14 февраля, 2023 - 11:15

Зи анэдэлъхубзэр зыIурылъ щIэблэм и къэкIуэнур шынагъуэншэщ, апхуэдэ сабийхэрщ лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэнур. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсхэм а Iуэхур дызыгъэгумэщIхэм ящыщщ, ди щIэблэм яхэтщ зи анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэхэр, нэхъ гуемыIужыращи, ар къызыгурымыIуэххэхэр. Гукъыхэщт зиIэ цIыхухэм ар ягъэзэкIуэжын мурадкIэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ икъукIэ Iуэху щхьэпэ ирегъэкIуэкI илъэсым щIигъуауэ лажьэ Адыгэ медиаплатформэм. Гупыр зэхэзышар, зи нэIэ щIэтыр Адыгэ Республикэм и ЩIалэгъуалэ парламентым лъэпкъ политикэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и комитетым и унафэщI ЛIыхъукIэ Айдэмырщ. Абы я Iуэхур зэрекIуэкIым фыщыдгъэгъуазэу фи пащхьэ идолъхьэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевиденэм и лэжьакIуэ Шурдым Жан Адыгэ медиаплатформэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зыгъэзащIэ ЛIыхъукIэ Айдэмыррэ Тхьэкъуахъуэ Мэржанрэ ядригъэкIуэкIа псалъэмакъыр.
- Айдэмыр, Iуэхур щыбублакIэ, зы гугъэ гуэр абыкIэ уиIэщ. СфIэгъэщIэгъуэнщ ар.
- «Iуэху мыублэ блэ хэсщ», - жеIэ адыгэм. Аращи, сыт хуэдэ зы Iуэхуми уи къару, уи Iэмал, уи зэфIэкI хэплъхьэмэ, зэфIэкIа хъунущ. АдыгэбзэкIэ сабийхэм папщIэ контент гъэпсыныр дэракъым зи гукъэкIыр. Абы куэдрэ тепсэлъыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы лъэщу зэрыщытелэжьар дощIэ. Iуэхум и пIалъэм, кърикIуам абыхэм я деж зыщыхэдгъэгъуазэри, тегушхуауэ иужь дихьащ. Къэтщтэнщи, «бзэр щыIэн-щымыIэжын» упщIэр куэдрэ къоув. Сыт абы и щыIэныр зэлъытыжар?! Дэ ди еплъыкIэкIэ япэу сабийм и адэ-анэращ, адэшхуэ-анэшхуэращ. А цIыкIухэр таурыхъ еплъыным зэрыдихьэхыр къэплъытэмэ, абы къыкIэлъыкIуэр ди контентыращ. Абы и фIыгъэшхуэ псоми къыдэкIыу къызолъытэ. Аращи, си гугъэри гурыIуэгъуэу къысщохъу: сабийм я анэдэлъхубзэр ящIэу къэгъэхъунырщ.
- Фи къалэн нэхъыщхьэу зыхуэвгъэувыжыр сыт икIи дауэ абы фехъулIэрэ?
- Нобэ псори дэзыхьэха Интернетым ди сабийхэр я анэдэлъхубзэкIэ дихьэхыу зэплъын иткъым. Ари ди бзэм и «лъэр щIэзыуд» Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ. Ар къэтлъытэри, сабийхэр нэхъыбэу дэзыхьэх мультфильмхэр адыгэбзэкIэ «къэдгъэпсэлъэну» мурад тщIащ. Iуэхур ипэкIэ кIуэтэнымкIэ зи фIагъ къыдэзыгъэкIахэм «Тхьэм фигъэпсэу!» яжызоIэ. Интернетым и социальнэ напэкIуэцIхэм гу къыщытлъызытэу мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуахэм я фIыгъэкIэ лицензиеу тIу къэтщэхуфащ. Зы лицензием Iэмал къыдет мультфильми I00 адыгэбзэкIэ зэддзэкIыну, етIуанэм - 26-рэ. Мульфильмхэр зыдодзэкI литературэбзэм и диалект нэхъыщхьитIымкIэ: къэбэрдей, кIэмыргуей псэлъэкIэм худогъакIуэ.
- Уи закъуэ Iуэхур къепхьэжьами, нобэ гуп фызэрыгъэхъуащ, Айдэмыр. Дауи, иджы лэжьыгъэ нэхъыби вгъэхъеину къыщIэкIынщ. Си щхьэкIэ сфIэгъэщIэгъуэнщ мы Iуэхум Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ театрым и актрисэ Тхьэкъуахъуэ Мэржан къыхэша зэрыхъуамрэ абы и пщэрылъымрэ.
- Ди Iуэхур зэредгъажьэрэ илъэс зыбжанэ мэхъу. Ауэ зы IуэхущIапIэу дызэрызэхыхьэрэ зы илъэсым тIэкIу щхьэдох. Ди Iуэхур зэрыдгъэпсаращ… Адыгэ медиаплатформэр унэтIыныгъищкIэ дгъэлэжьэну гухэлъ диIэщ. Япэр – фильм кIэщIхэр адыгэбзэкIэ техыныр; етIуанэр – сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ контент гъэхьэзырыныр; ещанэр – мультфильмхэр зэрызэхэт сурэтхэр дэр-дэру тщIыныр. Иджы а лъэныкъуэхэм пашэ зырыз яIэщ. Сабийхэм папщIэ контент зыгъэхьэзырхэр унафэщIитI мэхъу. КIэмыргуей диалектымкIэ зэддзэкI мультфильмхэм елэжьхэм я пашэр Тхьэкъуахъуэ Мэржанщ. Адыгэ медиаплатформэм Мэржан жэуаплыныгъэшхуэ щехь. Мультфильмхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыныр, макъыр егъэтхыныр, монтаж щIыныр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри зыхуей хуэгъэзэу къызэгъэпэщыныр, зэфIэгъэкIыныр абы и нэIэм щIэту йокIуэкI.
- Мэржан, узыпэрыхьа Iуэхум дауэ уехъулIэрэ, апхуэдиз лэжьыгъэр зэдэпхьыну къыптехьэлъэркъэ?
- Уи лъэпкъ уигу хуэуз щыхъукIэ, уи бзэр фIыуэ щыплъагъукIэ, уэ езым уи сабийхэм а бзэр щаIэщIэхукIэ, абы пыщIа гугъуехьым уегупсысыркъым. Бзэм и гуащIэр щIэкIуэсыкIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр ди щхьэм и деж къызэрыщежьэр згъэунэхуащ. Си сабиитIым язым нэхъ ещIэ и анэдэлъхубзэр, адрейм IэщIэхуащ. Илъэс бжыгъэ хъуауэ си гум илът: «Мы мультфильмхэр ди бзэкIэ зэддзэкIатэмэ хъарзынэтэкъэ?!» - жысIэу. Ауэ ди республикэм абы и Iуэху зезыхуэ зыри щыслъагъуртэкъым. ИтIанэ зэхэсхащ Адыгэ медиаплатформэ зэрыщыIэр, абы и IуэхукIэ лэжьэн мурад иIэу. Сэ езыр сакъыхуэкIуащ. Iуэхур зэтегъэпсыхьащ, тыншу дызэдолажьэ.
- Айдэмыр, зэрагугъауэ, зэрырагъэжьауэ Iуэхур екIуу нэзыгъэсыфыр закъуэтIакъуэщ, псом хуэмыдэу мылъкукIэ щIэгъэкъуэн ущыхуэныкъуэм и деж. Абы гукъыдэж хуиIэху, ар къыбдаIыгъыху кIуэтэнущ. Зы пIалъэ гуэрым фынэсу Iуэхур къэкъутэжынкIэ шынагъуэ щыIэу уегупсысыркъэ?
- ПIалъэ зимыIэ, ар цIыхуи, хьэпшыпуи, Iуэхууи ирехъуи, зыри дунейм теткъым. Аращи, ди къару, ди Iэмал къихьыху дызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ зэтщIылIащ гупым. Дэ тщIэм хуэныкъуэ щыIэху, Iуэхум пытщэнущ. Дэ дымылэжьэжми, щапхъэ ттезыхыу ди ужь къиувэн зэрыщыIэнум шэч къытесхьэркъым. Апхуэдэ гугъэхэр дагъэщI нобэ ди деж къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм. Ахэр лэжьыгъэм димыхьэхыу щытамэ, къытхыхьэнут?!
- Мэржан, мульфильмхэм псалъэр ящIэплъхьэныр зэрекIуэкIыр гурыIуэгъуэщ, ауэ абыхэм уэрэдхэри хэтщ. Сэ си щхьэкIэ ар нэхъ лэжьыгъэ гугъуу къысщохъу. Дауэ абы фызэрыпэлъэщыр? Псалъэм папщIэ, «Лео и Тиг» мультфильмыр адыгэбзэм къивгъэтIэсащ. Абы уэрэд дахэ цIыкIухэр къыщоIу.
- Уэрэдхэр сэ си пщэ дэслъхьэжащ. Си лэжьэгъу пщащэ Жылэгъуэт Заремэ сэрэ зыдодзэкI. Иджыпсту абы иужь дитщ. «Лео и Тиг»-р нэдгъэсыным аращ къэнэжар. Пэжщ, ар нэхъ гугъущ, ауэ ари къыдэхъулIэу къызолъытэ, гъэщIэгъуэн, дахэ хъуну къысщохъу.
- Айдэмыр, фи Iуэхур кIуэтэнымкIэ нэхъыбэу фызыщыгугъыр проект вгъэхьэзырхэм къапэкIуэ грантхэращ. Проектхэр дауэ вгъэхьэзыррэ?
- Абы зэпымыууэ дытелажьэ зэпытщ. Хабзэ пыухыкIахэр иIэщ абы. Уи лэжьыгъэр щIэзыгъэбыдэ сурэти видео теплъэгъуи уиIэн хуейщ, ахэр интернетым илъыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, сабийхэр мультфильмхэм зэреплъым иIэ щхьэпагъыр къэбгъэлъэгъуэн хуейщ, я фIэщ пщIыуэ. Дэ грантым дыщIыхуейр адыгэбзэр тхъумэн папщIэщ. Ауэ ар дызыгъэгумэщIу зэрыщытым щыхьэт техъуэ Iуэхухэр утыку къипхьэн хуейщ. Лъыхъуэн щIыбодзэри, щIэныгъэлIхэм къабгъэдэкI лэжьыгъэу щыIэр мащIэ дыдэщ. Бзэм и Iуэхур зытетым теухуауэ тхыгъэ куэд урохьэлIэ, ауэ щIэныгъэ лъабжьэ ириту, а Iуэхум телэжьа зыри дгъуэтакъым. Абы Iуэхур гугъу къытщещI. Куэдым дыщылъыхъуащ. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу дгъуэтар ЮНЕСКО-м и сайтыращ. Абы дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я атлас иIэщ. Зытепкъузэ щIыпIэм бзэуэ къыщекIуэкIымрэ абыхэм я Iуэху зытетымрэ къредзэ. А зым зэпымыууэ зыхудогъазэ. Иджы абы и лъэныкъуэкIэ дэ езым къэпщытэныгъэ, гъэунэхуныгъэ лэжьыгъэхэр сабий гъэсапIэхэм щыдогъэкIуэкI. Грантым и хабзэхэм ар къозэгъ.