7 мая, 2024 - 15:32

ЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 3-нэ илъэс минрауэ хуагъэфащэ.
Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхьэ угъурлыр зехьэнымкIи, гъэсэнымкIи IэмалыфIэ хъуагъэххэт.
Адыгэхэм апхуэдизкIэ я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр, щхьэпэри, абы фIащащ я анэ къадилъхуахэм я цIэр - «шы» (къуэш, шыпхъу, анэш). Адыгэхэм къищынэмыщIауэ, лъэпкъ дунейм тету къытхуэгъуэтакъым а псэущхьэр апхуэдэу ягъэлъэпIауэ. Аращ иригушхуэу ди лъэпкьым жезыгъэIари: «Адыгэшрэ адыгэлIрэ», «ШыфIыр – лIым и гъуджэщ». А тIур зэгуэпх мыхъуну ялъытэрт, адыгэлIым и шыр фIэкIуэдамэ, - и щIэлъэныкъуэр гуэхуауэ арат. ЖаIэж адыгэлIым и уанэшыр щыфIадыгъуам и нэ лъэныкъуэр ирищIыжауэ, ар щащIэм зэримылъэгъуам щхьэкIэ.
Адыгэхэр апхуэдизкIэ шым хуэсакъыу, хуэщабэу щытти, адыгэ щIопщым и кIапэм, шым ил имыгъэузын папщIэ фэ щэбабзэ (банифэ) е щэкI Iув падэрт. Адыгэ шумкIэ щIопщыр шыр зэраху Iэмэпсымэтэкъым, атIэ шу фащэ къудейт. Шууейм и шым щIопщ уэгъуэ ирихамэ, ар къызэрымыкIуэ къэхъугъэ ящыхъурт.
Нэхъапэ дыдэ адыгэ шууейхэм урыс офицерхэм я шырыкъухэм фIэлъ шыгъэцIывыр щалъэгъуам, езыхэр укIытауэ щытащ яшхэм щхьэкIэ, апхуэдизкIэ ар икIагъэ къащыхъуати.
Шым ехьэлIауэ адыгэхэм хабзэшхуи зэрахьащ, къызэрымыкIуэ щIэныгъи ябгъэдэлъащ. Аращ лIакъуэ къэс езым и шы льэпкъ бжыгъэ иIэжу щIыщытари.
Шэч хэлъкъым, илъэс мин бжыгъэу адыгэхэмрэ шымрэ къызэдакIуам икIуэцIкIэ шы лъэпкъ куэди къызэрыхъуам, Iэджи щIым зэрытекIуэдыкIыжам.
Мифологием хыхьэжу нартхэм яIащ шы лъэпкъ алъпыр. Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ зэкъуэшитIым я адэ Пызгъэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн ЖьакIи зытесахэр алъпщ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Бэдынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы IупщIэ лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэлъа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэлIым къытрихат. Апхуэдэу щыщыткIэ, а чынтхэри шы гъэхъунрэ гъэсэнрэкIэ армуакъым.
Нартхэм яшхэм фIащу щыта цIэхэу эпосым къыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, ПщIэгъуалэ КIэупс, ЕркIагуэ, ЕркIуцэ, Пэхужь, Iущэ, ТхъуэкъарапцIэ, БлапцIэ, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, ПщIэгъуалэ, Тхъуэжьей, КъарапцIэ, ПцIэгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхъэ, КIыхь, КIэщI, ЦIыкIу, Гъуэ, нэгъуэщIхэри.
Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытекIыжа хьэтхэм шыр щIащIэу щытащ щызауэкIэ къагъэсэбэпу щыта хьэкуэстыгум (боевая колесница). Ахэм щIэщIат шитI, хьэкуэстыгум зауэлIу зы е тIу итт, зыр шабзэкIэ бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъакIуэу.
Ауэ ди нарт эпосым зыщIыпIи дыщрихьэлIакъым шы щIащIэу щытауэ къыхэщу.
Илъэс бжыгъэ куэдкIэ узэIэбэкIыжми, Синд къэралыгъуэр щыщыIами, мэуэтхэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэркъым шыр щIащIэу щытауэ. Арагъэнщ ди лъэпкъым щIимыIэр шыр зэрыщIащIэ Iэпслъэпсхэм я цIэхэр езым ейуэ. Адыгэхэм шыр щIащIэу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэкI щыхъуаращ.
Шы зехуэнымрэ зехьэнымрэ хуабжьу хуэIэзэу щытащ ди лъэпкъыр. Абы щыхьэт тохъуэ ижь лъандэрэ адыгэхэм къакIэлъыплъахэм я IэдакъэщIэкIыу къызэранэкIа тхылъхэр. Ахэм зэратхымкIэ, 10-нэ лIыщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ шуудзэ зауэкIэ адыгэхэм къапэувыф щыIакъым.
Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ адыгэлIым темылъами, иужькIэ шыуэ щыгугъыжмэ, зэи жэщ-махуэ зэпыту игъэмэжэлIэнутэкъым, иджыри и шым ихьу щытми, къэувыIэрти, жьыIурыхьэгъуэ иритт, шыныбэпххэр игъэлалэрти. Шыр лъагэу епхауэ щIэгъущыхьа нэужь уанэр трихырт, уанапIэр удз IуэнтIакIэ илъэщIырт, псы иригъафэрти, итIанэт щигъэхъуакIуэр. ЩыгъуэгурыкIуэм деж шыр псы иригъафэртэкъым, гъуэгу икIужыну фоч yэгъуитI къыхуэмынэжауэ (фочым и шэр здынэсракъым, и макъыр здэIурщ фоч уэгъуэ жыхуаIэр).
Жэщым зызыгъэпсэхуа шым шэсу зэуэ ирищIэпхъуэртэкъым, зы фоч уэгъуэкIэ лъэбакъуэ защIэкIэ кIуэрт, шым ишхар и лъатэм икIыу и кIэтIийхэм ихьэн папщIэ. Шур къэувыIэху и шыр епхъухыурэ удз цIынэм емыIэн папщIэ, адыгэхэм къагупсысащ уанэ зытель шыр уанэкъуапэ къуаншэ ящIурэ яутIыпщу (шыр лъагэу здеппх хъун здимыIэхэм). Ар – шхуэмылакIэр зы лъэныкъуэмкIэ ешэкIауэ икIэмкIэ щыIэ уанэкъуапэм фIадзэрти, шыр икIи еIэбыхыфыртэкъым, икIи занщIэуи кIуэфыртэкъым и пщэр щIэIуэнтIати, зигъэджэрэз мыхъумэ, жыжьэ IукIыфынутэкъым.
Адыгэхэр шыбз шэс щыхъуар совет властыр зэфIэувэу хабзи-бзыпхъи зэхатхъуэжа нэужьщ. «Фыз утесу дауэ къэпкIухьын?» - жаIэрти, шыбз ягъасэртэкъым, лъхуэнпIэну зэрахуэ мыхъумэ.
Езым и шы лъэпкъ зиIэ дэтхэнэ пщыри ткIийуэ кIэлъыплъырт и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шы трамыдзэным е нэгъуэщIым къимыгъэсэбэпыным.
Адыгэхэм куэду шы ящэу щытащ, ауэ а ящэм зэи хагъахуэртэкъым шыбзи хакIуи, ящэр алащэ защIэт. Адыгэшыр ящэхурт ди гъунэгъу лъэпкъхэм къищынэмыщIауэ, Урысейми, Кърымми, Молдавиеми, Польшэми. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу урысыдзэм хэт дэтхэнэ офицерми и шэщым адыгэш щIэтын хуейуэ илъытэрт.
Адыгэхэм шыр шэщым щаIыгъыу щытакъым. Жьыугъуэджэ гуэр къыхуагъуэтурэ гъэмахуэми щIымахуэми хъупIэм щаIыгът, уэсыр кууми, фIалъэ лъакъуэхэмкIэ мылыф къыщIагъэщурэ хъуакIуэрт. МэкъукIэ щадэIэпыкъур Iумылу щIы щхьэфэр щытещтыкIым дежт. Адыгэхэр урысыдзэм къимыкъузауэ я хъупIэхэр хуиту щаIыгъам, бжьыхьэкIэ, щIымахуэ мазэхэм шыхэр щагъэхъурт цIыху здимыс, псыежэххэр здэмащIэ тафэхэм. Шэщым щаIыгъыу, Iус зрату шыхэм яхэтыр уанэшхэмрэ хакIуэхэмрэт. Псом хуэмыдэу, жэщкIи-махуэкIи зэрыжаIэу, я Iэ зыкIэрымыкIыр я уанэшхэрат.
Адыгэ уанэшыр гъэсэным илъэс ныкъуэм щIигъу ихьырт, махуэ къэс абы елэжь щIалэм ищIапхъэхэр гъэнэхуауэ, махуэ псом абы фIэкIаи Iуэху имыщIэу. Шыри игъасэрт, игъэхьэзырт, езыми къарукIэ зипсыхьырт. Апхуэдэ шы гъэсэкIэр шырэ Iэщрэ я Iэмал фIыуэ зыщIэ лIыжьхэм я нэIэм щIэтут зэрекIуэкIыр.
Адыгэшхэр къызэрымыкIуэу бэшэчт, зейм хуэщыпкъэт. Куэдрэ зауэхэм къыщыхъурт тесыр къауIэу къехуэхамэ, шыр бгъэдэгъуалъхьэу, къарууншэ хъуа зауэлIым уанэгур иригъэгъуэтыжын папщIэ. УIэгъэм ар хузэфIэмыкIмэ е дзапэкIэ и бгырыпхыр къиубыдырти къыIуихырт, е жэщым кIэлъигъэзэжырт…