9 апреля, 2024 - 15:32

Мэзыхьэр и щхьэ и щIагъыу йохуэх. Йохуэхри йохуэх. ЛъащIэ имыIэ хуэдэщ. КIыфIщи, нэм къыщIэIэбэр илъагъуркъым. Жьыр фийуэ, езым хьэуар зэгуипхъуу йохуэх. Зэуэ и тхьэкIумэхэр Iууащ, зыри зэхимыхыжу. Гужьеигъуэ щIыIэр къылъысри елъэкъуэуащ, ауэ зы фIэгъэнапIи зы убыдыпIи къыIэрыхьакъым. Мис иджы си гур зэгуэудынущ, щыжиIэм, къаскIэри къыщылъэтащ. И нэгу щIэкIам и Iэпкълъэпкъыр апхуэдизкIэ зэщIиIулIати, и гъуэр къыхуэмыцIыхужу, здэщыIэр къыгурымыIэужу, ар Iэрпхъуэр къэхъуащ. Иужьым хуэм-хуэмурэ зыкъищIэжри, ауан зищIыжащ: «Плъэгъуа пщIыхьым игъэшына мэзыхьэ шынэкъэрабгъэ! АфIэкIа гу пкIуэцIымылъу сыти уи мэзыхьэ уэ?!»
Зэрылъ гъуэ IэхуитлъэхуитыфIыр абы бэн зэв къыщыхъури къикIащ. Жыжьи IумыкIыу, гъуащхьэм тетIысхьащ, жэщ хьэуа щIыIэтыIэм дзыхьмыщIу хэпэмыхьу. ЗанщIэуи гу лъитащ тхъурыжь хъуреишхуэу уафэ джабэм къиплъ мазэм.
- Иджы гурыIуэгъуэщ… Мазэгъуэ жэщхэм а зы пщIыхьыр солъагъу.
Мэзыхьэр нэщхъейуэ и налъкут щIыху-фIыцIафэ лыдхэмкIэ кIыфIым куууэ кIуэцIрыплъащ. ИтIанэ къару нэрымылъагъум лъэщыгъэкIэ ар мазэм худригъэплъеящ. УафэхъуэпскIыу хуэш щIыIэр и тхыцIэм ирижащ. Зэуэ и нэгу къыщIыхьэжащ зэгуэр къэхъуауэ щытар… Аддэ, зэгуэр мэзыхьэ лъэпкъыр мазэм щыпсэууэ щытащ. Мэлыхъуэхэм я гъусэу абыхэм мэл хъушэхэр яхъумэрт. Лэгъупэжьым ахэр игъэмэжалIэртэкъым, IэхъупщIэу къарит мэл ныкъуэдыкъуэхэр къайлыжу яхурикъурт. Ауэ я унэхъугъугъэр къэсри, мэзыхьэ къанлы гуэрым зы мэл IэщIэшхыхьащ. Ар IэфI къыIурыхъуэри, мэлыхъуэр зэрытеплъэкъукIыу, мэлым я нэхъ пшэрыр хъушэм хиудрэ мэзым щIилъафэу къиублащ. Хуэшхыр ишхырт, къыдэхуэжамкIэ адрейхэм ядэгуашэрт. Адрей мэзыхьэхэми, дэ дынэхъ къэрабгъэ жари, мэлхэр зэтрашхыхьу щIадзащ. Абыхэм яшхым нэхърэ Iисраф ящIыр нэхъыбэт. ЯлIа мэл ныкъуэшххэр мэ щыужауэ адэкIэ-мыдэкIэ мазэ губгъуэм щракъухьырт. Ауэрэ щымыIа узхэр къежьащ, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ лъэрыщIыкI зэтрищIэу. Уеблэмэ, зэман дэкIри губгъуэм щыщ щIыпIэхэр, Iэгум ещхьу, джафэу къэнащ.
Мис адбежым лэгъупэжьыр къэгубжьри унафэ ищIащ, мэзыхьэ лъэпкъыр мазэм щамыгъэпсэуну. Мазэгъуэ жэщ гуэру хьэхэр уащхъуэдэмыщхъуэу къатеуэри, мазэм къраутIыпщхьэхащ. Мэзыхьэр абы щыгъуэм иджыри шырт, и нэр къэпщIа къудейуэ. Хьэ губжьа къанлыым абы и пщафэр дзэпкъкIэ иубыдри къыхыфIидзащ. Хъарпшэру, ерагъмыгъуейуэ къищIэжащ кIыхьу, куууэ кIыфIу зэрехуэхар… Къэхъуар нэсу зыхищIауэ щытамэ, езыри, адрей мэзыхьэхэм хуэдэу, къемылынкIэри хъунут. Ар псыежэх кIантIэ цIыкIум и Iуфэм Iут удз кIырым хэхуащ. И закъуэпцIийуэ, зеиншэу щIыпIэ мыцIыхум къыщыхутащ. Абы щыгъуэми мазэм худэплъейри гущIыхьэу къугъауэ щытащ. Ауэ абы зыри къыпэджэжатэкъым, мазэми, щыму къыхуеплъыха фIэкI, къыфIэIуэхуххатэкъым.
И гукъэкIыжхэр къызэпиуду мазэгъуэ нэхумкIэ абы къилъэгъуащ бгыщхьэм тету мазэм худэкъугъей мэзыхьэр.