызэрыт илъэсым дунейм къытехьэнущ Шыфэкъуж Данэ япэ тхылъ цIыкIур. Иджыблагъэ Данэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащи, и гурылъхэр къехъулIэну ди гуапэщ.
ШЫФЭКЪУЖ Данэ
ПЩЫГЪУПЩЭЖМЭ СИ ЦIЭР
Сыгъынщ си нитIым
Нэпс къыщIэмынэху.
Сэ гуауэ хьэлъэр
ЩIэзуфэнщ сылIэху...
УхуэлIэ хъумэ нобэ
Си гущIэгъу,
БжесIэнщ сэ хуэму:
«Псори пхузогъэгъу!»
Арами щIэщхъум
КъресыкI си гущIэр,
Къызэпеуд гъэпцIагъэм
Ди зэIущIэр...
Сэ гуауэм сихьрэ
Пщыгъупщэжмэ си цIэр,
Къызэгуитхъынщ си бампIэм
Мы щIы фIыцIэр...
ЦIЫХУ
Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
Дунеижьым куэдрэ согупсыс;
ХуэмыщIауэ нобэ зи гур ныкъуэм
ГурыфIыгъуи гуапи къылъымыс.
Жэщыр хъумэ, къотIысхьэж мазэщIэр,
Пщэдджыжьыпэм дыгъэр къыщIопсыж.
Къеблэгъамэ лъахэм илъэсыщIэр,
Гъэ блэкIар, арати, ныщIелъхьэж.
Жэщи махуи емызэш толъкъунхэр,
ПсыIум ахэр куэдрэ йоныкъуэкъу:
Мывэ джей псыхьахэм къыдэкIыну
Куэдрэ къохъу толъкъунхэр щыхущIэкъу.
ЙокIуэтыж толъкъунхэр езэшауэ.
Псыр губжьати къигъэнакъым лъэкI...
Дунейм теткъым цIыхум хуэдэу зэуэ
ЕрыщагъкIэ куэд зыхузэфIэкI.
КъыщIишынщ къумыщIым дагъэ фIыцIэр,
ЩигъэкIынщ пшахъуэщIым гъавэ бэв.
Ауэ цIыхум куэдрэ и цIыхуцIэр
Щогъупщэжри, бампIэ куэд егъэв...
Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
Дунеижьым куэдрэ согупсыс:
Щхьэ зилIэжрэ зыри хуэмыныкъуэм?!
Щхьэ фIэкIуэдрэ лъахэм и нэмыс?!
ЩымыIэжу хьэ зэрышхи дауи,
ХуэмыщIахэм къахуимыхуэу щыгъ,
НыщIалъхьэжу тхьэмыщкIагъи гуауи
Щхьэ мыхъужрэ цIыхухэр зэрыIыгъ!
ГУМРЭ НАЛКЪУТЫМРЭ
ЩегъэпщкIу тенджызым сакъыу и псы
лъащIэм
Налкъутналмэсыр хъуауэ илъэс куэд.
Сэ уигу щыпыIэр къызолъыхъу игъащIэм.
Къэхъуащ лъэужьхэр куэдрэ щысфIэкIуэд.
Я гугъэр, гуфIэр хъуауэ жэуапыншэ
ЦIыхухъухэм куэдрэ сэ слъэгъуащ я нэпс.
КъысфIощI а нэпсхэр хъуауэ ажалыншэ,
Налкъутналмэсу хуэдэщ псым къыхэпс.
Сэ куэдрэ, куэдрэ къэслъыхъуащ уэ уи гур,
Сэ къалэу, къуажэу щIэсщыкIари мыз.
СфIадыгъури уи гур, хъуащ зеиншэ щIыгур,
Сыхъуащ жеиншэ, сыхъуащ къулейсыз...
ДЫГЪЭ КЪУЭМЫХЬЭЖ
Мы сыхьэтыпцIэм гур екъузыр гуауэм.
Ар тепыIэншэу гуфIэм ныщIохъуэпс.
Нэхуншэ мащэм хуэдэщ сыщыбауэм,
КъэкIуэнум си гур поплъэ и дыгъэпс.
Мы сыхьэтыпцIэм сэ сыхуейщ нэгъуэщIым
И псалъэ гуапэ, и гулъытэ нэс.
Насыпу щыIэм сыщIобэг я куэщIым,
Ар хъунут занщIэу Тхьэшхуэм къызипэс.
Гупсысэ жагъуэу мы дунейм щызеуэр
Акъылым нобэ хуэмурэ ехьэж.
ЛIэжынщ шэчыншэу схуэмыгъэв си гуауэр,
Хъужынщ си дыгъэр куэдрэ къуэмыхьэж.
Арами зэкIэ схуемыгъэх си гуауэр,
ЗэIущIэ гуапэр зикI къысхуэмыгъэс...
Къыхоплъ кIыфIыгъэм схуемыгъэх гукъанэр,
Къыщос си гущIэм щIимыгъачэу уэс.
МАЩIЭРЭ КУЭДРЭ
Розэ плъыжьыбзэр пхузощIыр уэ тыгьэ,
КъысфIощIыр а тыгъэр КъуэкIыпIэм и лыгъэ.
Розэ хужьыбзэу сэ уэстым къыбжеIэ:
ФIыцIагъэм си гущIэр къэхъункъым щриIэ.
Розэ гъуэжьыбзэм, си щIасэ, си щIыхь,
Гурыщхъуэ къегъэщIри, псэр хедзэ бэлыхь.
Гурыщхъуэм и мащIи и куэди схуэмыхь,
КъысфIощIыр гурыщIэм ар хъуауэ и щхъухь:
ЛIэныгъэщ и мащIэр!
ЛIэныгъэщ и куэдыр!
ГУРЫЩХЪУЭ
Уэ тенджызым сакъыу сыщохъумэ.
Сыщохъумэ гуауэм, уемызэш.
Жэщ мазэхэу гъуэгу сытехьэ хъумэ,
Батэкъутэр къохъур уэ щыбгъэш.
Уэ ухуэдэщ плъырым. Жэщи махуи
Зы дакъикъэ нэхэр стумыгъэкI.
Мы дунейм ущимыIэж зы Iуэхуи -
Псэ лъэхъуэщым ибгъэлIыхьым фIэкI.
Сыщохъумэ лъагъуныгъэм, дыгъэм,
Губгъуэ хуитым икъухьа накъыгъэм,
ГурыфIыгъуэм, ныбжьэгъугъэ къабзэм,
Къуалэбзу жыгыщхьэм щыбзэрабзэм...
Псори хъуащ гурыщхъуэм IэщIэмыкI,
Хъуащ си гъащIэр уи бэлыхь хэмыкI.
Псэр ныхуолIэ гурыфIыгъуэ нобэ.
Псэм и гуфIэр гуауэм къыпегъэщ.
О, дэ ди Тхьэ, къыумыхьыжу тобэ,
Гъэсэхыж къэмынэу зы лъэхъуэщ!
ДУНЕЙ ЩХЬЭЛЫЖЬ
Укъызоплъ мычэму, уи гур мэгъу.
Уи гуращэм дахэ куэд къегъэщI.
Ауэ Тхьэшхуэм ар къысхурегъэгъу:
Сэ мычэму согупсыс нэгъуэщI.
ЩIыIэ уаем Iэхэм ущыщIэпщи,
Си дамащхьэм щытебгъэхуи уэс,
Щыгъэмахуи щыщIымахуэ жьапщи
Жэуапыншэу сэ си гущIэр мэс.
Гум и щIасэр йогупсыс нэгъуэщIым,
Сэ къысфIощI нэгъуэщIым ар итхьэкъу...
Щыхум и псэр мы дуней ныкъуэщIым
Куэдрэ къохъу насыпым щыхущIэкъу.
ГущIэгъуншэщ мы дуней щхьэлыжьыр, -
Псэр зыхуейр лъэныкъуэ ирегъэз.
КъыщIэлъэлъу гуныкъуэгъуи гуауи
Щхьэл мывэжьыр куэдрэ мэджэрэз.
Амман, Иордание.