11 апреля, 2023 - 11:15
ХьэфIыцIэ Мусэбий и зэфIэкI
КъызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ, лэжьакIуэ емызэшыж, Зеикъуэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, хъыбарыжь куэд зыщIэ, ахэр жьакIуэу къэзыIуэтэж ХьэфIыцIэ Мусэбий 1923 гъэм гъатхэпэм и 23-м Зеикъуэ адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ. Къуажэм дэт курыт еджапIэм 1931 – 1940 гъэхэм щеджащ ар. Мусэбий класси 9-р къиуха нэужь, Кировым и цIэр зэрихьэу къуажэм дэт колхозым и 6-нэ губгъуэ лэжьакIуэ бригадэм яхыхьащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ хьэлъэ дыдэм щыгъуэ ХьэфIыцIэм колхозым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару, артелым и къэзыпщытэ гупым и Iэтащхьэу щытащ. Жэуаплыныгъэшхуэ ин зыпылъ а IэнатIэхэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ лэжьакIуэ пэжу.
1946 гъэм Мусэбий Зеикъуэ къуажэ советым и унафэщIу хахащ, илъэс 12-кIи ар зэрихьащ. Мис а IэнатIэм къыщигъэлъэгъуащ абы лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэри, къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхум зэрыхуэIэрыхуэри. И къалэнхэр жыджэру зэрызэфIихым щхьэкIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ министрхэм я Советымрэ мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзымрэ я Бэракъ плъыжь зэIэпахыр. Колхозым игъэзэжа нэужь, ХьэфIыцIэр ехъулIэныгъэхэр иIэу губгъуэ лэжьакIуэ бригадэхэм я Iэтащхьэу илъэс 15-кIэ лэжьащ. Мусэбий зи унафэщIу щыта 5-нэ, 6-нэ бригадэхэр пашэу щытащ нартыху, кIэртIоф, сэхуран къехьэлIэжынымкIэ. 1973 гъэм колхозым жыгIэрысэхэр хисэн хуей щыхъум икIи абы елэжьыну бригадэм и пашэр къыщыхахым, дзыхь зыхуащIари мэкъумэш лэжьыгъэм хуэIэижь, къызэгъэпэщакIуэ нэс ХьэфIыцIэ Мусэбийщ икIи а IэнатIэми зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъагъуэу илъэс 15-кIэ пэрытащ.
Псэужамэ, мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэси 100 ирикъуну ХьэфIыцIэ Мусэбий зеикъуэдэсхэм ягу къинащ зи гъащIэ псор лэжьыгъэм хуэзыгъэпса, зи псэр гуапагъэм хузэIуха, цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ япэ изыгъэщу щыта цIыху щыпкъэу. Ди блэкIам и тхыдэм ухигъэплъэжу абы итхыжа хъыбархэр лъэпкъ IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Нурий и зэфIэкI
Мэл мин 46-рэ щаIыгъ уэтэр 46-м я унафэщIу сагъэкIуат 1953 гъэм. И пIалъэр къэсу Къущхьэхъу дыдэкIа нэужь, а мэлхэр щын хуейуэ унафэ къыщысхуащIым, мэкъуауэгъуэм и махуэ хуабэм лэжьакIуэхэр зэхуэсшэсауэ Iуэхум делэжьырт. Ди гъунэгъу лIыжь Мэжджыхь Хьэпагуэ дадэр дыгъэм худэплъейри, жиIащ:
- Шэджагъуэ хъуащ…
И лэныстэр зэригъэтIылъэкIыу андез ищтэну щетIысэхым, и пыIэр щхьэрихри, къаз джэдыкIэ хуэдиз хъуну и щхьэ щыгум бэга тету къэтлъэгъуащ.
- Уа, а уи щхьэм тет бэгар сыт зищIысыр? - еупщIащ абы Жэмыхъуэ Нурий.
- Уэлэхьи, сымыщIэ… - къетыж жэуап Хьэпагуэ.
Хуит щащIым, Нурий бэгар зэпиплъыхьащ, къиIэбэрэбыхьащ.
- Ухуеймэ, пхуэзгъэхъужынщ мыр, сымаджэщым абы щхьэкIэ ущIэмыгъуалъхьэу, - жеIэ Нурий, погуфIыкIри.
Арати, зэгурыIуа нэужь, къубгъаныр фIыуэ иригъэтхьэщIри, абыкIэ псы къагъэкъуэлъащ. Нурий и сэр илъри, хидзэжащ псы къэкъуалъэм. Нэмэзыр ящIа нэужь, и щхьэм тет бэгар фIыуэ иIуэтри, сэмкIэ зэгуигъэжащ, абы ит уэтэпсри хуиту къригъэкъэбзыкIыжащ.
А махуэм лэжьахэм яшхыну зы щынэ езгъэукIат. Щынэ кIапэшхуэм и гъуэбзиикIэм, цыр нэхъ мащIэу къыздытекIэм деж фэр щытригъэжри, щхьэфэр щиуIам тригъэпщIэжащ. Сымаджэм а псори къехьэлъэкIауэ зыкъыдигъэщIакъым – и пыIэр щхьэритIэгъэжри ежьэжат. А уIэгъэм е екIуэнкIэ сышынэу зэ-тIэу сыщIэупщIэжат Хьэпагуэ и узыншагъэм, ауэ ар хъужауэ къыщысщIэм, сэри къысфIэIуэхужакъым.
ИтIанэ сфIэгъэщIэгъуэнщ нобэр къыздэсым: апхуэдэ щIыкIэкIэ губгъуэжьым операцэ щащIащ, ар зыхузэфIэкIари шынатэкъым. Лэгъупэжьу а тIуми я гъащIэр яхьат. Зэ нэхъ мыхъуми кIуауэ пIэрэт ахэр дохутырым и деж я узыншагъэм и IуэхукIэ?..
Шыхъуэмрэ пщымрэ
Къармэхьэблэ и пщым ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и деж хъыбарегъащIэ къигъэкIуат, молдованхэр адыгэ хэкум къеуэну иужь зэритыр къыжриIэн хуейуэ. Ауэ, ХьэтIохъущокъуэр дэстэкъыми, хъыбарыр абы и шыхъуэ Шурдым Пщымахуэ хуиIуэтащ. «Пщым схужеIэж», - апхуэдэу елъэIури, ежьэжащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч гъуэгу техьэху Пщымахуэ гъусэ хуэхъурт, абы и хьэпшып куэд и шым кIэрыщIауэ хуигъэIэпхъуэрт. Ауэ мы зэм…
Пщыр къэсыжу хъыбарыр щыхуиIуэтэжым, шыхъуэр гъусэ хуэхъун хуейуэ абы унафэ ищIа щхьэкIэ:
- СынэкIуэфынукъым, - жеIэ Пщымахуэ.
- Сыт къэхъуар? - щIоупщIэ ХьэтIохъущокъуэр.
- Уанэ сиIэкъым…
- Си уанэр теплъхьэнщ, унэмыкIуэу хъунукъым, - жеIэ пщыми, ахэр зэгъусэу гъуэгу тохьэ.
Шурдым Пщымахуэ лIышхуэт, Iэчлъэчт. Гъуэгу техьэну зэрыхуэмеям къыхэкIыу, зауэм здэкIуэм, щIалэгъуалэм абы хуаус мыпхуэдэ уэрэд:
УеплъынкIэрэ, пащIэ сырыхущ,
Хуэмыху псоми я щIэгъэкъуэнщ,
Шурдым и къуэкIэрэ Пщымахуэ цIыкIу.
Апхуэдэурэ, ауан ящIурэ молдованхэм щезэуэн хуей губгъуэм нэсахэщ. Ауэ а зауэм ХьэтIохъущокъуэм хыхьэн идакъым.
Молдаванхэр иракъухьу зэбграхуа нэужь, бийм щыщу къэнаIамэ зыфплъыхь жаIэри, щIалэгъуалэр зэбграгъэкIат. Абыхэм къагъуэтыжащ Шурдым Пщымахуэр. Ар шууей 40 хуэдизым къаувыхьауэ, и закъуэ яхэзэухьу яхэтт. А зэманым фоч щыIами, мыхьэнэншэт, сэшхуэрат нэхъыщхьэри, абы Пщымахуэ хуэIэрыхуэт.
КъэкIуахэр къыдэIэпыкъущ, Пщымахуэр текIуэри, зэгъусэу къагъэзэжащ нэхъыжьхэм я деж. Абы хузэхалъхьар къэнащ Шурдым Пщымахуэ и уэрэду, ауэ ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэчи и Iыхьэр «лъагъэсыжащ»:
ХьэтIохъущокъуэурэ лIы фIыцIэ фагъуэ,
Уэ, щIы нагъуэр зытегъуэгэн,
Зыгъази зы шэр къахэдзэ,
Зегъэзыхи зы хьэдэр къащтэ,
Напэншэурэ умыкIуэжынум.
Апхуэдэт пасэрей адыгэм и псэукIэр: лъэпкъ Iуэху щыIэу зы мащIэкIэ зыщIебгъэхамэ, уэрэд пхуаусынти, уи напэр трахынт.
Адыгэ хэкум къеуэну молдованхэр а зэращ къызэрыкIуар, абы иужькIи зэи къытрагъэзакъым. Игъэшынауэ къыщIэкIынт ахэр шууей 40-м и закъуэу пэувыфа Шурдым Пщымахуэ.