Iуэху щхьэпэм и къызэгъэпэщакIуэ пщащэ
26 марта, 2024 - 13:59
IуэхуфIхэр зи плъапIэ, зи зэфIэкIым зезыгъэужьыну, щIэ гуэр къызэрищIэным сытым дежи хущIэкъу, а и щIэныгъэр жылагъуэм жыджэру хуэзыгъэлажьэ пщащэщ Тау Стеллэ. Ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетым, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ аспирантурэм. Еджэным фIыуэ ехъулIэ хъыджэбзым мызэ-мытIэ къихьащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Нэгумэ Шорэ и цIэкIэ ягъэува стипендиехэр. 2015 гъэм абы и диссертацэр Адыгей къэрал университетым ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIри, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ.