НыбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэ
8 августа, 2023 - 15:32
Курыт школым и ехъулIэныгъэхэр, егъэджакIуэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр къызэралъытэр абыхэм я гъэсэнхэм я зэфIэкIхэрщ. Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм дэт, Дол Хьэсэнбий и цIэр зезыхьэ курыт школым и мащIэкъым зэрыгушхуэн еджакIуэхэр. Илъэс зэхуэмыдэхэм ар къэзыухахэм яхэтщ ехъулIэныгъэ лъагэхэр яIэу республикэми къэралми я зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэхэр. Ахэр къуажэми курыт школми я пщIэр зыIэт, я щIыхьым хэзыгъахъуэ цIыху щэджащэхэщ.