10 января, 2023 - 11:15

ЩабэрыкIуэу къытхуоблагъэ...
КъуэкIыпIэ махуэгъэпсым теухуа хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр чэзууэ илъэс 12-м я тепщэу къокIуэкI. И кIэм нэблэгъа мы илъэсым, 2022 гъэм, и «тхьэмадэу» щытащ Къаплъэныр. Пащтыхь тахътэр абы хуригъэкIуэкIынущ Iэдэбагъыр зи хьэл нэхъыщхьэ ТхьэкIумэкIыхьым икIи дызытехьэ илъэсыщIэр, 2023 гъэр, абы и нэIэм дыщIэту етхьэкIынущ. ФызэщIэдэIукIыт… Зэхэфхрэ лъэ макъ?! ЩабэрыкIуэу къытхуоблагъэ…
Насып тIысыпIэ
Астрологхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэсыр зэрекIуэкIынур зыхуэдэр куэдкIэ елъытащ къуэкIыпIэ махуэгъэпсэмкIэ гъэр зей псэущхьэм и хьэлым. ТхьэкIуэмкIыхьыр псэущхьэ щабэщ, гумащIэщ, гуакIуэщ. Абы и зэраныгъэшхуэ къыуигъэкIыфынукъым.
Дызытехьэну гъэр илъэс нэхъ насыпыфIэхэм ящыщ зыуэ ябж. Гур зыгъэгумэщIын зэхъуэкIыныгъэхэр абы къытхуихьынукъым, къапщтэмэ, гъащIэр зэпIэзэрыту, пIейтеиншэу екIуэкIынущ. ЗэгурымыIуэныгъэ щыIэхэр фIэщхъуныгъэ зыхэлъ псалъэкIэ зэфIагъэкIынущ, дызыгъэгузэва щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэхэми дызэрыщымыгугъауэ нэхъыфIкIэ зыкъызэридзэкIыжынущ. ТхьэкIумэкIыхьым и илъэсым къытпегъаплъэ фIыгъуэ, дахагъэ, унагъуэ насып. КъызэралъытэмкIэ, мы гъэм унагъуэ зэгурымыIуэныгъи щыIэнукъым, фIыуэ зэхущыт цIыхухэм якуми псалъэмакъ мыщхьэпэхэр къыдэхъуэнукъым. Унагъуэ жьэгур насып тIысыпIэ хъунущ.
Гъэр зей псэущхьэр унагъуэ зэгурыIуэм, щIэблэм я нэщэнэу зэрыщытым тепщIыхьмэ, фи благъэ-Iыхьлыхэм яхувиIэ щытыкIэр зэревгъэфIэкIуэным гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыпхъэщ. Мы илъэсым куэдым я нэчыхьыр ирагъэтхынущ, унагъуэхэм хэхъуэ хъарзынэхэр яIэнущ.
Илъэсым дызэрыпежьэнур
ТхьэкIумэкIыхьыр унагъуэ псэущхьэщ, абы къыхэкIыу нэхъыфIыр ИлъэсыщIэр уи унэм къыщибгъэхьэнырщ. Ар унагъуэ махуэшхуэу гъэпсауэ щытын хуейщ, фи илъэсыщIэ Iэнэми фIыуэ флъагъу фи благъэ-Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэщ пэрысыпхъэр.
ЦIыхум и дэрэжэгъуэр куэдкIэ елъытащ зэрыхуэпами. Аращи фи щыгъыным гулъытэ хуэфщIыну зыщывмыгъэгъупщэ, ауэ евмыгъэлей, къызэрыгуэкIыу, екIуу щытыпхъэщ. Фи фэилъхьэгъуэхэр я плъыфэкIэ фIыцIэм цIугъэнэ гуэр хэту, хужьу, щхъуэуэ щытмэ, нэхъыфIщ.
Апхуэдэуи, ТхьэкIумэкIыхьым щIыуэпсыр фIыуэ зэрилъагъур къэфлъыти, абы и арэзыныгъэ фыхуеймэ, фи унэм и зы плIанэпэ дахэу зэхэлъ удз гъэгъахэмкIэ вгъэщIэращIэ.
ИлъэсыщIэ Iэнэм Iэмал имыIэу бдзэжьейм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр, хадэхэкIхэр, къуэн, къуэнтхъурей, бжьын цIынэ куэду телъыпхъэщ. Гулъытэ нэхъ хуэфщI салат зэмылIэужьыгъуэхэмрэ шхын псынщIэхэмрэ. Абыхэм Iэнэр нэхъ ягъэдэхэнущ, фи узыншагъэмкIи нэхъ щхьэпэнущ. Шхыныгъуэ нэхъыщхьэу вгъэхьэзыр хъунущ хадэхэкIхэр къебэкIыу хьэкулъэкIэ гъэжьа джэдыр. Iэнэр щывгъэщIэращIэкIэ хужьыфэр нэхъ тевгъащIэ, шэху уэздыгъэм, IэлъэщIым, хьэкъущыкъум дыщафэ хэтмэ, екIу дыдэ хъунущ. Апхуэдэуи абы тевгъэувэну къозэгъ тхьэкIумэкIыхь теплъэ зиIэ хьэпшып цIыкIу. Ар сытым хуэдэу ТхьэкIумэкIыхьым и гуапэ хъуну!
Псэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр
ИлъэсыщIэ тыгъэ… Ухэзыгъэгупсысыхьщ… Куэдым къызыхуэтыншэ тыгъэу къалъытэнкIэ хъунущ тхьэкIумэкIыхьыр. НэхъапэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, а псэущхьэ цIыкIум унагъуэм насып кърехьэ. Ауэ апхуэдэ тыгъэм фыкъытеувыIэн ипэ, ар зэфтынум къызэрыщыхъунум фыщIэупщIэмэ, нэхъыфIщ, иужькIэ ар зэхэзедзэн мыхъун папщIэ.
Апхуэдэуи фыкъытеувыIэ хъунущ унэр зэрагъэщIэращIэ хьэпшыпхэми — IэкIэ щIа сурэт, гъуджэ, щхьэнтэ, тепIэн щабэ; къищынэмыщIауэ, хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр, кхъуэщынхэкI щыкъум ит удз гъэгъахэр саугъэтыфIщ. Фи щхьэ фыхуэупсэж хуэдэу къыхэфх дэтхэнэ тыгъэри, псэм дыхьэнущ.
ТхьэкIумэкIыхьыр къыфхуэфIыну фыхуеймэ...
Илъэсыр зэпIэзэрыту щытынущ. Экономикэ гугъуехьхэр лъэныкъуэкIэ къытпекIуэкIынущ. Фи гъащIэм зэуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр хэзылъхьэн Iуэхухэм зевмыпщыт, зэпIэзэрыту евгъэкIуэкIмэ, нэхъ тэмэмщ. ТхьэкIуэмэкIыхьым фIэфIкъым и щытыкIэр зэуэ ихъуэжын хуей щыхъур. Унагъуэ зыухуэну гупыж зыщIхэм я дежкIэ зэманыфI дыдэщ. Гъэм и тепщэ псэущхьэ цIыкIур а Iуэхум сыт щыгъуи и телъхьэщ.
Зыщывмыгъэгъупщэ: сытым зевмыпщытами, мардэр фщIэжрэ фи пщIэр фIыгъыжу фыщытыпхъэщ. ТхьэкIумэкIыхьыр къыфхуэфIу илъэсыр ифхыну фыхуеймэ, фи цIыхугъэр фхъумэж!