29 марта, 2022 - 11:55
ТхакIуэхэми абыхэм я IэдакъэщIэкIхэми яхуэфащэ пщIэ нобэ ямыгъуэтыж щхьэкIэ, нэхъапэхэм щыгъуэ абыхэм щIэупщIэшхуэ яIэу щытащ. Псалъэм папщIэ, дэ щIэх-щIэхыурэ драгъэблагъэрт заводхэм, фабрикэхэм, къуажэхэм, еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
Пэжщ апхуэдэ литературэ зэIущIэхэм нэхъыбэу кIуэр усакIуэхэрат. Абы щхьэусыгъуи иIэт: тхакIуэр къызэхуэсахэм я пащхьэм къиувэу рассказхэм, повестхэм, романхэм къеджэныр къезэгъыщэртэкъым. УсакIуэхэм ди Iуэхур нэхъ тыншт абы и лъэныкъуэкIэ – зи чэзу къэсар къэтэджырти, и усэхэм щыщ гуэрхэм къеджэрт. КъедаIуэхэр зыщIэупщIэ щыIэмэ (апхуэдэхэри гъунэжт), жэуап иратыжырт. ЖыпIэнурамэ, узыхуэтхэхэм нэхъыфIу закъебгъэцIыхун, «цIэрыIуэ» зыпщIын папщIэ, усакIуэу ущытыныр нэхъ хэкIыпIэфIт. Ауэ апхуэдэ зэIущIэхэм деж прозаик ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ зэи щыхилъафэртэкъым: абы и гушыIэ, ауан рассказхэр, повестхэр, романхэр, пьесэхэр зэритхым, абыхэм лъабжьэ яхуищI темэхэр къыздрихым, къызэригъуэт щIыкIэм теухуауэ Хьэмыщэ куэд къеупщIырт. Езы тхакIуэми и жэуапхэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэнти, усакIуэхэр дыкъыдигуэжырт.
Хьэмыщэ жьакIуэт. ЦIыхур зригъэдэIуэфырт. Псом хуэмыдэу ар къыщызэрыкIыр и гушыIэ, ауан рассказхэм къеджэу хуежьа нэужьт. Дэ дыкъызэджэ усэхэм елъытауэ, абыхэм зэман нэхъыбэ зэрахьым шэч хэлътэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Хьэмыщэ фIырыфIкIэ къаутIыпщыртэкъым зи ныбафэр зыIыгъыу дыхьэшхыу абы къедаIуэхэм. Ар къызэджэ рассказхэр мызэ-мытIэу зэхэтха пэтми, дэри зытхуэмыубыдыжу дыдыхьэшхырт. ЖыпIэнурамэ, Хьэмыщэ ущедаIуэкIэ, зыбгъэпсэхурт, уи псэм тыншыгъуэ игъуэтырт.
Журналисту илъэс куэдкIэ лэжьа, IэнатIэ Iэджэм пэрыта ШэджыхьэщIэм, зэрыжаIэу, гъащIэм дерсышхуэ къыхихат. Езыр набдзэгубдзаплъэт, тхьэкIумэ жанти, зи хьэл-щэнкIэ, зи дуней тетыкIэкIэ мыщIагъуэ, «зэрыIэзащэм» къыхэкIыу, адыгэбзэр зыхуримыкъужу, урысыбзэр «Iэпэм къыдезышэкIыу» къызыфIэщIыжхэм я псэлъэкIэ зэблэшахэр щIэнэкIалъэ ищIу, зэрымылъ хьэкъущыкъум зыкъизыгъэщыну пылъхэм закъригъэцIыхужу тхэфырт икIи псэлъэфырт гушыIэным къыхуигъэщIами ярей ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. И ныбжьэгъухэм щыдигъусэм дежи апхуэдэт Хьэмыщэ: и гушыIэри и дуней тетыкIэри дахэти, абы зыдэбгъэпсэхурт. И псалъэхэм уахьэхурт, удахьэхырт. Арат абы ныбжьэгъу щIикуэдри. Ар къыщамыцIыхурэ фIыуэ къыщамылъагъурэ Къэбэрдеишхуэми псом хуэмыдэу езыр къыщалъхуа Джылахъстэнейми зы жылагъуэ имыс хуэдэт. Абы и гъусэу уежьамэ, уэри нэхъ пщIэ лей зэрыбгъуэтымкIэ фIыщIэ хуэщIыпхъэт зи гушыIэхэмкIи, зи цIыху хэтыкIэмкIи, зи повестхэмрэ романхэмкIи, зи пьесэхэмкIи, телевиденэм щригъэкIуэкI нэтынхэмкIи Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэ тхакIуэшхуэ, журналист Iэзэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ. Дауи, а псори къалъытауэ къыщIэкIынт абы «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр къыщыфIащым щыгъуэ. А цIэр игъэпэжу, хуэфащэу зэрихьэу дунейм тетащ ди ныбжьэгъу пэж, тхакIуэ IэкIуэлъакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.