Хабзэ. ФIэхъус апщий!
17 мая, 2022 - 15:40
Дунейр къызэрыунэхурэ, цIыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэми Iуэхуми зэрыщIадзэр фIэхъус сэламщ. ЦIыхухэр зэрихьэлIамэ, Iэщэ зэрамыIыгъыр, яIыгъыпэу щытми, Iэщэм хуемыкIуэну дзыхь зэрызэхуащIым и нэщэнэу Iэубыдыр къыщежьа лъэхъэнэм щыщIэдзауэ, ди нобэм къэсыху, лъэпкъ къэс езым и сэлам ехыкIэ иIэжщ. Абыхэм ящыщ куэдыр мыхьэнэкIэ зэтехуэ пэтми, дэтхэнэ лъэпкъми и сэлам зэхыкIэр абы и дуней тетыкIэм, хьэл-щэным, гупсысэкIэм, зэрыт диным, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм епхащ. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ мэхъу.