29 марта, 2022 - 15:32
ТхакIуэ псор литературэм зэхуэдэу къыхыхьэркъым, щылажьэркъым зэхуэдэуи. ЩыIэщ сабий ныбжьым иткъэ мыр жыпIэну, пасэу къыщIэзыдзэу, итхышхуэ щымыIэу, къыпытхыкI хуэдэурэ, зэман куэд зыгъакIуэу, итIанэ щIикъузэу Iуэху зыщIыж, лъэужьыфIи къэзыгъэнэн зыхузэфIэкI. Ауэ нэгъуэщI тхакIуэ лIэужьыгъуэхэми уарохьэлIэ. Абыхэм тхэн щыщIадзэр я ныбжьыр хэкIуэтауэ, гъащIэ и пIалъи фIыуэ ящIэ хъуа нэужьщ. Гу зэрылъыстамкIэ, дунейм и пIалъэ фIыуэ зыщIэу, ныбжь иIэу тхэн щIэзыдзахэр зилъэфыхь куэд Iуэхум къыхамыгъэхьэу нэхъ зэкIэлъолажьэ, я Iэужьхэри нэхъ зэхъ зэхуакуншэу дунейм къытехьэ хабзэщ.
А етIуанэ лIэужьыгъуэм щыщт ШэджыхьэщIэр. Хьэмыщэ кIасэущ тхэн щыщIидзар, псынщIэ дыдэуи къыхыхьащ литературэм. Абы и ныбжьыр илъэс плIыщIым фIыуэ щхьэдэхат и япэ тхыгъэхэр дунейм къытехьэу щыхуежьам. Къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр иIыгъыу лэжьапIэ IэнатIэ зыбжанэм куэдрэ щылэжьа цIыху, Iуэху, гъащIэ я пIалъэ фIыуэ ищIэу къалэмыр къэзыщта тхакIуэр щIэгъэхуэбжьауэ тхащ. Зы тхыгъэм адрейр кIэлъыкIуэу газетхэм, журналхэм къытрадзэрт, тхылъ щхьэхухэуи къыдэкIырт ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и гушыIэ рассказхэр, повестхэр, романхэр. Ахэр псори цIыхум ягу ирихьырт.
Хьэмыщэ дэрэ дызэдэлэжьащ тхэн щыщIидза япэ лъэхъэнэхэм щыгъуэ, абы и тхылъ къыдэкIамэ, е и рассказ традзамэ, куэдрэ къанэртэкъым и деж зыгуэр къэмыпсалъэу, а къызэджар игу зэрырихьам къыхэкIыу ШэджыхьэщIэм псалъэ гуапэ къыхужимыIэу, къемыхъуэхъуу. Хьэмыщэ езыр цIыхуфIт, абы и мыныбжьэгъурэ и мыцIыхугъэрэ куэд щыIэтэкъым. Хуабжьу фIэфIу епсалъэу, нэгъуэщIхэм жаIэми езыр едаIуэу, гуп хэсын и жагъуэтэкъым. Апхуэдэхэм деж Iэджэ хъыбари зэхихырт, а зэхихахэри хъарзынэу итхыжырт художественнэу. Арат абы итхын сыт щыгъуи щIигъуэтыр. Арат а итхари цIыхухэм ягу щIрихьыр – езыхэм я деж къриха сюжетыр екIурэ ещхьу тхыжауэ я пащхьэ ирилъхьэжырти, гурыхь ящымыхъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
Къызэрыдгъэлъэгъуащи, жанр куэдым зэуэ щызэдэлажьэрт Хьэмыщэ. Гугъут уубзыхуну мы жанрыр нэхъ къохъулIэ, мыбы нэхъ къыхуигъэщIащ жыпIэн хуэдэу. Зым зыр игу ирихьырт, адрейхэм – нэгъуэщIыр. Псалъэм папщIэ, абы и романхэр зым нэхъ къищтэрт, адрейм пьесэхэр зыхуэдэ щымыIэу жаIэрт, ещанэхэм Хьэмыщэ и псалъэкIэ ятха уэрэдхэр нэхъыфIу къалъытэрт. Дауэ щытами, ШэджыхьэщIэм гушыIэр псом нэхърэ нэхъ къехъулIэу къыщIэкIынут. Аращ цIэрыIуэ псынщIэу зэрыхъуар зи фIыщIэр. Абы и гушыIэхэр, ауанхэр ятеухуат къулыкъущIэшхуэу зыкъызыфIэщIыжауэ, «фи цIыхумэ» жызыIэхэм я деж къыщыщIэдзауэ модэм егъэлеяуэ къыкIэлъызыжыхь хъыджэбз щхьэпс цIыкIухэм я деж нэсыжу.
Зэман мащIэщ ШэджыхьэщIэр литературэм зэрыщылэжьар. Илъэс тIощIым зэрыщIигъу щыIэтэкъым, ауэ лъэужьыфIэт – лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Си гугъэщ абы и тхыгъэхэр иджыри я гур, я псэр нэху яхуищIу, Iуэхушхуэхэм трагъэгушхуэу цIыхухэм куэдрэ яхуэлэжьэну.