8 ноября, 2022 - 13:59

Дохутырхэм я нэхъыбэр, гу зэрылъыстащи, зэрыцIыкIурэ а IэщIагъэм щIэхъуэпсу, я гум щагъафIэу къокIуэкI. Абыхэм ящыщщ Балъкъэр Дахэнагъуи. «Си гупсысэр абы щыхуэкIуар къысхуэщIэжыркъым, ауэ дохутыр сызэрыхъуным сызэрысабийрэ шэч къытесхьэртэкъым. А зэманым сыщыхэплъэжкIэ мастэмрэ фонендоскопымрэ сытым дежи сIыгъыу сызэрыдэтар си нэгу къыщIохьэж», - жеIэ Дахэнагъуэ.
Курыт школыр къиухри, пщащэр и хъуэпсапIэм хуэкIуэу Осетие Ищхъэрэ къэрал медицинэ академием щIэтIысхьащ. ИлъэсиблкIэ абы щеджэри, ординатурэр Москва щрихьэкIащ. Абы къыдэкIуэуи и IэщIагъэм и япэ лъэбакъуэхэр къэралым и къалащхьэм щичащ. Еджэныр къиуха нэужь, Балъкъэрым къигъэзэжащ къыщыхъуа щIыналъэм икIи участковэ терапевту Нартан лэжьэн щыщIидзащ. IэщIагъэ и пIалъэ къищIэнымкIэ, и щэхухэм хэгъуэзэнымкIэ абы зэрыщылэжьар икъукIэ щхьэпэ хуэхъуауэ къелъытэ бзылъхугъэм. Иджыпсту Балъкъэр Дахэнагъуэ Налшык дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм терапевту икIи эндокринологыу щыIэщ.
- IэщIагъэм ущыпэрыува япэ махуэхэр уигу къэбгъэкIыжмэ…
- Пэжыр жысIэнщи, сызэрыгугъамрэ къызэрыщIидзамрэ зэтехуэртэкъым. Дызэреджа тхылъхэм дызыщагъэгъуэзам фIыуэ къыщхьэщыкIырт узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и ухуэкIэр икIи абы тыншу сесакъым. Ауэ а сызыIууэ гугъуехьхэр сщагъэгъупщэжырт си фIыгъэкIэ узыншэ хъужа цIыхухэм я псалъэ гуапэхэм.
- Дахэнагъуэ, уэ терапевтми эндокринологми я къалэнхэр богъэзащIэ. А унэтIыныгъитIыр зэхэдгъэщхьэхукIыу, сымаджэр и щытыкIэм елъытауэ зэкIуэлIэну дохутырыр наIуэ къэдгъэщIыт.
- Къапщтэмэ, терапевтыр сымаджэр псом япэу зыбгъэдыхьэ дохутырщ. АдэкIэ абы и щытыкIэм елъытауэ, езым и Iэзэгъуэ хэлъмэ, къыкIэлъыплъынущ е зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIым и деж игъэкIуэнущ. Терапевтым зыкъыхуэзыгъазэхэм я узыфэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр тэмэму зэрымышхэмрэ Iэпкълъэпкъыр тэмэму зэщIэмыкIыу зэрыщытымрэщ. Ахэр сыт хуэдэ жыпIэмэ, шхынгъэткIу органхэм епха узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэрщ, лъыдэуей лъагэрщ.
Эндокринологыр эндокриннэ узыфэхэр зыпкърытхэм еIэзэ дохутырщ. А гупым хыхьэу дуней псом нэхъ зыщызыубгъуар фошыгъу диабетымрэ щитовиднэ железам епха узыфэхэмрэщ. Апхуэдэ дагъуэ гуэри зыхуимыщIыжми, дэтхэнэми эндокринологыр илъэсым зэ зригъэплъын хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм щыпсэу куэдым къагурыIуэркъым узыфэр бгъэхъужыным нэхърэ ар къэмыгъэхъуныр IэджэкIэ зэрынэхътыншыр.
- КъызэралъытэмкIэ, фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ. Ар хэмытIасэу къэпхутэн щхьэкIэ узым зыкъызэрыуигъащIэ сыт хуэдэ нэщэнэхэм гулъытэ нэхъ хуэщIыпхъэ?
- Къыхэгъэщыпхъэщ фошыгъу диабетыр япэ, етIуанэ лIэужьыгъуэу зэрызэщхьэщыкIыр. Зэхуэдэ нэщэнэу яIэр лъым хэлъ фошыгъур зэрыдэкIуейрщ. Япэ лIэужьыгъуэ зиIэхэм я Iэпкълъэпкъым езым и инсулиныр къемэщIэкIыу мэхъури, ирагъэкъужын папщIэ хущхъуэ дэIэпыкъуэгъу хуащI. Ар мастэу халъхьэу аращи, псэухукIэ зрихьэлIэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэм хуэдэ зиIэхэм нэхъыбэрэ урохьэлIэ. Сымаджэхэм я процент 90-м узыфэр къызыхахар егъэлеяуэ пшэр зэрыхъурщ. Аращи, лы лей къызыщтэн щIэзыдза цIыхур а узыфэр иIэнкIэ шынагъуэу къалъытэ гупым хабжэ.
Зэпымыууэ псыхуэлIэ уиIэмэ, щIэх-щIэхыурэ угъутхьэну ухуеймэ, щIыфашхэ ухъуамэ, ахэр фошыгъу диабетым и «хъыбарегъащIэщ». ЦIыхухэм я деж нэсхьэсыну сыхуейт: фошыгъу диабетым зыщыфхъумэфынущ Iэпкълъэпкъым и «уэзджынэхэм» и чэзум гулъытэ хуэфщIмэ. Абы папщIэ лъым хэлъ фошыгъум и закъуэкъым щIэх-щIэхыурэ къэфпщытэн хуейр. Мыхьэнэшхуэ яIэщ инсулиным и щытыкIэми «индекс НОМА» анализыр зыхуэдэми. Абы къигъэлъагъуэ хэхъуэр нэхъ лъагэхукIэ, узыфэм нэхъ гъунэгъу фыхуохъу. Лъым хэлъ фошыгъур мардэм тету илъэс бжыгъэкIэ екIуэкIынкIи хъунущ, ауэ абы щыгъуэми инсулиным и щытыкIэр узыгъэгузавэу.
Фошыгъу диабетыр узыфэ бзаджэщ, ар зэрекIакIуэм елъытауэ, абы къегъэхъей нэгъуэщI узхэри. Псалъэм папщIэ, нэхэм зэралъагъум кIэреч, псантхуэ узыфэ зэхуэмыдэхэр къыхокI, жьэжьейхэр тэмэму мылажьэу мэхъу. Абы къыхэкIыуи сымаджэр дохутырым и жыIэм ткIийуэ тетыпхъэщ.
- Фошыгъуузыр зиIэр сыт хуэдэ хабзэхэм тетын хуей, и щытыкIэр нэхъ Iей мыхъун папщIэ?
- Апхуэдэ цIыхум гъащIэ узыншэ зэрырихьэкIынум и акъылыр триухуэн хуейуэ аращ. Махуэ къэскIэ хьэуа къабзэм хэту къикIухьыпхъэщ, щхьэж и зэфIэкI елъытакIэ спорт лIэужьыгъуэ гуэрым зыдригъэхьэхыныр фIы дыдэщ, мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщым сыхьэт 11-м нэхъ фIэмыкIыу угъуэлъыжыным, Iэпкълъэпкъри акъылри абы егъэсауэ тэмэму зыгъэпсэхуа ухъун папщIэ. Ерыскъым куэд дыдэ елъытащ: къэуат щIэлъу, ауэ емыгъэлеяуэ щытыпхъэщ, IэфIыр хэгъэкIыпхъэщ, углевод зыхэлъ шхыныгъуэр гъэмэщIапхъэщ. Къапщтэмэ, фошыгъу диабетыр зиIэ сымаджэхэм я мызакъуэу, узыншэу щытыну хуей псоми я мардэщ ахэр.
- Иужьрей лъэхъэнэм медицинэм зыужьыныгъэшхуэхэр щокIуэкI, технологие лъэщхэм я Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ узыфэ шынагъуэ куэд ягъэхъужыф хъуащ. Нобэ фошыгъу диабетым зэрыпэлъэщын Iэзэгъуэ щыIэ?
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, фошыгъу диабетым и япэ лIэужьыгъуэр пхуэгъэхъужыркъым, сымаджэр псэухукIэ инсулин мастэр зыхилъхьэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр и чэзум къахутэрэ, ар зиIэ цIыхур гъащIэ узыншэ зэрырихьэкIынум хущIэкъуу и шхыным кIэлъыплъмэ, физическэ жыджэрагъэм хигъахъуэмэ, пхуэгъэхъужынущ. Абы и щапхъэхэр мащIэкъым. Узыфэр хэтIэсамэ, ар Iэмалыншэщ. Ауэ апхуэдэ сымаджэми дохутырым и жыIэр игъэзащIэу зэгугъужу зыкIэлъыплъыжмэ, узым нэхъ тыншу декIуэкIынущ.
«Ей, бетэмал, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къызжепIахэм щхьэ семыдэIуарэт», - жаIэу сымаджэхэм сыт хуэдизрэ зэхэсха. Уи жагъуэ мэхъу зи узыншагъэм зыкъигъэза, сэбэп узыхуэхъуфыну сымаджэр дохутырым и гъусэу и узым пэщIэмыувэу имышхыпхъэ ерыскъым кърит гурыфIыгъуэр япэ зэрыригъэщыр, апхуэдэ щIыкIэкIи абы къыхихыну ныкъуэдыкъуагъэр, уеблэмэ и гъащIэр езым нэхъ кIэщI зэрищIыжыр зыгуригъэIуэну хэмыту. Ди зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу цIыхухэм захуэзгъэзэнут: фи сабийхэр фымэгъэшхакъуэ, балигъым и Iыхьэм хуэдиз къахутевмыгъэувэ, ерыскъы къагъэнар евгъэшхыжынуи хэвмыгъэзыхь. Ди республикэм исщ пшэрыIуэу зэрыщытым къыхэкIауэ фошыгъу диабетым и етIуанэ лIэужьыгъуэр зиIэ щIалэгъуалэ куэд. Абыхэм сащепсалъэкIэ наIуэ мэхъу я хьэлъагъыр куэдыIуэ зэрашхым къызэрыхэкIар, шхыным хуаIэ нэхъуеиншагъэр я сабиигъуэм къызэрыщежьэр. Хабзэу зыхуэвгъэувыжи, махуэ къэс дакъикъэ 30-40-кIэ къызэрыфкIухьыным фыхущIэкъу. Фи фIэщ зэрыхъун, зыхэфщIэу абы фи щытыкIэр нэхъыфI ищIынущ.
- Шэч хэлъкъым дохутырым и лэжьыгъэм къаруушхуи гуащIэшхуи зэрытекIуадэм, жэуаплыныгъэшхуэ пхэлъуи абы упэрытын зэрыхуейм. IэщIагъэр къызэрыхэпхам ущыхущIегъуэж къыпхуихуэрэ?
- Иджыри сыщеджэм япэ курсхэм сыщIэсу абы и лъэныкъуэкIэ сыщызыщIэгупсысыж къысхуихуэу щытащ. Лэжьыгъэм и пIалъэм дыщыхагъэгъуазэ дерсхэм щIэддза нэужь зэи шэч къытесхьэжакъым сызыхуеджэ Iуэхум. IэнатIэм сыпэрыувэри, а IэщIагъэм сыкъызэрыхуигъэщIар зыхэсщIащ. «Упсэу, си узыншагъэр куэдкIэ нэхъыфI хъужащ», - къыбжезыIэ сымаджэхэм, ар ягуми я псэми къызэрыбгъэдэкIыр кърипщIэу, я нэхэм къыщIих гуапагъэр зыхуэбгъэдэн щыIэкъым. Лэжьыгъэм пыщIа гугъуехь псори абы докIуэдыж.